The national flag subject of the Russian Federation - Republic of Adygea, Maikop
/

Къэрмокъуэ Мухьэмэд и зэчий лъагэр

«ТхакIуэм итхыр дэнэ къыздрихыр жыпIэрэ ущIэупщIэмэ, нэхъыбапIэм я гъащIэм щызэхащIа, щалъэгъуа, зыщрихьэлIаращ ятхыжыр. Сэри аращ. Си нэгу щIэкIамрэ слъэгъуамрэ тхылъу цIыхухэм яжесIэжауэ аращ. Пэжщ, зыгуэри къэзгупсысащ, ауэ уи щхьэм къипхри ууейщ, ар уи гъащIэм хэплъхьэну е хэпхыну узыщIэхъуэпсу щыта гуэрщ. Си Iуэхур мис мыпхуэдэу хъуатэмэ, мыбдеж мыпхуэдэу щыжысIатэмэ, си гъащIэр мыпхуэдэ хъунут жыпIэурэ утхэу аращ. Аращи, си тхылъхэм я нэхъыбэр документальнэ-художественнэщ.
ТхакIуэу сыкъигъэщIауэ, ар си натIэм иту сыкъалъхуауэ схужыIэнукъым, ауэ си гъащIэм слъэгъуа гугъуехьхэмрэ гуфIэгъуэхэмрэщ тхакIуэ сызыщIыжар. Сэ нэхърэ нэхъ тхакIуэфI хъун Iэджэ Iэхъуэ башыр яIэщIэлъу дунейм ехыжащ, Iэмал ямыгъуэту, я гум илъымрэ я акъылыр къызэгуэзытхъымрэ дунейм къытрамыгъэхьэфу. АбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, тхакIуэ ухъуну уи натIэм иту укъалъхумрэ къалэмыр къапщтэу зыгуэр птхынымрэ я зэпылъыпIэр — гъэунэхупIэщ…», — жиIэрт лъагъуныгъэкIи, гугъуехькIи, насыпкIи, гур зыгъэуз теплъэгъуэхэмкIи гъэнщIа тхылъ 26-рэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, журналист Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
Адыгагъэ ин зыхэлъ, хабзэмрэ гъэсэныгъэмрэ зи гур хуэкъабзэ, гуапагъэр, хуабагъэр, щэбагъэр зи нэгум къищу псэуа тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр зымыцIыху щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Къэтщтэнщ, псалъэ папщIэ, «Щихухэр иджыри мэкI» жыхуиIэ тхылъыр. ЗэIэпахыу, щIэи жьыи щIаджыкIащ ар. НэгъуэщIу дауэ-тIэ?! Ар цIыху гъащIэм, лъагъуныгъэм апхуэдизкIэ дахэу, шэрыуэу тотхыхьри, и тхылъым къыщигъэщI дунейм удрегъэхьэхыпэ.

ЩIэх сылIэнукъым!
Мухьэмэд унагъуэм япэ быну къихъуауэ арати, зэрыщIалэ цIыкIум щхьэкIэ ягъафIэу япIат. И адэ-анэмрэ адэшхуэ-анэшхуэмрэ, зы пщIантIэм дэсти, лIыжь-фызыжьхэм деж нэхъыбэрэ щыIэт, уеблэмэ къэзылъхуар ахэрауэ къыщыхъурт. И ныбжьэгъу цIыкIухэм ар ящIэрти, Мухьэмэд ягъэбэмпIэнумэ, Мухьэжид и къуэ, Мэржан и къуэ жаIэрти, мыдрейм ар имыдэу, къагъэгубжьырт. ЩIалэ цIыкIум фIэфIтэкъым и адэ-анэм я цIэр къраIуэу, анэ быдзышэ ефа мыхъумэ, абы ипIауэ жыпIэр къызэрыпхуидэн щыIэтэкъым, апхуэдизкIэ фIыуэ илъагъурт и дадэмрэ нанэмри. Дауи, нэхъ балигъ хъуа нэужь, Мухьэмэд адэ-анэмрэ адэшхуэ-анэшхуэмрэ зищIысыр къыгурыIуэжащ.
