Испы унэхэм (дольмены) – мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа унэ абрагъуэхэм — КъухьэпIэ Кавказымрэ Абхъазымрэ я бгылъэ щIыпIэхэм куэду ущрохьэлIэ. Ар я щIэинщ пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэу илъэс мини 5 ипэкIэ псэуахэм.
Япэ дыдэу щIэныгъэлIхэм къагъэунэхуа испы унэхэр Хы ФIыцIэ Iуфэрщ къыщагъуэтар. Абы занщIэу гулъытэшхуэ хуащIащ икIи къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыщ щIэныгъэрылажьэхэр яджыну хуежьащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Кавказыр сыт щыгъуи я плъапIэт хамэ къэрал щIэныгъэлIхэмрэ дунеяплъэ къэзыкIухьхэмрэ, нэгъуэщIыпIэ щумылъагъуну телъыджэ куэд а щIыналъэм ущыIущIэну къалъытэрти. Абы къыхэкIыу щIэбгъэщIэгъуэн щыIэкъым I9-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Кавказым щыIэ бгылъэ мэзхэм испы унэхэр нэхъапэ къыщызыгъуэтар хамэ къэралхэм щыщ щIэныгъэрылажьэхэрауэ зэрыщытыр.
1818 гъэм Пшадэ псыхъуэм дэт мэзхэм пхрыкIырт франджы щIэныгъэлI Жак Виктор-Эдуард Тебу де Мариньи адыгэ географ Таущэ Къаплъэн и гъусэу. Франджы зауэлIым, урыс хыдзэм къулыкъу щищIэну хыхьагъащIэм, испы унэ къыщигъуэтам мыхьэнэшхуэ иритакъым, жыпIэнуракъэ, иужькIи къыфIэIуэхущакъым. Абы дежкIэ нэхъыщхьэр натхъуэджхэмрэ шапсыгъхэмрэ политикэ, сату зэпыщIэныгъэхэр ярищIылIэнырт. Ауэ Тебу де Мариньи апхуэдэ къэхутэныгъэ телъыджэм и насып хэлъти, зэрымыщIэкIэ Пшадэ и Iуфэ мэзхэм «зыщызудыгъуа» дольменхэм Iууауэ аркъудейт.
ЕтIуанэу а испы унэхэр илъагъуну къызыхуихуари хамэ къэралым щыщ цIыхущ. Ар Джейм С. Беллт. Абы къыщIэна махуэрытхэхэм (дневники) языхэзым итщ дольменхэм я ухуэкIэм теухуа тхыгъэхэр. Абыхэм нэIуасэ хуэхъуа нэужьщ а Iуэхум хамэ къэрал щIэныгъэлIхэм гулъытэ нэхъ хуащI щыхъуари КъухьэпIэ Кавказым щыIэ дольменхэр яджыну яужь щихьари. Ахэр хуежьащ испы унэхэм лъыхъуэу, я теплъэхэм сурэт тращIыкIыу, тетхыхьыу, нэгъуэщI къэралхэм щыIэ пасэрей дыдэ мывэ ухухэныгъэхэм (кромлех, пирамидэ, н.къ. хуэдэхэм) ирагъапщэу, иралъыту, я ныбжьыр къабжу.
АтIэ хэт икIи сыт щыгъуэ ди лъахэм а мывэ унэхэр щIын къыщаублар? Мы Iуэхум пыщIауэ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ зыдж щIэныгъэлIхэр сыт зыщыгъуазэр? Мывэ джей (мегалит) щэнхабзэм къигъэщIауэ, неолит, домбеякъ лъэхъэнэхэм къэунэхуауэ зыхуагъэфащэ пасэрей фэеплъ къызэрымыкIуэхэм щIыпIэ нэхъыбэ яубыду зыщаубгъуа зэманыр къыгуэхыпIэ имыIэу зытехуэр адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ зыщыпсэу щIыналъэрщ. Къытызогъэзэжри адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм фIэкIа а щIыпIэм щыщымыIа лъэхъэнэрщ. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ, адрей кавказ лъэпкъхэм хуэмыдэу, дольменхэр кхъэхалъэу, я лIахэр щыщIалъхьэу щыта унэу къызэралъытэр, абы къыхэкIыуи пщIэ лей хуащIу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Абы къищынэмыщIауэ, археологхэм гу зэрылъатамкIэ, дольмен щэнхабзэм пыщIа хьэдэщIэлъхьэ хабзэхэмрэ пасэрей адыгэ-абхъазхэм я хьэдэ хуэIухуэщIэхэмрэ куэдкIэ зэтохуэ, иджырей ди лъэпкъэгъухэм лIам хуащIэ, хьэдэщIэлъхьэм иращIэкI зыкъомымкIи зэщхьщ.
