Бзэм, лъэпкъым, Хэкум гъунэгъу ухуэзыщI Iуэхухэр къыщызэрагъэпэщыф щыIэщ ныбжькIэ нэхъ щIалэхэми. Адыгэу псэуныр зи гъащIэ гъуэгу, зи хабзэ, зи хьэл-щэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ медицинэмкIэ «Астра-Сфера» щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым гъэсэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и унафэщI Къэбарт Астемыр. Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Болэтей къуажэм къыдэкIа щIалэр нобэ ди газетым и псалъэгъу къудейкъым, и лIыхъужьщ. Ди псалъэмакъыр дыублащ абы щIэныгъэрэ IэщIагъэу къыхихамкIэ…
— Курыт еджапIэм сыщыщIэсам щегъэжьауэ тхыдэм сыдихьэхырт, нэхъ къызэхъулIэрт. Къэзухмэ, дэнэ сыщIэтIысхьэн, сытым сыхуеджэн, жысIэуи сегупсысын хуей хъуакъым. Къэрал экзаменхэр стыри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьащ. Ар къэзухри, тхыдэмкIэ егъэджакIуэу Налшык дэт I4-нэ гимназием илъэс зыбжанэкIэ сыщылэжьащ. 2019 гъэм телевиденэм сыкъащтащ адыгэбзэкIэ нэтынхэр зыгъэхьэзыр тележурналисту. НэхъапэIуэкIэ зэрэ – тIэурэ нэтын сыхэтати, сылэжьэну срагъэблэгъат. Мы зэманым «Астра-Сфера» институтым сыщыIэщ.
— Телевиденэм щыбгъэхьэзыра нэтынхэм укъытезгъэувыIэнут…
— Телевиденэм сыщыувынум сызэлэжьыну сызыхуей проект зыкъом згъэбелджылауэ сыкIуат. Абыхэм ящыщ куэди гъэзэщIа хъуащ, зыкъоми къэнащ зэман е Iэмал щымыIэурэ. Адыгэ редакцэм и нэхъыщхьэу щыта Хьэгъундокъуэ Салисэт къалэн къысщищIу згъэхьэзыра проектыфIхэри щыIэщ. Апхуэдэщ «Лъэхъэнэхэр» нэтын зэкIэлъыкIуэхэр. Сэ тхыдэр зджати, сызытепсэлъыхьынур спэгъунэгъут. Адыгэ псапащIэхэм ятедухуауэ щытащ «ФIы щIэи псым хэдзэ» нэтын зэкIэлъыкIуэхэр. Датепсэлъыхьащ тхыдэм къыхэщыж псапащIэхэм (меценатхэм): Щэрдэн Батырбэч, ТIрахъуэ Лу, СулътIан Долэт-Джэрий, Къылышбий СулътIанбэч, нэгъуэщIхэми. Нэтын зэкIэлъыкIуэхэм ящыщщ ныбжькIэ щIалэ егъэджакIуэу IэщIагъэм къыщыхэжаныкIхэм ятедухуар, «ЕгъэджакIуэ» зи фIэщыгъэр. Къыхэзгъэщыну си гуапэщ «СщIэну сыхуейщ» тележурналри. Сытми адыгэбзэкIэ сытепсэлъыхьыну Iэмал къызитырт абы: химием, биологием, физикэм, географием, нэгъуэщIхэми. АдыгэбзэкIэ узытемыпсэлъыхьыфыну куэдым къалъытэ а щIэныгъэхэм тыншу я гугъу зэрытщIарщ а нэтынхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэр зыхэслъагъуэр. Къэдгъэлъэгъуащ адыгэбзэм гъунапкъэ куэд зэрызэпиупщIыфыр. Нэтыныр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэхэтти, купщIи хэплъхьэфырт. Псалъэм папщIэ, географием теухуа Iыхьэр згъэхьэзырмэ, зы къэрал къасщтэрти, абы я щэнхабзэр, зэхэтыкIэр, псэукIэр, а щIыпIэр зыгъэщхьэхуэр къэзгъэлъагъуэрт. Химием теухуа Iыхьэр згъэхьэзырмэ, Менделеевым и таблицэм сыхэIэбэрти, къыхэсхам и фIэщIыгъэр къызытекIым щегъэжьауэ, и зэхэлъыкIи, къыщысэбэпи, и хьэлъагъми, дапхуэдиз пщтрагъым игъэткIуми – псори къызэпкърысхырт.
