Дунейпсо литературэм и къежьапIэр

Дунейм лъэпкъыу тетым езыхэм я тхыбзэ зэраIэм хуэдэу, я художественнэ литератури яIэжщ. Ауэ жанр щхьэхуэу ар зэрызэфIэувам и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Ар жэз лIэщIыгъуэм тхыбзэ зыгъуэтауэ щыта Месопотамие щ1ыналъэм, нэхъ иужькIэ Мысырым ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс миниплIкIэ, минищкIэ узэIэбэкIыжмэ, зэфIэувэн щыщIидзауэ хуагъэфащэ.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мин ещанэм къыщыщIэдзауэ езанэм нэс, Месопотамиер зытета тIуащ1эм (Евфратрэ Тигррэ я псы Iуфэхэм хуэзэу) щыпсэуащ шумерхэр, аккадхэр, бабылейхэр. Ахэр лъэпкъкIэ зэхуэмыдэми, я литературэбзэр зыт. Тигррэ Евфратрэ псыхэм я Iуфэхэм щыпсэуа шумерхэм ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мини IV – III узэIэбэкIыжмэ, ятIагъуэ чырбышхэм тетхыхьу къаублащ.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс минищкIэ узэIэбэкIыжмэ, пасэрей шумер тхыбзэм зыужьыныгъэ нэхъ егъуэт, жьэрыIуатэбзэр тхыбзэкIэ къаIуатэу зрагъасэ. ЯтIэ чырбышхэм къэрал гимнхэр, гъыбзэхэр, тхьэлъэIухэр тратхэу хуожьэ.
Шумерхэм ятеухуауэ мы гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м «Шумерхэр хэт?» фIэщыгъэм щIэту, Осташкэ Андрей итха тхыгъэ гъэщIэгъуэн Къаныкъуэ-Фырэ Анфисэ зэридзэкIауэ «Адыгэ псалъэ» газетым тетащ. А тхыгъэри, интернетым къыщыдгъуэта лэжьыгъэхэри ди тегъэщIапIэу, дэ жытIэфынущ зи гугъу тщIы лъэпкъыр хьэтхэр арауэ зэрыщытыр, шумер псалъэри иужьыIуэкIэ щIэныгъэлIхэм къагупсысауэ.
Осташкэ Андрей зэритхымкIэ, япэ дыдэ шумерхэм я лъэужь теувар британ археолог Генри Лэярд Остинщ. 1849 гъэм Иракым щыIэ Мосул къалэм къэхутэныгъэ щригъэкIуэкIыу абы къигъуэтат ятIэ чырбышхэм традзэу ягъэжьэжа тхыгъэ мин 20-м щIигъу. А библиотекэ гъуэзэджэм и тхыгъэхэм, иужьыIуэкIэ къызэрыщIэкIамкIэ, яхэлъащ «Энума Элиш», «Гильгамеш и эпосыр» IуэрыIуатэр. Бзэр зыджхэм гу лъатат а тхыгъэхэм мызэ-мытIэу «su-ma-ri» псалъэм къызэрыщытригъазэми, ар лъэпкъыцIэу ягъэуващ. «Инджылызым ПасэрейхэмкIэ и пащтыхь зэгухьэныгъэм» саугъэтышхуэ къигъэлъэгъуащ, «шумерхэр» зыфIаща цивилизацэр зэрыщыIам и щыхьэт нэхъыбэ къэзыхутэм папщIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ежьа Iуэхум къыдэкIуащ шумер псалъэр.
19-20-нэ лIэщIыгъуэхэм къагупсыса лъэпкъыцIэмкIэ мыарэзы щIэныгъэлIхэр щыIами, абыхэм я тегъэщIапIэхэм, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIкIэ, гъуэгу ягъуэтакъым. Дэри мы тхыгъэ кIэщIымкIэ къалэну зыхуэдгъэувыжыркъым а Iуэхум дыхыхьэу, куууэ зэпкърытхыну. Ауэ, шумер псалъэр хэту адэкIэ къэдгъэсэбэпмэ нэхъ тфIэзахуэщ.
