Абы и нэгум лъэпкъ псор къищырт

Къэрал узэщIакIуэ гъуэзэджэ, кавказовед цIэрыIуэ, Абхъаз Республикэм и Президенту щыта Ардзинбэ Владислав къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 80 ирикъуащ. Ар дунейм ехыжащ 2010 гъэм. Зи гугъу тщIыну лIы Iущым, политикым, хеттологым теухуауэ жаIар мащIэкъым, арами, илъэс куэдкIэ Апсныр зыщIэхъуэпса хуитыныгъэр къэзыхьа унафэщI пашэр фIыкIэ дигу къэдгъэкIыжыну ди гуапэщ.
Апхуэдэ цIыхушхуэм ущытепсэлъыхькIэ, сабиигъуэ, зыгъэфIэгъуэ имыIауэ, щIэныгъэм къыхуигъэщIауэ дунейм къытехьауэ къыпщохъу. Ауэ, езы Ардзинбэ къыщIэна тхыгъэхэм, и гурыгъу-гурыщIэхэр зригъэзу щыта тхылъымпIэхэм уахуеплъэкIмэ, къызэрыгуэкI цIыхуу зэрыщытар наIуэщ. «Сэ, дэтхэнэ сабийми хуэдэу, «хэт нэхъыфIыу плъагъур: уи адэра, хьэмэрэ уи анэра?», — жаIэу къызэупщIырт сыщыцIыкIум. Абы жэуапу пэздзыжынур къысхуэмыгубзыгъыу, Iэнкун сыхъурт. Дауэ-тIэ, уи адэмрэ анэмрэ уазэрыхэдэнур?! Сабий акъылым къызэритIасэмкIэ, а тIур зэхуэдэщ, зыр зыгуэрым щхьэкIэ фIыуэ уолъагъу, адрейр нэгъуэщI зыгуэрым щхьэкIэ. Анэр анэщ. Ар гурыIуэгъуэщ, дэтхэнэ цIыхуми ещIэ абы и IэфIыр, ауэ нэсу зэи къыпхуэIуэтэнукъым. Апхуэдэ дыдэу си адэри фIыуэ слъагъурт», — къахощыж абы и тхыгъэхэм.
Владислав гукъабзэт, цIыху щабэт, нэгуфIэт, лъагъуныгъэ къабзэ зи гум илъ цIыхут. Ар цIыхушхуэ, хэкупсэ зэрыхъунум и щыхьэтт тхылъу щIиджыкIымрэ щIэныгъэм зэрыхущIэкъумрэ. «СыщыцIыкIум усэ седжэну сфIэфIт… Ину, гъэхуауэ, си гум щIыхьэжу. Апхуэдэу ди лъэпкъ къафэхэми сыдахьэхырт. Уеблэмэ школ зэпеуэм пашэу сыкъыщыфауэ щытащ. Псом хуэмыдэу си адэ къуэшым сыдэIэпыкъуну, зыгуэрхэр дэсщIэну сфIэфI дыдэт. Псалъэм папщIэ, ар щывэкIэ, сыдихьэхыпауэ, сеплъырт. Моуэ, къемыхьэлъэкIыххэу, зы IэкIэ игъэIэкIуэ пхьэIэщэр сIыгъащэрэт, сыриварэт жысIэурэ, сехъуапсэрт. А Iуэху «къызэрыгуэкIым» япэу сыщыпэрыувам, пхьэIэщэм псэ къыIукIауэ, зызридзэ си гугъат: лъэныкъуэкIэ сидзрэ, схуэмыгъэсабырыжу сигъэгужьеят. Абдежым къызгурыIуат увэныр зэрыгугъу дыдэр, псом хуэмыдэу вакIуэр мыкIуэмытэмэ…», — етх Ардзинбэ.