Псэущхьэхэм ятеухуа Iыхьэри щIэщыгъуэ пщIы хъурт. Къэрал жыжьэхэм сыIэбэурэ, нэхъ гъэщIэгъуэну къысщыхъу псэущхьэхэм, бзухэм я гугъу сщIырт. Псалъэм папщIэ, хьэпцIащхъуэм теухуауэ сюжет згъэхьэзырауэ щытащ. ПцIащхъуэр псоми дощIэ, ауэ хьэпцIащхъуэр апхуэдэуи куэдрэ зэхэпхыркъым. АтIэ ар IуэрыIуатэми адыгэ уэрэдыжьхэми къызэрыщыкIуэм гу лъыботэж. IэщIагъэлIхэм ятеухуа нэтынхэри згъэхьэзыращ. ГъэщIэгъуэн сщыхъуахэм ящыщщ гъуазджэм хуэгъэпсахэри. Гъуазджэм купщIэ хэзылъхьэхэм ящыщу япэу нэтын зытесхар Иорданием щыпсэу адыгэ сурэтыщI Iэзэ Къэрэгъул (Ал Саид) Зайнэщ.
— Тыркум къиIэпхъукIыжа адыгэ IэпщIэлъапщIэ Тоубычэ Сонер ди газетым папщIэ къэзгъэпсалъэу, адыгэ шабзэ гъэуэкIэм ди цIыхухэр зэрыхуэвгъэсам и гугъу къысхуищIат…
— Сонер сэрэ ныбжьэгъу дызэхуищIащ адыгэ Iуэхум. Езыр мыбы иджыри щымыIэу, Тыркум адыгэ шабзэ къысхуригъэхауэ щытащ пощткIэ. Сэри шабзэм сыдихьэхащ. Сонер Хэкум къыщыкIуэжым шабзэ куэду къыздишэжащ, зэщIыгъууи зы IуэхуфI дыублат – ди цIыхухэр шабзэрыуэным хуедгъэсэну гукъэкI тщIащ. ШабзэкIэ уэным егъэлеяуэ гупсысэ куу щIэлъщ, цIыху зэхэщIыкIым абы иритынкIэ хъуну гупсысэр пхужымыIэми зыхэпщIэфыну си гугъэщ. Зэрыщыту философиещ, къызэрымыкIуэ Iущыгъэщ. ЩIэныгъэ къэхутэныгъэшхуэхэр щыIэщ шабзэм теухуауэ. Псалъэм папщIэ, «хьэрып трактат» жыхуиIэм шабзэм цIыху зэхэщIыкIым зэрызригъэхъуэжым щытопсэлъыхь.
Адыгэ шабзэм и хъыбар куэду къыхощ ди IуэрыIуатэм: Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, ТIотIрэш теухуа Iыхьэхэм дащрохьлIэ. Абы къикIыр сыт? Мыр адыгэм къыдэгъуэгурыкIуащ.
