Арымбэч (Arimbeg) Айшанур Узуняйлэ къыщыхъуащ. Тыркум Коджаэли щыIэ къэрал университетым (Kocaeli University) промышленнэ инженеру щеджащ. Ар 2020 гъэм къиухащ, и IэщIагъэм иролажьэ. Зэгуэр Хэкум икIыу Тыркур псэупIэ зыхуэхъуауэ щыта адыгэ унагъуэм и щIэблэщ. Иджыблагъэ Айшанур унагъуэ щыхъуащ Истамбыл, Щоджэнхэ я нысэщ. Щоджэн Умаррэ Арымбэч Айшануррэ лъэпкъым зы адыгэ унагъуэу къыхэуващ.
Хэкум теухуауэ и нэхъыжьхэм къаIуэтэжахэри, хабзэу зыщIапIыкIаи, тхыдэ хъыбару зэхихахэри, уэрэдыжьу зыщIэдэIуахэри пщащэм и дежкIэ лъапIэщ. А псор гъащIэ жылэ хуэхъуащ абы и адыгэпсэр къэушынымкIэ, лъэпкъым щыщ бзылъхугъэ щыпкъэ хъунымкIэ. Ди тхыдэр фIэфIу едж, адыгэбзэкIэ уэрэд дахэу жеIэ, адыгэ шхыныгъуэхэр ипщэфIыну фIэфIщ, анэдэлъхубзэмкIэ дерсхэр щIалэгъуалэм ядрегъэкIуэкI. Айшанур и гупсысэхэм ущIодэIури, лъэпкъым теухуа гугъэр уи гум щохуабэ.
Дин дадэ жеIэж
— Тыркум къэкIуауэ щытар си адэшхуэм и адэшхуэ Арымбэч Умарт. Нэхъ иужьу Хэкум къиIэпхъукIахэм ящыщщ ди лIакъуэр. Абы теухуа хъыбархэр къыджиIэжащ ди адэшхуэ Джэмалэттин. Дэ «Дин дадэкIэ» доджэ. Хэкум и хъыбархэр, адыгэ тхыдэм щыщхэр фIыуэ ищIэрти, абыхэм дыщIипIыкIащ. Адыгэ уэрэдыжьхэр дахэу жиIэрт. Езы Дин дадэ хуэгъэфэщауэ зэрищIэмкIэ, илъэс 95-рэ и ныбжьщ, ауэ нэхъыжьынкIи хъунущ. Си адэшхуэм и унагъуэр щыпсэуар Узуняйлэщ (иджыпсту Анкара щопсэу). Узуняйлэдэсхэм адыгэбзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ хъарзынэу яхъумэ. Бынибл иIэщ Дин дадэ. Сэ лъагъунлъагъу сыщыхуэкIуахэм деж зэпымыууэ жиIэу зэхызох: «А джыдэмыгъуэ, Хэкум сыкIуарэт, сыIуплъарэт!» ЖыпIэнурамэ, Хэку лъагъуныгъэр и гум изщ. Апхуэдизу хуабэу си адэшхуэм и гум илъ Хэкур сэри фIыуэ слъагъуу сыкъэхъуащ.
«Мы хъыбар жысIэхэр уэ къэтIыси тхыж, мыкIуэдын щхьэкIэ. Дызэхуэзэху, сэ хъыбархэр бжесIэнщ, уэ тхылъу птхыжынщ», — къызжеIэ, и хъыбархэм щыщ къыщысхуиIуэтэжкIэ. И мурадщ езым зэрыжиIэжым хуэдэу зэгъэкIуауэ сэ сигъэтхыурэ ахэр зэхудигъэхьэсыну.
Бзэр зыхэпщIа нэужь, зэбгъэщIэфынущ
— СыщыцIыкIум унагъуэм щызэхэсхыр адыгэбзэт, си адэшхуэри си адэ-анэри арат къызэрызэпсалъэр. Сэ къызгурыIуэрт, хъарзынэуи зэхэсщIыкIырт адыгэбзэр, ауэ анэдэлъхубзэкIэ зыкъысхуагъэзамэ, сэ тыркубзэкIэ жэуап ястыжырт. Ирикъун хуэдизу къызгурыIуэртэкъым бзэм и мыхьэнэр.
