Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэ

Бадзэуэгъуэм (июлым) и 8-м Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щызэхэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм кърихьэлIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъЧР-м, АР-м, КъБР-м, Шапсыгъ, Мэздэгу, Ставрополь Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр: ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Аслъэнхэ Алий, КIэкIыхъу Мэжид, Факъуэ Руслан, Шыбзыхъуэ Юрэ сымэ.

КъинэмыщIауэ, зэIущIэм хэтащ щIыпIэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр, ГъэзэщIакIуэ гупым и комитет щхьэхуэхэм я унафэщIхэр: ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Барсик Арфан, Щоджэн Iэминат, Табыщ Мурат, Хъуэт Юнус, Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зыхэт Хасэшхуэм и тхьэмадэ Сонмез Затий, Израилым къикIа, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Тхьэухъуэ Зухьейр, нэгъуэщIхэри.

ДАХ-м и зэIущIэм хьэщIэ лъапIэу къеблэгъащ Адыгэ Республикэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм зэпыщIэныгъэ ядэIыгъынымкIэ, СМИ-мкIэ и комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Асчэр.

Къэпщытэжыныгъэхэр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и лэжьыгъэр ирагъэжьащ 2023 гъэм и щIышылэ (январь) — мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэ-хэм Хасэм ищIа Iуэхухэр къапщытэжкIэрэ. АбыкIи купщIэшхуэ хэлъу, гъэтIысауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

— Iуэхугъуэ зэхэщIыхьа куэдкIэ гъэнщIауэ щыта 2023 гъэм и илъэс ныкъуэр къызэднэкIащ. Илъэс етIуанэ хъуауэ къэралым зауэ операцэ хэхар ирегъэкIуэкIри, апхуэдэ щытыкIэм ипкъ иту жылагъуэ организацэхэм я лэжьыгъэм и мыхьэнэр псоми хуэмыдэжу лъагэщ, жэуаплыгъэ зыхэлъщ. Ди къалэныр лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэр: зэгурыIуэныгъэмрэ мамырыгъэмрэ тхъумэнращ. Абы къыхэкIыуи, ТекIуэныгъэр къэлъэщыным ДАХ-м и Iыхьэ зэрыхилъхьэным пылъщ.

Ди Ассоциацэр мы гъэм еплIанэ щытекIуащ президент грантхэмкIэ Фондым и зэпеуэм. Абы ипкъ итуи «Народная дипломатия: миссия — укрепление единства нации и патриотизма» проектыр догъэзащIэ. Абы дытелэжьэнущ 2024 илъэсми.

ЩIышылэ (январь) мазэм и 21-м Налшык къалэм щедгъэкIуэкIа, цIыху 200-м щIигъу зыхэта ДАХ-м и зэIущIэшхуэм къыщытщтащ къэралым и лIыщхьэм иригъэкIуэкI политикэр зэрыдэтIыгъыр.

ВидеоIэмалкIэ ДАХ-м мазаем (февралым) и 16-м иригъэкIуэкIа, Хасэхэм я лIыщхьэхэр зыхэта зэIущIэм, Тыркум къыщыхъуа щIыхъеиныгъэм бэлыхь хидза ди лъэпкъэгъухэм дэIэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтыным хуэгъэзауэ зэхэтшам, щыдгъэнэIуауэ щытащ счёт къызэрызэIутхыр, абы дэIэпыкъуныгъэ ахъшэ ебгъэхь зэрыхъунур… Тыркум къыщыхъуа насыпыншагъэр, ди цIыхухэр зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр зэдгъэлъагъуну Урысейм дикIри гупышхуэ Тыркум махуищкIэ дыщыIащ. Дахуэщыгъуащ. Сызыхэт, «Ассамблея народов России» Урысейпсо жылагъуэ-къэрал организацэми дэIэпыкъуныгъэ къыбгъэдэкIыну зэрыхьэзырыр щыжысIащ.

НэгъуэщI упщIэ нэхъыщхьэу лъэпкъым къыхуэувхэм ящыщщ адыгэбзэр хъумэным хуэгъэзар. Абы папщIэ едгъэкIуэкIащ етхуанэ Лъэпкъыбэ акцэр — нобэр къыздэсам цIыху мини 6-м щIигъу къызэщIэзыубыдар. ЖысIэнщи, узэщIыныгъэ акцэм къыхэщахэри щIыхь саугъэтхэмкIэ дгъэгуфIащ.

Гулъытэншэу къэдгъэнакъым шапсыгъхэм я Хасэм и тхьэмадэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIар.

