Лъэпкъым теухуауэ куэд къыбжеIэ абы и щIалэгъуалэр зыхуэдэм. Хабзэ хэлъ, нэхъыжь илъытэрэ, щэнхабзэм дихьэхрэ? А псор гъэсэныгъэкIэ зыхалъхьа щыIэщ. Лъэпкъым диIэщ адыгэныр зи лъым хэт ныбжьыщIэхэри. Апхуэдэхэр лъэпкъ хьэзырщ – гукIи, псэкIи, гупсысэкIи, IуэхукIи зыщыщыр зыхащIэ. Лъэпкъым теухуауэ гугъэшхуэ къозытхэм ящыщщ иджыблагъэ псалъэгъу тхуэхъуа, ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ щыщ Iэпщэ Анзор. Ар пшынауэщ, Налшык гъуазджэмкIэ институтым хэт колледжым макъамэр щедж. УсакIуэ ныбжьыщIэщ, и тхыгъэхэм къабзагъи, лIыгъи, гухэлъи къыхэщу. НыбжьыщIэм и гупсысэхэм фыщыдогъэгъуазэ ди гуапэу.
-Пшынауэ ухъуныр сабиигъуэ хъуапсапIэ, хьэмэрэ…
— СызэрыцIыкIурэ «Играй, гармонь» нэтыным сеплъырт, зэи дэзмыгъэхуу. Мыри жаIэж: сыцIыкIууу сабий хьэпшып къытхуащэхуну тыкуэным дыщIашат. Машинэ цIыкIухэм, нэгъуэщI зэрыджэгу хьэпшыпхэм сыхагъадэрт. Ауэ сэ псоми саблэплъыкIри, адэ къуагъымкIэ къыкъуэщ-къыкъуэмыщу къуэлъ пшынэ цIыкIум си нэр техуащ. Ар къыхэсхащ къысхуащэхуну.
-Пшынэ еуэн зэрыщIэбдзэрэ куэд щIа?
— Си адэр пшынэ еуэу щытащ нэхъапэхэм, иджы еуэжкъым. Тырныауз къыщалъхуащ. Абы Бэч Асият жыхуаIэм пшынэм щыхуигъасэрти, зыхригъэтхат. Пшынэм хуагъасэ гупым хэтхэр хъыджэбз цIыкIу защIэти, зы илъэскIэ абы кIуауэ къыхэкIыжауэ щытащ, ар и щхьэусыгъуэу. ИужькIэ, си адэр ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къэIэпхъуэжащ. Бэч Асияти Ислъэмей Iэпхъуэжат.
Абы и ужькIэ илъэс 20 дэкIауэ, си анэшхуэр хуэзащ си адэм и егъэджакIуэу щытам. Сэ абы щыгъуэ илъэси 8 сыхъурт. Нанэ Асият си гугъу хуищIащ, пшынэ сеуэну сызэрехъуапсэм и хъыбари жриIащ. Телефонхэр зэIэпахащ, Асият и деж сашэнуи зэгурыIуащ. 20I3 гъэм дыгъэгъазэм и 4-м Бэч Асият и деж сыкIуащ, абы Ислъэмей къуажэ школым макъамэр щригъэджырт. А махуэр быдэу си гум изубыдащ. Мы гъэм илъэс епщIанэ мэхъу пшынэ еуэн зэрыщIэздзэрэ.
Асият нотэкIэ дигъасэртэкъым, атIэ езым и Iэмал щхьэхуэ къигупсысауэ, бжыгъэхэмкIэ дригъаджэрт. ИлъэситIкIэ абы и деж сыкIуауэ, «Сэ уэзгъэщIэнур уэзгъэщIащ», — жиIэри езым и чэнджэщкIэ, Бахъсэн макъамэ школым сыщIэтIысхьащ. Школ дерсхэм яужьт абы сыщыкIуэр. Апхуэдэурэ илъэситхукIэ сыщеджащ. Курыт школыр къэзухри, Налшык гъуазджэмкIэ институтым и колледжым сыщIэтIысхьащ, пшынэм щыхуагъасэ гупым сахэту. Абы етIуанэ курсыр къыщызухащ.
Си адэр, зэрыжысIащи, пшынэ еуэжкъым. Ауэ сэ сыщеуэкIэ, зыщIыпIэ деж щыуагъэ хэсщIыхьамэ, зэуэ гу лъетэ, зэрыщытын хуейри къызжеIэ.
— Колледжым ущеджэну гъэщIэгъуэн?
— Колледжым диIэщ «ШыкIэпшынэ» макъамэ ансамбль. Пшынэ, пшынэдыкъуакъуэ, пхъэцIыч, Iэпэпшынэ щеуэ гупым хэт пшынауэхэр щы дохъу. Ансамблыр Iуэхугъуэ куэдым дыхэтщ. Бжьыхьэм Мейкъуапэ, Шэшэным фестиваль дыщыIащ. Осетием дызэрыщыIэрэ, Дагъыстэным дыкъызэрикIыжрэ куэд щIакъым.
Пшынэм нэхъ тегъэщIауэ деджэ щхьэкIэ нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэхэми зыдогъасэ. Псалъэм папщIэ, балалайкэм, пианинэм, дирижированием хыдощIыкI, абыхэмкIэ экзаменхэри дот.
— Ди пшынауэ нэхъыжьхэм ящыщу хэт нэхъ уи гум дыхьэр?