Бзэр къуэпсу сиIэмкIэ зыхэсщIащ, ар щыпсэу адэжь щIыналъэм сыщыбэуа нэужь. СызэрыцIыкIу дыдэрэ Хэкум сыкIуэну сехъуапсэрт, ар си гум илът, си нэгум къыщIэзгъэхьэрт. Илъэс 15 сыщыхъум си хъуэпсапIэр къэхъуащ – си адэ-анэм хуит зыкъезгъэщIри, Налшык сыкIуащ япэу. КАФФЕД-м ныбжьыщIэ гуп ишэрти, абыхэм сахэтт. Абы ныбжьэгъуи щызиIэ хъуащ. Ситхьэкъуащ Налшык дэнэкIи адыгэбзэ зэрыщызэхэсхам. «Мыбы ипэжыпIэкIэ щопсэу адыгэбзэр! ЦIыкIуи ини яIурылъщ бзэр! АтIэ сэ щхьэ сымыпсалъэрэ адыгэбзэкIэ хуиту?!» — мыпхуэдэ гупсысэхэр си щхьэм щызэзгъэзэхуащ. Си гум быдэу ислъхьащ си анэдэлъхубзэр срипсалъэу, сритхэу зэзгъэщIэжыну. Хьэрфхэр, макъхэр зджын щIэздзащ си фIэщу – сэр-сэру сыпэлъэщащ. Макъхэр тIэкIу зэхуэмыкIуащэу къызэрыспсэлъым къыхэкIыу, нэхъапэхэм тIэкIу сытемыгушхуэу щытами, иджы сесащ. Сопсалъэ, сотхэ, сыкъоджэ, иджыри къыхызогъахъуэ. Пэжщ, си адэ-анэм яIурылъ анэдэлъхубзэм хуэдэу къабзэкъым си адыгэбзэр, уеблэмэ псалъэ гуэрхэр зэдзэкIауэ къызжьэдэхуу ахэр щызгъэдыхьэшхи къысхуохуэ. Егъэлеяуэ сфIэфIщ ХэкумкIэ къикIхэм садэуэршэрыну.
Хэкум сыщыIэу мыбы къэзгъэзэжа нэужь, Тыркур хамэ хъуат сэркIэ. «Сэ мыбы сыщыпсэуну сыхуейкъым, сэ мыбы сыщыщкъым, кхъыIэ дывгъэкIуэж» жысIэурэ селъэIурт си анэ-адэм. «Уэ Хэкум удгъакIуэри, дэ щхьэуз хэтхащ» жаIэрт сащыкIэрымыкIым. Налшык Къэбэрдей-Балъкъэр университетым сыщеджэн муради сиIащ, ари зэкIэ хъуакъым.
Налшык тезгъэзащ
— Хэкум япэу, сыныбжьыщIэу сыщыкIуам зыхэсщIахэм захъуэжын хуэдэу къысщыхъурти, си гум мащIэу шынэ илът, балигъ сыхъуауэ щытезгъэзэнум щыгъуэ. СыщыцIыкIум псори си гум дыхьа, си гур зэIусхыу Хэкур хуиту къыдэзгъэхьа щхьэкIэ, иджы балигъынэкIэ абы сыIуплъэмэ, хузиIэ лъагъуныгъэм хэщIын хуэдэу къыщIысщыхъур сщIэртэкъым. Ауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, нэхъ IэфIыжу къысщыхъуащ ар, нэхъ гуапэжу къысIущIащ Налшык. ИлъэсиплI япэщ етIуанэу щытезгъэзар.
Ауэ иджыри къысхуэгъуэтакъым, си лIакъуэр къыздикIа къуажэр. Абы къыхэкIыу а къуажэ сымыгъуэтам и фэ изоплъ зэрыхэкуу. Си адэшхуэри си адэри адыгэпсэщ, сэри абыхэм яхуэдэ сыхъуауэ арагъэнщ жызоIэ. Лъэпкъ гупсысэм сызэрипсыхьыр зыхызощIэ.
Дунейм и щIыпIэ нэхъ дахэр Хэкурщ.
Мейкъуапэ
— 2019 гъэм Хэкум зыгъэзэжахэм я махуэм, шыщхьэуIум и 1-м, Мейкъуапэ сыкIуэри, махуэшхуэм сыхэтащ, Къущхьэ Догъэн итха уэрэд, зэи абы нэхъапэкIэ жамыIауэ, сэ абдей си гуапэу япэу утыку къыщисхьащ. А уэрэдымкIэ сэ хэхэс адыгэхэм я гум сыкъипсэлъыкIа хуэдэщ. А махуэм сынасыпыфIэт, си лъэпкъым апхуэдизкIэ сыпэгъунэгъути! Мейкъуапэ хъарзынэу дыщыхьэщIащ. Лъагъуэ-Накъэ пэгъунэгъу адыгэ къуажэхэм моуэ зы псэтыншыгъуэ гуэр щызыхэсщIэрт.
