Си гупсысэм щыщӏэздзэм деж мы ӏуэхугъуэр къегъэжьэным зи гуащIэ зи зэман хэзылъхьа дэтхэнэ зыми фӏыщӏэ ин яхузощӏ.
Ди адэжь щӏыналъэу ди хэкужь лъапӏэм докӏуэж:
Тыркум щыӏэ Кавказ хасэхэм я федерацэ КАФФЕД-мрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ я проекту Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я зэпыщӏэныгъэ министерствэм къадиӏыгъа хамэхэку щыпсэу ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм хэкур егъэцӏыхун, абы хуэунэтӏын ӏуэхугъуэм къыхыхьэ ныбжьыщӏэхэм сащхьэщыту сызэрыкӏуэныр къыщызжаӏам, дунейм тетым я нэхъ насыпыфIэр сэрауэ зыслъытэжащ. Пэжщ, ӏуэху гугъу сыпэрыхьэнут, ауэ куэд щIауэ сызыхуэлӏэ си гурылъыр къызэхъулӏэнут.
Ауэрэ, хэкум кӏуэну гупыр дыщежьэну махуэм, Истамбыл и кхъухьлъатэ тедзапӏэм дыщызэхуэсри дыщызэрыцӏыхуащ, икӏи дыщыуэршэрым псоми жаӏэр зыт: “Ди хэкужьым докӏуэж, дынасыпыфIэщ!”
Хэкум дынэсу къыщыткӏухьым, сабийхэм я еплъыкIэр япэрауэ хэкум и дэхагъэрт, зыщаплъыхьа щӏыпэ псоми темэхауэ еплъахэщ, псоми жаӏэр зыт: “Сыту дехъулӏат мы щӏыналъэм дыкъыщыхъуатэмэ!”
Етӏуанэ еплъыкIэу, мы сабийхэм я гъусащ Мэздэгу, Адыгейм, Абхъазым, Йорданым къикIа, Сирием къикӏыжа ди лъэпкъэгъу цIыкIухэри. Псори зы махуэм и кӏуэцӏым зэхэсыхьат, зы лъэпкъ зрабыныр зыхащӏат, я ныбжьыр щӏэ дыдэрэ пэт: “Балигъ дыхъурэ унагъуэ дыхъумэ, мы ди адэжь щӏыналъэм лъапсэ щыдыухуэфыну пӏэрэ?” – жаӏэу щыхьэт сытехъуащ. Уеблэмэ, сабиипӏэ-балигъыпӏэ ику зэритхэм емыплъу, унагъэ зэдащIэну зэгурыӏуэныгъэм хэти къахэслъагъукӏащ.
Щӏалэгъуалэм псоми я гупсысэкӏэр щызытемыхуэ къыщыхъуи щыӏэт, закъуэ-тӏакъуи къахэкӏырт мыбы щыпсэуныр нэхъ гугъуу пӏэрэ жызыӏи, ауэ абыхэми я жагъуэтэкъым я адэжь щIыналъэм зэрыщыӏэхэр.
Ди хэкум щыдгъакӏуэ махуэхэр икъукIэ гъэщIэгъуэну екIуэкIырт, и нэхъыбэм, махуэм дыкъырашэкӏырт, зыдагъэплъыхьырт, пщыхьэщхьэм щэнхабзэм теухуа зэӏущӏэхэр тхуащӏырт.
Дыздаша щӏыпӏэхэм ящыщщ гуэл(псы) ЩхъуантIэр, Караван щӏыпӏэр, Шэджэм псы къелъэхэр, Сосрыкъуэ сыныр, Лъэпкъ музейр, Псэ Жыгыр, Саралъп Мадинэ и унэр, адыгэшхэр щагъэхъу шэщыр.