Бабылей художественнэ тхыгъэу 100-м нэблагъэ, хьэтхэм я бзэкIэ тхауэ 90 хуэдиз ди деж къэсащ. Зэман докIри, аккадхэм я бзэр (бабылей, ащыр) хьэтыбзэм нэхъ къыдикъузэу хуожьэ. Ауэ месопотамие щэнхабзэр щыIэху, аккадхэм я литературэбзэр нэхъыбэм къагъэсэбэпу къызэтонэ. Хьэтхэм я тхыгъэхэр аккадхэм я бзэмкIэ зэрадзэкIыурэ къагъэсэбэп, художественнэ тхыгъэщIэхэр а бзэхэмкIэ дунейм къытохьэ. Абы щыхьэт тохъуэ археологхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр, ятIагъуэ чырбышым тет тхыгъэу къагъуэтыжахэр. Иджырей щIэныгъэм пасэрей тхыгъэжьхэр гупиплIу егуэш: дидактикэ, лирикэ, космогониемрэ этиологиемрэ зи лъабжьэ псысэхэмрэ, тхьэхэмрэ лIыхъужьхэмрэ ятеухуа Iуэтэжхэмрэ. Ауэ Месопотамием щыпсэуа тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр гуп-гупу зэрызэхагъэкIым ехьэлIауэ, езым я бгъэдыхьэкIэ яIэжу щытагъэнущ. Иджырей щIэныгъэмкIэ ар гъэнэIуауэ щыткъым.Апхуэдэуи, месопотам литературэм диалог-зэдауэр жанр щхьэхуэу щызэфIоувэ. А жанрым изагъэу къагъуэтыжахэм ящыщщ «Гъэмахуэмрэ щIымахуэмрэ», «Пальмэмрэ жалгъынымрэ» «ПхъэIэщэмрэ хьэмфIанэмрэ», нэхъ иужьыIуэкIи ятхахэу, поэмэ диалогыу зэхэт: «Зиусхьэнымрэ пщылIымрэ я псалъэмакъ», «Бабылеитхьэм и хеящIэ». «Шуруппакъ и гъэсэныгъэ».
Гъэсэныгъэ тхыгъэу къэплъытэ хъунущ «ТхакIуэмрэ абы и къуэ мыхъумыщIэмрэ» жыхуиIэ тхыгъэр. ГъэщIэгъуэн дыдэщ «Неппур щыщ тхьэмыщкIэр» тхыгъэр. «Къэрал лIыщхьэм хуэгъэза чэнджэщхэр» теухуащ Бабылей, Ниппур, Сиппар къалэхэм нэхъ нэ лейкIэ зэреплъыпхъэм, политикэ щхьэхуэ зэрегъэкIуэкIыпхъэм. Месопотамие тхыгъэжьхэр, гъыбзэ, тхьэхэм, лIыхъужьхэм яхуэгъэза гимнхэр, хъэгъуэлIыгъуэ хъуэхъухэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, къыщожьэ лъэхъэнэ жыжьэм ипэкIэ XXI–XIX лIэщIыгъуэхэм.
Адыгэ щIэныгъэлI, хаттолог ПхытIыкI Хьэутий зэритхымкIэ «Цилиндр Кирэ» жыхуиIэр зытепсэлъыхьыр пщы Кирэщ. ХьэтыбзэкIэ КIурушэ… «Гильгамешыр» Гъэл Хьэмыщэщ. Гъэл жиIэмэ, хьэтыбзэкIэ «пщы» къикIыу щытащ. «Гъэл» псалъэм къикIыр — къоплъу, нэкIэ узыгъэлыгъуэ, псори зыщышынэ жыхуиIэщ.
ПхытIыкIым и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, нарт IуэрыIуатэм къыхэщыж Амыщщ (Хьэ Мыщэ) Гильгамеш хъужыр. Лъэпкъ, цивилизацэ, бзэ фIэщыгъэу щIэныгъэлIхэм къыхалъхьа «шумер»-ри «su-ma-ri»-р ятIагъуэ чырбышхэм щIэх-щIэхыурэ щрихьэлIэрти аращ къыщIыхагъэщхьэхукIар. КъикI дыдэри «Мари (къалэцIэ) щыщ шу» жиIэу аращ.
Хьэт (шумер) литературэм щыщу ди зэманым къэсащ мифологиер къызыхэщ поэмэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ: «Энилрэ Нунилрэ» «Тхьэ Энкирэ Нинхурсагрэ», «Энкирэ Шумеррэ». А Iуэтэжхэм къыхощ мы дунейр зэрызэфIэувамрэ абы и зэхэлъыкIэмрэ, а зэманым псэуа цIыхухэр абы зэреплъу щыта щIыкIэр, цIыхур къызэригъэщIар. ЯтIагъуэм къыхэщIыкIа чырбышхэм тету ди деж къэсахэм ящыщ зым, хьэт тхыгъэм щыщ пычыгъуэм, ущрохьэлIэ дунейпсо псыдзэм теухуа хъыбарым. Апхуэдэуи, щIыр псым щIилъэфауэ зэрыщытам теухуа Iуэтэжри къыхощ бабылей поэмэ «Атрахасис» теухуам. Атрахасисыр Библиеми, КъурIэнми къыхэщыж Нухьу зэрыщытым шэч хэлъкъым.