Мыбдеж упщIэ зыбжанэ къоув. Япэрауэ, къыдгурыIуэу пIэрэ дэ, адыгэ щэнхабзэр зыIэщIэлъ иджырей щIэблэм, къытлъыса щIэиныр зыхуэдэр? Зи гугъу тщIыр Урысей Федерацэм и щэнхабзэ беягъщ, ауэ щыхъукIэ, ди къэралым ис цIыху псоми зыхащIыкIыу пIэрэ а мывэ фэеплъхэм я лъэпIагъыр? Сыт ящIэр а мывэ джейхэр хъумэным теухуауэ?
Мывэ джей фэеплъхэр джынымрэ зэманым дэмыкIуэду хъумэнымрэ япкъ иткIэ къызэрагъэпэща дунейпсо пIалъэкIыхь программэр хуэунэтIащ археологиемрэ щIыналъэм и теплъэр джынымкIэ щIыпIэ щхьэхуэхэр (заповедникхэр) къызэгъэпэщыным, псом хуэмыдэу испы унэхэр нэхъыбэу здэщыIэ Адыгэ Республикэмрэ Краснодар хэгъуэгумрэ. Абы къыдэкIуэу мы зэманым йолэжь апхуэдэ щIыпIэ хэхахэр ЦIэмэз (Новороссийск), ТIуапсэ, Геленджик (?), Мейкъуапэ къалэхэм щыгъэпсыным. Шэч хэмылъу, мывэ джей фэеплъхэр нэгъэсауэ джыным, ахэр зыхуей хуэгъэзауэ зехьэным, абыхэм ятеухуауэ щIэныгъэ лъабжьэ зиIэ тхыгъэ нэхъыбэ цIыхухэм ялъэгъэIэсыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, кавказ лъэпкъхэм яхъумэ пасэрей щIэиным хуэфащэ гулъытэ егъэгъуэтын хуейщи. Абы зыкъыдигъэзэнущ ди пасэрей щэнхабзэмрэ лъэпкъ тхыдэмрэ я лъапIэныгъэхэм иджырейхэр гущIыIэ дазэрыхуэхъуам. Зи гугъу тщIы Iуэхум къыпыщэн хуейщ апхуэдэ щIыпIэ хэхахэм экологие реабилитацэкIэ зэджэ лэжьыгъэхэр ещIылIэнымкIэ.
Шэч къызытумыхьэнщ КIахэ Кавказым къыщагъуэта испы унэхэр пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм (абазэхэм, абхъазхэм, убыххэм, кIахэ адыгэхэм, шапсыгъхэм) я IэдакъэщIэкIыу зэрыщытыр. КъуэкIыпIэ-Ищхъэрэ Кавказым щыIэ испы унэхэр псори зэхэту мини 2-м нызэрохьэс, абы щыщу 100-м щIигъум Абхъазым ущрохьэлIэ, адрейхэр псори Адыгэ Республикэмрэ Краснодар хэгъуэгумрэ щыIэщ.
Мывэ джейхэм къыхэщIыкIа ухуэныгъэ телъыджэхэм нобэм къыздэсым яхъумэ щэху куэд. Абы елэжьа щIэныгъэлI куэдым гу лъатащ дольменхэм я нэхъыбэм я гупэр дыгъафIэ лъэныкъуэмкIэ зэрыгъэзам. А щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ар зи нэщэнэр испы унэхэр ухуэныр цIыхухэм Дыгъэр тхьэуэ къалъытэу щыщыта лъэхъэнэм къызэрыдежьарщ. Дыгъэм зыхуагъэщхъыу щыщыта зэманым епхащ икIи дольменхэм я лъэхъэнэгъущ кромлехкIэ (бретоныбзэм къыхэкIа псалъэщ: crom – хъурей, lech – мывэ) зэджэу мывэ джейкIэ зэхэгъэува «бжыхь» защIэ е тIуащIэ. Апхуэдэу къэхухьа щIыпIэхэм деж щрагъэкIуэкIырт Дыгъэм хуэгъэза тхьэлъэIухэмрэ хьэдэщIэлъхьэм пыщIа хабзэхэмрэ.
