КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м, АР-м гъуазджэхэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр тIэунейрэ зыхуагъэфэща, Къандур Иззэт и саугъэтым и лауреат КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр дыщэпскIэ хэухуэнащ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм. Адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуихьэсыжарэ, ахэр екIуу зыгъэзащIэу щыта Зырамыку и макъ лъэщым уи щхьэфэцым зригъэIэту апхуэдэт. Сыт хуэдизрэ дигу къэдгъэкIыжми, фIыщIэ хуэтщIми, и цIэр дгъэлъапIэми, лъэпкъым абы хуилэжьар зэи тхуэмыпшыныжыну Iуэхушхуэщ.
КъардэнгъущI Зырамыку ПIатIурэ и къуэр щIышылэм и 1-м 1918 гъэм Аруан щIыналъэм щыщ Псыгуэнсу къуажэм мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. 1926 гъэм Зырамыку къуажэ школым щIэтIысхьэри ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ икIи 1935-1940 гъэхэм Мэзкуу дэт ГИТИС-м щеджащ. 1940 гъэм Зырамыку Дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ, Хэку Зауэшхуэ нэужьым, 1945 гъэм, и лъахэм къегъэзэж. Лэжьыгъэм занщIэу пэрыувэжа КъардэнгъущIыр 1948 гъэ пщIондэ Къэбэрдей Къэрал драмэ театрым артисту щыджэгуащ, адыгэ драматургием и зыужьыныгъэм лэжьыгъэфIи хилъхьащ, ауэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэ хуэхъуари, и цIэр лъагэу зыIэтари лъэпкъ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыжынымрэ ахэр екIуу гъэзэщIэнымрэщ.
1949-1952 гъэхэм КъардэнгъущIыр Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэхутэ институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм лэжьыгъэшхуэ щызэфIихащ. Зырамыку и щIэныгъэм пищэну гукъыдэж ещIри, I952 гъэм ар щIотIысхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал пединститутым икIи I956 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къеух. Абы иужькIэ ар редактору щылэжьащ «Iуащхьэмхауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэм.
Апхуэдэурэ илъэсищ хуэдизкIэ редактору лэжьа нэужь, КъардэнгъущIыр 1959 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэхутэ институтым егъэзэжри, и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм пещэж. А лъэхъэнэм адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным, ахэр джыным, гъэзэщIэным зретри, куууэ хэлэжьыхьын щIедзэ.
Адыгэ уэрэдыжьхэр цIыхубэм деж нэхьэсынымкIэ зэфIэкI ин зэриIэр къалъытэри, КъардэнгъущI Зырамыку 1964 гъэм «КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащ, адыгэ щэнхабзэмрэ литературэмрэ хуищIа зыужьыныгъэм папщIи КъардэнгъущIым тIэунейрэ кърат Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъ, а илъэс дыдэми УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгуэтым хагъэхьэ.
Усэхэр, пьесэхэр, псалъэжьхэр, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я биографиехэр, таурыхъхэр, тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ… КъардэнгъущIыр зыхэмылэжьыхарэ и Iэужь къызыхимынарэ зы унэтIыныгъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
«Си гъащIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэ дыдэр — сыкъэзылъхуа си лъэпкъым сыхуэлажьэу зэресхьэкIарщ. ГъащIэ кIыхь къызэрызгъэщIам теухуауэ жысIэнуращ… Сэ пасэрей губзыгъэжь гуэрым жиIа псалъэ Iущхэм сызэрытетыным сыхущIэкъуащ. Мыращ абы жиIар: «Жьэр гъэкъабзэ, бзэр гъэIэсэ, пцIы умыупс, псэм удэмылажьэ, жьыгъэм зумыгъэхь, хьэм уемытхьэкъу, бзаджэм уемыIуалIэ, лIыгъэм уримыбий», — жиIэрейт Зырамыку.
И цIыху щIыкIэкIэ зэIэщIэлъу, уардэу, Iэчлъэчу щымытами, бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъкIэ, зэфIэкIкIэ, хэлъа ерыщагърэ жыджэрагъкIэ цIыху пщIы бжыгъэхэм ящхьэпрыкIыфынут Зырамыку. Адыгэ IуэрыIуатэм и тхьэмадэм ди лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр джынымкIэ, уэрэдыжьхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зэхуэхьэсыжынымкIэ, ахэр зэрахуэфащэкIэ зэгъэпэщыжауэ цIыхубэм ди пащхьэм илъхьэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ IуэхухэмкIэ и гъащIэ кIыхьыр гъэнщIауэ екIуэкIащ хэкупсэ нэсу щыта КъардэнгъущI Зырамыку. Нобэр къыздэсым КъардэнгъущI лъэпкъым къащIэхъуэ щIэблэри, абы и цIэр зыфIаща, Псыгуэнсу къуажэм дэт курыт школым и еджакIуэ цIыкIухэри Зырамыку и гъащIэмрэ хэлъа гудзакъэмрэ щапхъэу къыхуахьу, щIэныгъэ куумрэ IэщIагъэ екIумрэ къыхураджэу ягъасэ.
