Анэдэлъхубзэр нобэ

Гъатхэпэм и 14-15-хэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгей Республикэм и институтым иригъэкIуэкIащ адыгэбзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ VI-нэ Дунейпсо зэIущIэ. ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэным хухаха илъэси 10-м (2022-2032 гъэхэр) ипкъ иту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ академием и академикхэр, Дагъыстан республикэм, Тыркум, Абхъазым и щIэныгъэлIхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгей институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм.
Конференцыр зэхаублэн ипэ къихуэу, ЩIДАА-м и Президент Къанокъуэ Арсен абыхэм видеокIэ закъыхуигъэзащ:
— Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэдгъэпэща дунейпсо зэIущIэм хэтхэм фIэхъус фызох. Лъэпкъ къэс иIэжщ къызэрымыкIуэ тхыдэ телъыджэ, IуэрыIуатэ защIэу нобэм къахьэса щэнхабзэ, лIакъуэ-лIакъуэкIэ зэIэпаха Iущыгъэ, щIыуэпсым къыхэтэджыкIа бзэ къулей. ЩIэныгъэмрэ техникэмрэ зыщиужьа дунеищIэм мащIэ щыхъуа лъэпкъыжьхэм я бзэр хъумэным гулъытэ хэха щыхуащI лъэхъэнэм дыщопсэу нобэ. Лъэпкъ къулеигъэхэр хъумэным хуэлажьэ институтхэм я лэжьакIуэхэм пщIэшхуэ яхуэфащэщ, — къыхигъэщащ Къанокъуэм.
ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэнымкIэ къэпщытэныгъэ бжыгъэншэхэр езыгъэкIуэкIа щIэныгъэлIхэм зэIущIэм къыщыпсэлъам тепщIыхьмэ, анэдэлъхубзэкIэ тхылъ ятхыу зэгъэтIылъэкIыным, шыпсэхэр, хъыбархэр, кинофильмхэр зэдзэкIыным мыхьэнэ иIэкъым, къытщIэхъуэ щIэблэр а бзэм иримыпсалъэмэ.
— Дагъыстаным нэхъ лъэпкъыбэ щыIэкъым, бзэ и лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ. Псалъэм папщIэ, аварыбзэм къуэпс-къуэпсу зегуэш, къуэпс къэсыхуи псэлъэкIэ пщIырыпщI, е нэхъыбэ иIэжщ. Уеблэмэ бгырыс къуажэ цIыкIу щыIэщ, цIыху 500 нэхъыбэ дэмысу, абыхэм я псэлъэкIэм хуэдэ нэгъуэщI щIыпIи ущримыхьэлIэу. Гугъущ апхуэдэбзэр пхъумэну, уритхэну, бгъэлэжьэну. Дагъыстаныбзэхэр пхъумэну щIэгугъур аращ – куэдыIуэ мэхъу, ирипсалъэр мащIэщ, арами, бзэр щымыIэу мыхъуну ягъэув. Мис апхуэдэхэм деж пщIэнур къыпхуэщIэркъым. Анэдэлъхубзэр щIэкIуэдыжым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сабий садым деж къыщожьэ. Лъэпкъыбэу зэхэс дагъыстанхэр зэгурыIуэжын папщIэ урысыбзэращ гъуазэу диIэри, щIэблэм а бзэ тыншыр зрегъащIэри, къыдалъхуар яIэщIоху. Курыт еджапIэм кIуамэ, анэдэлъхубзэр куууэ яджми, ямыджыххэми мэхъури, сабийм къытрамыгъэхьэлъэн папщIэ, адэ-анэхэм лъэпкъыбзэр IуагъэкIуэт. Къэрал Iуэхухэр зэрызрахьэр урысыбзэщи, цIыхур хуей-хуэмейми анэдэлъхубзэр ирегъэкIуэтэкI. Ар глобализацэм къытхуихьа, Iэмал гуэр къызыхуэдгъуэтын хуей щытыкIэщ, — жиIащ Дагъыстан педагогикэ университетым и профессор, бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Дибиров Ибрагим.
Лъэпкъ мащIэ псоми я зэхуэдэ гуныкъуэгъуэщ ар, пцIы хэмылъу. ЗэIущIэм къыщыпсэлъа бзэм и лэжьакIуэхэр щыхьэт зытехъуа Iуэхугъуэщ. Арами, анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэри пщIэншэ пщIы хъунукъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгей институтым и унафэщIым и къуэдзэ, бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Бидэнокъуэ Марзият тепсэлъыхьащ «Адыгэ Хабзэ» жыхуиIэу адыгэ щэнхабзэм, бзэм, гупсысэкIэм зыщрагъэужь IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм.
Адыгэ лъэпкъыр къапщтэмэ, щэнхабзэмрэ бзэмрэ зегъэужьынымкIэ, ар щIэблэм яIэщIэмыхунымкIэ ирагъэкIуэкI дауэдапщэхэм къыхэбгъэщ хъунущ «Си бзэ – си псэ, си дуней», «Джэгурэш», «Адыгэ Iуэрытх» Iуэхугъуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Нобэрей Iэмалрэ щIэныгъэм и иужьрей псалъэу къэунэхуа «IэрыщI къаухьыр» къагъэсэбэпу, бзэм зрагъэужьыну лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI Европэмрэ Америкэмрэ. Абыхэм ящыщщ цIыхум и щхьэкуцIым къыщызэщIэушэ гупсысэр къихутэрэ, ар бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэзыдзэкIыж щIэныгъэ программэр. Адыгей къэрал университетым экспериментальнэ лингвистикэмкIэ и лабораторэм и унафэщI, бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Мэчэр Сусаннэ зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ къэхутэныгъэхэр иджыблагъэ адыгэбзэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIыну я мурадщ.
«УФ-м лъэпкъыбзэхэмкIэ и къэрал институтым» и унафэщI Мыз Маринэ зэрыжиIамкIэ, Урысей Федерацэм и щIыналъэ 64-м анэлъхубзэ 74-м щыхурагъаджэ.
— НобэкIэ цIыху мелуани 2-м щIигъум ядж я анэдэлъхубзэр. Ахэр ирагъаджэ егъэджакIуэ мин 24-м. А егъэджакIуэхэм ящыщу 1012-р адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, 99-р Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар краймрэ Ставропольрэ зырыз, 293-р Адыгейм щолажьэ. Арами, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ 252-рэ хуэчэмщ Урысейр. Абы къыдэкIуэу, анэдэлъхубзэ 41-р егъэджакIуэкIэ къызэгъэпэщащ, зыхуэныкъуэ щымыIэу. Ди гуапэ зэрыхъункIэ, адыгэбзэри хэтщ проценти 100-кIэ къызэгъэпэщахэм, — игъэбелджылащ Мызым.
Зэрынэрылъагъущи, анэдэлъхубзэм теухуауэ Урысей Федерацэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм я гуныкъуэгъуэхэр зэхуэдэкъым. Мы зи чэзу зэIущIэу екIуэкIам къигъэнэхуащ гу зылъытапхъэр. Ауэ щыхъукIэ, я къалэн нэхъыщхьэр къайхъулIауэ жыпIэ хъунущ.