The national flag subject of the Russian Federation - Republic of Adygea, Maikop
/

Адыгэ Iэмэпсымэхэр

Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дунеймрэ и щэнымрэ къэзыIуатэ макъамэ иIэжщ. Адыгэ макъамэр къэзыгъэщIыр Iэмэпсымэ хьэлъэмэтыщэхэщ, адрей лъэпкъхэм я Iэмэпсымэхэм емыщхьщ. Макъамэхэр къызрагъэкI Iэмэпсымэхэр я ныбжькIи, лъэкIыныгъэкIи, щIыкIэкIи зэхуэдэкъым, бжыгъэфIи мэхъу. Аращ ди макъамэхэр псоми къахэзыгъэщхьэхукIыр. «Органологие» жыхуиIэ щIэныгъэм зэфIэкI къыдет ди Iэмэпсымэ псори лIэужьыгъуэкIэ зэхэдгъэщхьэхукIыфIыну, я щIыкIэм, зэхэлъыкIэм нэIуасэ захуэтщIыну.
ХIХ-нэ лIэщIыгъуэм ирагъэкIуэкIащ Iэмэпсымэ щэнхабэм ехьэлIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм уариплъэжмэ, нэхъ телъыджэ дыдэхэм ящыщщ Хъан-Джэрий и тхыгъэхэр. Абы зэритхыжымкIэ, Iэпэпшынэмрэ пшынэтIаркъымрэ къэзыгъэсэбэпыну хуиту щытар пщыхэмрэ уэркъхэмрэт. Къапщтэмэ, абыхэм я хьэщIэщым къыщIэIукIыу куэдрэ зэхэпхынут а Iэмэпсымэ хьэлэмэтхэмкIэ езыхэм ягъэзащIэ макъамэ удэзыхьэххэр. ГуфIэгъуэ Iуэхухэм деж джэгуакIуэхэр шыкIэпшынэ ирагъауэрт.
Адыгэ Iэмэпсымэхэм я щэнхабзэр джынымкIэ ХХ-нэ лIэщIыгъуэм и 80-90 гъэхэм КъардэнгъущI З., Къэгъэзэж Б., Хъурей Ф., Соколовэ А., ГъущI З., Левин С., Шу Ш., Вертковэ К. сымэ лъэбакъуэшхуэ ячауэ щытащ.
Къэгъэзэжым япэ дыдэу адыгэ органологием къыхилъхьащ кавказ лъэпкъхэмрэ адыгэхэмрэ я Iэмэпсымэхэр зэгъэпщэныр. Абы зэритхыжымкIэ, «Iэпэпшынэр шыкIэпшынэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, ауэ иужьрейр нэхъыбэрэ къагъэсэбэпырт. ШыкIэпшынэм телъу щытар шыкIэ бзэпситIт, бзэкъум ищIар налъэ 60-70 хуэдиз хъу шыкIэ Iэрамэт».
Соколовэ А. адыгэ макъамэ Iэмэпсамэхэр гупиплIу егуэш:
1. идиофон – пхъэцIыч;
2. мембранофон – шотIырыпI;
3. хордофон – шыкIэпшынэ, Iэпэпшынэ, пшынэкъэб, пшынэтIоркIуэ (пшынэ дыкъуакъуэ);
4. аэрофон – къамыл, бжьамий, накъырэ, пшынэ.
ИкIи адыгэ макъамэхэр я жанркIэ гупиплIу зэщхьэщедз (Соколовэм зэритхымкIэ):
1. узэдаIуэ макъамэ;
2. укъызыдэфэ макъамэ;
3. уэрэдым щIэт макъамэ;
4. хабзэхэмрэ Iуэху зэмылIэущIыгъуэхэмрэ ехьэлIа макъамэхэр.
Апхуэдэу, Соколовэм къызэрыхигъэщымкIэ, Iэпэпшынэр, бжьамийр, накъырэр, пшынэкъэбыр къагъэсэбэпыжыххэкъым, къапщтэмэ, адыгэ Iэмэпсымэхэм ящыщыр къамылыр, шыкIэпшынэр, пхъэцIычырщ.
Хъурей Ф. и къэхутэныгъэхэр зэтар нобэ Кавказым къыщагъэсэбэп макъамэ Iэмэпсымэхэмрэ къэралыщIыбым щыIэхэмрэ зэгъэпщэнырщ икIи гулъытэ хэха хуещI шапсыгъ лъэпкъым и Iэмэпсымэхэм. Абы и тхыгъэхэм уриплъэмэ, аэрофонхэм къыхохьэ къэбгъурэ сыринэ; идиофонхэм – Iупэпшынэр, мажьэпшынэр, шуалъэр, шапсыгъ костаньетхэр; мембранофонхэм – пхъэмбгъу, фэндырэкIэ, лъантрыпI.