Адыгэм и щыгъуэ-щIэж махуэм хуэфащэ гулъытэ щыхуэтщIащ ди лъэпкъыр зыщыпсэу хэгъуэгуу, къэралу хъуам. «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Чер-кес хэку», «Шапсугия газетхэм я къыдэкIыгъуэ зэгуэтхэри траухуащ.

Мэкъуауэгъуэм и 23-24 махуэхэм ди къэралым къыщыхъуа щIэпхъаджагъэхэм ипкъ иту, ДАХ-р УФ-м и Президентым зэрыкъуэтыр къэдгъэлъэгъуащ, ди граждан еплъыкIэри тегъэчынауэ утыку къитхьащ.

Сыхэтащ икIи сыкъыщыпсэлъащ «Ассамблея народов России» организацэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абдеж хэгъуэгу къудамэхэм я Iуэху зэхэщIыкI къагъэлъэгъуащ, дяпэкIэ зэрырагъэфIэкIуэным и гугъу ящIащ. Псом хуэмыдэу, гулъытэ зрагъэгъуэтар IV Урысейпсо жылагъуэ саугъэтым здыщIэбэныну зэпеуэращ. «ГОРДОСТЬ НАЦИИ — 2023» фIэщыгъэцIэр зиIэ тыгъэр зыхуагъэфэщэнур Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр зэрыгъэубыдыным, абыхэм я щэнхабзэхэм загъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIращ.

ДАХ-м и Исполкомым, и Советым хэтхэр хэлэжьыхьащ «Куначество-2023» республикэ проектым, къэрал мыхьэнэшхуэ зиIэ Урысейм и нэгъуэщI махуэщIхэми.

Гулъытэ зыхуэщIыпхъэу солъытэ къызэIутхыну щэнхабзэ-узэщIыныгъэ лагерым, Щамым щыщ ди лъэпкъэгъу сабийхэр здэщыIэнум. Загъэпсэхуну, я тхыдэ, адэжь щIыналъэр зрагъэлъагъуну щIалэгъуалэр къытхуеблэгъэнущ. Ар Iуэху дахэщ.

ДгъэлъэпIэнущ Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэри, жыгыщIэ 40 щыдгъэтIысынущ «Зэныбжьэгъугъэм и Аллея»-м.

ЖыпIэнурамэ, дэтхэнэми ДАХ-м и лэжьыгъэм хуэфщI хэлъхьэныгъэм сыщыгъуазэщ. ФIыщIэ ин фхузощI! Сыхуейщ ди Iуэхухэр нэхъри нэхъ жыджэру едгъэкIуэкIыну, къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэныкъуэхэм — лъэпкъ къэс и щэнхабзэр хъумэнымрэ лъэпкъхэр зэрыгъэубыдынымрэ псэемыблэжу дыхуэлэжьэну, — къыхэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий и къэпсэлъэныгъэм.

Абы щIэдэIуахэм унафэ къахьащ ДАХ-м и тхьэмадэм гу зылъита Iуэхухэр я лэжьыгъэм къыхэлъытапхъэу КъинэмыщIауэ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм, «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм 2023 гъэр иухыху ящIэну яубзыхуахэр текI ямыIэу ягъэзэщIэн зэрыхуейри гурыIуэгъуэ ящыхъуащ.

НэгъуэщIу, адыгэхэм (черкесхэм) я Махуэр зэрагъэлъэпIэну траухуа дауэдапщэхэри ДАХ-м и унафэщIхэмрэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ зэгъусэу зэрагъэзэщIэн хуейм гу лъатащ. Апщыгъуэми, ДАХ-м и унафэщIхэм Хасэм иригъэкIуэкI дауэдапщэхэр хъыбарегъащIэ Iэмалхэмрэ Интернетымрэ къыщагъэлъэгъуэну пщэрылъ щащIащ.

КъыкIэлъыкIуэу, Адыгэ Республикэм щызэхэт «Адыгэ Хасэ-Черкес Парламент»-м и лэжьыгъэм, абыхэм зэфIах Iуэхухэм, зыпэщIэхуэ лъэпощхьэпохэм, яхузэфIэкI, здыщехъулIэ лъэныкъуэхэм куууэ къытеувыIащ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан. Псом хуэмыдэу гулъытэ зригъэгъуэтар хамэ къэрал къикIыжауэ Адыгэ Республикэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм зэрадэIэпыкъу лъэныкъуэгъазэхэращ, зэрапыкъуэкIращ.

ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан къипщытэжа лэжьыгъэр щапхъэгъэлъагъуэу къалъытащ абы щIэдэIуахэм икIи ДАХ-м хэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм Адыгэ Республикэм щызэхэт Адыгэ Хасэм и лэжьэкIэм зрапщытыну къыхураджащ.

