/

Бзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуат

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер, Адыгей Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр, «Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламент» адыгей жылагъуэ зэгухьэныгъэр зэщIыгъуу мазаем и 20-21-хэм ирагъэкIуэкIащ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ VII Дунейпсо зэIущIэ. ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэным хухаха илъэси 10-м (2022 — 2032 гъэхэр) ипкъ иту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ академием и академикхэр, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм, Тыркум, Абхъазым, нэгъуэщI щIыналъэхэм я щIэныгъэлIхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Адыгейм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм. Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм къыбгъэдэкIыу абы хэтащ ЩIДАА-м и вице-президент, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфарбий, ЩIДАА-м и президентым и чэнджэщэгъу Бэлахъуэ Олег, ЩIДАА-м филологиемкIэ и къудамэм и унафэщI БакIуу Хъанджэрий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI БищIо Борис, нэгъуэщIхэри.
Конференцыр зэхаублэн ипэ къихуэу, абы хэтахэм видеокIэ зыкъыхуагъэзащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Муратрэ ЩIДАА-м и Президент Къанокъуэ Арсенрэ:
— Анэдэлъхубзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэдгъэпэща дунейпсо зэIущIэм хэтхэм фIэхъус фызох. VII конференцым хэтщ Абхъазым, Хьэрып Эмиратхэм, Израилым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Тыркум я лIыкIуэхэр. Фигу къэзгъэкIыжынут ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэным хухаха илъэси 10-р (2022 — 2032 гъэхэр) ООН-м игъэува Iуэхугъуэу зэрыщытыр, икIи, ди гуапэ зэрыхъунщи, Урысей Федерацэм жыджэру щагъэзащIэ абы къигъэув лэжьыгъэр. ЦIыхум Iэмал имыIэу хэлъын хуей хэкупсагъэр къыщежьэжыр и анэдэлъхубзэм дежщ. Лъэпкъыу дунейм тетым я щэнхабзэрэ бзэрэ яIэжщ, тхыдэшхуэ я щIыб къыдэлъщ. ЦIыхум а псом пщIэ яхуищIмэ, и бзэм ирипсалъэмэ, и хабзэр зэрихьэмэ, щIэныгъэ, лэжьыгъэ, щыIэкIэ-псэукIэ я лъэныкъуэкIи ефIэкIуэнущ. Сыту жыпIэмэ, анэдэлъхубзэрщ щIэныгъэмрэ Iущыгъэмрэ и хъумакIуэр! Си гуапэщ нобэрей зэIущIэм щIэныгъэлI лъэрызехьэхэр зэрызэхишар — егъэджакIуэхэр, магистрхэр, кандидатхэр, докторхэр, бзэм и жылагъуэ къэхутакIуэхэр. Дэтхэнэри къэпсэлъэну, и къэхутэныгъэхэмкIэ, къэпщытэныгъэхэмкIэ къыддэгуэшэну Iэмал иIэщ, — жиIащ Къанокъуэм.
Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат къыхигъэщащ бзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ УФ-м и Президент Путин Владимир иригъэкIуэкI лэжьыгъэм зэрыщыщыр, абы гулъытэ хэха зэрыхуищIыр:
— Урысей Федерацэр лъэпкъыбэщи, арауэ къалъытэ ди къэралым и къулеигъэ нэхъыщхьэр, зыгъэдахэр, зыгъэщIэращIэр. Ауэ щыхъукIэ щIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэныр къэралым и унафэщIым япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Шэч къытесхьэркъым нобэрей зэIущIэр абыкIэ сэбэп зэрыхъунум, IуэхугъуэщIэ куэди къызэрыхалъхьэнум, — жиIащ абы.
Пэублэ Iыхьэм къыщыпсэлъащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. Ар тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ щрагъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ Iэмалхэмрэ. КъулыкъущIэм къызэрыхигъэщамкIэ, а лэжьыгъэ мытыншымкIэ министерствэм щIэгъэкъуэн къыхуохъу республикэм и Правительствэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ.
— Бзэм ехьэлIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри ди Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и нэIэ щIэтщ. Апхуэдэу, анэдэлъхубзэр зэрадж тхылъхэмкIэ курыт еджапIэхэр къызэгъэпэщыныр, ахэр къэралым къигъэув мардэхэм къезэгъыу щытыным кIэлъыплъыныр ди пщэ дэлъщ. А тхылъхэр щыуэ егуэш: бзэр джын щIэзыдзагъащIэм, бзэр фIыуэ зыщIэм, бзэр мащIэу зыщIэхэм папщIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ иужьрей илъэсищым къриубыдэу тхылъ мин 230-рэ къызэрыдэкIари. Абы и фIыгъэкIэ 1-9-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэр анэдэлъхубзэ тхылъхэмкIэ къызэгъэпэщащ. ЕгъэджакIуэхэми я щIэныгъэм щыхагъахъуэ семинархэр, вебинархэр щыIэщ. АнэдэлъхубзэмкIэ зэчий зыбгъэдэлъ еджакIуэхэм папщIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыдогъэкIуэкI ди щIыналъэм. Псалъэм папщIэ, 2023 – 2024 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ я зэпеуэм ныбжьыщIэ 5608-рэ хэтащ. Абыхэм ящыщу еджакIуэ 4397-м адыгэбзэмкIэ, 1211-м балъкъэрыбзэмкIэ я зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуащ, — жиIащ Езауэм.