Сонер сэрэ къызэдгъэпэщат пасэрей шабзэрыуэным щыхуэдгъасэ гуп. Мазэ зыбжанэкIэ дадэлэжьащ. Дэ пасэрей гъэуэкIэрт зыхуэдгъасэр. Мы зэманым нэхъыбэу узрихьэлIэр спорт шабзрыуэ лIэужьыгъуэрщ. А тIур куэду зэщхьэщокI. Пасэрей шабзэм зэрытрагъапсэ гъуази иIэкъым, атIэ гурыгъуазэкIэ тыбогъапсэ. Абы щIэлъ философием егупсысыт! ГурыгъуазэкIэ шабзэ гъэуэн – уи гупсыси, зэхэщIыкIи, псантхуэу уиIэри абы теухуауэ! Шабзэмрэ уи гупсысэмрэ зы мэхъу – тIуми зэщIыгъуу зыпхадз зытрагъапсэм. Ди шыфэлIыфэр нэс хъун папщIэ щIыуэпсым къытхилъхьэу зыгуэрщ шабзэ гъэуэныр. ЦIыху зыхэщIэри зэфIэкIри къегъэуш абы.
— «Астра-Сфера» IуэхущIапIэм щывлэжьхэм къытхутепсэлъыхьыт.
— Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Умэт Мурат «Этнокультурный код здоровья адыгов» жери тхылъ гъэщIэгъуэныщэ итхащ, адыгэм и дуней тетыкIэр узыншагъэмкIэ зэрысэбэпым теухуауэ. А тхылъыр къыщыдигъэкIам, Мурат си нэтыным езгъэблэгъауэ щытащ. Апхуэдэу дызэрыцIыхуащ. Аргуэру, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къардэн Мусадин щIыгъуу «Бзэ. Языковой код Вселенной» и фIэщыгъэу тхылъ къыдагъэкIати, абыи тезгъэпсэлъыхьащ. Умэт Мурат и гугъу къысхуищIат медицинэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт зэрыщыIэм, абы щеджэхэм я деж дерсхэр щезгъэкIуэкIыныр къызэхъулIэну къызэрилъытэри къыхигъэщу. Зэман дэкIри, лэжьыгъэ IэнатIэ гуэрым зыщызгъэунэхужыну мурад щысщIым, Мурат хуэсIуэхуащ. «Астра – Сферам» и унафэщI Щоджэн Едыдж сыхуигъазэри, абы я медицинэ IуэхущIапIэм сыкIуащ. Гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ къудамэм сриунафэщIщ. Тхыдэри студентхэм изогъэдж.
Куэд щIакъым сыкъызэрыкIуэрэ, ауэ Iуэхугъуэ гуэрхэми дахунэсащ. Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Накуэ Феликсрэ ХьэцIыкIу Мадинэрэ къедгъэблагъэри, ди студентхэм яIудгъэщIащ. Адыгэм и махуэм Умэт Мурат сэрэ дерс хэхахэр дгъэхьэзыращ. Мурат адыгэ щэнхабзэр узыншагъэмкIэ зэрыщхьэпэм тепсэлъыхьащ, сэ си дерсыр адыгэм и тхыдэм тезухуащ.
— Астемыр, дэнэкIэ бгъазэми блэжьым адыгэгу — адыгэпсэ зэрыхэплъхьэм гу лъыптэну гугъукъым. Сытым ипсыхьа апхуэдэ хьэл-щэныр?
— Гугъущ мыпхуэдэ упщIэм упэджэжыну… Адыгэ унагъуэ сыкъыщыхъуащи, арагъэнщ. Си адэр сытым щыгъуи къысхутепсэлъыхьырт адыгэ Iуэхум, адыгэбзэкIэ тхылъ IэщIэлъу слъагъурт. Къапщтэмэ, ди унэм сыт щыгъуи тхылъыр куэду щIэлъщ. Иджыри къуажэм сыкIуэжамэ, гъэщIэгъуэну зэджахэм я гугъу къысхуещI, сегъэлъагъу. КъытIэрохьэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ. Си анэшымкIэ сыкIуэми, абы адыгэ хабзэр щалъытэрти, щапхъэ схуэхъуурэ сыкъыдэкIуэтеящ.