Владислав и щIэныгъэ ехъулIэныгъэм утепсэлъыхьмэ, ар дуней щхьэхуэщ. Абы хьэтхэмрэ кавказ лъэпкъхэмрэ я тхыдэр джыным хилъхьа щIэныгъэр нэсу къыпхуэмыIуэтэным хуэдэу инщ. Ардзинбэ и лэжьыгъэхэр апхуэдизкIэ купщIафIэт, щIэщыгъуэти, мы унэтIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэ гъуэзэджэхэмкIэ дунейр къыщыгугъырт абы. «…КIуэкIыпIэр щадж щIэныгъэ академием а аспирантурэм сыщIэтIысхьат. Сыт хуэдэу еджапIэ гъэщIэгъуэнт ар: синологхэр, египтологхэр, индологхэр, къинэмыщIхэр щыкуэдт, ауэ зы хеттолог яIэтэкъым. Арати, сэ зи ужь ситыр а упщIэрати, институтыр гуапэ дыдэу къыспежьащ. Пэжыр жысIэнщи, сызыпэрыувар Iуэху тынштэкъым – диссертацэр хьэтыбзэкIэ тхын хуейт, сэ зы псалъэ сщIэртэкъым! Ауэ сыпэлъэщащ. Си лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм сыщыIащ: Тыркум, Инджылызым, США-м. 1971 гъэм си диссертацэр пхызгъэкIри, а институт дыдэм лэжьапIэ сыкъащтащ. Зы илъэс дэкIри, щхьэгъусэ згъуэтащ».

СыткIи и Iуэхухэр дэкIырт Владислав: фIыуэ илъагъу лэжьыгъэ, унагъуэ дахэ иIэт, и цIэр Iуат, къацIыхут, щIэныгъэм щагъэлъапIэрт. Ауэ Абхъазым и гугъуехьыгъуэм ирихьэлIэу Ардзинбэ и хэкум игъэзэжын хуей хъуащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор цIэ лъапIэм нэса щIэныгъэлIым Iуэхушхуэ къыпэщылът, и хэкуэгъухэр, зыми хуэмыдэжу, къыхуэныкъуэт. Владислав занщIэу и Iуэху иужь иуващ: щIэныгъэмкIэ екIуэлIапIэ лъэщ къызэригъэпэщащ, иужькIи къэралым и унафэщI къулыкъур и пщэ къыдалъхьащ. ЛIэщIыгъуэ къэс иIэщ апхуэдэ лIыхъужь хахуэ, лъэпкъ псом щхьэкIэ жэуап ихьын хуейуэ, а Iуэху мытыншым телъыджэу пэлъэщу.
Зэгуэр езым и пащтыхьыгъуэ иIэжу къэрал щIэращIэу щыта Абхъазыр Урыс-Кавказ зауэжьым и ужькIэ Совет Союзым щыщ щIыпIэ цIыкIу хъуху «яхузат». I92I гъэм республикэ щхьэхуэ ящIыжри, илъэсипщI зэрыдэкIыу, залымыгъэкIэ, Куржым «гуапхащ». Абдеж Апсны и теплъэр кIуэдын щIидзащ: абхъаз еджапIэхэр зэхуащIыжащ, абхъазыбзэр ягъэкIуэдыжын Iуэху зэрахуэрт, къалэ, къуажэцIэхэр, унэцIэхэр куржыбзэкIэ зэрадзэкIырт, а псом къищынэмыщIыжа, куржыхэр мин бжыгъэкIэ Абхъаз щIыналъэм къитIысхьэрт. 1950 гъэ хъуху къекIуэкIащ а лъапсэрыхыр.