«Сытыт испы унэхэр а зы щIыкIэм тету щIащIыр?», «Дауэт зэращIыр?» жыхуиIэ упщIэхэм я жэуапу щIэныгъэлIхэм Iуэху еплъыкIэ зэтемыхуэ зыбжанэ яIэщ. Дольменхэм адыгэхэр испы унэкIэ еджэу зэрыщытам щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэ куэд щыIэщ. Абы щыщу Iуэху еплъыкIитIым гу лъывэзгъэтэну сыхуейт: зыр щIэныгъэлI гупышхуэм зэдэарэзыуэ къызэдащта еплъыкIэщ, адрейр сэ си еплъыкIэу абыхэм яйм пэщIэуэрщ. ЩIэныгъэлIхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ къызэралъытэмкIэ, дольменхэр иныжьхэм яухуащ цIыху хэмыхъуэ цIыкIухэм я лIакъуэм абыхэм шынагъуэхэмрэ уэлбанэхэмрэ зыщыщахъумэн хуэдэу. А цIыху хэмыхъуэхэр гуащIэмащIэти, псэуалъэ яухуэну я къару хурикъуртэкъым, таурыхъхэм къызэрыхэщыжымкIи, ахэр апхуэдизкIэ цIыкIухэти, тхьэкIумэкIхэм шэсырти абыкIэ зэхэзекIуэрт. Апхуэдэ цIыху цIыкIухэм зэреджэр испыт. Арауэ къалъытэ «испы унэ» фIэщыгъэцIэр къызыхэкIари – «испыхэм я псэупIэ» мыхьэнэр иратри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыху хэмыхъуэхэм я унэ. Ауэ сэ арэзы сыдэхъуркъым апхуэдэ щIэныгъэ бгъэдыхьэкIэм. СызэреплъымкIэ, а хъыбарыр къагупсысащ адыгэ лIыжь гушыIэрейхэм, псалъэрыIэзэхэм къагупсысащ, испы унэхэр пасэрей лIакъуэхэм я кхъэхалъэу зэрыщытыр ящIэу, япэ къэс цIыху нэплъыснэIусым а кхъэхэм щхьэщыт псэхэр зэримыгъэпIейтеиным щахъумэу. Арагъэнущ, иныжьхэмрэ цIыкIужьейхэмрэ ятеухуа шыпсэ гуапэ цIыкIур къагупсысыныр къызыхэкIар.
Сэ къызэрыслъытэмкIэ, дольмен хъужыр кхъэлэгъунэщ, иджыри я псэр пыту цIыхухэр абы щылIэн щхьэкIэ кIуэурэ щIэтIысхьэу щытауэ. Апхуэдэ лъэбакъуэм тегушхуэфынур жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIэ цIыхухэрт (гупым я пашэхэрт, лъэпкъым я тхьэмадэхэрт, лIыхъужьыгъэкIэ адрейхэм къахэщахэрт, тхьэхуэлажьэхэрт, н.къ.). Апхуэдэ цIыхухэм я унафэкIэ зи блынхэри унащхьэри мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа, зы пэш фIэкIа мыхъу унэ ирагъэщIырт. А хабзэм къежьапIэ хуэхъуар нарт Бэдынокъуэ и адэр зэригъэпщкIуам теухуа хъыбарыжьым къыщылъыхъуэн хуейуэ хузогъэфащэ. Дызэрыщыгъуазэщи, Бэдынокъуэ и адэр Жьыгъэибг щидзын хуейт, ар зекIуэ ежьэхэм ядэмышэсыфу, щакIуэ мыкIуэфу икIэрауэ унагъуэм къыщымысэбэпыжыфу жьы зэрыхъуам щхьэкIэ. арат нартхэ я хабзэр. Ауэ Бэдынокъуэ апхуэдэу ищIакъым икIи и адэр игъэпщкIури псэууэ къигъэнащ. Дэнэ ар абы щигъэпщкIуар? Кхъэлэгъунэм ещхьу, блын джабиплIрэ унащхьэрэ зиIэ мывэ унэрщ. Ар пэж дыдэу кхъэлэгъунэт икIи Псатхьэм щымышынэу зы цIыху абы еIусэфынутэкъым. Си гугъэмкIэ, мис арат япэу яухуа дольменыр. ИужькIэ мывэ джейхэм къыхэщIыкIа унэм ису нарт Бэдын и чэнджэщ IущхэмкIэ цIыхухэм ядэIэпыкъуащ, лъэпкъым къытепсыха мыгъуагъэ куэдым къигъэлащ и псалъэ фIэкIа хэмыту. Бэдынокъуэ и щэхур адрей нартхэми къыщащIэм, абыхэм зыханащ жьы хъуа я адэхэр бгым щыдзын хабзэр икIи абы и пIэкIэ дольменхэр ухуэн къаублащ, жылагъуэ цIыхубэм яхэмызагъэжу жьы хъуахэр я ажалыр къэсыху апхуэдэ унэхэм щIэсыну унафэ езы нэхъыжьхэм къызэращтам къыхэкIыу.
