Адыгэхэр Iэнэ тIысамэ, хабзэ дахэу яIэм я тетыгъуэт. “Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ”, — жеIэ адыгэ псалъэжьым. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэIузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэIэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имыщIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм
Кхъужьей къудамэ Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту, Ди хэкум къиши къысхуэгъэс. Арат цӀыхубзым къысхуищӀэну СызэрелъэӀур нобэм къэс. Кхъужьей къудамэм и гъусэнут Псы уэр уэрэду си гъэфӀэн. Пшынэншэу къуршхэр къеуджэкӀмэ, Сахэт си гугъэу сыгуфӀэнт. Сызыхуэныкъуэу сэ сыт щыӀэ — Данэм сыхэсми, сыхэхэсщ. Кхъужьей къудамэ,