Шеварднадзе къэрал унафэщI щыхъуам Iуэхур нэхъри зэIыхьащ. Мис абы щыгъуэ, иджыри къэс къращIа псоми и жэуапу, Абхъазым къигъэуващ щIыналъэ щхьэхуэ хъужу, 1920 гъэхэм иIа хуитыныгъэхэр зэфIагъэувэжыну. Куржымрэ Абхъазымрэ я зэхуакум хьэргъэшыргъэшхуэ къыдэхъуэу Iуэхухэр щызэхэзэрыхьам, Апсным и унафэщIхэм я лъэр пхат. Ауэ Ардзинбэ тегушхуэри, и щIыналъэр хуит къищIыжыну, Куржым и лъэкIыныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ хуэдэ Абхъазым къыхуихьыну пэрыуващ. Абхъазым зыхуейр тэрэзу къыжиIами, Ардзинбэ къыхигъэщат Апсныр Куржым къызэрыгуэмыкIыпэр, атIэ, зэхущытыкIэ, зэдэлэжьэкIэ IэмалыщIэхэм зэрылъыхъуэ къудейр. 1992 гъэм шыщхьэIум и 14-м Совет Нэхъыщхьэм и зэIущIэ екIуэкIынум щыхэплъэн хуейт а Iуэхум. Ауэ… Куржым и дзэр шыщхьэIум и 13-м Абхъазым теуащ. Абы иужькIэ, Шеварднадзе демократу пхужыIэнутэкъым, апхуэдэу зигъэлъэгъуэну хущIэкъуми.
Ардзинбэ фIы дыдэу къыгурыIуэрт и лъэпкъыр дуней нэкIум текIуэдыкIыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. Хьэтхэм къащIэна фэеплъхэм деж жэщ-махуэ куэд щызыгъэкIуа Ардзинбэм къехьэлъэкIырт а къэралыгъуэ телъыджэр зэгуэр зэрыкIуэдыжар. Гупсысэшхуэхэм хэтт ар, хьэтхэм я махуэр абхъазхэм я натIэ хъумэ жиIэу.
Куржы щIэпхъаджащIэхэм ялъэкI къагъэнакъым: Ардзинбэ зи унафэщI институтыр щIым щыщ ящIащ, Абхъазым и къэрал архивыр ягъэсащ (абы ХVI лIэщIыгъуэ лъандэрэ яхъумэ тхыгъэхэр щIэлът), Апсны къэрал университетыр хьэбэсабэ ящIащ, лъэпкъ музеир зэхадыгъуащ, а псоми я щхьэжу цIыху мин бжыгъэхэм я гъащIэр халъхьащ. Мазэ 12-кIэ екIуэкIа зауэм аращ кърикIуар. Ар Абхъазым и лъэныкъуэкIэ.
Куржым и лъэныкъуэкIи Шеварднадзе и Iуэхухэр щIагъуэжтэкъым – и лъэпкъым пщIэ къыхуищIыжыртэкъым, къэрал бжьыпэр хуэIыгъыжтэкъым, КIухьэпIэр сыткIи къыдэIэпыкъуну щыгугъами, ахэри ней-нейуэ фIэкI къыхуеплъэкIыжыртэкъым.
«АрдзинбэщIэ» къицIыхуат лъэпкъым. ЦIыху щабэ, гукъабзэ, щIэныгъэлI щэныфIэм пхъашэу зыкъигъэлъагъуэу и лъэпкъ къыщыщхьэщыжын, къару къуэлъыр къыщигъэлъэгъуэн зэман къыхукъуэкIат.
Зауэр зауэщ. Зауэр цIыху зэхэгъэкIыпIэщ, гъэунэхупIэщ. Куржы-Абхъаз зауэм Ардзинбэ Владислав и цIэр дуней псом къаригъэцIыхуащ, и лIыгъэр здынэсри наIуэ къищIащ. Зауэр щаубла махуэм щыщIидзэри, абазэ лъэпкъым зыхищIащ къуэшыр, дамэгъур зищIысыр. Псом хуэмыдэжу Ардзинбэ щыгуфIыкIат адыгэхэм хуащIам. Абхъазыр хьэщхьэвылъэхэм къыщахъуреихьым адыгэхэри гужьеигъуэ ихуат.