Езы Зырамыкуи гулъытэшхуэ хуищIырт щIалэгъуалэм адыгэ IуэрыIуатэр егъэцIыхуным, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ фIыуэ щыгъуазэу къэгъэтэджыным. Апхуэдэу КъардэнгъущIыр курыт еджапIэхэм яхуеблагъэурэ, ныбжьыщIэхэм адыгэ хъыбарыжь хьэлэмэтхэр яхуиIуэтэжу, лъэпкъ уэрэдыжьхэр яжриIэу, и лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьу яхэсырт.
Композитор цIэрыIуэ Бэрэгъун Владимир и гъусэу Зырамыку елэжьащ «Къэбэрдей уэрэдыжьхэмрэ адыгэ лъэпкъ пшыналъэхэмрэ я антологие» тхылъыр томи 4 хъууэ къыдэгъэкIыным. Ар къызэрымыкIуэ лэжьыгъэ купщIафIэщ, икIи а къыдэкIыгъуэм пщIэшхуэ щиIащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэр зыдж щIэныгъэлIхэм я деж. А зы лэжьыгъэм фIэкIа зэфIимыхами, Зырамыку хуэфащэт адыгэ лъэпкъым и фIыщIэ мыухыжыр!
КъардэнгъущIхэ ямызакъуэу, ЩIы хъурейм текъухьа адыгэ псори нобэр къыздэсым ирогушхуэ Зырамыку хуэдэ адыгэлI щэджащэ ди лъэпкъым къызэрыхэкIам.
— КъардэнгъущI Зырамыку сцIыхуну, сыдэлэжьэну, си ныбжьэгъуну Тхьэшхуэм насып къызитащ. А цIыху гъуэзэджэм и дуней гъащIэр иухами, ноби къытхэтщ зэфIиха и IуэхугъуэфIхэмкIэ, и уэрэдхэмкIэ, ахэр зэригъэзэщIа и макъ щабэмкIэ. ГъащIэ гугъу, купщIафIэ, къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIа иIащ Зырамыку. Хэку зауэшхуэм и пэкIэ абы ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ Луначарскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт ГИТИС-р. УIэгъэ хьэлъэ хъуауэ зауэм къикIыжа нэужь, абы щишэча гугъуехьхэмрэ бэлыхьхэмрэ къызэфIамыгъащIэу, адыгэ щIалэщIэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Къэбэрдей пединститутым. А IэщIагъитIри абы зэдихьащ псэухукIэ. Лъэпкъ гъуазджэми, щэнхабзэми, тхыдэми къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкIащ, абыхэм я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIу. Сыт хуэдэ лIыгъэ пхэлъын хуейт, зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэхэм къуажэ-къуажэкIэ къэпкIухьу лъэпкъ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэм щыщ Iыхьэхэр мащIэ-мащIэурэ зэхуэпхьэсыжын папщIэ! Адыгэхэм зэи тщыгъупщэ хъунукъым КъардэнгъущI Зырамыку лъэпкъым хуилэжьар, — жеIэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм.
Уегупсысыну, уи нэгу къыщIэбгъэхьэну, зэбгъэзэхуэну пхурикъунщ классиибл фIэкIа къэзымыуха, Псыгуэнсу къуажэм къыдэхъукIа щIалэ цIыкIур Мэзкуу Лунэчарскэм и цIэр зезыхьэ ГИТИС-м и студент зэрыхъуар, Сталиным и стипендие кърату зэреджар. А лъэхъэнэрщ КъардэнгъущIым «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» щитхари.
Гулъытэ щхьэхуэ хуэфащэщ профессор Гиппиус и редакцэм щIэту I98I гъэм антологием и томиплI къыдэкIам. Абы ихуа уэрэд 4I4-м щыщу КъардэнгъущIым жиIэу ятхыжат уэрэд 45-рэ. Езым къилъыхъуэжурэ магнитофонкIэ итхыжар II8 хъурт. Адыгэ уэрэдыжьхэр къиIэтыжу ахэр радиом, телевиденэм яIэрызыхьар, концерхэм къезыхьэлIэжар КъардэнгъущI Зырамыкущ.
Къыхэгъэщыпхъэщ Зырамыку и къэхутэныгъэм пщIэ ин зэригъуэтыжари. Абы иригъэкIуэкI щIэныгъэ лэжьыгъэ, къэхутэныгъэхэм папщIэ КъардэнгъущIым КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м, АР-м гъуазджэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ цIэ лъапIэхэр, КъБР- м и Совет нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ.
