Лъэпкъ нып диIэху ди напэри къэбзэнущ,
ДымыщIу адыгэгур гъащIэ къуагъ!
Лъэпкъ нып тIэтыху ди щIэблэри диIэнущ!
Адыгэр дыщIэтынущ тхьэм и щIагъ!
Бемырзэ Зураб.
Адыгэ ныпыр дызыгъэдахэщ, дызыгъэуардэщ. Сыт хуэдэ Iуэхуми гупсысэ куу щIилъхьэу къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъым и ныпми къытощ Iущагъ. Ныпым и плъыфэм, тет вагъуэхэм, шабзэхэм хыдолъагъуэ лIыгъэ, пэжыгъэ, къабзагъэ. Мыбы тхыдэм дыхурегъэплъэкI, ди блэкIамрэ дызыхэпсэукI зэманымрэ зэпэтлъытурэ ипэкIэ дегъаплъэ. Ди ныпыр – хуитыныгъэщ, пщIэ-нэмысщ, зыIыгъыкIэ екIущ, лIыгъэщ, гугъэщ, къабзагъэщ… Куэд къыпыпщэ хъунущ иджыри. ЗрибгъэщIагъуэркъым адыгэ ныпым, атIэ зыхыбощIэ абы къалэн гуэрхэр уи пщэ къызэрыдилъхьэр – уи плIэр еухуэ, уи щхьэр уегъэIэт. Ныпыр пIыгъыныр, и щIагъ ущIэтыныр ди лъэпкъ хабзэми епхащ, дауи. Ар хьэуам щобырыб, жьым зэрехьэ псэм и хуитыныгъэм и дамыгъэ лъэщу. АтIэ уи псэр хуит щыхъур пэжыр уи гъуазэмэщ. Ныпым хуэфащэщ хьэуам щыхуарзэну, махуэшхуэм хуаIэтыну, Iуэху дахэм гъуазэ хуащIыну. Дыхуейщ щIалэгъуалэми абы и мыхьэнэр нэсу зыхащIэну. ЩIым дубгъуркъым, хьэпшып кIуэцIытшыхьыркъым, зридгъэхуабэркъым (гур игъэхуабэми пкъыр игъэхуабэркъым), къеддзэкIыркъым, кIэпхын къыхэтщIыкIыркъым, лъэпэдым кIэрыддэркъым, уIэгъи иритпхэркъым. Лъагэу Iэтауэ зыдохьэ!
Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым — и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ. Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зытет Iуащхьэм и IуплъапIэр адыгэ ныпым и теплъэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Ар республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм, хьэщIэм ирагъэлъэгъун яфIэфIхэм ящыщщ. Апхуэдэ зы щIыпIэ дахэ иджыблагъэ къыщыунэхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Ислъэмей къуажэм, Уэзрокъуэ и джабэкIэ зэджэм деж ди ныпым и теплъэр храгъэубыдащ. Ар щIыуэпсым йокIу, къуажэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ хъуащ. Шабзищ зэпрыдзым ищхьэкIэ вагъуэ пщыкIутIыр къыщолыд. И гупэмкIэ адыгэ ныпхэр щыхатIащи, лъагэу Iэтауэ жьым дохуарзэ. Абдежым щагъэтIылъащ «Псэм ипэ – напэ» псалъэхэр зытет мывэшхуэр. Лъэпкъ ныпым и теплъэр щыгъэбелджыла щIыпIэр къызэIуахащ накъыгъэм и 25-м, ди ныпым и махуэм ирихьэлIэу. ДяпэкIэ щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм хабжэну джабэм деж къыщызэхуэсащ адыгэ шууейхэр, къуажэ нэхъыжьхэр, щIалэгъуалэр – лъэпкъыпсэ зиIэ цIыху куэд. Ислъэмей къуажэм апхуэдэ щIыпIэ екIур къыщыунэхуным теухуауэ гугъэ дахэ зыкъом щIауэ яIэт ГъукIэ Мухьэмэд и щIалэхэм. Зэшихым я гум щытIыгъуа мурад-гупсысэр нэрылъагъу хъуащ. Къуажэм къыдэхута дахагъэм теухуауэ депсэлъащ ГъукIэ Валерэ. Валерэ хьэрычэтыщIэщ, къуажэм щегъэлажьэ псэуалъапхъэхэр щащэ тыкуэн. Езыр адыгэпсэщ, игъащIэ лъандэрэ я унагъуэм илъ адыгагъэр и гъуазэу.