Япэу псалъэ зратахэм ящыщщ Европэм щыIэ Хасэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Зэтий.
— Европэ Хасэм къыбгъэдэкIыу сэлам гуапэ фызох мы Iуэху щхьэпэм хэтхэмрэ хэкурысхэмрэ. Бзэр хъумэным теухуа мыпхуэдэ Iуэхугъуэшхуэ сэри, зи пашэу сыщыт зэгухьэныгъэри зэи дыхэтакъым. Европэм щыпсэу адыгэхэр иужь дитщ ди анэдэлъхубзэр тхъумэну, ди бынхэм едгъэщIэну, ауэ ар хуабжьу гугъущ. Дэ дыщыпсэу къэралхэм анэдэлъхубзэм теухуауэ хабзэ пыухыкIа гуэрхэри щыIэкъым. Гугъэ псори зэпхар хэкуращи, хэхэсу хамэ къэралхэм щыпсэухэм гулъытэ къытхуэфщIыну сынывэлъэIунут. ТхузэфIэкIыр мащIэщ… Пэжщ, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэм ди анэдэлъхубзэкIэ къыщыдэкI тхылъхэм ящыщ Европэм дошэ, ахэр унагъуэм илъмэ, адэ-анэм я бынхэр нэхъ тыншу ирагъэджэнщ жытIэу догугъэ. Ауэ ар мащIэщ, — захуигъэзащ Вэрокъуэм зэIущIэм къекIуэлIахэм.
УФ-м лъэпкъыбзэхэмкIэ и къэрал институтым и унафэщI Мыз Маринэ къыщыпсэлъам къыхигъэщащ анэдэлъхубзэхэм я мыхьэнэр щагъэнахуэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр Урысейм куэдрэ зэрыщемыкIуэкIыр, икIи адыгэм абы гулъытэшхуэ зэрыхуищIым, бзэр гъэкIуэтэным жыджэру зэрелэжьым папщIэ фIыщIэ яхуищIащ ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен, АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Адыгейм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм сымэ.
— УФ-м лъэпкъыбзэхэмкIэ и къэрал институтыр мыпхуэдэ зэIущIэхэм нэхъыбэрэ зэрыхэтыным пылъщ икIи мы унэтIыныгъэм теухуауэ ди IуэхущIапIэм лэжьыгъэу зэфIихым фыщызгъэгъуэзэнут. Анэдэлъхубзэр зэрадж тхылъхэмрэ зэрылажьэ тетрадхэу абы щIыгъуу къакIуэхэмрэ зэхэгъэувэныр, къэпщытэныр институтым и пщэм къыдалъхьащ 2024 гъэм. Абы ипкъ иткIэ, адыгэбзэр, нэгъуеибзэр, бурятыбзэр, саамыбзэр, къинэмыщIхэри джынымкIэ тхылъ 27-рэ къыдэгъэкIыным делэжьащ. КъищынэмыщIауэ, анэдэлъхубзэу 4 джынымкIэ псалъалъэхэри догъэхьэзыр, бзэ 26-рэ джынымкIэ тхылъ 436-рэ къэрал программэм къыщыдгъэлъэгъуащ. Абыхэм имызакъуэу, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI. Псалъэм папщIэ, гъэ къэс, мазаем и 21-м ирихьэлIэу институтым ирегъэкIуэкI онлайн-марафон; «Путешествие в страну родного языка» жыхуиIэ Iуэхугъуэр; Пушкин Александр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Мыхьэнэшхуэ иIэу къысщохъу «АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэу 2022 гъэ лъандэрэ къызэдгъэпэщыр, — жиIащ Мызым.
МахуитIкIэ екIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъащ щIэныгъэлI куэд. Абыхэм къаIэтащ иужьрей технологиехэр къагъэсэбэпу адыгэбзэр хъума хъунымкIэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр, адыгэм сабийр нобэ зэрипI щIыкIэхэр, къагъэнэхуащ егъэджэныгъэм къыхыха псалъэщIэхэр, убыхыбзэр нобэ зэрыува щытыкIэр, тепсэлъыхьащ къэухь IэрыщIым адыгэбзэр егъэщIэн папщIэ адыгэбзэкIэ тедза клавиатурэ дызэрыхуэныкъуэм, «Бзэрабзэ» тхылъыр и щапхъэу, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр зэрырагъэджым, бгъэдыхьэкIэщIэхэр адыгэбзэ дерсхэм къызэрыщагъэсэбэп Iэмалхэм, хьэтыбзэмрэ нобэрей адыгэ-абазэбзэмрэ зэщхьу къыхэна псалъэхэм, нэгъуэщIхэми.
ЩIДАА-м и хэщIапIэ «Синдика» хьэщIэщым мазаем и 20-м щызэхуэса къэбэрдей щIэныгъэлIхэр видеожыпхъэм тету екIуэкIа зэIущIэм зи гугъу щащIахэм ятеухуауэ зэпсэлъащ, унафэ зыбжани къызэдащтащ.