Бзылъхугъэхэри хэтащ а зауэм!

Европей зыплъыхьакIуэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ пщащэхэри зауэ губгъуэм иту щытащ, цIыхухъухэм ящIыгъуу биидзэм пэщIэту. 19-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм Адыгэ Хэкум щыхьэщIа британ зыплъыхьакIуэ Спенсер зэрыжиIэмкIэ, «адыгэхэм я бынхэм Iэщэ яхуэIэту зэрыхъуу ягъэшэсырт, зэуэкIэ ирагъащIэрт, уеблэмэ зауэ губгъуэм бзылъхугъэхэми уащрихьэлIэрт» [Ed.Spencer, “Travels in Circassia, Krim-Tartary, &c, including a Steam Voyage Down the Danube, from Vienna to Constantinople, and Round the Black Sea, in 1836”, 1839г.].
Пэжу, адыгэм и хэкур ихъумэнумэ, цIыхухъу-цIыхубз, ныбжь жаIэу зэхагъэжыртэкъым. Уеблэмэ дзэ, лъэпкъ псом бзылъхугъэр пашэу щыхэта къэхъуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ пщащэхэм я цIэ куэд нобэм къэсакъым, ауэ зыгуэрхэри яхъумащ.
Убых лIыжь Щхьэбэ ХьэтIэхъу жиIэжу щытащ Нэгъуч лъэпкъым ящыщ пщащэм теухуа хъыбарыр. А хъыбарыр итхыжат 20-нэ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм Шапсыгъым щыхьэщIа тхыдэтх Чистяковэ Еленэ. «ЛIы 15-м я пашэрэ пщIагъуалэм тесу бийр зэтриукIэрт» [Чистякова Е.И., “Религия и бытовое положение женщины у шапсугов // Религиозные пережитки у черкесов-шапсугов: материалы шапсугской экспедиции 1939 года” / под ред. С. А. Токарева и Е. М. Шиллинга. М., 1940.].
ЩыIащ Аркъуят и цIэу нэгъуэщI пщащи. Ар Кавказ зауэжьым хэтащ хьэжрэт уэрым и тету, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу хэкум и хуитыныгъэм щIэбэну. Пщащэр 1859 гъэм гъэр щащIым зиукIыжат. Аркъуят зыхэкIуэда, Хуэдз жылэм щекIуэкIа зэхэуэм траусыхьыжа гъыбзэм къызэрыхэщыжымкIэ, зауэр махуиблкIэ мыувыIэу екIуэкIащ, хъыджэбзибли хэкIуэдащ. Аркъуят и гъусащ и шыпхъу нэхъыжь Бейдэмэт. ЗэрыжаIэмкIэ, Аркъуят сабий быдзафэ зэтIолъхуэныкъуэ иIэт а лъэхъэнэм.
Уигу къыумыгъэкIыжын плъэкIыркъым Къазий Хьэнифэ и хъыбар гуузри…
Кавказ зауэжьыр екIуэкIырт. Адыгэхэм загъэхьэзырырт ТIуапсы быдапIэр зэхакъутэну. Шапсыгъым щыцIэрыIуэ пщащэ, Къазийхэ япхъу Хьэнифэ дахэм къылъыхъуат дзэзешэ хахуэ Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт. А зэман хьэлъэр нысашэм, хьэгъуэлIыгъуэм темыгъэпсыхьами, Хьэнифэ арэзы хъуат и насыпыр Шапсыгъым и щIыбкIи зи лIыгъэр щызэлъащIыса щIалэ бжьыфIэшхуэм ирипхыну. Хъыджэбзым зэхихат Мыхьэмэт сымэ ягъэхьэзыр теуэныгъэм и хъыбар. Арати, а зэманым къекIуэкIыу щыта нысэ уасэм и пIэкIэ зи лъэпкъым и къэкIуэнум хуэгумэщI бзылъхугъэ Iущым Мыхьэмэт хуигъэуват бийм и топ къуентхъыу къыхуишэмэ, абыкIэ арэзыуэ. Мыхьэмэти, и лIыгъэм къигъэгугъэрти, апхуэдэ уасэм йоувалIэ…
Адыгэдзэр ТIуапсы быдапIэм тоуэри зэхакъутэ. Мыхьэмэт урыс топыр къуентхъ къещIри, Хьэнифэ дахэм къыхуешэ. Ауэ езыри уIэгъэ хьэлъэу, шэм зэщIиблауэ къашэж. Мыхьэмэт и гъыбзэм мыпхуэдэу хэтщ ар къыщашэжым Хьэнифэ жиIауэ: «СыпыкъуокI гущэри, сыщыппыкъуэплъэкIэ, уей, и шытх гущэмэ лъы пцIыгъэр ити…».