АтIэ сытыт зи дунейр зыхъуэжхэм гулъытэшхуэ ягъуэту, абыхэм кхъэлэгъунэ яхуэхъуну щIыпIэр апхуэдиз гугъуехь пылъу яухуэу щIыщытар жыпIэмэ, дольменхэм ису зи ажал къэсхэм лIэныгъэ къызэрымыкIуэ, адрейхэм яйм емыщхь я нэгу щIэкIырти аращ. Дунейм зэрытетыну яужьрей махуэхэр испы унэм щигъэкIуэну унафэ зыхуэзыщIыжар къеплъэкI имыIэу къызэрыгуэкI цIыхухэм яхэкIыжырт, и щхьэр, и гупсысэр, и псэкупсэ къуэпсхэр щIэблэм и къэкIуэнур нэхъыфI зэрыхъунум хуигъэлэжьэн щхьэкIэ. дунеягъэ Iуэхухэр къыжьэхэмыуэу, гупсысэ мыфэмыцхэм трамыгъэплъэкъукIыу мывэ джей унэм ис тхьэмадэм къыгуроIуэ цIыхухэм яхыхьэж зэрымыхъунур, пэш кIыфIыбзэ даущыншэм исщи, нэкIи, тхьэкIумэкIи ищIэн щыIэкъым, псэлъэгъу иIэкъыми, и жьэр зэщIихыркъым, ауэ иджыри и псэр Iутщ, хьэдрыхэ нэскъым, и зэхэщIыкIыр бзыгъэщи, зэфIэкIыу иIэ псор КъэзыгъэщIам хуеунэтI. Дунеягъэм щалэжь Iуэхухэм, щызекIуэ къэхъукъащIэхэм, гугъуехьхэм я хэкIыпIэхэм, цIыху зэхэтыкIэ хабзэхэм, нэгъуэщI куэдми егупсысырт кхъэлэгъунэм псэууэ итIысхьар. Нэхъыщхьэрати, апхуэдэ гупсысэхэм къыхихамкIэ чэнджэщакIуэ къакIуэхэм яриIуэтылIэрт, дунеягъэр къызэзынэкIам и IущагъымкIэ псэуну къызыпэщылъым дэгуашэрт.
Къэдгъэлъэгъуа Iуэху еплъыкIэм уригъуазэмэ, нэрылъагъу къохъу «испы унэ» псалъэхэм къарыкIыр. Ар Iыхьэ зыбжанэу зэхэтщ: ис – пIы – унэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, исыр зыпIыж унэ. Бзэ щIэныгъэм и хабзэхэмкIэ уеплъмэ, а псалъэхэм и купщIэр нэгъэсауэ икIи ирикъуу «къыпкърызыхыр» мыпхуэдэ бгъэдыхьэкIэрщ. Нэхъ пэжу къэлъытэн хуейри аращ. Абы къищынэмыщIауэ, цIыху хэмыхъуэхэм адыгэбзэкIэ «испы»-къым зэреджэр. Пасэрей адыгэхэм цIыкIужьейхэм щхьэкIэ «хьэцIыкIу» жаIэу щытащ. Ауэ нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа щIэныгъэлIхэм дольменхэм теухуауэ яIэ Iуэху еплъыкIэм и хэкIыпIэу яукъуэдиину хэту, «испы» псалъэм адыгэбзэкIэ «цIыкIужьей» къикIыу жаIауэ аркъудейщ.