Мухьэмэд и адэ къуэш Мацэ колхоз бригадэм учетчикыу щыIэт. А бригадэм губгъуэ лэжьыгъэхэмкIэ еджакIуэ цIыкIухэр дэIэпыкъурт. Унагъуэхэм къытрахауэ, колхоз лэжьыгъэхэм папщIэ къагъэсэбэп шыдхэр зи щIэщыгъуэ, абы тесыну зи нэ къыхуикI Мухьэмэд цIыкIу щIэлъэIури, гъуэмылэзехьэу къащтащ. «Дыгъуасэ собранэшхуэ тщIати, Iэ IэткIэ, псори дызэдэарэзыуэ, гъуэмылэзехьэу укъыхэтхащ», — жиIэу, Мацэ Мухьэмэд къыщыдэгушыIэм, щIалэ цIыкIум и гуфIэгъуэм гъуни нэзи иIэтэкъым.
1941 гъэ. Колхозым и IутIыж зэмант, гъавэ бэв кърахьэлIэрт, лэжьыгъэр куэдт. Мухьэмэд шыдитIым хутрагъэзэгъа шхыныр мэкъуауэхэм яхуишэрт. Аргъынэхэр Зеикъуэ дыгъапIэм шэмэджкIэ къезыхьэххэм якIэлъыплъурэ, шэджагъуэри къэблэгъащ. Ауэ шэджэгъуашхэм зыри щIэупщIэжакъым парткомым и секретарым къажриIам иужькIэ.
«Зауэ къэхъеящ, жиIащ абы. Нобэр къыздэсым фIы дыдэу сощIэж асыхьэтым абдеж щызэхэтахэм я нэгур. А лIы Iэчлъэчышхуэхэм, джанэ хужьхэр ящыгърэ, я натIэм къекIуа пщIантIэпсыр зэралъэщI бэлътокухэр якIэрыпхэжауэ… Языныкъуэхэр зэщIэгъуагэрт. Сэ схужыIэнукъым асыхьэтым абдеж щытахэр зэрыщыту сцIыхуу, ауэ зи цIэ сщIэхэм я фэр зэрыпыкIари, гузэвэгъуэм зэрызэщIищтари нобэр къыздэсым си нэгум щIэтщ», — Къэрмокъуэм и гукъэкIыжхэм щыщщ мыр.
Мис апхуэдэу зауэм щIидзэри, Мухьэмэд и сабиигъуэ IэфIыр къытеункIыфIащ. Нэхъыжьхэр фронтым кIуа нэужь, колхозыр къызыхуэна ныбжьыщIэхэм яхэтащ Мухьэмэди. Нэмыцэр Зеикъуэ къуажэ дыхьэн и пэ къихуэу, минометкIэ дэуащ. Гъуагъуэрэ щIэфиихьыжу уафэм къех минэм зэпич гъуэгум, фIэхьэлэмэту, кIэлъыплъырт Мухьэмэд. Аракъэ усабиймэ! Шыдхэр къыщызэдагъажэ, сабийхэм я джэгупIэ удзыпцIэм деж щызэхэтт Мухьэмэдрэ и ныбжьэгъу цIыкIухэмрэ. Дзэ плъыжьым и зауэлIхэр къуажэм дахуну нэмыцэхэр къебгъэрыкIуэрт. Фийуэ блэлъэта, зы Iэмыр гуэрым и фIыгъэкIэ къэмыуа топышэм Мухьэмэд бгъэдэлъэдащ. Ар зищIысыр къызыгурымыIуапэ щIалэ цIыкIур мо топышэ къэплъам щеIусэм, и Iэгур щIисыкIащ.
