/

«ГъащIэ псо пхурикъункъым»

ГъэщIэгъуэныр жыжьэ щыIэкъым жи… Пэжу, къытхэтщ зэ IуплъэгъуэкIэ цIыху къызэрыгуэкIыу, укIэлъыплъыжамэ – дуней псо пкъырылъу нэрыбгэ къызэрымыкIуэхэр, зэчиифIэхэр. Апхуэдэу, фейсбуккIэ нэIуасэ схуэхъуауэ, илъэс зыбжанэ щIауэ сцIыхурт ДыщэкI Алим. Адыгэбзэр налъэ-налъэу зэпкърихрэ, пычыгъуэ къэс мыхьэнэ зырыз зэраIэжыр хущIыхьэгъуэкIэ зыдж а гупсысакIуэм пасэрей адыгэ кхъухь ищIауэ щызэхэсхым нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхуну, и IэдакъэщIэкIхэм тезгъэпсэлъыхьыну сылъыгъуэзащ.
ЛIы псыгъуэ нащхъуэр зэрыукIытэхыр наIуэщ, «си цIэр къыхыумыгъэщ, сурэти стумых» жиIэурэ, щыпкъэу трегъэчыныхь. ЩIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн гуэр и Iэдакъэ къыщIэкIауэ игугъэххэкъым, къызэрыгуэкI дыдэу зелъытэж. Арами, ДыщэкI Владимир зи унафэщI «ЭтноРест» шхапIэм и блын лъагэм Алим зэпкърилъхьауэ къыдэплъ кхъухьыр зэрыбгъэщIэгъуэнур умыщIэу инщ, дахэщ, зыхуей хуэгъэзауэ екIущ.
— Мыр курыт лъэхъэнэхэм адыгэхэм яIа кхъухьым тетщIыкIыжауэ аращ. 1938 гъэм Зевакинымрэ Пенчкэ Нинэрэ зэдатха «Генуэ жылэхэр Кавказ КъухьэпIэм 13-15-нэ лIэщIыгъуэхэм» тхылъым къисхыжащ и сурэт. Абы зэритымкIэ, курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэхэр хытет лъэрызехьэу, щIыпIэ жыжьэхэм къыщацIыхуу, кхъухь къызэрымыкIуэхэр яухуэу, сондыджэр Iуэхуу хы ФIыцIэм къыщекIуэкIам и курыкупсэм хэту щытащ. ИпэжыпIэкIи, нобэ «пират» жыхуэтIэ хытет бзэджащIэхэри я мащIэтэкъым ди япэ итахэм. Уеблэмэ хытет бзаджащIэхэм я зэхуэсыпIэу къалъытэрт хы ФIыцIэм и кавказ Iуфэри, хъумакIуэ зэщIэузэдахэр зэпымычу щызэхэзекIуэрт. Езы адыгэ бзаджащIэхэм я дуней тетыкIэу щытамрэ лIыгъэу яхэлъамрэ къыхощыж Венецием и лIыкIуэу Къэжэрым щыIа ди Алессандрэ Винченцэ I572 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м итхауэ щытам. «Чыристан адыгэхэр кхъухь 24-рэ хъууэ тырку Iуфэм къытеуэри, мил 300-кIэ къуажэрэ жылэу щыIэр зэхадыгъуэщ, жызум хадэхэр зэтракъутэщ, цIыху куэд яукIщ, бзылъхугъэхэр яхьщ, ахъшэрэ хьэпшыпу ягъуэтыр ягъэкIуасэри, загъэбзэхыжащ. Конье къалэм и унафэщIхэр мэгузавэ ахэр къалэм къыдыхьэнкIэ. СулътIан Сэлим унафэ ищIри, зэщIэузэдауэ кхъухьи 6 къигъэкIуащ къалэр яхъумэну, псыIуфэм дыдыхьэу ядэркъым, къалэр ягъэбыдэ. Сэ Куржымрэ Адыгэ Хэкумрэ сыкIуэн хуейуэ гъуэгу сытеувэну унафэ къысхуащIати, сышынэри, къэзгъэзэжащ», — итщ абы. Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэпщхэр хытет бзаджащIэхэм я гъуазэу ящыхэтари гъунэжщ. Ахэр генуэзхэм ятеуэрейэрэ яхъунщIэти, Къаффэм къикIыу дзэ кхъухь абрагъуэхэр къаутIыпщырт, сондыджэрхэр псэууэ зэрыхьзэрийм яхэшын къудей щхьэкIэ. Абы къикIыркъым адыгэхэр курыт лъэхъэнэхэм бзаджащIэ защIэу хэпсэукIауэ… Езы генуэзхэми апхуэдэ щIэпхъаджагъэ щащIэр гъунэжти, адыгэхэм ялъ ящIэжауэ жыпIэ хъунущ.