Зэпсэлъэныгъэм пащащ ДАХ-м и ГъэзэщакIуэ гупым и комитет щхьэхуэхэм я тхьэмадэхэм: Барсик Арфан, Щоджэн Iэминат, Хъуэт Юнус сымэ. Ахэр къытеувыIащ зыхэт комитет къэс иригъэкIуэкI лэжьыгъэм: хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, Урысейм щыпсэуну, щеджэну къакIуэхэм я Iуэхухэр зэрызэфIэкIым, ди лъэпкъэгъухэм бзэр онлайн IэмалкIэ зрагъэщIэфынымкIэ къызэрагъэпэщ лэжьыгъэм, нэгъуэщIхэми.

Апхуэдэу, ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бар-сик Арфан къытеувыIащ УФ-м и Правительствэм и квотэкIэ 2023-2024 гъэ еджэгъуэм Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэнухэр къыщыхах зэпеуэм хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри зэрыхэтынум ехьэлIа упщIэм.

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я Илъэсым ипкъ иту адыгэбзэр хъумэным ехьэлIауэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIым куууэ къытепсэлъыхьащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминатрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Табыщ Муратрэ.

Апхуэдэуи, комитетхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм адэкIи нэхъри нэхъ жыджэрыжу пыщапхъэу, анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэкIэ гулъытэ хэха хуэщIыпхъэу, ягъэзэщIэну зыхуагъэува пщэрылъхэр тхауэ ДАХ-м и унафэщIхэм иратын хуейуэ къалъытащ.

Хэгъуэгу къэс адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ира-гъэкIуэкIа дауэдапщэхэм теухуауэ къэпсэлъащ щIыналъэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр. Къыхагъэщащ хабзэм тету, щыгъуэ-щIэж махуэм хуэгъэпса дауэдапщэхэр къыкIэлъыкIуэ илъэс-хэми зэрыхуэфэщэну къызэрагъэпэщыпхъэу.

Мы махуэм къаIэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зимычэзу Зэхуэсышхуэ егъэкIуэкIын зэрыхуейм теухуа упщIэр. Абы хуэгъэза псалъэ утыку къизыхьа Сэхъурокъуэ Хьэутий и къэпсэлъэныгъэм щIэдэIуа, тепсэлъыхьыжа иужь, ГъэзэщIакIуэ гупым унафэ къищтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зимычэзу XIV Зэхуэсышхуэм телэжьэну КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтынухэр убзыхун хуейуэ. А Зэхуэсышхуэр 2023 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 19-м Налшык къалэ щрагъэкIуэкIыну къыхалъытащ.

КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм ДАХ-м и зимычэзу Зэхуэсышхуэр зэрекIуэкIынум хуэгъэпса планыр зэхагъэувэну, елэжьыну пщэрылъ хуащIащ.

Зэхуэсышхуэм къыдэкIуэуи, адыгэхэм (черкесхэм) я Дунейпсо махуэр (фокIадэм и 20-м) зэрекIуэкIынум зыхуэгъэхьэзырыным теухуауэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм къыхилъхьа проектыр а Iуэхум и лъабжьэу къэщтэн зэрыхуейри жиIащ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Уставым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн IуэхумкIэ ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Къуэдзокъуэ Анатолэрэ Хьэтам Нэждэтрэ къэпсэлъащ. Абыхэм гу зылъатам щIэдэIуа нэужь, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым унафэ къихьащ ДАХ-м и Уставым хэлэжьыхь гупым абы халъхьэну яубзыхуа зэхъуэкIыныгъэхэм хэплъэжу, зэдэарэзыуэ къызэдащтахэр ДАХ-м и зимычэзу ЗэIущIэшхуэм щыхэплъэну ягъэхьэзырыну.

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр КъБР-м и сабий зыгъэпсэхупIэхэм къызэрырагъэблэгъэным и IуэхукIэ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Сонмез Затий, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Тхьэухъуэ Зухьейр сымэ къэпсэлъащ икIи абыхэм жаIар къыхалъытэкIэрэ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым унафэ къищтащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр екIуу къегъэблэгъэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъун зэрыхуеймкIэ.

… Мы махуэм утыку псалъэ ящIа упщIэ куэдым жэуап пыухыкIа ягъуэтащ. Нэхъыщхьэр, дэтхэнэ зы упщIэри зыхуэгъэзауэ щытаращ — лъэпкъым и зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм, мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ хъумэным.