/

Дыщэ пхъуантэ

Усабий щIыкIэ къэпщIар мылъку лъапIэу упсэуху уиIэнущ. Уеблэмэ и чэзум сабийм къомыгъэщIар иужькIэ къэщтэжыгъуей мэхъу, къэзымыщтэжыххэ къащыхэкIи мащIэкъым. Аращ жиIэр сабий гъэсэным, егъэджэным зы мащIэкIи пыщIа дэтхэнэ зыми. Адэ-анэхэм а Iуэхум теухуауэ хуабжьу сэбэп яхохъу «Нур» сабий журналыр.
Къалэн нэхъыщхьэу журналым зыхуигъэувыжыр – сабийм и къэухьым зегъэужьынырщ. Иужьрей илъэсхэм «Нур» журналыр къызэрыщIэрэщIэжам гу лъатащ ар къызыIэрыхьэхэми. Псоми зихъуэжащ: и теплъэми и купщIэми. Нобэ ди псэлъэгъущ «Нур» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Аброкъуэ Беллэ.
— Беллэ, журналым и къыдэкIыгъуэ къэс гъэхьэзырыным цIыху дапщэ фелэжьрэ?
— Журналым къытхуэтхэр, абы елэжьхэр апхуэдизкIэ мащIэщи, лэжьыгъэу къытеддзэм я нэхъыбэр редакцэм щылажьэ цIыхуищ – плIым ди пщэ къыдохуэж. АдыгэбзэкIэ тхэфу диIэм ящыщу сабийхэм яхуэлэжьэну гупыж зыщIыр, сабийхэм щхьэкIэ къэтIэт Iуэхухэр зыфIэгъэщIэгъуэну анэдэлъхубзэкIэ яхузэзыдзэкIыфыну хуейр куэд хъууэ щытамэ дехъулIат! Ауэ зырызыххэщ къыддэлэжьэну щыIэр. Лэжьыгъэр къызэрызэдгъэпэщыр мыпхуэдэущ: къыдэкIыгъуэ къэс къытеддзэну темэхэр сэ къыхызох, цIыхуищым доубзыхури зэхуэхьэсыным яужь дохьэ. Ар хуабжьу куууэ, гугъуу къыщыщIэкI щыIэщ. Къэхутэныгъэшхуэхэр едгъэкIуэкIын хуейуэ къытлъыкъуокI адыгэ дунейм пкърыхъуэпскIыкIа Iуэхугъуэ гуэрхэм дащылъэIэскIэ, ахэм траухуа тхыгъэхэр мащIэщи. Ди лъэпкъыжьым и тхыдэм нэхъ жыжьэу дыхыхьэжыхукIи ар къызэрытIуатэ бзэри нэхъ гугъуу къыщIокIри, нобэрей сабийхэм къагурымыIуэнкIэ дошынэ. А цIыкIухэр кIуэ пэтми анэдэлъхубзэм нэхъ пэIэщIэ зэрыхъур гущIыхьэщ. Мы дуней зызыужьам дыдэхъуну дыхуейуэ анэдэлъхубзэкIэ археологием, математикэм, щIыуэпсым дытепсэлъыхьыну яужь дыщихьэкIи, лъэпощхьэпо тхуохъу ди бзэр езыгъэщIэкъуауэ терминологиер зэрынэмыщIысам. ПсалъэщIэ куэд дэ щыхэдгъыхьэ къохъу бзэм, я урысыбзэ псалъэр щIыгъуу. Абыи зыгуэр елэжьын хуейщ. Е ар зи Iуэху щIэныгъэлIхэм щхьэпэ яхуэхъунщ, е езы бзэм къипхъуэтэнщ «фIэгурыхь» фIэщыгъэцIэхэр. Псалъалъэхэр куэду журналым къыщIытеддзэм ари и щхьэусыгъуэщ. Къытхуэнар дохъумэ, щIэм гъуэгу идот, урысыбзэкIэ тхэхэр, а бзэмкIэ щыIэ лэжьыгъэхэр къытеддзэн хуей хъумэ цIыхуитIым зыдодзэкI, зыдогъэзахуэ, ар сабийхэм зэрабгъэдэтлъхьэну щIыкIэм сурэтыщIыр тщIыгъуу догупсыс. Абы и лэжьыгъэ хьэзырхэр къытIэрыхьа иужь компьютеркIэ а псор зэхуэзыгъэкIуэжыр къытхохьэ. Иджы «Нур» журналым зихъуэжынущ. Абы и сурэтыщIу лэжьа Хьэлилэ Миланэ IукIыжащ, Вэрокъуэхэ Иннэрэ Иналрэ зэдэлъхузэшыпхъум дияпэкIэ тхуагъэщIэрэщIэнущ журналыр. IT-технологие лъэхъэнэм халъхуа сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэныну журналым уелIэлIэн хуейщ. Ар сыт хуэдэу гугъу нобэрей щIэблэр компьютерым, телефоным къытепчу, тхылъым дебгъэхьэхыну!