Къуажэдэс адыгэ унагъуэм къыщыхъуам и лъэпкъ тхыдэр гъэщIэгъуэн щымыхъуну си фIэщ хъуркъым. Анэдэлъхубзэм, хабзэ-нэмысым, тхылъым я къалэн ягъэзащIэ. Анэдэлъхубзэращ къызыпкърыкIыжыр ди хабзэри. Сэ тхыдэ щIэныгъэр IэщIагъэ схуэмыхъуатэми, адыгэ лъэпкъым и блэкIар зджынут. Тхыдэр сфIэфI щIэхъуар адыгэ Iуэхум сыдихьэхырти аращ.
— Адыгэ щIалэгъуалэр нобэ сыт хуэдэ?
— Адыгэ щIэблэр гъуазэ хуэныкъуэщ, здагъэзэнур ямыщIэу къысщохъу. ЗэуIуу псоми зы гупсысэкIэ уатепсэлъыхьыфынкъым – зэмыщхьщ ахэр. Гимназием сыщыщылэжьами, телевиденэм сыщыщыIами, иджы IэнатIэ схуэхъуами адыгэ щIалэгъуалэ дахэ сащрихьэлIащ. Си еджакIуэхэм адыгэбзэ яIурылъщ, куэдыр адыгэ къуажэхэм къикIащ. Сигу ирохь я гурыхуагъыр, я зыIыгъыкIэр. Ауэ сэ сыт щыгъуи жызоIэ мыр: ди щIэблэр хуэныкъуэщ зыдэплъеин. «ЩIалэгъуалэр зэIыхьащ» щыжаIэм деж сфIэфIкъым. ЩIэблэр зэрыщымытыпхъэ хъумэ, щыуагъэ зыщIэр абыхэм ятеплъэкъукI нэхъыжьхэращ. Псалъэм папщIэ, емыкIуу защIу уэрамым щIалэгъуалэ гуп цIыкIу ирихьэлIэIамэ, и щхьэ хужеIэж «зэрымыгъасэ мыхэр» жери, и Iуэху яхимылъхьэуи блокI. КъэувыIэу, «Е щIалэхэ, екIукъым мы фи щытыкIэр» жызыIэнур дапщэ зэрыхъур? УащIэгубжьэн е бгъэшынэн хуейуи къэслъытэркъым, я емыкIум гу лъегъэтэжыпхъэу аращ. Нэхъ пасэм щыIащ апхуэдэ: емыкIу зыщIар нэхъыжь ущиекIэ ягъэукIытэфырт. ЗыфIэлIыкIын нэхъыжь хуэныкъуэщ щIэблэр, пэжым ухуеймэ. Бемырзэ Мухьэдин абы пэджэжу зы усэ хьэлэмэт иIэщ, «Адыгэ лIыжьхэр» жиIэу.
ЩIэблэм ядэлэжьэн, зэман ятегъэкIуэдэн, гугъу задегъэхьын, щапхъэ егъэлъэгъун хуейщ.
— Астемыр, бзэм и гугъу дыгъэщI. Ди зэманым адыгэ Iуэху зезыхуэ, бзэми лъэпкъ щэнхабзэми я пIалъэр зыщIэ куэдым езыхэм къащIэхъуэм адыгэбзэр щаIурымылъ къохъу. Сыт адыгэ унагъуэхэм бзэр щыхъумэным и хэкIыпIэу щыIэр?
— Мы упщIэр куэдрэ къызат, лъэпкъ, щэнхабзэ Iуэхум дытепсэлъыхь щыхъукIэ. Зыщ си жэуапыр – сабийм адыгэбзэ ищIэну ухуеймэ, адыгэбзэкIэ епсалъэ.
