Къэрэшей-Черкес Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент, КъШР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат АСЛЪЭН Алий дыдэуэршэращ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Махуэм ирихьэлIэу. КъэтIэта упщIэхэр ятеухуауэ щытащ хэхэсу щытауэ хэкурыс хъужа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я адэжь лъахэр зэрагъуэтыжам, я щыIэкIэ-псэукIэм, къызыхэтIысхьа жылагъуэм зэрыхэпсэухьым, Адыгэ Хасэр абыхэм зэрапыщIам, зэрадэIэпыкъум.
— Хэкум къэзыгъэзэжахэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ Къэрэшей-Шэрджэс Адыгэ хасэм илэжьым и гугъу къытхуэпщIамэ ди гуапэт, Алий.
— Япэрауэ, Хэкум къэIэпхъуэжыну мурад зыщIа ди лъэпкъэгъухэм, зыщалъхуа къэралым къикIыу Урысей Федерацэм къихьэну хуит къэзыщI дэфтэрхэр къахудэхынымкIэ тхузэфIэкI къэдмыгъанэу дадэIэпыкъуащ сыт щыгъуи, ноби сэбэп дахуэхъуну дыхьэзырщ Кавказым къэкIуэжыну гупыж зиIэхэм. Ар Хасэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. I998 гъэм Косово иращIэкIауэ щыта зауэ лыгъейм, ди лъэпкъэгъухэр къыхашу адыгэщIым къызэрырагъэтIысхьэжрэ, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Махуэр ди лъэпкъым хэIэтыкIауэ егъэлъапIэ. Япэу зи адэжь лъахэ зрагъэгъуэтыжа цIыхуи I65-м, Адыгэ Республикэм и унафэкIэ хуаухуа Махуэхьэблэ къуажэ мыиным дагъэтIысхьащ. Абы лъандэрэ Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэр зы илъэси дэдмыгъэкIыу доIэт.
— Мы гъэм сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр евгъэкIуэкIын фи мурад а махуэм ехьэлIауэ?
— Адыгэ Хасэми, ЩIалэгъуалэ Хасэми сыт щыгъуи пщэрылъ зыхудощI Хэкум къэзыгъэзэжахэм гулъытэ хэха зэрахуэтщIа хъун IэмалыфIхэр дгъэбелджылыну, щэнхабзэ пшыхьхэр, зэIущIэхэр, адыгэ джэгу къызыдогъэпэщ. Ди организацэм и хэщIапIэм къыдогъэблагъэри, дабгъэдэсщ, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм дропсалъэ, апщыгъуэми, зэрыдгъэгуфIэным, дазэрыщхьэпэным дыпылъщ. ФIыуэ тщIэм дытепсэлъыхьыжыныр тэрэзкъым, ауэ дэ зи ужь дитыр ди лъэпкъэгъухэр гуныкъуэгъуэ хэмыту, хуиту, заужьу, жылагъуэм ифI дагъэкIыфу дгъэпсэунращи, хэти ялъагъу дэ абыхэм дазэрыхуэгузавэр, дэтхэнэ зыри къызэрытфIэIуэхур, зэи утыку къызэридмынэр.
— Сыт хуэдэ къэралхэра ахэр къыздикIыжар? Я щхьэ Iуэху зэрахуэжу, зэрыпсэун къызыхахын яIэжу щыт?
— Иужьрейуэ къэкIуэжахэр Щамым (Сирием) къыщыхъуахэращ. НобэкIэ ди хэгъуэгум репатрианту щыIэр цIыху 32-рэ мэхъу. Зи Iыхьлы-Iэулэд кIэлъежьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэ Республикэм Iэпхъуаи къахэкIащ, ауэ ахэр къызэрыкIуэжауэ хэкурысщ, я псэупIэм емылъытауэ. Дэ додэ ахэр ди щIыналъэм и сыт хуэдэ кIапэм тесми, нэхъыщхьэр — адыгэм и лъапсэр ягъэбагъуэу, къэралыр ирагъэфIакIуэу псэумэ аращ.
— НэгъуэщI къэрал къикIыжам хьэрыпыбзэ фIэкI имыщIэу, уеблэмэ и адыгэбзэри мыкуууэ, дауэ зэрыдэкIуатэр урысыбзэр здытепщэ жылагъуэм?