Художественнэ литературэ и лъэныкъуэкIэ, Гильгамеш теухуа эпосыр дуней псом щынэхъ тхыгъэжь дыдэу къалъытэ. ЛIыхъужьу а тхыгъэм къыхощыж Гильгамешрэ абы и ныбжьэгъу пэж Энкидурэ.
Эпосыр аккадыбзэкIэ тхами, хьэт IуэрыIуатэм щыщ IуэтэжхэмкIэ ар зэхэгъэувауэ къалъытэ. Ар ятхауэ хуагъэфащэ ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мин ещанэм и япэ Iыхьэм. ЛIыхъужьхэм бий бзаджэу яIэр уэздыгъей жыг лъапIэхэр зыхъумэ, ХумбабакIэ зэджэрщ. ЛIыхъужьхэм зэрахьэ лIыгъэм тхьэхэр кIэлъоплъ. Къыхэгъэщыпхъэщ, а тхьэхэм хьэт (шумер) уэрэдхэм хьэтыцIэхэр зэрахьэу зэрыщыщытыр, зи гугъу тщIы, тхьэ ныкъуэ-цIыху ныкъуэу щыт Гильгамеш теухуа тхыгъэм аккадыцIэхэр зэрыщызэрахьэр. Гильгамешыр тхыгъэм къыхощ псэ къабзэрэ зэхэщIыкIрэ зиIэу, цIыху Энкидум пэжыгъэкIэ бгъэдэту. ГъэщIэгъуэнырщи, апхуэдиз ныбжь зиIэ тхыгъэми, теплъэ дахэ зиIэракъым игъэнэхъапэр, атIэ, псэ къабзагъэрщ.
Гильгамеш теухуа Iуэтэжхэр зыбжанэ мэхъу, ахэр зэпыудауэрэ гуэшащ: «Гильгамешрэ Аккрэ» жыхуиIэр топсэлъыхь Къышыпщымрэ Гильгамешрэ я зэхуаку къыдэхъуа зэныкъуэкъум. «Гильгамешрэ Хууауэрэ», «Гильгамешрэ уэгум щыпсэу гуумрэ зэрызэзэуар» «Гильгамешрэ щIы щIагъым щыIэ пащтыхьыгъуэмрэ», «Гильгамеш и ажалыр».
«Псыдзэм», ищхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, диным ехьэлIа тхыгъэхэм къахэщ Нухь уи нэгу къыщIегъэувэ. Апхуэдэуи, ар теухуащ цIыхур дунейм къызэрытехьа щIыкIэм, пащтыхьыгъуэмрэ пащтыхь унафэмрэ цIыхухэм яIэ зэрыхъуам, Зиурсудэ пщым псыдзэм зыщихъумэн папщIэ кхъухьышхуэ иухуэу, цIыхухэр къригъэлауэ зэрыщытам.
Гильгамешыр, Iуэтэжхэр и лъабжьэу уегупсысмэ, зэгуэр псэуа персонажу зэрыщытым шэч хэлъкъым. Гильгамеш теухуа IуэрыIуатэр зыкъомкIэ ирагъапщIэ алыдж тхакIуэ Гомер и «Илиадэмрэ», «Одиссеемрэ».
ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIахэр и тегъэщIапIэу, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащIэмкIэ, дунейпсо литературэм зыужьын щIидзащ жэзым и лIэщIыгъуэм — Месопотамиемрэ Пасэрей Мысырымрэ тхыбзэ ягъуэта нэужь. Ауэ къызэралъытэмкIи, литературэбзэм и лъабжьэр нэхъ жыжьэ къыщожьэ, япэ художественнэ тхыгъэхэр дунейм къытехьауэ хуагъэфащэ ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мин XXVII-XXVI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ.
Пасэрей дунейм зи художественнэ литературэ зиIа лъэпкъыжьхэщ Пасэрей Мысырыр, Месопотамиер (абы щыпсэуа лъэпкъхэу: хьэтхэр, ащырхэ, бабылейхэр), хурритхэр, угарит-финикийцхэр.
Къыхэгъэщыпхъэщ хьэтхэм адыгэхэр къатепщIыкIыжауэ дуней псом щыпсэу щIэныгъэлI куэдым къызэралъытар. Шумерхэри хьэтхэрауэ зэрыщытым теухуа бгъэдыхьэкIэри щIэныгъэр и лъабжьэу къызэрызэдащтэнум шэч хэлъкъым. Ауэ абы и лъабжьэр щыгъэпщкIуар абхъазыбзэмрэ адыгэбзэмрэщ. А бзэхэмкIэщ а тхыдэр къызэрыпхуэхутэнури.