Быным анэдэлъхубзэр Iурылъыну гурэ псэкIэ ухуеймэ, си фIэщ хъуркъым зэран къыпхуэхъуфынIауэ. ЩыIэнкIэ хъунщ апхуэдэ Iэмал зимыIэ зэкъуэтIакъуэххэ. Зы щапхъэ къэсхьынщ… Си ныбжьэгъу щIалэ Ныр Жамбот Германием унагъуэу щопсэу. Абы и щIалэр Германием къыщалъхуащ, къыщохъу, нэмыцэ сабий садым макIуэ, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа нэгъуэщI сабийхэм яхэтщ. Ауэ щыхъукIэ, адыгэбзэкIэ уэрсэру мэпсалъэ. Щхьэ хамэ щIыпIэм щыIэ сабийм зыри зэран къыхуэмыхъуу, я хэку исыжхэм зыкъом зэран къахуэхъуу къалъытэрэ языныкъуэхэм… Щхьэ а щIалэм жимыIэрэ: «Сэ Германием сыщыIэщ, си быныр нэмыцэ сабийхэм яхэтщ, адыгэбзэм Iэмал худиIэкъым».
Арыххэу уэрамым ущрикIуэкIэ уолъагъу адыгэбзэр зыгуэрхэм я деж кIащхъэ щIыщыхъум и щхьэусыгъуэ куэд. СрихьэлIащ мыпхуэдэу: щIалэ цIыкIур и анэм щIыгъуу уэрамым ирокIуэ. Сабийр уафэм доплъейри: «Мор сыт зищIысыр?» — жеIэри щIоупщIэ адыгэбзэкIэ. «Это луна», — жи и анэм. «Мор сыт зищIысыр?», — аргуэру и Iэр уафэмкIи щишийкIэ, «Это звёзды», — жреIэ. Иджы плъагъурэ, сабийр адыгэу Тхьэм къигъэщIащи, бзэуэ адыгэбзэр къыхуигъэфэщащи, къызэригъэщIам и хабзэм тету щIоупщIэ. Мо урысыбзэ къыпэджэжым абы и гупсысэр зыщIыпIэ деж щыIуещIэ. Сыт атIэ хэлъыр: «Ар мазэщ, урысыбзэкIэ зэреджэр «лунащ»» жыпIэным?!
— Мыпхуэди срохьэлIэ… Хэхэс адыгэхэм яхэтщ щыцIыкIум адыгэбзэкIэ мыпсэлъауэ, балигъ хъуа нэужь зэзыгъэщIэжахэр. Мис ар нэхъ гугъуу къысщохъу…
— ЦIыхур Хэкум пэIэщIэ хъуа нэужь, къыщыхъуа щIыпIэм псэкIэ зэрыпыщIар нэхъ зыхищIэу си гугъэщ. СщIэркъым ар къызыхэкIыр, езым къыгурымыIуэжми, зэрызихъумэжын зыхэщIэ гуэр и Iэпкълъэпкъым къыщоуш. Ар хуэгумащIэ мэхъу Хэкум, лъэпкъым, бзэм. Апхуэдизщ лъым и къарур. Хэкум пэIэщIэ цIыхум и зэхэщIыкIым зыщIыпIэ деж къыщыпхевыкI «Сыхэт сэ?» упщIэр. Мис а езыр-езыру зритыжа упщIэм и жэуап къэлъыхъуэным ифI куэд къокI абы, зыкъигъуэтыжыным, зыщыщыр къыгурыIуэжыным теухуауэ.
Бзэр цIыхухэр зэрызэгурыIуэ Iэмал къудейуэ къыпщыхъункIи хъунщ, ауэ ар куэд дыдэкIэ нэхъ куущ. Ар епхагъэнщ дунейм и къэхъукIэм. Адыгэбзэм щыщ пасэрей псалъэжь гуэр зыщIыпIэ щызэхэпхыжа, къэпщIэжа нэужь, апхуэдизу ар зыхыбощIэри, уи щIыфэр егъэтхытх. А псалъэр уэ зэрыпщыщыр зыхищIыкI хуэдэщ Iэпкълъэпкъым.
— «ЩIанэ жанхэр» теледжэгукIэм и гугъу къытхуэщI.
