/

Адыгэ къуажэхэм я тхыдэм къыхэщыж фIэщыгъэцIэхэр

Кавказ зауэжьым кърихужьэу, щIыпIэ-щIыпIэхэм Iэпхъуэу къэзыкIухьа адыгэ жылагъуэхэм я тхыдэм къыхощыж здыщыпсэуа щIыпIэхэм я фIэщыгъэцIэ куэд. Мыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ фIэщыгъэцIэжьхэм я нэхъыбэр яIэщIэхужауэ къагъэсэбэпыжкъым, иныкъуэхэри хамэбзэ зэхъуэкIыкIэ хабзэхэм ирагъэувэкIэрэ апхуэдизу яхъуэжащи, я къежьапIэхэр адыгэ псалъэхэм зэрыхуэкIуэжыр нэгъэсауэ къыпхуэхутэжкъым.
Абыхэм ящыщщ Тебэрды, Псыжь, Инжыдж ЦIыкIу, Инжыджышхуэ, Уарп, Щхьэгуащэ, Лабэ псыхъуэхэм хьэжрэт жылэхэр здыщетIысэха щIыпIэхэм, Iуащхьэхэм, псы цIыкIухэм я цIэр.
Мы тхыгъэмкIэ фи пащхьэ идолъхьэ адыгэ къуажэхэм я тхыдэ лъагъуэхэм дыщрикIуэм, адыгэ фIэщыгъэцIэжьу мы псыхъуэхэм дызыпэщIэхуахэр. Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэ, Базырджэнхэ я псынэжь – Ботэщей къуажэмкIэ Инжыдж ЦIыкIум къыхэлъадэу къэгъэлъэгъуащ.
Бэтэгъэжь – Зеикъуэ и адрыщI Iуфэм къыщылъ щIыпIэу итщ. Ар дыдэр Инжыджышхуэ и Iэгъуэблагъэми къыщыхощ.
Зэлэн щыгу – Али-Бэрдыкъуэ и къухьэпIэмкIэ къыщылъ Гынгухъущхьэм ищхьэжкIэ иIэ лъагапIэм и цIэу къыхощ. «Наш аул Али Бердуковский (Хахандуковский)» тхылъми, къуажэм и тхыдэм лъэIэс иджырей тхылъхэм къыхэщыжу и лъэужь дгъуэтакъым. Арами, ХХ лIыщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм, щIыпIэ фIэщыгъэцIэжьхэр къэзыхутэжу, мы лъэныкъуэмкIэ къэкIуа КIуэкIуэ Жэмэлдин и лэжьыгъэми къыщыдгъуэтащ. КIуэкIуэм ар къыжезыIауэ итыр Али-Бэрдыкъуэ къуажэдэс Маху Мусэщ. Мы фIэщыгъэцIэм мыхьэнэ ин иIэщ. Япэрауэ, ар къызытекIар адыгэ псалъэщ – зэлэн, къызэрылэжын – «договориться, прийти к согласию». Зэлэн щыгум и цIэм къыбжеIэ ар хэгъуэгум пасэм щыпсэуа адыгэхэм я зэгурыIуэныгъэ щIыпIэу зэрыщытар. Ар зи цIэ лъагапIэм и лъэныкъуитIымкIи къыщылъ псыхъуэхэми, псы ежэххэми я цIэр абы къызэрытекIам шэч хэлъкъым. Зэвгъапщэ: «Зэлэн щыгу» — «Зеленчук».
Къамылыкъуэ – Инжыдж ЦIыкIум и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэжу къыхощ. Кхъузанэкхъэ – Инжыдж ЦIыкIу и ижьырабгъумкIэ ирехыу щы1э къыппэщIэхуэ фIэщыгъэцIэщ. Адыгэхэр здыщыпсэу щIыгухэм куэду къыщыппэщIохуэ. НэгъуэщIу йоджэ «Iуащхьэ бын» цIэмкIэ. Псыхуом — Къиугъуейуэ, зэпIэзэрыту къежэх зи хабзэ, Марыхъу псым къыхэлъэдэж, нобэ «Аксаут»- кIэ зэджэ псыращ. ХьэщIэмахуэ Iуащхьэ – Инжыдж ЦIыкIу и ипщэмкIэ иIэу къыхощ. Инжыджышхуэ псыхъуэ Дыгъужьыб – Беслъэней ипщэмкIэ къыщылъ щIыпIэу къыхощ. Лъакъуищ – ПсэукIэ Дахэ къуажэм и ищхъэрэ къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыппэщIэхуэ щIыпIэ. Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэми деж къыхощ «Пхъэ лъакъуищ Iуащхьищ» фIэщыгъэцIэр. Шэтлауч – ПсэукIэ-Дахэ ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэм ижьырабгъум къыIулъ щIыпIэхэм зэрахьэ фIэщыгъэцIэу къыхощ. ЩыгущI (Шугус) – Ин жыджышхуэрэ Лабэшхуэрэ я къежьапIэхэм щыIэ щIыпIэхэм я цIэщ. Шыбланэкъуэ – иджырей Кхъувы къуажэм и щIагъкIэ Инжыджышхуэ къыхэлъэдэж псы цIыкIу. Шылыч – Чэфар (Кяфар) псым и сэмэгурабгъумкIэ къыхолъадэ. Псыжь, Тебэрды псыхъуэхэр Дэгъуэт – Псыжь къыхэлъадэ псыуэ къэгъэлъэгъуащ. Дыгъуагъуэ – Хъумэрэ ипщэкIэ Псыжь къыхэлъэдэж псы. Жыгуэнэз (Джегонас) – Псыжь ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ бгыжьэмрэ я цIэщ. Жыгуэтэ (Джегута) — Псыжь ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ бгыжьэмрэ я цIэщ.