Шэр къыщыхахыжми лIыгъэшхуэрэ шыIэныгъэрэ къегъэлъагъуэ, тIуэкIуи нэхъыфI къохъужри, абы щыгуфIыкIа джэгуакIуэм «Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт и шэхэхыж уэрэд» нэщхъыфIэр зэхелъхьэ. Ар псалъэ зыхэмыт мэкъамэ-уэрэдт, шыкIэпшынэкIэ ягъэзащIэу, ежьу щIэту.
АрщхьэкIэ куэд дэмыкIыу Мыхьэмэтыр къызэIохьэжри, уIэгъэхэм йолIыкI. Япэ уэрэдыр хузэхэзылъхьауэ щыта джэгуакIуэм зэуэ гъыбзэ еус.
Абы иужькIэ Хьэнифэ бзэхащ, здэкIуари къыщыщIари зыми ямыщIэу.
Зэгуэр шапсыгъ зауэлIхэм къахыхьащ щауэщIэ хахуэ, уеблэмэ иджыри пащIэ къытемыкIауэ щIалэщIэ дыдэ. Ар апхуэдизкIэ жант, зэуэр пигъэщу, зытригъапсэр пхиудырти, гъащIэ къэзыгъэщIа зауэлIхэм ягъэщIагъуэрт абы и лIыгъэр. Шыщхьэмыгъазэу зэуащ мыцIыхур, и цIи къриIуакъым зэи. КъаукIыу шым къыщехуэхаращ ар зэрыпщащэри, зэры-Хьэнифэри къыщащIар. Мыхьэмэт илъ ищIэжауэ арат. И цIыхухъу пыIэр щхьэрыхури, абы щIэгъэпщкIуа щхьэцышхуэр къыщIэхуат, жи, и хъыджэбз куэншыбэри зэрыщыгът.
Адыгэхэм я закъуэ мыхъуу, дагъыстэн, шэшэн, ингуш бзылъхугъэхэм Кавказ зауэм щагъэлъэгъуа хахуагъэм тетхыхьащ Богуславский Л.А., Романовский Д.И., Милютин Д.М., Костенецкий Я.И., Чичаговэ М.Н., Шульгин С.Н., нэгъуэщIхэри.
Абыхэм я тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, цIыхухъу фащэкIэ хуэпарэ ялIхэм ябгъурыту, зыкIи къакIэрымыхуу зауэрт ахэр. Ягъэгушхуэрт я щхьэгъусэхэр. Уеблэмэ я сабийхэр къыздащтэурэ, зэхэуэ гуащIэм я нэхъ лыгъейм хагъэувэрт ялIхэр къимыкIуэтын, быным папщIэ я къару къихь къамыгъанэу зэуэн папщIэ. Бгырыс бзылъхугъэхэм бийм зэи зрагъэубыдыртэкъым, гъэр зрагъэщIыртэкъым, замытын щхьэкIэ я псэр пытыху зауэрт, къамэми, сэшхуэми, кIэрахъуэми зэхуэдэу хуэIэрыхуэт.
Языныкъуэ тхыдэтххэм бгырыс бзылъхугъэхэр пасэрей нэрыбгейхэм ирагъапщэрт, ахэр зэрыщыIам и щыхьэт куэд щIэныгъэм къимытIэщIами, Кавказ зауэм хэта цIыхубзхэм нэрыбгеилъ зэращIэтым шэч къытрамыхьэу.