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ иджырей цIыхухэми яхэтщ а испы унэхэм уэгум къыхэкI къару ябгъэдэлъу зи фIэщ хъухэр. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, дольменхэм убгъэдэту уигу щIэныкъуэ Iуэхум уегупсысмэ, абы и хэкIыпIэхэр уи щхьэм къохьэ, узыгъэпIейтей упщIэм и жэуап къыбогъуэт. Зытепсэлъыхьым зыри хэзымыщIыкIыххэ языныкъуэхэми жаIэ, дольменхэр адрей планетэхэм щыщхэм зэпыщIэныгъэхэр щыдаIыгъ щIыпIэу, ахэр зыухуари инопланетянхэрауэ. Апхуэдэ еплъыкIэр уи фIэщ пщIын дэнэ къэна, пэжым пэгъунэгъуу къэплъытэну къезэгъыркъым.
ФIэщхъуныгъэмрэ абы пыщIа хабзэу цIыхухэм зэрахьар, псом хуэмыдэу испы унэхэм епхауэ ягъэзащIэу щытахэр, иджыри къыздэсым фIыуэ яджакъым, уеблэмэ иджырей археологхэр а Iуэхум пыщIа хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм щыIууэкIэ, гъэщIэгъуэну тотхыхь, ауэ къагъуэтахэр зэпхам щхьэфэду фIэкIа лъэIэсыркъым. Апхуэдэу щытми, дольменхэм къапкърокI ахэр зыщIауэ щыта лъэпкъхэм я щэнхабзэ псэкупсэм теухуа хъугъуэфIыгъуэ куэд, къыдагъащIэ а цIыхухэр ухуэныгъэм хэзагъэу, гъущIми, къупщхьэми, мывэми, ятIагъуэми я щэхухэм щыгъуазэу зэрыщытар. Дяпэ итахэм я псэукIа теухуауэ дэ тщIэр мащIэ-куэдми зы къэухьым иту иджыри къэс екIуэкIащ. Иджыри апхуэдэу щытыну къыщIэкIынт, испы унэхэм пэмыжыжьэу щыIэ жылагъуэхэр джыным дыхуемыжьатэмэ. Ауэ иджыри нэхъри нэхъ зыубгъуауэ, нэхъ куууэ ахэр джын хуейщ, псом хуэмыдэу щIыдэлъху лъэпкъыу а щIыпIэхэм щыпсэу адыгэ-абхъазхэм я щэнхабзэм и щхьэхуэныгъэхэр.
Къыхэзгъэщыну сыхуейт испы унэхэр хъумэным гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыпхъэу къызэрыслъытэр. Щэ бжыгъэм щIигъу дольменхэр лъабжьэкIэ ирахащ гъуэгухэр, пшахъуэ-мывэ къихыпIэхэр, псэупIэхэр щаухуэм, мэзым пыщIа лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIым, зауэ хуэIухуэщIэхэм зыщыхуагъасэ щIыпIэхэр къыщыхахым. Абы зэрахузэфIэкIкIэ «хэлIыфIыхьащ» археолог нэпцIхэр, пасэрей хъугъуэфIыгъуэхэр фейдэ хэхыпIэ зыщIын гурылъ зиIэхэр, щыIам пщIэ хуэзымыщIхэмрэ къэкIуэнур къызыфIэмыIуэхухэмрэ. Нэхъ шынагъуэжыращи, илъэс дэкIыркъым пасэрей щэнхабзэм къигъэщIа телъыджэхэм ящыщ зыуэ зи гугъу тщIы испы унэхэм ящыщ ямыкъутэу. Уигу къемыуэнкIэ Iэмал иIэкъым лIэщIыгъуэ мин зыбжанэм къыпхрыкIа дольменхэр ди лъэхъэнэгъухэм щIым щыщ зэращIыжыр. Шэч хэмылъу къызэгъэпэщын хуейщ ахэр къэрал хабзэкIэ къэзыхъумэ программэ, ауэ псом хуэмыдэу а Iуэхум егугъун хуейуэ зи пщэрылъыр, сэ къызэрысщыхъумкIэ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэщ. Дэращ ахэр зи щIэиныр, дэращ ахэр къэкIуэну щIэблэм яхуэзыхъумэфынур.