Щэнхабзэм теухуауэ зэӏущӏэхэм щытепсэлъыхьахэт: Хасэхэм я лэжьыгъэхэм, адыгэ-урыс зэхущытыкӏэмрэ адыгэм и тхыдэмрэ, джэгуакIуэм и къэлэнымрэ, джэгум хыхьэкӏэ-хэтыкӏэмрэ, адыгэ ӏэщӏагъэ дыщэидэрэ арджэн щIынымрэ, Адыгэ хабзэм щыщ ӏыхьэхэр, адыгэ сабий джэгуалъэхэмрэ зэрыджэгуу щытахэмрэ, адыгэбзэм и хъумэнымрэ и егъэфIэкIуэнымрэ теухуауэ лэжьыгъэхэр, адыгэбзэр хъумэжын папщӏэ интернет технологиехэр зырызыдэгъэӏэпыкъуным..
Мыбыхэм къахэщхьэхукIырт къэфакIуэ гупхэм къагъэлъагъуэхэмрэ, ди уэрэд жыӏакӏуэхэм я концертхэмрэ, пщыхьэщхьэ къэс щӀалэгъуалэм ящӏ джэгухэмрэ.
Ешхэ-ефэным теухуауи мыухыжу ерыскъы къытхуаӏэтат: пщэдджыжьышхэм шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм узыхуейм хуэдиз къыхэпхыну ухуитт, шэджагъуашхэхэр и нэхъыбэм къэкӏухьакӏуэ дыздэкӏуам щыдагъэшхырт, пщыхьэщхьэми хьэщӏэщым и шхапӏэм ди лъэпкъэгъу ныбжьыщӏэхэм къытпажыхьу, дызыхуейм дыхуагъазэу, дагъашхэт – дагъафӏэт.
ПыухыкIа махуэхэр дыухыу дыщызэбгъэдэкӏыжым ириутӏыпщауэ мыгъа зы нэрыбгэ къфытхэттэкъым, хэтым я хэкужь зырикӏыжыныр къыхэӏэт, хэтми я ныбжьэгъу пэжхэм язэрыбгъэдэкӏыжыныр я гукъеуэт.
Мыбыхэм псоми къагъэлъагъуэт КАФФЕД-мрэ ДАХ-мрэ кърахьэжьа ӏуэхугъуэм купщIэ зэриӏэр.
Мы гъэм япэу мыпхуэдэ зы ӏуэху си пщэ къыдалъхьати, си пщэрылъ псори зэрыхъупхъэу схуэмыгъэзащӏэ къыщыхъуи щыӏагъэнщ, сызыхуэмыӏэрыхуэ куэди къэхъуауи къыщӏэкӏынщ. Етӏуанэу тезыгъазэмэ, ди хуэкум дыкъимыхьэж ипэ, мы зэ далэм зэзгъэщӏа тхыдэри щӏыпӏэхэри къесшэжьэну щӏалэгъуалэм язгъащӏэну сигу изубыдащ. Сабийхэм ялъагъуну щӏыпӏэхэм и дахагъэм димыхьэх ипэ, а щӏыпӏэм теухуауэ тщӏэ тӏэкӏур ядгъащӏэу, я адэжь щIыналъэм зэрытетыр нэхъ ӏупщӏэу, икIи нэхъ куууэ зыхащӏэн хуейщ.
Ди хэкум зэрыхуэфащэу сызэрытепсэлъыхьын псалъэ згъуэткъым, ар къызэрыпӏуэтэфын псалъэуха зэхэлъхьэнри тыншкъым.
Мы си гупсысэхэр дэтхэнэ си зы лъэпкъэгъуми зыхищӏэн папщIэ, я адэжь щIыналъэм загъэзэжу зыщаплъыхьыну сыхуейщ, абы ипкъ иткIэ мы ӏуэхугъуэм зи гуащӏэ хэзылъхьа псоми, къыхыхьа щӀалэгъуалэмрэ я унагъуэхэмрэ, псом хуэмыдэу КАФФЕД-мрэ ДАХ-мрэ Д.А.Х.’мрэ фӏыщӏэ ин яхузощӏ!
Ахмед Челик, КАФФЕД