/

Адыгэ махуэгъэпс

Платон гу лъитащ мы дунейм кIэух имыIэу зыгуэр тетыххэми – ар зэманыр зэрыарам. ГъадэщIыдэр зэрызэIылъ налъэхэм мыхьэнэ гуэр щIилъхьэрэ гъащIэм и пщалъэу къыхибзыкIыну хэту къогъуэгурыкIуэ цIыхур.
Дапщэщ-тIэ цIыхум зэманыр илъэс-илъэскIэ, илъэсыр зэман-зэманкIэ, мазэр махуэ бжыгъэкIэ игуэшын щыщIидзар, сыт ар къызыхихар, сытым тещIыхьауэ?
Пасэрей цIыхум зэманыр зэрыпибжыкIыу щытар жэщ-махуэщ. ИужькIэ ар егупсысащ зэманыр нэхъ кIыхьыжу къэбж зэрыхъум: щIымахуэм гъатхэкIэ, гъатхэм гъэмахуэ хуабэкIэ, гъэмахуэм бжьыхьэкIэ зихъуэжрэ, бжьыхьэр икIмэ, щIымахуэм къызэригъэзэжым. Апхуэдэу къэунэхуащ иджыри зы мардэ – илъэсыр. Жэщ-махуэмрэ илъэсымрэ зэманышхуэ я зэхуаку дэлът гъащIэм и кIуэкIэр кърибгъэлъэгъуэнуи, а тIум я зэхуакур иджыри пIалъэ-пIалъэкIэ зэпыудын хуейуэ къилъытэри, пасэрейм къигупсысащ гъэр гъатхэу, гъэмахуэу, бжьыхьэу, щIымахуэу зэпиудыжыну.
ЦIыхум нэхъыбэ къыгурыIуэ хъуа нэужь, мазэм кIэлъыплъурэ, ар жэщ-махуэ бжыгъэ пыухыкIакIэ хэхъуэу, аргуэру мазэщIэ къыкъуэкIыу гу лъитащ. Абы щыгъуэм зэманыр мазэкIэ къэбж зэрыхъум я акъылыр нэсащ.
Апхуэдэу, пасэрей Алыджымрэ Урымымрэ къызэдащтащ мазипщIу зэхэлъ махуэгъэпсыр. Ар жэщ-махуэ 304-рэт зэрыхъур икIи гъэр гъатхэпэ мазэрат щыщIидзэр. Ауэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 700 гъэм ирихьэлIэу, мы Iуэхум теухуауэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр иригъэкIуэкIащ Пасэрей Урымым и пащтыхь Помпилий Нумэ. Абы илъэсыр мазэ 12 (махуэ 365-рэ) иригъэкъуащ, щIышылэмрэ мазаемрэ къыхигъэхьэри. А махуэгъэпсым и мазэ 11-р махуэ 29-рэ е 31-рэ ирикъуу зэхагъэуват (зэпэмыбж бжыгъэхэр насыпыфIэу къалъытэрт), ауэ иужь дыдэу къагупсыса мазэм — мазаем — махуэ 28-рэ фIэкIа хэттэкъым. НэгъуэщIуи хъунутэкъым, сыту жыпIэмэ, ЩIыр Дыгъэм зэ къекIуэкIыным (илъэсым) жэщ-махуэ 365-рэ ихьырт, а махуэхэр зэпэмыбжу мазэ II-м трагуэшат.
Дэнэ къикIа-тIэ, илъэсиплI къэс мазаем лейуэ къыхэхъуэ зы махуэр? Мы упщIэм и жэуапыр къэдгъуэтын папщIэ, зы илъэсым жэщ-махуэ дапщэ хэтми къэбжын хуейщ. ДощIэ, ар жэщ-махуэ 365-рэ мэхъу! Пэжщ. Ауэ а бжыгъэм иджыри сыхьэти 6 лейуэ къыпытщ. Жэщ-махуэ 365-рэ сыхьэти 6-рэ. А сыхьэтихыр илъэсиплIым къриубыдэу зы жэщ-махуэ (сыхьэт 24-рэ) ирокъури, мазаем зы жэщ-махуэ лей къыхохъуэ (високоснэ гъэ). Ар къэзыбжари махуэгъэпсым зэхъуэкIыныгъэ хэзылъхьэжари урым узэщIакIуэ, дзэзешэ, тхакIуэ Цезарь Юлийщ (ди лъэхъэнэм и I-нэ лIэщIыгъуэм).
Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа пасэрей хьэтхэми, шумерхэми, мысырхэми махуэгъэпс яIащ. Нобэрей адыгэр хьэтхэм къазэрытепщIыкIыжар къэплъытэмэ, адыгэм и махуэгъэпсри а лъэпкъыжьым иупх мэхъу. Адыгэ махуэгъэпсымкIэ иджыпсту 6224-нэ гъэщ дызыхэтыр. Куэдым ящIэркъым а бжыгъэм къежьапIэ хуэхъуар. Хьэтхэм я тхыдэм къызэрыхьэщыжымкIэ, Хьэт къэралыгъуэр яухуэу и тхыдэр пибжыкIын щыщIидзар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 4022 гъэм гъатхэпэм и 22-рщ. Аращ адыгэм и махуэгъэпсри зытещIыхьар.
Апхуэдэу, адыгэм и илъэсыщIэр гъатхэпэм и 22-м тохуэ, гъатхэр къыщихьэри аращ. Мэкъуауэгъуэм и 22-м гъэмахуэр къохьэ, фокIадэм и 22-м бжьыхьэр, дыгъэгъазэм и 22-р щIымахуэр. Гъатхэр махуэ 92-рэ, гъэмахуэр махуэ 92-рэ, бжьыхьэр махуэ 91-рэ, щIымахуэр махуэ 90 мэхъу. ЩIымахуэ шылэр щIышылэм и 17-м къохьэри, мазаем и 25-м еух. Гъэмахуэ шылэр бадзэуэгъуэм и 17-м къохьэри, шыщхьэуIум и 25-м йокIыж.
ЩIымахуэ шылэм и кум къыщыщIэдзауэ уэсыр пхъашэ мэхъу («шыц уэс» жыхуаIэжри аращ), мылым кхъурбыщыгъэ къещтэ. Абы щхьэкIэ нэхъапэм: «Шылэм и купсэм мылым утемыхьэ», — жаIэу щытащ.
Абы къыкIэлъокIуэ бжэндэхъу уаери, къос ныуэжь уэсри, шыц уэсыр кърепхъых, ауэ ахэр гъатхэ нэщэнэу къалъытэрт. ЩIымахуэ шылэр иуха нэужь, бэдрэжузым щIедзэ. Ар шылэм ефыгъуэу жаIэу яIуатэр мыращ: «Си лъэпхъуамбэшхуэр шылэм и лъэпхъуамбэ жьакIэр зэрытым итатэмэ, хьэ лъэмакъыр шы лъэмакъыу згъэIунти, шы лъэмакъыр лъэмакъищэу згъэIунт». Гъатхэпэм и 3-м тохуэ бэдрэжуз жыхуаIэр. А махуэм дунейр, имыхабзэу, щIыIэ мэхъу, жьапщэ къыкъуоу.
ПащIэ Бэчмырзэ итхыжауэ щытащ адыгэ мазэцIэхэр: щIышылэ — январь, мэзэхъуанэ — февраль, уэдыбэ — март, уэдыжьыхь — апрель, накъыгъэ — май, напхъуэ — июнь, шыщхьэуIу — июль, хьэстул — август, фокIадэ — сентябрь, вэн — октябрь, тхьэщIын — ноябрь, пхъэзей – декабрь. Гу зэрылъыттащи, иджыпсту газетым къытехуэ мазэцIэхэмрэ мыбыхэмрэ зэтехуэркъым. Нэхъапэм адыгэ лъэпкъ 12-м я бзэхэмкIэ мазэцIэхэри жаIэу щытащ, ауэ я нэхъыбэр зэтехуэрт.
ГъэщIэгъуэнкъэ, щIэныгъэм иджырей зэманым къихута дуней хабзэхэм пасэрей адыгэр фIыуэ щыгъуазэу зэрыщытар.