УрысеймкIэ щыпсэу абхъазхэм къахуэнэжыр зыт – Псоу мыдрыщIкIэ къыщыту архъуанэм ирилъафэ щIыналъэм кIэлъыплъу нэпс гуащIэхэр щIагъэкIыныр. Абазэ лъэпкъым я щхьэр хуагъэщхъ абы щыгъуэ а лъэпкъ мащIэр гужьеигъуэм къизыша, ядэIэпыкъуа адыгэхэм.
Псоми фIыуэ къагуроIуэ апхуэдэ унафэщI а зэманым Абхъазым имыIатэмэ, зауэм и кIэр хьэдагъэ къудей мыхъуу, лъапсэрыхыу зэрыщытынур.
Унафэ зыщIыр и лъэщагъым, унафэм щытекIуэдэж къохъу. Ардзинбэ хуэдэ зырызхэращ цIыхуу къызэтенэжыр. ЗэрыжытIащи, зауэр – цIыху зэхэгъэкIыпIэщ, гъэунэхупIэщ. А зауэм наIуэ къищIат Ардзинбэ къылъыкъуэкIа акъыл абрагъуэр, и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэ щIэншэр, гупсысэ куур, цIыхугъэр, гущIэгъулыр.
…ТекIуэныгъэм и уахътыри къэсащ. Апсны щхьэкIэ зи гъащIэ зытахэм я псэр уэгум щыуфэразэт, цIыхухэм текIуэныгъэ фIэкI нэгъуэщI зыри я гум илътэкъым. Абхъазым и пашэм и щIыхьыр зыгъэлъапIэр балигъхэм я закъуэтэкъым, атIэ, пщэдей махуэр зи IэмыщIэ илъ сабийхэри апхуэдэт.
Дэтхэнэ бгырысми фIы дыдэу ещIэ и къэкIуэнур, тхыдэр, щэнхабзэр, бзэр апхуэдизу зыгъэдахэр щыпсэу щIыналъэ, щIыпIэ телъыджэр арауэ зэрыщытыр. Аращ абхъазхэри зыщIэзэуар. Дауи, псори хуейт лъэпкъыр щыхупIэм къизышыжа Ардзинбэ сыткIи зэпэщ хъуа щIыналъэ щхьэхуитым и унафэщIу иджыри илъэс IэджэкIи щытыну, хьэтхэм я тхыдэм елэжьын щIидзэжыну. Ауэ…
Дунейм уехыжа нэужь цIыхухэр фIыкIэ къыпхуэпсэлъэным, я гум укъинэным, тхыдэм укъыхэнэным нэхъ хъуэпсэгъуэ сыт щыIэ?! Арауэ къыщIэкIынущ цIыху цIыкIур къызыхуигъэщIари — лъэужь дахэ къигъанэу, цIыхум я гум имыхуным. Абы ипкъ иту упсалъэмэ, Ардзинбэ Владислав цIыху насыпыфIэу къигъэщIат, псэуат. А лIы Iущым къызэринэкIа лъэужьыр мыкIуэдыжынщ, лъэпкъым ящымыгъупщэнщ, политикэ дунейм щымыбзэхыжынщ. Мы псалъэхэм я щыхьэту Нало Заур итхыгъащ: «ЦIыху телъыджэхэмкIэ тхыдэр къулейщ. Апхуэдэ цIыхухэм яхызобжэ Ардзинбэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фриплъэжыт, фигу къэвгъэкIыжыт абы илэжьа Iуэхушхуэр – хамэ насыпымрэ дахагъэмрэ щIэбэгыу, хьэщхьэрыIуэм хуэдэу губжьарэ иужьрей Iэщэ бзаджэхэмкIэ зэщIэузэдауэ абазэм теуа лIыукIхэм къаIэщIитхъыжыфащ, щихъумэфащ и хэкур, щэнхабзэр, цIыхухэр! Ардзинбэ ХьэтIэхъущокъуэ Кургъуокъуэ хуабжьу сигу къегъэкIыж. ЗэрытщIэщи, абы шууей мини 10-р пэщIигъэувэфауэ щытащ зауэлI мин 80 ирикъу тыркудзэм икIи, къэна щIагъуэ щымыIэу, хьэбэсабэр къахригъэхат. I707-I708 гъэхэм Кургъуокъуэ игъэхъа лIыгъэм изогъэщхь Ардзинбэ хузэфIэкIар. СызэригугъэмкIэ, адыгэхэр ХьэтIэхъущокъуэмкIэ дызэрыпагэм хуэдэу, абазэхэри Ардзинбэ иропагэ.