Махуэ гуэрым Мухьэмэдхэ я щIыунэм унагъуиплIым зыщагъэпщкIуауэ щIэст: и адэ шыпхъум и унагъуэр, я пщэкIэ къыщыс унагъуитIыр, езыхэр еплIанэу. УщIэмыкI, Нэху, жиIэурэ, анэшхуэм иубыдыну хэтами, «зыстхьэщIынущ», жиIэри, Мухьэмэд щIыунэм къафIикIащ. КъуажэкIэм къэблэгъа нэмыцэхэм къаутIыпщ топышэхэр къызэрыуэм еплъыну хуейуэ арат. ЩIыунэ бжэ Iупэм пэмыжыжьэу кIарцей къыщытт. А кIарцеймрэ бжэ блыпкъым дэт Мухьэмэдрэ я зэхуакум метритI иримыкъу дэлъми арат. Асыхьэтым топышэр къэлъатэри, щIалэ цIыкIур здэщыт дыдэм деж къыщыуащ… Зы напIэ дэхьеигъуэм кIарцеишхуэр джафэу ириудащ, унэм бжэи, щхьэгъубжи, унащхьи къыхимынэу зэтрикъутащ. ЩIыунэм яхуемыхауэ унэм щIэс адэшхуэр къыщIэжащ. КъыщIэжмэ, пщIантIэр къыпхуэмыцIыхужыну зэхикъутат. Мухьэмэди бжэ блыпкъым дэтыжтэкъым…
«Си натIэм гъащIэ къызэрыритхар абдеж хьэкъыу спхыкIащ. Ди пщIантIэр хьэбэсабэ зыщIа топышэр къыщыуэм абы кърихужьа жьы псынщIэм бжэ блыпкъым сыдидзри, щIыунэм сридзэжат. Апхуэдиз къулейсызыгъэ къытлъигъэсу къэуа Iэщэ гуащIэм и къутахуэм щыщ зы мэскъали къыстехуатэкъым. Ауэ сыщыджалэм зыщIыпIэ сыжьэхэуа къыщIэкIынт, си Iэблэ сэмэгум зы IэпапIэ хуэдиз хъуну лъы щызэхуихусат», — жиIэжырт Мухьэмэд.
Зауэ нэужьым лIыхэм я бжыгъэр фIыуэ хэщIат, гъащIэр и пIэм изыгъэувэжыну зи пщэ къыдэхуа фызабэхэр, лIыжь-фызыжьхэр, ныбжьыщIэхэр зэкъуэувауэ лажьэрт. Къуажэм къыдэнэжа лIыжь зэкъуэтIакъуэхэм щIэблэм лэжьэкIэ ирагъащIэрт, шэмэдж зэралъыр, зэрауIур ирагъэлъагъурт, мыдрейхэри я къарум щысхьыжыртэкъым. Упсэуну улIэмэ, аратэкъэ?!
Адыгэбзэр — си анэдэлъхубзэр
1946 гъэм Налшык къалэ къыщызэIуахащ школ-интернат. Къуажэ школым 10-нэ классым зы мащIэкIэ щIэсыжащ ныбжьыщIэхэр, ауэ егъэджакIуэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, Мухьэмэд и ныбжьэгъу щIалитI щIыгъуу еджапIэм кIуащ. ЩIэныгъэр къызэмэщIэкI щIалэхэр хуабжьу гугъу щехьащ къалэм. Ауэ, уеджэну ухуеймэ, куэдрэт ар, щIалэхэм псори къащтэжащ икIи гъэм и кIэм экзаменхэр хъарзынэ дыдэу ятащ. А еджапIэм и унафэщI Къамбий ХьэматI дежщ къыщежьар Мухьэмэд адыгэбзэмрэ литературэмрэ хуищIа лъагъуныгъэр.
ЩIалэщIэхэр, институтыр къызэраухыу, «Ленин гъуэгу» газетым къащтащ. Зауэм хэта, пхъашэ хъуа, зызыхъуэжа гупым хэхуа Мухьэмэд хуабжьу гугъу ехьащ абы щыгъуэ.