— Сабий IыгъыпIэхэм, курыт, ищхьэ еджапIэхэм кIуэхэм я дежкIэ урысыбзэр зэгъэщIэгъуейкъым. Илъэс зытIущкIэ йосэ урысыбзэм. Адыгэ къуажэхэм балигъыу яхэтIысхьауэ псэухэм я гугъу умыщIыххэ, ахэр бзэныкъуэу щытами, анэдэлъхубзэр дэр нэхърэ нэхъыфIыжу ягъэбзэрабзэ хъуащ. КъыщыкIуэжагъащIэмрэ иджырэ зэплъытмэ, хуабжьу зыхэпщIэу заужьащ я бзэкIи, я цIыху хэтыкIэкIи, я псэукIэкIи. Абы уримыгуфIэну щыткъым.
— «Хамэ хэку ущытхъэ нэхърэ – уи хэкужь ущылIэ» жыхуаIэращи, дунейм щызэбгрыпхъауэ тет адыгэхэр Хэкум къэшэжыныр гугъу нобэ?
— МыбыкIэ къэкIуэжауэ щыпсэу куэдым яхэтщ зи Iыхьлы къэзышэжыну пылъхэр. Апхуэдэхэр мащIэкъым. Дэфтэрхэр зэфIэгъэкIыным зэман куэд токIуадэри, узэрыгугъэм хуэдэу, щIэх-щIэхыу псори зэфIэкIкъым. Догугъэ репатриантхэм я къэкIуэжыныр нэхъ псынщIэ Урысейм тхуищIыну, къэрал хабзэщIэхэр къищтэу, щыIэххэхэм сэбэп хъун зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэу. Псалъэм папщIэ, Урысейм деж адыгэбзэр къэралыбзэхэм хабжэри, хэхэсым анэдэлъхубзэр зэрищIэ закъуэмкIэ ар Хэкум лъэпощхьэпоуншэу къихьэж хъууэ ящIамэ дэгъуэт, урысыбзэр иужькIэ Iэмал имыIэу зэригъэщIэжыну хуагъэуву.
— Ди хэгъуэгум щыпсэу репатриантхэр зыхуей хуэзэрэ щIэныгъэ, лэжьыгъэ зэгъэгъуэтынымкIэ?
— Абыхэм яхэтщ дохутыри, щIакхъуэгъажьи, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуи, автомеханики, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри. Адыгэ Хасэм лъэкI къигъэнакъым ищхьэ еджапIэ щIэтIысхьэнухэм ядэIэпыкъунымкIэ. Еджэну, лэжьэну, жылагъуэм ифI зыхэлъ Iуэху къезыхьэжьэну хуейуэ зыкъытхуэзыгъэзахэм «хьэуэ» щажетIа къэхъуакъым. Уи лъэпкъэгъу къыбдэIэпыкъуныр зимыуасэ щыIэкъым, ар гурыIуэгъуэщ, ауэ уи къарур зэрыубыда, уи лъэр быдэу ува нэужь, уэри дамэ къыпхуэхъуахэм уащхьэпэжын плъокI. Ар щIыжысIэр, репатриантхэр къызыхэтIысхьахэм, дэ фIы дыдэу къытхэзэгъащи, езыр-езыру хущIэкъумэ нэхъ къыхах хъуащ я щхьэ Iуэху дэгъэкIыжыным, я гъащIэ лъагъуэ пхышыжыным.
— Алий, уэ адыгэхэр зыщыпсэу къэрал куэдым ущыхьэщIащ. Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ цIыху хэтыкIэ, псэукIэ, зэхущытыкIэ, хьэл-щэн я лъэныкъуэкIэ зэрызэщхьэщыкIыу плъагъур сыт?
— Журтейм хыхьэ адыгэ къуажэхэу Кфар-Къамэрэ Рихьэниерэ сыщыщыIам гу лъыстащ а щIыпIэхэр узыфIэмыкIыжыну къабзэлъабзэу зэрызэрахьэр, цIыкIуи ини адыгэбзэ къабзэр къаIурылъэлъу зэрыгъэсар. АтIэ, езы къэралри нэгъэсауэ къапылъщ ди лъэпкъым и бзэр, и щэнхабзэр, и хабзэхэр зэрахьэу псэунымкIэ.
Тыркум адыгэу исым хуэдиз зыщIыпIи щыбгъуэтынукъым, арщхьэкIэ, жагъуэ зэрыхъущи, хэкурыс адыгэхэм бзэр хъумэнымкIэ хэкIыпIэу диIэм и зы проценти хэхэсхэм яIэкъым. ЗэрытщIэщи, Дюздже, Къайсэр университетхэм адыгэбзэм, лъпэкъ щэнхабзэм хурагъаджэ, педагогхэр щагъэхьэзыр. Ауэ, итIани, ахэр къэзыуххэм дэнэ деж икIи хэт я щIэныгъэр къыхуагъэщхьэпэнуми гурыIуэгъуэкъым. Абыхэм куууэ егупсысыпхъэщ.
— Упсэу, Алий!