«Адыгэ тхыдэм и уэздыгъэ нэхухэр» жиIэу, абэзэхэ щIэныгъэлI Мэрэтыкъуэ Нухь (1847-1932 гъ.гъ.) и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа тхылъыр иджыблагъэ Мейкъуапэ къыщыдигъэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием. Шэрихьэт хабзэхэм фIыуэ щыгъуазэ, муслъымэн диным куууэ хэзыщIыкI щIэныгъэлIыр тетхыхьащ къызыхэкIа лъэпкъым и къэунэхукIам.
Революцэм ипэкIэ адыгэм къича гъуэгуанэ хьэлъэр, муслъымэн лъагъуэ нэхум щыпкъэу техьа лъэпкъым и тхыдэр хьэрыпыбзэкIэ тхауэ япэ дыдэу дунейм къыщытехьар Къэзан къалэрщ, 1912 гъэм. Иджы, илъэси 113-рэ дэкIыжауэ, Москварэ адыгэ Республикэмрэ я щIэныгъэлIхэм зрадзэкIа тхылъыр дунейм къытехьащ. Псоми ящыгъупщэжа Мэрэтыкъуэ Нухь и цIэр кIыфIыгъэм къызэрыхэтэджыкIыжар зи фIыщIэр ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсенщ. Абы и мылъкукIэщ тхылъыр къызэрыдагъэкIар.
Мэрэтыкъуэ Нух 1847 гъэм Джэрыкъуей жылэм къыщалъхуащ. Абы ал-Азхарэр къиухащ икIи къуажэ ефэндыуэ, имаму щытащ. Нухь Кавказ псом щыцIэрыIуэт, шэрихьэтым фIыуэ хищIыкIырт, хьэрыпыбзэкIэ тхылъхэр итхырт. Арами, адыгэ лъэпкъым ижь-ижьыж ландэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ мэжусий дауэдапщэхэмрэ хабзэхэмрэ зэи Iумпэм ищIакъым. Адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ игу-и псэм хэлът.
Псалъэм папщIэ, дэфтэрхэм къыхагъуэтэжащ Адыгэ щIыналъэ судым 1928 гъэм мазаем и 15-м Iэ зытридзауэ щыта суд Iуэхур. Абы укъипсэлъыкIмэ, Щоджэн щIыналъэм хиубыдэ Джэрыкъуей къуажэм и Iэщым уз зэрыцIалэ къыхыхьат 1926 гъэм. «ШыщхьэуIу мазэм ирихьэлIэу а узым Iэщышхуэу 60-м щIигъу ихьати, къуажэдэсхэм бел яIыгъыу Фарс псы Iуфэм дыхьэри, зы махуэм къриубыдэу бжьэпэ лъапэр хуэлэгъукъупу щIатIыкIащ метри 2 и лъагагъыу, метрэрэ ныкъуэрэ и бгъуагъыу. А дауэдапщэм папщIэ цIыхухэр хуэныкъуэт джэду фIыцIэ, жьэгъу гъущI кIапсэ, пыжь къудамэ гъуа. ЗэрыжаIэмкIэ, щIатIыкIа бгъуэнщIагъым и лъэныкъуитIымкIи мафIэ щыщIын хуейт. Ауэ мафIэр зэщIагъэнэн папщIэ, мафIэдз къэбгъэсэбэп хъунутэкъым, атIэ пхъэ дакъитI зэщIахъуэурэ, пасэрейхэм мафIэ зэрыпагъанэм хуэдэу, зэщIэгъэнапхъэт. БгъуэнщIагъ ихьэпIэм деж мащэ къатIщ, джэду фIыцIэр ирагъэтIысхьэри, хупцIынэ зэрапщI фалъэр щхьэщаIубэжат. Жьэгу гъущI кIапсэр ихьэпIэм щызэпрашщ, мафIэ ящIри, уз зэрыцIалэр къызэфыкIхэри Iэщ узыншэхэри щIытIыкIа бгъуэнщIагъым щIахуэри, адрей кIапэмкIэ къыщIагъэкIыжащ. БгъуэнщIагъ икIыпIэм и щхьэм ефэндыр (Мэрэтыкъуэ Нухь) тетт, зытебжа псым шыкIэ Iэрамэр хищIэурэ, гъуэмбым къикI жэмхэм ятриутхэу», — итщ дэфтэрым.
Муслъымэныгъэмрэ адыгагъэмрэ зэхуэдэу зыхэзэгъа щIэныгъэлIым и тхыгъэ нэхъыщхьэр нигъэсауэ хуагъэфащэ 1911 гъэм. НобэкIэ «Адыгэ тхыдэм и уэздыгъэ нэхухэр» къыдэкIыгъуэм щыщу тхылъ зыбжанэ щыIэжу хуагъэфащэ тхыдэджхэм. Языхэзыр Къэзан къэрал университетым и тхылъ хъумапIэм щIэлъщ, «470 ар» бжыгъэм щIэту. Иджыри зы тхылъ щахъумащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIэныгъэхутэ институтым.
Мэрэтыкъуэм и тхыгъэхэм уащыхэплъэкIэ, наIуэ къохъу абы тафсирхэм фIыуэ хищIыкIыу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, щIэныгъэлIым куэдрэ къреIуэ 13-14 лIэщIыгъуэхэм псэуа, цIэрыIуэ дыдэуи щымыт хьэдисыдж ал-Хазин жыхуаIэм и цIэр. КъищынэмыщIауэ, адыгэхэм щхьэхуимытхэр ящэ-къащэхуу зэрыщытам щытепсэлъыхькIэ, Мэрэтыкъуэр хьэдисхэми фIыуэ зэрыщыгъуазэр уолъагъу. Нухь и тхыгъэхэм къыхегъэщ мысыр, щам гупсысакIуэ, тхыдэдж, тхыдэтх, щIэныгъэлI, имам бжыгъэншэхэм я цIэр.
Тхылъым уеджа нэужьщ, Мэрэтыкъуэм и IэдакъэщIэкIыр итхын папщIэ зэщIигъэхьа литературэр зыхуэдизыр къыщыбгурыIуэр – КъурIэнымрэ хьэдисхэмрэ къищынэмыщIауэ, абы къехь 20-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм псэуа муслъымэн щIэныгъэлI пэрытхэм я псалъэхэр. Ал-Азхарэ щеджа адыгэ щIалэм щIэныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъами, и еджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм языхэзу зэрыщытами шэч хэлъкъым. Зы тхылъымпIэ кIапэ къимыгъанэу абы щIиджыкIыу щытащ Каир къыщыдэкI «ал-Манар»-ри, Истамбыл къыщыдэкI «Гъуазэри». Нэрылъагъущ Нухь адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ и IэдакъэщIэкIхэри гукIэ ищIэу зэрыщытар.
Нухь ал-Меретуки ал-Чаркаси ал-Кавкази цIэм щIэту щIэныгъэм ицIыху Мэрэтыкъуэм и IэдакъэщIэкIхэр дэри къытщIэхъуэ щIэблэми иджыну тхурикъуну зэхэхуэнащ. ИкIи ар нэхъ Iущ дыдэу адыгэ лъэпкъым къыхэтэджыкIахэм языхэзу зэрыщытым уримыпэгэну, и тхыгъэхэр дунейм къызэрытехьэжам ущымыгуфIыкIыну плъэкIыркъым.