ЖьыкIэ макъ зрагъэщI адыгэ Iэмэпсымэхэр лIэужьыгъуищу яугуэш. Абыхэм ящыщу къамылыр нэхъыжь дыдэхэм хабжэ. Ар нэхъыбэу къызыхащIыкIыу щытар и цIэм къегъэлъагъуэ — къамыл ку гъуанэт. ИужькIэ пхъэм къыхащIыкIыу щIадзащ. Ди зэманым ар гъущIым къыхах. Къамылыр адрей зэпщэ Iэмэпсымэхэм къазэрыщхьэщыкIыр зэрыфий сыринэ зэрыIумылъырт. Зы арщыным щIигъу зи кIыхьагъ къамылым и кур зэфэзэщу гъуанэт, мыдрей и кIапэм и гъунэгъуу гъуанэ зыщыплI ящIырти, ищхьэмкIэ дзэхэр, бзэгур, Iупэхэр зэуэ зэдагъэIэпыкъуурэ, фий макъ ирагъэщIырт. И макъыр дахащэт.
Сыринэр ижь – ижьыж лъандэрэ къагъэсэбэпу щыта, жьыкIэ макъ зыщI Iэмэпсымэхэм ящыщщ, ауэ иджыпсту ар зэрыщымыIэжым ипкъ иткIэ, и зэпкъырылъыкIэмрэ зэрылажьэмрэ утепсэлъыхьыну гугъущ.
Пшынэ дыкъуакъуэ (адыгэ арфа) — мыр адрей арфа лIэужьыгъуэхэм къащхьэщокI и щIэжьыуэм и щIыкIэмкIэ, бзэпс къэс егъэубыдыпIэ щхьэхуэ зэриIэмкIэ. пшынэ дыкъуакъуэм бзэпсу10-20 телъщ. Бзэпсу ирашу щытар нэхъ макъ псыгъуэхэм папщIэ – бланэ лъынтхуэ, нэхъ гъумхэм папщIэ – мэл кIэтIий Iуэнтар гъэгъуауэ. Нэхъыбэу зезыхьэу щытар джэгуакIуэхэращ, нартхэм уэрэдыжьхэр щрашажьэкIэ пшынэ дыкъуакъуэкIэ дежьууэ щытащ. Пшынэ дыкъуакъуэм еуэ пщащэр (сыт хуэдэ ныбжьышхуэ зиIэ цIыхухъу щымысами) ягъэтIысырт, ущыту узэремыуэфым щхьэкIэ, икIи зыми емыкIу хуищIыртэкъым.
Iупэпшынэмрэ мажьэпшынэмрэ аэрофонхэм хеубыдэ, къызэрыдгъэлъэгъуащи. ЗэрыжаIэмкIэ, мажьэм пщIащэ бгъуэ тралъхьэрти, епщэрт.
Iэпэпшынэр бзэпситI зытелъ, шыкIэпшынэм нэхърэ нэхъ иныIуэу икIи нэхъ бгъуэуэ щытащ, мыбы IэпэкIэ еуэрт, бзэкъу щIымыгъуу. Бзэпсу щы зытелъи къахэхуэрт, щхьэж зэрыхуейуэ игъэпсу, ауэ нэхъыбэу зэрагъэпсыр квартэут – бзэпс къэс я зэхуакум макъиплI дэлъу. Иджы ди Iэпэпшынэр урыс балалайкэм къуилъхьэжауэ жыпIэ хъунущ, зэкъуэтIакъуэ дыдэщ узыхуэзэжыр.
ПхъэцIыч –нэхъ ныбжьышхуэ зиIэ Iэмэпсымэхэм ящыщщ. Пхъэбгъу пIащIэ цIыкIухэр (3-10) фэ IуданэкIэ зэпхыжауэ щIа Iэмэпсымэщ. Мыбы макъамэ къикIыркъым, уэрэдым е къафэм и макъамэр зыпIэм иту, и псынщIагъыр имыхъуэжу екIуэкIын папщIэ ар яхуэзыхъумэщ. Абы нэхъыбэм пшынэ щIэмытми, щIалэ гупым къафэ макъамэр жьэкIэ жаIэурэ, тIыркъэ макъым дежьут.
Зэрытлъагъущи, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм я зэхэлъыкIэр, теплъэр, макъыр телъыджэщ, дахэщ, удэзыхьэхщ. Псори димыIэжми, къытхуэнахэр адэкIи къагъэсэбэпыным, егъэфIэкIуэным, нобэрей зэманым декIуу зехьэным пыщIа Iуэхухэр куууэ джын, апхуэдэ еджапIэхэр къызэгъэпэщын, оркестрхэр, ансамблхэр зэхэшэн хуейщ. ИтIанэ Iэмэпсымэхэм, макъамэхэм я лъэныкъуэкIэ тIэщIэкIа ныкъусаныгъэхэр тхуэгъэзэкIуэжынущ.