Куржыдзэр щрагъэкIуэтам щыгъуэ, абхъазхэм къагъэлъэгъуащ лъэпкъыр цIыкIуми мащIэми, къыкIэлъыкъуэкIынкIэ хъуну лIыгъэр, унафэщI, пашэ лъэрызехьэ зэриIэфынур. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу дяпэкIэ Апсныр нэхъри зэрефIэкIуэнур, зэрызиужьынур, сыт и лъэныкъуэкIи а щIыналъэм зэрызиIэтынур. Апхуэдэ зэфIэкIыр абыхэм Ардзинбэ къахуизэуащи, лъэпкъыр хуиткъым а IэмалыфIыр зыIэщIигъэкIыну, пимыщэну.
Сэ япэ дыдэ Ардзинбэ и тхыгъэхэмкIэ, щIэныгъэмкIэ тхыдэ-щэнхабзэ дунейм къыщысцIыхуащ. ИужькIэ политик лъэщу зыкъигъэлъэгъуащ. КъызэрыщIэкIыжамкIэ, икIи дзэпщ лъэрызехьэт! Илъэс Iэджэ щIауэ Шинкубэ Багърэт си щхьэр хузогъэщхъ. Мис апхуэдэ къабзэу Ардзинбэ Владислави пщIэ ин хузощI, къытхэмытыжми хуэсщIынущ сыпсэуху».
Апхуэдэу Ардзинбэ теухуауэ псалъэфIхэр жеIэ Топольян Альберт (1992-1996 гъэхэм Абхъаз Республикэм и Парламентым и вице-спикеру, Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIым и къуэдзэу лэжьащ): «Абхъазыр, и щIыналъэр, и хэкур, и цIыхухэр псом япэ иригъэщт абы. Арат Ардзинбэ и гъащIэм мыхьэнэ нэхъыщхьэу иIэу илъытэр. Абы гу лъумытэнкIэ, ар уи фIэщ мыхъункIэ Iэмал иIэтэкъым. ИкIи дэ псори, зи щIыналъэр фIыуэ зылъагъуу и хуитыныгъэм щIэбэныну мурад зыщIахэр, Владислав дыкъуэувауэ щытащ зауэр къыщыхъеям. Дэ быдэу ди фIэщ хъурт ди пашэм текIуэныгъэм дызэрыхуишэнур. Пэжуи, зауэм и кIыхьагъкIэ цIыхум зыхищIэфыну Тхьэшхуэм къигъэщIа гурыщIэ псори дгъэунэхуат – гузэвэгъуэм и гуащIагъри текIуэнугъэм и IэфIагъри. ЦIыху зэхэгъэкIыпIэт а зауэр. ДыкъэзыгъэщIам елъагъу а гъэунэхупIэр зышэчыфахэри зыхуэмышэчахэри. Дауэ мыхъуами, Ардзинбэрэ и лъэпкъымрэ зыхущIэкъуар къалъысат – текIуэныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ къазэуащ. Абы щыгъуэ си гум илъымрэ си гущIэм щыщIэмрэ къэсIуэтэну зэман симыIами, нобэ хуиту сытепсэлъыхъыфынущ а псом: Ардзинбэм и фIэщхъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ мыхъуатэмэ, нобэ хуитыныгъэ димыIэнкIи хъунт! ГупщIэуз ирахыным хуэдэу щта лъэпкъыр щыхупIэм къришыну хузэфIэкIащ абы. А псом къыхэкIыу, сэ шэч къытесхьэркъым Ардзинбэ Владислав тхыдэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдынум, цIыхухэм ягу къызэринэнум. Абхъаз вагъуэбэм нэхъ ин дыдэу хэт, нэхъ гуащIэ дыдэу къыхэлындыкI вагъуэу къэнэнущ ар!».