— Сабий дэнэ къэна, сэри сымыщIэ куэд изогъуатэ «Нурым». Псалъэм папщIэ, зэм плакату зэкIуэцIокI журналыр, адыгэ алфавитымрэ картэмрэ тету, ди деж къыщыкI къэкIыгъэхэм щыщу сыт хуэдэхэр гъуэтыгъуей хъуами, сыт хуэдэ псэущхьэхэр кIуэдыжми, зэм математикэм ухешэ, зэми макъамэ Iэмэпсымэхэм я дуней жьгърур къыпхузэIуех… Ахэр хуабжьу лэжьыгъэшхуэщ, апхуэдизыр зэуIу пщIыуэ зэуэ къытебдзэныр!
— Пэжщ. Дауи, ди къару закъуэкIэ ар тхузэфIэхынукъым. Ауэ щыхъукIэ, КъБКъУ-м и щIэныгъэлIхэри къыдошалIэ Iуэхум. Биолог цIэрыIуэ ХьэтIыхъу Iэубэчыр сабийхэр иришажьэри паркым и къихьэпIэм щыщIэдзауэ икIыжыпIэм нэс пхришащ. ХьэтIохъущыкъуей хадэм сыт хуэдэ жыг лIэужьыгъуэ итми, аргъуейхэр щIэбагъуэм и щхьэусыгъуэри, а хадэм лей гуэрхэр къызэрытехьэри, ар къэгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейри къахуиIуэтащ. Мис апхуэдэ зэIущIэхэр нэхъыбэрэ едгъэкIуэкIыфамэ, щхьэпэ хъунт! ИгъащIэ псокIэ ягу илъынущ ар абыхэм. Техникэ щIэныгъэхэм я доктор ЗекIуэрей Аслъэн едгъэцIыхуащ къэхутэныгъэ Iуэху зезыхуэ щIалэ цIыкIу IэпщIэлъапщIэхэм. Дуней псом щынэхъ лъагэ Iуащхьэ II-р нэгъабэ зыгъэIурыщIа Пекъу Алинэ хъыджэбз цIыкIухэм щапхъэ яхуэтщIащ.
— Журналыр зыхуэщIар сыт хуэдэ ныбжьым ит сабийхэра?
— Илъэсихым щыщIэдзауэ курыт еджапIэр къиухыху сабийр зыхуеину куэд итщ журналым. Ауэ дигу къоуэ нэхъ цIыкIуIуэхэм папщIэ журнал зэрыдимыIэр. Абы гъэсакIуэхэри ирогузавэ хуабжьу. ЦIыкIухэм папщIэ зы напэкIуэцI диIэщ, «Инэмыкъуэ» и цIэу. Таурыхъ, псалъэжь, псынщIэрыпсалъэхэр ядогъэцIыху, театру бгъэлъагъуэ хъуну теплъэгъуэхэри къытыдодзэ.
— Мы журналым щыслъэгъуащ сабийр зыгъэгупсысэ, езым и IэкIэ ищIын хуей лэжьыгъэ цIыкIухэр. Ахэр хэт фхуигъэхьэзыррэ, Беллэ?
