Анэдэлъхубзэр нобэ

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгей Республикэм и институтымрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиемрэ гъатхэпэм и 26-27-хэм ирагъэкIуэкIащ адыгэбзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ VIII Дунейпсо зэIущIэ. ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным хухаха илъэси I0-м (2022-2032 гъэхэр) ипкъ иту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ КъБР-м, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ – Алание республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Тыркум, Абхъазым, Оренбург къалэм я щIэныгъэлIхэр, студентхэр, егъэджакIуэхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Адыгейм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм.
Конференцыр зэхаублэн ипэ къихуэу, зэIущIэм хэтхэм ар къахуеджащ Адыгэ Республикэм и президент КъумпIыл Муратрэ ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсенрэ я тхыгъэхэм.
— Фигу къэзгъэкIыжынут, ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм къыхилъхьауэ, щIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным хухаха илъэси I0-м (2022-2032 гъэхэр) къриубыдэу лэжьын хуейм Урысей Федерацэр псом япэу зэреувэлIар. КъищынэмыщIауэ, УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ илъэс ипэ къыхалъхьащ фокIадэм и 8-р Урысейм и щIыдэлъху лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным и махуэшхуэу. А псоми къагъэлъагъуэ лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралыгъуэм анэдэлъхубзэхэм пщIэ зэрыщыхуащIыр, ахэр хъумэным зэрыхуэпабгъэр. Нобэрей зэIущIэм цIыху 80-м щIигъу хэтщ. Абы къыщыпсэлъэну щIэныгъэлIхэм къаIэтынущ бзэр хъумэным, гъэкIуэтэным ехьэлIа Iуэху зэIумыбзхэмрэ я ехъулIэныгъэфIхэмрэ. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием мы унэтIыныгъэмкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихым иджыри зэ сытепсэлъыхьынут. Егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм теухуа зэIущIэхэр кIэщI-кIэщIурэ зэхыдошэ, илъэсым къриубыдэу тхылъ пщIы бжыгъэхэр къыдыдогъэкI, ди ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэрыIыгъын, зэрыщIэн папщIэ, гъэ къэс этнолагерым идогъэблагъэ. Абы хэтщ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм, Тыркум, Иорданием, Щамым щыщ ныбжьыщIэу I00-м щIигъу. Академиер ядоIэпыкъу адыгэ-абазэбзэхэм зегъэужьынымкIэ Iуэху щхьэпэхэр зезыхуэхэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм, анэдэлъхубзэр бжыгъэм хуагъакIуэу, ЯндексымкIэ урилэжьэфу дунейпсо утыку къихьэным елIалIэхэм. Нобэ дызэхуэзышэса Iуэхум фIы къытхудэкIуэну, тхуэщхьэпэну сыхуейт, зэхуэмыхъухэм куууэ дыхэгупсысыхьу тхузэфIэкIыр анэдэлъхубзэм хуэтщIэнуи согугъэ, — итт Къанокъуэм и тхыгъэм.
«УФ-м лъэпкъыбзэхэмкIэ и къэрал институтым» и унафэщIым и къуэдзэ Мыз Маринэ зэрыжиIамкIэ, Урысей Федерацэм и щIыналъэ 64-м анэлъхубзэ 74-м щыхурагъаджэ.
— НобэкIэ цIыху мелуани 2-м щIигъум ядж я анэдэлъхубзэр. А IэнатIэм пэрытщ егъэджакIуэ мин 24-рэ. А егъэджакIуэхэм ящыщу 1012-р адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, 99-р Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар краймрэ Ставрополрэ зырыз, 293-р Адыгейм щолажьэ. Арами, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ 252-рэ хуэчэмщ Урысейр. Абы къыдэкIуэу, анэдэлъхубзэ 41-р егъэджакIуэкIэ къызэгъэпэщащ, зыхуэныкъуэ щымыIэу. Ди гуапэ зэрыхъунщи, адыгэбзэри хэтщ проценти I00-кIэ къызэгъэпэщахэм, — игъэбелджылащ Мызым.
Зэрынэрылъагъущи, анэдэлъхубзэм теухуауэ Урысей Федерацэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм я гуныкъуэгъуэхэр зэхуэдэкъым. Мы зэIущIэ екIуэкIам къигъэнэхуащ гу зылъытапхъэр. Ауэ щыхъукIэ, я къалэн нэхъыщхьэр къайхъулIауэ жыпIэ хъунущ.
ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэнымкIэ къэпщытэныгъэ бжыгъэншэхэр езыгъэкIуэкI щIэныгъэлIхэм сытым дежи жаIэр зыщ — анэдэлъхубзэмкIэ тхылъ ятхыу зэгъэтIылъэкIыным, шыпсэхэр, хъыбархэр, кинофильмхэр зэдзэкIыным мыхьэнэ иIэкъым, къытщIэхъуэ щIэблэр а бзэм иримыпсалъэмэ. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа ЛIэужь Iэдэм къызэрыхигъэщащи, бзэр хъумэнымкIэ Iуэху зэIумыбзу щыIэхэм я щхьэ мэкIуэж ар.
Дунейпсо зэIущIэм илъэс къэс жыджэру хэт педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Мыз Маринэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ УФ-м и егъэджэныгъэм абхъаз-адыгэбзэхэм щаубыд увыпIэмрэ ар зи унафэщI институтым иригъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ.
— Ди IуэхущIапIэм зэпымычу едж УФ-м и щIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэхэр зэрыт щытыкIэмрэ ахэр хъумэнымкIэ къэралым щрагъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ. НобэкIэ ди къэралым и курыт еджапIэхэм щадж анэдэлъхубзэу 76-рэ. Ауэ иджыпсту зи гугъу сщIынур абхъаз-адыгэбзэхэмкIэ (абазэбзэ, адыгэбзэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэ) дгъэхьэзыра къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуарщ. 2026 гъэм тепщIыхьмэ, зи гугъу сщIы анэдэлъхубзэхэр УФ-м и щIыналъи 4-м щадж: Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм, Адыгэ Республикэм. Абхъаз-адыгэбзэ зыджхэм я бжыгъэр цIыху 242064-рэ мэхъу. А бжыгъэм хеубыдэ сабий садым щIэсу анэдэлъхубзэр зыдж сабий 35905-ри. Нэгъабэ къэтхута бжыгъэм нэхърэ ар 60392-кIэ нэхъыбэщ. ЖыпIэнуракъэ, абхъаз-адыгэбзэхэр зыджхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, — жиIащ Мызым.
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ: сабий садым цIыкIухэм адыгэбзэр щрагъэджыр республикищырщ – КъБР-м, КъШР-м, АР-м. Илъэс кIуам тепщIыхьмэ, сабий садым анэдэлъхубзэр щызыдж цIыкIухэм я бжыгъэр 7266-кIэ хэхъуащ. Ар къызыхэкIар къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ абазэбзэмрэ сабий садхэм щегъэджыныр КъШР-м мы гъэм къызэрыщыхалъхьарщ. Апхуэдэу, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм теухуауэ бжыгъэхэр щыхэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрми, ауэ Краснодар крайм ар джын щагъэтыжри, адыгеибзэхэм нэхъ зыщаубгъуащ, ахэр зыдж сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я бжыгъэм къахэхъуэ зэпытщ. ГъэщIэгъуэныракъэ, Адыгэ Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ адыгеибзэхэр щызыджхэм кIуэ пэтми кIэроху.
Мызым зэрыжиIамкIэ, анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ курыт еджапIэхэм зэрыщадж учебник 60 хагъэхьащ къэралым къыдигъэкI тхылъхэм. КъищынэмыщIауэ, егъэджакIуэхэм хуагъэхьэзыращ а тхылъхэм я электрон жыпхъэри.
IэмалыщIэхэр тегъэщIапIэ щIауэ адыгэбзэр хъумэным, абы зегъэужьыным хуэгъэпса лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Адыгейм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщIым и къуэдзэ Беданокъуэ Марзиятрэ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Адыгэ къэрал университетым и лэжьакIуэ Бэгъущэ Мирэрэ.
Абхъаз-адыгэбзэхэр щадж щIыналъэхэм я лIыкIуэхэм махуитIым къриубыдэу тепсэлъыхьащ Адыгэ республикэм и къэралыгъуэбзэу адыгэбзэм (1-4-нэ классхэм) и егъэджэныгъэ методикэм и зэхэтыкIэм, IуэрыIуатэм епха гупсысэ заулхэм, адыгэ литературэм басняхэм щаубыд увыпIэм. Щыхэплъащ иджырей тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм яIэ къыщхьэщыкIыныгъэхэм, къагъэсэбэп художественнэ Iэмалхэм.
Бзэм и закъуэкъым зэIущIэм къыщаIэтар. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Чурей Дыжьын тепсэлъыхьащ хэхэс адыгэхэм я къафэ хабзэхэм, адыгэ щэнхабзэр хамэ щIыгу щыхъумэным гугъуехьу пылъым.
ЖыпIэнуракъэ, адыгэбзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ VIII Дунейпсо зэIущIэр купщIафIэу, къэхутэныгъэщIэхэмкIэ, ехъулIэныгъэфIхэмкIэ гъэнщIауэ екIуэкIащ. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм гугъэфIхэр уамыгъэщIу къанэркъым, уримыгушхуэну плъэкIыркъым.