— БырмамытI Гуащэкъарэ. Абы и пшынэ еуэкIэм зыри пэсщIкъым, апхуэдизкIэ и Iэзагъыр зыхызощIэри. Пшынауэ бзылъхугъэм теухуауэ куэд сыкъеджащ, езым жиIэжхэм седэIуэжащ, нэтынхэм сеплъащ.
— Пшынауэ нэхъыжьхэр зэреуэу щытам иджырейр къыщхьэщыкIыу къыщIэкIынущ…
— Нэхъапэм диIа пшынауэхэм нотэр ящIэртэкъым. Езыхэм зрагъэсэжырти, гурыгъуазэкIэ дахащэу еуэрт.
Къапщтэмэ, нотэм зэфIэкIым зрегъэужь. Классикхэм я макъамэхэм уеуэкIэрэ, уи Iэпхъуамбэхэр пшынэ Iэпэм хуэIэкIуэлъакIуэ ящI. Дэ колледжым макъамэу тху зэкIэлъхьэужьу дыщеуэн хуеймэ, щыр классикэщ. Абы лъэпкъ макъамэхэр къакIэлъокIуэ.
— Иджырей адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм адыгэ макъамэр зэрыхэувэм и гугъу къытхуэпщIын?
— Иджырей хьэгъуэлIыгъуэм зиужьащ. Нэхъапэхэм зы пшынауэ закъуэкIэ хьэгъуэлIыгъуэ дахыу щытамэ, иджы ансамбль псо макIуэ. Пшынауэ, бэрэбэнауэ, пхъэцIычауэ, уэрэджыIакIуэхэр зэщIыгъумэ, Iуэхур дахэ мэхъу.
— Анзор, уэ анэдэлъхубзэр зэрыкъулейр зыхыбощIэ ущыпсалъэкIи, уи усыгъэм укъыщеджэкIи. Хэт абыкIэ щапхъэ пхуэхъур?
— Къуажэм ущыдэскIэ, анэдэлъхубзэр умыгъэшэрыуэу хъурэ?! Адыгэ усэхэм сытым дежи сфIэфIт сыкъеджэну. Интернетми куэд ущыхуозэ. Псалъэм папщIэ, ХьэIупэ Заур инстаграммым щиIэ напэкIуэцIым седжэн сфIэфIщ, абы адыгэ дунейм удезыгъэхьэх куэд кърелъхьэ. Си фIэщ хъуркъым сызэмыплъа итуи. ХьэIупэ ДжэбрэIил деж сыкIуэри, сыбгъэдэсащ, зэман къыстригъэкIуадэу лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ я гугъу къысхуищIащи, гуапэу си гум къинащ.
-Узэрыадыгэм урогушхуэ…
— Нэхъыбэу сызэрыгушхуэр иджырей адыгэракъым, атIэ щыIаращ. Абы яхэлъа хабзэр, пщIэ-нэмысыр, бзэ къабзэр – аращ сфIэдахэр.
-Усэныр дауэ уигу къихьат?
-Илъэс ещанэ хъууэ аращ усэ тхын зэрыщIэздзэрэ. Пшынэ ущеуэкIэ, гупсысэ куэди уи гум къохьэ, зыгуэрхэм зыбопщыт, щIэщыгъуэ къэбгъэщIыну ухуейщ. Макъамэ къэзгупсысати, псалъи щIэзгъэувэну си гум къихьащ. Апхуэдэурэ, сыдихьэхащ. Иджы къыддеджэхэм макъамэ зэхалъхьэмэ, сэ псалъэ хузотх. Ар зэгъусэу жытIэурэ идогъэтх, апхуэдэурэ зыдогъасэ. Стхыхэм яхэтщ уэрэду згъэпсаи усэ къабзи. Усэр макъамэ щыхуэныкъуэ щыIэщ, моуэ уэрэду гум къиIукI хуэдэу. Усэм езым и хьэлыр гъэщIэгъуэнщ – гупсысэ гуэрхэр щыпкIэрымыкIым деж, ар тхылъымпIэм бохьри, уи гур мэпсэху.
— Ди адыгэ усакIуэхэм ящыщу хэт и тхыгъэхэм нэхъыбэрэ уеджэрэ?
— Бещтокъуэ Хьэбас, ХьэIупэ ДжэбрэIил сымэ я усэбзэр егъэлеяуэ си гум дохьэ, къытезгъэзэжурэ соджэ.
— Пшынэр богъэIэрыхуэ, усэбзэр пIурылъщ. Иджыри сытым удихьэхрэ?
— Хадэм ситыну, силэжьыхьыну сфIэфIщ егъэлеяуэ. Жыг дэзгъэкIэну, удз къэзгъэкIыну, зыгуэрхэр хэссэну, сакIэлъыплъыну сфIэфIщ. «Къуажэм си псэр щотынш, щIыуэпсым сыпэгъунэгъущи. Псом япэу си нэр зытехуэр бгыхэрщ. Ди къуажэм и хъуреягъыр бгыщи, сащеплъкIэ си гур хохъуэ.
— Анзор, пшынэ ущеуэм деж сыт зыхэпщIэр?
— ЩIэныгъэлI Черниговская Татьянэ жеIэ мыпхуэдэу: «Музыкантхэм дунейр зэралъагъум хуэдэу зыми илъагъуфынукъым». Пшынэ макъым уедэIуэныр фIыщ, ауэ уэ езыр ущеуэм деж уи гум и «зыщIыкIэри» нэгъуэщIщ. Сэ пшынэ сыщеуэкIэ, сыкъыхохутэ щIыуэпсым.
— Тхьэм уигъэпсэу!