— IэпэIэсэ цIыкIухэм ятеухуауэ къыдэкIыгъуэ гуэрхэри догъэхьэзыр, пэжу. Псалъэм папщIэ, арджэныщI Мэзло Руслан арджэн зэращIыр и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс сурэт зэрызыххэу зэхуэхьэсауэ, тхыгъэри дыщIыгъужу къыдитри къытеддзащ. Абы иужь курыт еджапIэм щеджэ гуэрхэм хъыбар дагъэщIащ, журналым деплъри арджэн зэращI къэтщIащ, жаIэу. Аккизовэ Имарэ гуащэ цIыкIухэр зэрищIыр «Нурым» къытеддза иужь, 14-нэ гимназием екIуалIэ сабийхэм езыхэм гуащэ ящIри ахэр ягъэлъэгъуэжауэ щытащ. Дэ ар «Нурым» къытеддзат.
2023 гъэм и щэкIуэгъуэ къыдэкIыгъуэр плъыфэхэм хуэгъэпсат. Светофорым теухуауэ ШэрIужь Аслъэн тхуитхри усэ цIыкIу къытеддзащ. Аслъэн иужькIэ къысхуитхат: «Сымаджэщым сыщIэлъу, журналым уи усэр къытехуащ щыжаIам, зыхэсщIэу нэхъыфI сыкъэхъуат». АдэкIэ докIуэри… Мысачэ Мурат комиксхэр тхуещI. Гу лъыттат сабийхэм комиксхэр хуабжьу ягу ирихьуи, гулъытэншэ тщIакъым а унэтIыныгъэри. Тубай Мухьэмэди и гугъу сщIынут. Тубайхэ пхъащIэ IэщIагъэр къадокIуэкI. Сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэн Iэджи пхъэм къыхеIущIыкI абы. Адыгэбзэр зэрыщIагъыбзэр сабийм къедгъэщIэн папщIэ щакIуэбзэр зы рубрикэ цIыкIуу дгъэкIуащ Мэрзей Аслъэн игъэхьэзыру. СурэтыщI Црым Руслан къыддолажьэ. Инстаграмым напэкIуэцI щыдиIэщи, абыкIэ куэдым зыкъытпащIэ.
Иджы, псалъэм папщIэ, сэ къыдэкIыгъуэ псори къысIэрыхьакъым, сиIэкъым, ауэ сиIарэт жызоIэ. Дэнэ къисхыжыну, дауэ зыIэрызгъэхьа хъуну къыдэкIауэ щыIэхэр?
— Абы и Iуэхур гугъу хъуащ. Пощтымрэ дэрэ псалъэмакъ щыдиIэ къохъу. Iэ традзауэ журнал зыхуамыхьахэр ди деж къотхьэусыхэ. «Япэ мазищым Iэ теддзат, ауэ зыри къытIэрыхьакъыми, дауэ тщIымэ, дауэ хъуну, мыпхуэдэу щхьэ щыт? Къуажэ жыжьэм дыникIыу дынэкIуэфыркъым, дауэ Iэ теддзэну?», — жаIэ. Апхуэдэ гукъеуэ куэд щыIэщ. Пощтзехьэ зимыIэххэ щыIэщ, уеблэмэ! Абы дэ нобэкIэ зыри тхуещIэркъым.
— СызэрыщыгъуазэмкIэ, Беллэ, журналым къыщIоупщIэ Москва, Тыркум, Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Ахэм дауэ яIэрывгъэхьэрэ къыдэкIыгъуэхэр?
— Нэхъапэхэм журнал 600-м щIигъу Тыркум щыпсэу адыгэ сабийхэм хутрадзэу щытащ. Темыркъан Заур Германием щыпсэууэ, адыгэ Iуэху зэрихуэу, щIалэ хъарзынэщ. Абы Германием щыIэ адыгэ сабийхэм журналым Iэ яхутридзэрт. Ауэ таможнэм и Iуэхур гугъу хъури, журнал куэд иришу къыхуамыдэу, цифровой форматыр естыурэ, езыхэм я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIыжу щытащ. Мэзкуу дэс адыгэхэм илъэс бжыгъэкIэ журналым Iэ традзащ. НобэкIэ редакцэм Iэ щытезыдзэу ди журналхэр къэзыщтэжыр КъШР-мрэ Бытырбыхурэщ. ГугъапIэфIхэр диIэщ, тхьэм къытхузэпищэ, дызыхуэлэжьэн щIэблэ куэду къыдит!