Щхьэгъусэ. Щхьэм и гъусэ. Псэгъу. Уи псэм къыхуигъэщIа, сыт хуэдэ гугъуехьри къыбдэзыгуэш цIыху мы дунейр зи инагъым къыщыбгъуэтыжыну насыпышхуэщ. Гурэ псэкIэ къабзэу зи щхьэгъусэм бгъэдэта Джергение Светланэ и гукъэкIыжхэр: «Насыпыр зэи уасэншэу къыпIэрыхьэркъым. Ар е гугъуехьыр пылъу къыболэжь, е уиIэххэкъым. Сэри Владислав си гъащIэр щыпысщIэм фIы дыдэу къызгурыIуэрт куэдрэ къэту, и лэжьыгъэм и зэман псор тригъэкIуадэу зэрыщытынур. Ар щIэныгъэм, тхыдэм дихьэхыпат, куууIуэу хыхьакIэт. Уежьэфу зебгъэсэн хуейт. Сэри сытхыдэджти, къызгурыIуэрт Владислав и Iуэхур зыIутыр. Абы къыхэкIыуи, шыIэ зыхэзгъэлъыфырт. Ауэ си гугъуехьыр нэхъри къыщеблар щхьэгъусэр политикэм щыхыхьаращ. Пэжщ, езыми а псор къемыхьэлъэкIыу схужыIэнутэкъым: щIэныгъэм игъэзэжыну, абы зритыжыну щIэхъуэпсырт, ауэ лъэпкъыр къыщыгугъти, къэгъазэ щыIэтэкъым. Иджы ар псоми ейт: унагъуэми, щIэныгъэми, политикэми, лъэпкъми. Сытыт абы жепIэфынур?! Зы псалъэкIи сехъурджэуэфынутэкъым, и Iуэхухэр, гупсысэхэр, гуращIэхэр дэзмыIыгъмэ.
Владислав езыр цIыху пэжт, гуащIафIэт, псалъэ итар имыгъэзэщIауэ псэху ищIэнутэкъым. ЦIыху псори апхуэдэу щытын хуейуэ, псори пэжкIэ къыбгъэдэтын хуейуи къыщыхъурт. ИкIи сэ быдэу сщIэрт абы и лъэпкъ мащIэм и гуIэкIэр дуней псом зэхамыхауэ, хуитыныгъэр къахуимызэуауэ зэрымызэгъэнур.
Владислав а псом уз хихат. И узыншагъэр зэфIэувэжын папщIэ зэман хуейт, ауэ а зэманрат абы зэи хуримыкъур. И щхьэ Iуэху зэи зрихуакъым, си узыншагъэ жиIакъым, псэемыблэжу и лъэпкъым хэтыжащ. КъэувыIэу зыхуеплъэкIыну хущIыхьэр ди пхъурылъхурат. Абы и нитIым Абхъазым и къэкIуэну дахэр щIилъагъуэурэ зигъэпсэху къыщIэкIынт…».
Нобэр къыздэсым гугъущ цIыху телъыджэу адыгэ-абхъаз лъэпкъым хэта Ардзинбэ утепсэлъыхьыну. Шэч хэлъкъым Ардзинбэ тхыдэм къызэрыхэнэнум, сыту жыпIэмэ, абхъаз лъэпкъыр щхьэхуиту нобэм къэсын папщIэ, аращ къэралым и блэкIар зубзыхуар. Псори «зыри» зыщIыж зэманыр пэлъэщынукъым, пэщIэувэфынукъым Владислав и цIэм. Ар абазэ лъэпкъым быдэу и фIэщ мэхъу. Абы хузэфIэкIар цIыхухэм я гум щахъумэнущ.