ЖыгейщIэхъу – Хъумэрэ къуажэм и Iэгъуэблагъэм къыщыхощ. Жьэгъу лъабжьэ – Хъумэрэ ипщэкIэ уридэкIуеймэ узыхуэзэ бгыжьэмрэ абы и щIагъымрэ зэрахьэ цIэуэ къыхощыж. Индыш – Псыжь и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыуэ къыхощыж. Къуэбыщ псы кIуэцI – иджырей Къумыщ къуажэм ищIагъымкIэ (Псы жьыпсым лъэмыжыр здытелъ щIыпIэм хуэзэу). Къуэбыщ псы кIуэцI жиIэмэ – «вода, замкнутая в ограниченном пространстве ущелья» къикIыу аращ. Хьэжрэт гъуэгужь – Гумыпс къыщежьэу, иджырей УчкекенкIэ къыщхьэдэхыу, Карачаевск къалэм ипщэкIэ, иджырей Каменномостым деж зэпрыкIыпIэ иIэм ухуэзышэ гъуэгу. ХьэщIэукI – Тебэрды и сэмэгурабгъумкIэ къыщылъ нэпкъ, къыр. Хъыцэкъуэ – Тебэрды псыхъуэ. Шокуэ – Псыжь и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIу. Шыгуарэ, Шыгуарэ цIыкIу – Хъумэрэ ипщэмкIэ. Псыжь ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIухэ. Уарп псыхъуэ Дэдэнжьиишхуэ, ДэдэнжьийцIыкIу – Уарп къыхэлъэдэж псыщ тIури. Хъан Джэрий и тхылъым къыхощ. Джэджэн – Отраднэ деж Уарп и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыщ. (Адыгэ псалъэщ. Джэджэн – «переливаться цветом»).
ЖылэтIмэз (Джелтимесские высоты) – Уарпрэ Лабэшхуэрэ я куэщIым илъ мэзылъэ бгыжьэм и цIэщ (Апостоловым и тхыгъэм къыхощ). Щхьэгуащэ (река Белая) псыхъуэ Абагъуэ – Щхьэгуащэ псым и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы. А цIэ дыдэр Шугъусэ бгым ищхъэрэ бгыжьэм ирикIуэу къегъэлъэгъуэж Апостоловым. Вийдыкъуэ – Щхьэгуащэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIуу Хъан- Джэрий къегъэлъагъуэ.
Гъуд – Щхьэгуащэ и Iуфэм, Даховскэ станицэм къыбгъурылъ бгылъэ. Гъузэрыплъэ – Щхьэгуащэ и ипщэкIэ щыIэ бгым, псы къыхэлъэдэжым, жылэ щысым я цIэщ. Дахъуэ (Дахэ) – Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я куэщIым дэт бгыхэм, Щхьэгуащэпсым ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыхэм я цIэщ. Абы и Iуфэм Iус Даховскэ станицэ и цIэр «Даховский отряд» абдеж тIысам къытекIауэ иджы ягъэхъыбарми, ахэр хэгъуэгум къыщимыхьами щIыпIэм цIэр зэрихьэххэт.
ДжэгуакIуэ (Дегуак) – Щхьэгуащэ псым и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псым, Даховскэ станицэм и адрыщI Iуфэм къыщылъ губгъуэм зэреджэщ. Дыдыгуш – Щхьэгуащэ и ипщэ ижьырабгъу лъэныкъуэм къыщылъ бгылъэм и цIэщ. Жымарыкъуэ (Джимарук) – Щхьэгуащэ и къежьапIэмкIэ щылъ бгы.
Къамылыкъуэ (Чамлык) — иджырей Хьэгъундыкъуейм (Али-Бэрдыкъуэ) купщIэ хуэхъуа жылэр Щхьэгуащэ и Iуфэм здыIусам деж, блэж псы цIыкIущ (Щхьэгуащэ холъэдэж). ТхьэщI – Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIумрэ ипщэ куэщIым иIэ щIыпIэу къыхощ. Лабэ псыхъуитIым Ажэкъуэ — Лабэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ абы къыIулъ хъупIэмрэ. Архъыз – Лабэ ипщэкIэ щыIэ къущхьэхъу хъупIэ. Ахъмэтыбг – Лабэшхуэмрэ Лабэ ЦIыкIумрэ здызэхэлъэдэжым пэгъунэгъу бгыжьэ кIыхь. Архъэшу и сын – Ахъмэтыбгым и щыгум тет мывэ сын лъагэ. Гъуагъэ — Лабэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы. Дамэгъурц — Лабэшхуэ ипщэкIэ къыхэлъэдэж псым, абыхэм я къежьапIэхэм щыIэ бгымрэ щхьэдэхыпIэмрэ я цIэщ. Иджы зэратхыр «Дамхурцщ». Ауэ къызытекIар адыгэбзэщ – Дамэ+гъурц – «каменистое, сухое плечо». ДамэщIыкъуэ – Лабэ къыхэлъэдэж псыщ. Джэдуунэ – иджырей Лабинскыр зытес щIыпIэм щыса адыгэ жылэм и цIэщ. Зэгъдан – Лабэшхуэ и ипщэм ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы. Къызылбэч – Лабэ ЦIыкIу и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыщ. Кхъужьджабэ – Лабэшхуэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIумрэ абы къыIулъ щIыпIэмрэ я цIэщ. Шэкъан – Лабэ псыхъуитIым я куэщIым иIэ мэз. Шэрэдж (Шередь) – Лабэ къыхэлъэдэж псы. Хъан-Джэрий и тхыгъэми къыхощыж.