«Газетыр школыфIщ. ГъащIэшхуэ щыIэщ абы. ЦIыхур къэпцIыхунуми, дунейр бгъэунэхунуми, пэж зэхэгъэкIыпIэщ газетыр. Адыгэбзэм ущыхэткIэ, абы ущыхуэлажьэкIэ, уи бзэр нэхъ шэщIа мэхъу, щIэрыщIэу уи гущIэм къыщоуш. Утхэнуми, уи бзэр нэхъри шэрыуэ ещI, ауэ зэманышхуэ ешх абы. Нэхъ пасэIуэу тхэн щIэздзэну къыщIэкIынт, газетымрэ радиомрэ си гъащIэм щыщ Iыхьэшхуэ сфIамыгъэкIуэсатэмэ. Илъэс 30-м сынэблэгъэхукIэ зы тхылъ къысхудэгъэкIакъым, ауэ рассказхэр стхыуэ, зыгуэрхэр къытрадзэу, радиом къат щыхъум, тхылъ тедзапIэм къыщызжаIащ тхылъ къыдэзгъэкI зэрыхъунур. Апхуэдэу дунейм къытехьащ «Бахъсэн уэр» жыхуиIэ тхылъыр. Абы сборникищ къыкIэлъыкIуащ. КIэщIу жыпIэмэ, упсэлъэну ущыхуимытым щыгъуэ, колхозым и зэхэтыкIэри, унафэщIхэм зэрахьа Iуэху бзаджэхэри, цIыхум я фэм дахари, псори къыщызгъэлъэгъуэжауэ арат си тхылъхэм», — жиIэрт Къармокъуэм.
ГъащIэ щIэншэр
Къармокъуэ Мухьэмэд и творчествэр – лъагъуныгъэ щхьэхуэщ. Абы и тхыгъэхэр гъэнщIащ ГъащIэкIэ. Махуэ къэс ди нэгу щIэкI щыIэкIэ-псэукIэм лъабжьэ хуэхъуж къэхъукъащIэ телъыджэхэмкIэ дунейр зэрызэхэухуэнам дыхэзыгъаплъэ тхакIуэм езым, дауи, мащIэкъым и нэгу щIэкIар. Апхуэдэу, Мухьэмэд и щхьэгъусэ Аслъижан къызэришамрэ а тIум я зэхущытыкIэ дахэмрэ гулъытэншэ пщIыныр щIэщхъушхуэщ. Мухьэмэдрэ Аслъижанрэ щызэрыгъуэтам дэтхэнэми унагъуэ гъащIэр ягъэунэхуауэ, сабийм и IэфIыр ящIэу апхуэдэт. Аслъижан и щхьэгъусэр пасэу дунейм ехыжарэ, зы къуэ къыхуэнауэ, и бын закъуэр ипIыжу псэурт. Мухьэмэд и Iуэхур нэхъ гугъут – абы быниплI къыхуэнэри, фIыщэу илъагъуу щыта и щхьэгъусэфIыр уахътыншэу дунейм ехыжауэ апхуэдэт.
«ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым сэ а зэманым сшэчар. Си гъащIэ псом слъэгъуа гугъуехьыр сщигъэгъупщэжат абы. Хуабжьу къызэхьэлъэкIат фIыуэ слъагъу цIыхур щысIэщIэкIам… Дэ бынищ диIэт, еплIанэр дунейм къытехьа нэужь, си щхьэгъусэм лъхугъэр хуабжьу къехьэлъэкIати, ар уз хуэхъури, къахуегъэлакъым. Дэ зэи дытхьэмыщкIатэкъым икIи дымэжэлIатэкъым, ауэ щыуэндэгъуам щIыIэ хыхьэри, абы уз хихауэ арат. Апхуэдэу, илъэс тIощIым нэскIэ дызэдэпсэуауэ, си щхьэгъусэр дунейм ехыжри, быниплI сIэщIэлъу сыкъэнат. Сэ езым къуэшитIрэ шыпхъуищрэ сиIэщ, быным сранэхъыжьщ. Си щхьэгъусэм япэ къихуэу си анэри дунейм ехыжат. Ар схуэмыгъэвурэ си щхьэгъусэр къытехъуэжати, нэхъри си лъэр щIигъэхурт. Дауи, сабийхэм анэ къащхьэщытын хуейт, цIыхубз унагъуэм щисымрэ щимысымрэ зыкъым.
Аслъижан и щхьэгъусэр щхьэщыукIуриикIауэ и бын цIыкIур ипIыжу Тырныауз дэст. Сытегушхухуэри, къэсшат икIи зэи сыхущIегъэужакъым!», — пыгуфIыкIырт Мухьэмэд, игу къыщигъэкIыжкIэ.