Бзэр псэкIэ яхъумэ
— Нэсу лъэпкъ Iуэхум емыгупсысым жиIэфынущ адыгэ хабзэм дыхуэмейуэ, абы фейдэ къытхуимыхьу, зыгуэркIэ дыкъилъахъэу. Ауэ хабзэ жыхуэтIэм егъэлеяуэ купщIэшхуэ кIуэцIылъщи, ар къыбгурIуэнри насыпым щыщщ. Псалъэм папщIэ, адыгэм диIэщ мыпхуэдэ хабзэжь: анэ-адэм е нэхъыжьхэм укъалъагъуу, цIыхум уахэту уи сабий бгъэджэгуныр емыкIуу. Иджы мы хабзэм и лъабжьэм щIэплъэгъуэфынум девгъэплъыт: дунейм тетщ цIыху куэд бын ямыIэу, ауэ абы ехъуапсэу, апхуэдэуи щыIэхэщ адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэр. АтIэ мы хабзэри гущIэгъум къыхэкIауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Си гугъэмкIэ, хабзэр псэщ зэрыпхуэхъумэнур. Уи гум адыгагъэ имылъмэ, хабзэ-бзыпхъэ бгъэлъэгъуэну и ужь уихьэми къохъулIэнукъым. ЦIыхур хамэ лъэпкъ къыхэхутамэ, нэгъуэщI хабзэхэр куэдрэ илъагъумэ, хамэбзэр и тхьэкIумэм итмэ, тыншу абыхэм яхэшэпсыхьыжыфынущ. Ауэ сыт ар къэзыхъумэфынур лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыхуу жыпIэмэ, ар и куцIырщ, и лъым хэту зыхищIэ къарурщ. Ар пхэлъмэ, уи бзэри абы щыхъумащи, къэпщтэжынущ. Япэрауэ, лъэпкъым теухуауэ фIэщхъуныгъэ уи гум илъын хуейщ: уэ езыр узыщыщыр псом нэхърэ зэрынэхъыфIыр хьэкъыу ппхыкIа нэужь, ар къару лъэщ пхуохъу. «Сыт сэ хабзэри бзэри схъумэн щIыхуейр?» жыбоIэри узоупщIыж. «Ар сысейщи, сегъэдахэри, сегъэлъапIэри, си щхьэр сегъэIэтри!».
Адыгэбзэм теухуауэ Iуэхугъуэ куэд щрагъэкIуэкI, лэжьыгъэшхуэхэри щыIэщ Тыркум. Ауэ а псоми мыхьэнэ щIагъуэ яIэну си фIэщ хъуркъым, лъэпкъым щыщыну хуей адыгэм и щхьэмрэ и унагъуэмрэ деж къыщыщIимыдзэмэ. Нэхъапэхэм «Мыбы щитIэгъам еплъ, мобы жиIам е ищIам еплъ», жысIэрэ зыгуэр згъэемыкIуу си адэм жесIэмэ, «Абы сэ си Iуэху хэлъкъым, сэ си быныращ си Iуэху зыхэлъыр» жиIэрт. Иджы къызгурыIуащ а псалъэхэм я мыхьэнэр. Адыгэ хабзи адыгэбзи дэ къытхуэныкъуэкъым, дэ езыхэращ абы хуэныкъуэр.
Аращи, бзэм и IэфIыр унагъуэм щахъумэ. Ди унэм зы дыдыкъуш цIыкIу щIэсщи, абыи фIы дыдэу дыкъыгуроIуэ, гъэфIэгъыбзэ куэди жеIэф. Си анэм адыгэбзэ иригъэщIащ а бзу цIыкIум. «Бзу пэтрэ адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, уэ уи адыгэбзэр иджыри тэмэмкъым» жиIэурэ йоущие си адэр си дэлъхум.
ПщIыхь мыхъужын щхьэкIэ
— Истамбыл адыгэбзэкIэ дерсхэр щыдогъэкIуэкI. Абы къекIуалIэ щIалэгъуалэр сэ згъэгупсысэн щхьэкIэ мыпхуэдэу соупщI: «Фи еджэныр зэфIэкIа нэужь, тхылъыр ивогъэтIылъэкIри, фэ мыбы фи лъэм фыкъахь, зыгуэр щхьэкIэ фыкъокIуэ, сыти жыфIи. Фэ езым къывгурыIуэж-къывгурымыIуэжми, мыбы зы гупсысэ лъапIэ гуэрым фыкъешэри, ар фымыутIыпщ». ХамэщIым анэдэлъхубзэ щызэхэтхыну дыхуеймэ, ар дэ дэлъытыжащ. Бзэр къабзэу зыIурылъ, тхуэзыхъума ди нэхъыжьхэр къытщхьэщымытыж хъужыкъуэмэ, дэращ анэдэлъхубзэр зи анэмэтыр. Зытхъумэжыным демыгупсысмэ, зэман гуэр дэкIмэ, адыгэбзэр пщIыхьым хуэдэ хъужынущ, ди тхьэкIумэхэм зэгуэр IэфIу къиIуа гуэру бзэхыжынущ. АдыгэбзэкIэ дызэпсэлъэн дылъыхъуэу дыкъэнэным нэдмыгъэсу, ди гуащIэ къихь гуэр хэтлъхьэн хуейщ бзэм и Iуэхум.
Бзэм и кум – лъэпкъ тхыдэ!
— Адыгэбзэм и мыхьэнэр апхуэдизу куущи, абы хэтщ тыркубзэм щIагъуэу къыпхуимыгъэзагъэ е пхузэмыхъуэкIыххэ псалъэ куэд. Нэхъ лъэщщ адыгэбзэр — гум илъыр нэхъ ныбохьэсыф зыжепIэм деж. Зы псалъэ закъуэр усэ хуэдэу щызыхэпщIэ щыIэщ. Ди бзэм и кум итщ лъэпкъ тхыдэ.