— СызэрыщыгъуазэмкIэ, саугъэт хуэдэу, кхъухь цIыкIухэр пщIыуэ къебгъэжьат, Алим. Ауэрэ, адыгэхэр хым зэрытета дзэ кхъухьышхуэ пщIащ…
— КхъыIэ, пщIащ жумыIэ! Ар си закъуэкъым зыщIар. Пэжщ, цIыкIуу сщIыуэ къезгъэжьат, мы дызыщIэс шхапIэр зей ДыщэкI Владимир тыгъэ къыхуэсщIат апхуэдэ зыи, пщIантIэм кхъухьышхуэ дэтамэ сыту фIы хъунут жиIэри, гъущIыпкъ хуигъэуващ, зэпкърилъхьэну. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ “ЭтноРест”-р адыгэ щэнхабзэм тещIыхьауэ, Iэщэ-фащэхэр, хьэпшыпхэр куэду щыбгъуэтыну екIуэлIапIэу зэрыщытыр. Сэ IэщIагъэкIэ сыухуакIуэти, къызэчэнджэщыну сыкъыщриджэм, дэIэпыкъуэгъу сыхуэхъуауэ аращ – гъущIыпкъ игъэувар пхъэкIэ къесIулIэкIащ, бэлагъхэр сщIащ.
— ПщIантIэгъэдахэ мыхъуу, дзэ кхъухь дыдэу уIуоплъэ!
— Тхыдэм къыхэнэжауэ зы сурэт закъуэщ къэзгъуэтар. Нэхъыбэ щыIэми сщIэркъым, ауэ а сурэтым къыпкърысхыфыр къыпкърысхащ. Кхъухь ухуэкIэр, ар зэрызекIуэ Iэмэпсымэр, капитаным и тIысыпIэр къыхэзгъэщхьэхукIащ. Сурэтым къызэрищымкIэ цIыху дапщэ исыпхъэми къэзбжащ. А псоми тещIыхьыжауэ и инагъкIи зэпэбжауэ щытщ.
— Кхъухьыпэм тет псэущхьэм и гугъу уэзгъэщIынут. Благъуэу уIуоплъэ… Хьэмэрэ, сыщыуэрэ?
— Благъуэкъым. Ар зэм гууущхьэщ, зэми ажэщ. Бжьакъуэхэр зэрызэкIэщIэхамкIэ къыпхуощIэ ар сытми. Нэхъ зэкIэщIэту, кIыхьу къакIуэмэ – ажэщ, нэхъ кIэщIу, зэкIэщIэхамэ – гуущ. Ажэгъафэр сытым дежи адыгэм къыддекIуэкI пыпхэщ, гуур – мейкъуапэ щэнхабзэщ. ТIури зэрыадыгэ дамыгъэм шэч лъэпкъ хэлъкъым.