Быным я пIыгъуэу, къегъэшэн-егъэшэныр къапэщылъу, гъащIэм зэгъусэу теуващ ахэр. Быних зэдатпIащ, Мухьэмэдрэ Аслъижанрэ зы хъыджэбзи зэдагъуэтыжат.
«Сыкъыщашам, пщэдджыжьым нэху дыкъекIри, сабийхэр зыщIэлъымкIэ сыщIыхьащ, сэ си щIалэ цIыкIур си дыщым щыIэт, иужькIэ нэтшэжынщ жаIэри, къагъэнауэ. Пэшым сыщIыхьэмэ, зи анэ зытелIыкIа щIалIэ цIыкIур хъыджэбз нэхъыжьым и гупэ хэлъу жейт. Сыщхьэщыхьэри и нэкIу цIыкIум седэхэщIащ. Асыхьэту къызэщыури, къысхудэплъеящ. Хъыджэбзми «еплъыт, мамэ къэкIуэжащ» щыжиIэм, «мамэ» жиIэри, си пщэ зыкъридзащ сабийм. Сэри къасщтэщ, IэплIэ хуэсщIри, щIэсхащ, тIэкIурэ къесхьэкIщ, си дамащхьэм тежеихьри, згъэгъуэлъыжащ. ПщэфIапIэм сыщыщIыхьам Iейуэ сыгъат. СщIэтэкъым, моуэ, си гупсысэхэмрэ си гум щыщIэхэмрэ зэхэзэрыхьауэ, зы хьэлъэмэт гуэру сызэрыщытыр. ЗанщIэу фIыуэ слъэгъуат а цIыкIухэр.
ТIуми ди Iэр зы махуэ едмыхьэхыу дылэжьащ, ди сабийхэр унагъуэу дгъэтIысыжащ, ди гур зэгъауэ допсэу. Пэжщ, гугъу дехьащ, куэди тшэчащ, ауэ аращ гъащIэ жыхуаIэжыр. Уи натIэм къызэрыритхэщ, къызэрыпхуигъэфащэщ.
Езы Мухьэмэд цIыху щабэт, набдзэгубдзаплъэт… Творчествэм епха цIыхум удэпсэуну, удекIуэкIыну гугъущ, абы и дунейр уэри псэкIэ зыхыумыщIэмэ. Иджыпсту абыхэм утепсэлъыхьыжыну тыншщ, ауэ зэман гугъут ар. Нэхъыщхьэращи, Мухьэмэд сэрэ зыр зым къыгурыIуэу, нэмыс ди унагъуэм илъу дыкъэгъуэгурыкIуащ. Нэмыс здэщыIэми насып щыIэщ. Ар пэжщ», — жеIэ Аслъижан.
Телъыджащэт Мухьэмэд гъащIэм и мыхьэнэм теухуауэ гупсысэу укIэлъыплъыну.
«Сэ къызгурыIуар зыщ – гъащIэм и мыхьэнэр сыт жыпIэу, а упщIэм уеныкъуэкъу хъунукъым. Илъэс мелард бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, дыщыпсэу дунейр къэунэхуауэ щытащ. А зэманым къекIуэкIа Iуэхугъуэ псоми цIыхур ЩIым къытехъуэным хуишащ щIыуэпсыр. ГъащIэр Iэджэрэ кIуэдыжурэ, къэунэхужащ, иджыри къутэжынкIэ хъунущ. Ауэрэ цIыхухэр къэунэхуащ, Iэмыр псом я щхьэжыр. Дэ сытри тхуощIэ, дэ нэхърэ нэхъ лъэщ Iэджи щыIэщ, ауэ дэ тхуэдэ къигъэщIакъым. ЦIыхур къызыхэкI ткIуэпсым къыщыхэкIкIэ, апхуэдэ псэ Iэджэ дунейм къытемыхьауэ мэкIуэдыж. Псэ хъур зи насып кърихьэкIарауэ къыщIэкIынщ. Апхуэдэу уегупсысмэ, си насыпщ дунейм сыкъызэрытехьа къудеймкIэ», — жиIэри, и нэр жыжьэ гуэрым хэплъызауэ щытащ Мухьэмэд иужь дыдэу сыщыхуэзам.