— Мыр си проектщ. Ауэ акъылым зезыгъэужь нэгъуэщI джэгукIэ гуэрхэри тегъэщIапIэ сщIащ. Iыхьитхуу зэхэтщ. Ахэр тещIыхьащ макъ гъэджэгуным, псалъэ ухуэным, къуажэхь къэщIэным, фразеололгизмхэр къызэпкърыхыным, жьы хъуа псалъэхэр къэщIэжыным. «Адыгэбзэр фщIэн хуейщ», — жытIэу дыущиеркъым, атIэ мис мыпхуэдэу зэрыхъукIэ дыдогъэхьэх.
Гупсысэ уиIэр зыщ, ауэ утыку уихьэн папщIэ къыпкъуэувэн уимыIэу хъуркъым. ФIэщыгъэр КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслан седжэнджэщри къыхэсхащ. ЩIым къыхэж щIанэхэр мо зи гупсысэ къызэрыкIын щIидзэ ныбжьыщIэхэм едгъапщэу фIэтщащ. «ЩIанэ жанхэр» джэгукIэр икIи щIэщыгъуэу, щIэныгъи хэлъу, адыгэм и щэнхабзэми ухигъаплъэу, тхыдэмрэ IуэрыIуатэмкIэ зигъазэурэ лъэпкъ шыфэлIыфэр къызэпкърихыжу дгъэпсащ. ДжэгугъуитI едгъэкIуэкIами къагъэлъэгъуащ ныбжьыщIэхэм я гупсысэр а къэдгъэсэбэп IэмалымкIэ къызэрызэрыкIыр. Зэ щхьэкIэ мыбы хэтынухэр къахыдош КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм щеджэхэм. АдэкIэ иджыри зедгъэубгъуну ди гугъэщ. Бзэгъэджэгу егъэкIуэкIынымкIэ куэду къыздоIэпыкъу филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къардэн Мусадин. Мусадин Iуэхур зэредгъажьэрэ ди упщIэжэгъущ, джэгукIэм и къэпщытакIуэ нэхъыщхьэщ. «ЩIанэ жанхэр» бзэгъэджэгум дамыгъэ иIэщ. Ар тхуищIащ СурэтыщIхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэт, сурэтыщI Iэзэ Тхьэзэплъыж Руслан. Утыку гъэщIэрэщIэнымкIэ сэбэп къытхуэхъуащ Тэтэр Фаридэ. Абы и IуэхукIэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэри. Ди дэрэгъухэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр. ДжэгукIэр утыку ирехьэ телевиденэм. «ЩIанэ жанхэр» бзэгъэджэгум и етIуанэ зэхуэсыгъуэм япэ увыпIэр къыщызыхьам лъэпкъ Iуэхум хэт щIалэгъуалэхэу Шэпар Аланрэ Дым Аслъэнджэрийрэ тыгъэ хуащIащ адыгэ щэнхабзэм теухуа тхылъышхуэрэ дыжьын Iэпщэхъурэ. ДяпэкIи Iуэхум апхуэдэурэ хэтыну я мурадщ.
«Синдика» зэгухьэныгъэр сэбэп къытхуохъу егъэлеяуэ. Абы и тхьэмадэ, пщIэ зыхуэтщI Къанокъуэ Арсен Iуэхум щыгъуазэщ, Тхьэм узыншэу ди япэ куэдрэ иригъэт! ЩекIуэкIыну пэшри, баннер, эмблемэ жыхуэтIэхэр гъэхьэзырынри, ныбжьыщIэхэр зэрыдгъэгуфIэну ахъшэ саугъэтри къытхузэрагъэпэщ. ФIыщIэ ин хузощI ди Iуэхум гу къылъитэу, дэрэгъуи, дэIэпыкъуэгъуи, чэнджэщэгъуи къытхуэхъуа си къуажэгъу Мэкъуауэ Мурат. Ар «Синдика» зэгухьэныгъэм хыхьэ «Дженерал групп» ООО-р зезыгъакIуэ компанием и унафэщIщ.
— Тхьэм уигъэпсэу, Астемыр! Iуэху дахэу бгъэпсыр щIэблэм къахуэщхьэпэну си гугъэщ.