— АтIэ, уухуакIуэу жыбоIэ. Ауэ адыгэ щэнхабзэми, тхыдэми, бзэми фIыуэ узэрыщыгъуазэр наIуэщ. КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр налъэ-налъэу зэпкърыпхыурэ, адрей бзэхэм лъабжьэ яхуэхъуа адыгэ псалъэхэр къызэрыпхутэми сыщыгъуазэщ. Дауэ абы укъызэрыхуэкIуар?
— СыщыцIыкIум хьэщIэщ диIэт. Ар зэи нэщIу къэхъуртэкъым. Сытым дежи хьэщIэр ди куэду, абыхэм якIэлъызехьэн хуей хабзэхэр кIэлъызэрахьэу, адыгэбзэ дахэрэ уэрэдыжьхэмрэ къыщIэIукIыу апхуэдэт. Дауи, псы къэсхьми, Iэпыдз-лъэпыдзу сыщIэтми, а хьэщIэщым сыщIэтыху адыгэбзэ къызэрымыкIуэ щызэхэсхырт. Сигу къэкIыу ахэр стхыжакъым, иджыпстуи а псори къысхуэмыщIэжынри хэлъщ, ауэ абы щыгъуэ си тхьэкIумэм къиIуа адыгэбзэ дахэм хуэдэ зэи зыщIыпIи щызэхэсхакъым. Курыт еджапIэ сыщIэтIысхьэн хуей щыхъум, ди адэр ехъуапсэрт цIыху еджахэм, урысыбзэр фIыуэ зыщIэхэми, Налшык дэт II-нэ курыт еджапIэм сритауэ щытащ. Нартан лъэсу сикIыурэ, абы нэс сыкIуэ-сыкъэкIуэжу седжащ. А лъэхъэнэм абы щылажьэхэр совет режимым ипсыхьа урыс егъэджакIуэ щыпкъэхэти, урысыбзэ лъэщрэ щIэныгъэ куукIэ дызэщIаузэдащ, пэжыр пэжщ. Ар къэзухри, КъБКъУ-м и ПГС къудамэм сыщIэтIысхьащ ухуакIуэу седжэну сыхъуапсэти. УхуакIуэуи, ухуакIуэхэм я унафэщIуи сылэжьащ, хьэгъуэлIыгъуэ щрагъэкIуэкI шхапIэхэр япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуахми ухуакIуэхэм я унафэщIу сахэтащ, иужьыIуэкIэ къэралыр щэщэжу псори сондыджэрым щыхуэкIуэжам ари згъэунэхуащ, ауэрэ интернетыр къежьэри, узыхуей тхылъыр къэбгъуэтрэ уеджэфу хъуащ. Мис абы щыгъуэ адыгэ тхыдэм, щэнхабзэм, хабзэм теухуауэ зыгуэрхэр къыщысIэрыхьэкIэ, сыблэмыкIыфу седжэрт. Зыгуэр къэсщIэхукIэ нэхъыбэж сщIарэт жысIэурэ сыхъуапсэрт. Апхуэдэу, иужьрей илъэс I5-20 къриубыдэу куэд зыщIэзгъэхьащ, археологиеми, тхыдэ жыжьэми, бзэ щIэныгъэхэми теухуауэ. ИкIи гу зылъыстаращ – хамэ къэралхэм я тхылъ, дэфтэр хъумапIэхэм адыгэхэм теухуауэ апхуэдизкIэ щIэныгъэшхуэ щIокIуэдыхьри, ахэр къэзытIэщIыжын, къыкъуэзыхыжын, иджу утыку къизылъхьэным щхьэкIэ къонэ зыри хэдмыщIыкIыу. Щхьэ ди унэфэщIхэм ар къагурыIуэу, ныбжьыщIэ зыбжанэ ягъэхьэзыру, палеографу ирамыгъаджэрэ?! Уи фIэщ зэрыхъун, гъащIэ псо пхуримыкъуну тхыдэшхуэ къыкъуэмыщыжтэм! Абы сыт хуэдэу адыгэм ди пщIэр иIэтынут…
— Пэжу, Италием и дэфтэр хъумапIэхэм адыгэм теухуауэ тхыдэшхуэ щIэлъу жаIэ.