— Валерэ, ныпым и теплъэр зэрывгъэувам, абы хуэфэщэну щIыпIэр къызэрыхэфхам и гугъу уэзгъэщIынут…
— Уэзрокъуэ джабэ лъапэм деж япэу щыс унагъуэр дэращ. Зэших дохъу, сэ сынэхъыщIэщи, лъапсэм сисщ. Куэд щIауэ зэкъуэшхэм дигу илът, дыщIэхъуэпсырт джабэ нэкIум ди лъэпкъ ныпым и теплъэр хэтщIыхьыну. Иджы ди Iуэху хуэхъуати, гурылъу диIар дгъэзэщIащ. Ныпым и теплъэр щытщIым щапхъэ тхуэхъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым апхуэдэ зэрыщыIэр. Къуэш республикэм мы Iуэхум теухуауэ запытщIащ, чэнджэщи къыдатащ. Джабэ нэкIум къыхэщ ныпым дэфтэр хузэдгъэпэщыни хуейщ.
Мыри жысIэнут, дыщыпсэу щIыпIэм и гугъу щысщIкIэ… Ди лъапсэм и гупэкIэ ЩихъыкхъэкIэ зэджэр иIэщ. НэхъапэIуэкIэ ари гъущI хъар дахэкIэ къэтхухьащ, къабзэлъабзэу щытын папщIэ. ЩIыпIэ щхьэхуэхэм, дамыгъэхэм пщIэ хуэщIыныр ди лъэпкъ гупсысэкIэм хэтщ. Ди сабиигъуэм, сощIэж, щIалэжь цIыкIу дырийпсырийхэм ящыщ щихъыкхъэм ихьамэ, къыщижыхьамэ, абы иту къемызэгъыу зищIамэ, егъэлеяуэ ущие гуащIэ къилэжьынут.
— Джабэ нэкIум щытлъагъур къызыхэщIыкIар сыт?
— Ныпхэр къэдабэ щэкIщ. Вагъуэхэр, шабзэхэр гъущIым къыхэщIыкIащ. Пэжым ухуеймэ, ахэр илъэс ипэкIэ дгъэхьэзырри дгъэтIылъат. Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъунум дегупсысурэ щылъащ. Арати, гупыж тщIащ мэлыжьыхьым и 25-м, Адыгэ ныпым и махуэр щыдгъэлъапIэм ипэ къихуэу, къызэдгъэпэщыну. Мыр лъэпкъ ныпым и махуэшхуэм дызэрыпежьа Iуэхущ.
Ныпым и теплъэр джабэм тредгъэубыдэным теухуауэ ди ныбжьэгъухэр, хьэблэ щIалэхэр сэбэп къытхуэхъуащ икъукIэ. Дэтхэнэми фIыщIэ хузощI. Бэрэздж Лиуан и цIэр къисIуэну си гуапэщ. Зы махуэ къэмынэу къэкIуащ, Iуэхур здынэсам щIэупщIэу, сэбэп хъууэ, гупсысэрэ чэнджэщрэ къыхилъхьэу.
— Адыгэ ныпым теухуа гукъэкI дахэр щыфщIакIэ, лъэпкъ Iуэхум фегъэпIейтей зэшхэр. Сыт уэркIэ адыгэу ущытыным къикIыр?
— Дунейм теткъым лъэпкъым и пщIэр пIыгъыу упсэуным нэхъыфIи, нэхъ льапIи. «Къэзылъхуам хуэфащэщ къыпхужаIамэ», — абы нэхъ пщIэ лъагэ щыIэу къыщIэкIынукъым. Лъэпкъ Iуэхур дигу илъу, адыгэ хабзэр дгъэлъапIэу, захуагъэм дытету дагъэсащ. Ди адэ-анэр щапхъэ дахэ тхъуэхъуащ а псомкIэ. Я псалъэхэр дигу илъу, я IуэхущIафэу щытахэр гъуазэ тхуэхъуу допсэу. ЦIыху пэжу, пщIэ иIэу, IуэхукIэ къимыкIуэту щытащ ди адэр. Псалъэ Iущу къыджиIахэм гъащIэр щыхьэт тохъуэж куэдрэ.
— ЦIыху куэд зыщыгуфIыкI Iуэху дахэр махуэ тхьэм ищI!