— Абы и закъуэкъым, США-м щахъумэ дызытепсэлъыхь лIэщIыгъуэхэми нэхъапэIуэкIи Адыгэ щIыналъэм тращIыкIа картэхэр, псалъэм папщIэ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыхэм я кIапэ теувауэ, къыкъуэзыхыж, а картэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж, утыку къизыхьэ зэкъуэтIакъуэхэр щыIэщ. Мис а псори зэхуэтхьэсыжыфатэмэ, къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэцIыхуатэмэ, адыгэ щэнхабзэмрэ бзэмрэ зэи мыкIуэдыжыну зиIэтыжынут. Ар быдэу си фIэщ мэхъу.
— ЩIэблэм теухуауэ… Гъэсэн гуэрхэр уиIэкъэ, Алим?
— Хьэуэ, гъэсэн сиIэкъым, гъэсакIуэ зэчий зэрызбгъэдэмылъым къыхэкIыу. Зыгуэр къыскIэлъыплъ защIэкIэрэ зригъасэмэ сыгуфIэнущ, ауэ цIыхум къыгурызгъэIуэфкъым, згъасэфкъыми, апхуэдэ Iуэху зесхуэркъым. А кхъухь цIыкIухэм защеспщытам, сыт хуэдэу гугъу сехьа езыр! Сыщыуэм, къытезгъэзэжым, аргуэру сыщыуэм, абы губзыгъагъэ хэсхыурэ къысIэщIэщIауэ аращ япэрейр. ИужькIэ хуэIэрыхуэ сыхъуащ, дауи. Ауэ кхъухьышхуэм елэжьын щыщIэддзам хуабжьу гугъу дыдехьащ. Сымыпсэлъэжу, сымышхэжу сыкъэнат абы сегупсысурэ, ауэ сыт хуэдэу гугъэзагъэ сщыхъуа абы япэ дыдэу сабий гуп «быргу-быргу» жиIэу, лъэ макъ ирагъэщIу щыдэжеям! Курыт лъэхъэнэхэм укъыщыхутауэ, пэжу сабий гуп дэжейуэ къысщыхъурт.
— Кхъухьхэм къищынэмыщIа зыгуэр пщIа иджыри?
— Шыгу сщIащ пхъэ шэрхъ щIэту. Япэ дыдэу цIыхум къигупсыса шыгур мыпхуэдэу щытагъэнщ жысIэурэ, хуэгъэфащэ защIэкIэ зэпкърыслъхьащ ар. КъищынэмыщIауэ, хьэкуэстэгу (колесница) зыгуэрым хуэсщIащ. Владимир фIыгъуэр тхьэм къыхуищIэ, мы пщIантIэм егъэзыпIэ щысхухихауэ солажьэ, лъэщапIэ къызитащ, гугъэфIхэри диIэщ. Ауэ, кхъыIэ, иджыри зэ сынолъэIу, си закъуэ укъыстемытхыхь, си цIэри къыумыIуащэ, Нартан мыпхуэдэ шхапIэ дэтщи, абы щащIащ жыпIэурэ тхы.
Сэ абы щыму соплъ, и цIэ къизмыIуэу, апхуэдэ цIыху зэчиифIэр газетеджэхэм дауэ ящызбзыщIын, къисIуэми, зыгуэркIэ и жагъуэ мыхъуну, сымыгъэукIытэну пIэрэ жысIэурэ, сыгупсысэу.
Сынохъуэхъу, адыгэ! Уи IэщIагъэлIхэм, щIэныгъэлIхэм, узэщIакIуэхэм иджыри зы къахэхъуащ. Тхьэм узыншагъэ кърит закъуэ. А сэ слъэгъуам уи цIэр фIыкIэ игъэIунщ иджыри!