Къэшэж ТIалиб и вагъуэ

Къэшэж ТIалиб зи IуэхущIафэкIэ щэджащэу, адыгэ узэщIакIуэщ, зи гъащIи, зи гуащIи цIыхум щIэныгъэ егъэгъуэтыным хуэзунэтIа егъэджакIуэщ. Къэшэжым и зэфIэкIым къихьар зы цIыху гъащIэм къитIэсэфыныр фIэщщIыгъуейуэ къыпщохъу, ар зыхэпсэукIа лъэхъэнэр къэплъытэмэ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къэбэрдей адыгэхэм сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ ямыгъуэтами, абыхэм Къэшэжым и Iэужь хэмыту къэнакъым – и акъыл нэхумкIэ хэлIыфIыхьащ, и гъэсэн къомымкIи къыхэуващ.
Дэпхуэдэу мыхъуами, Къэшэж ТIалиб и гъащIэри и щIэинри икIэ нэсу, арэзы удэхъуу джа хъуакъым. Аращ щхьэусыгъуэ хуэхъуар ТIалиб и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ зэтемыхуэу упщIэ куэд къыщIыхэкIым. ТIалиб теухуауэ зыгуэр дыщыгъуэзэххэмэ, ар зи фIыщIэр ди щIэныгъэрылажьэм я лэжьыгъэхэрщ. Къэрал архивым къыхэна дэфтэрхэмрэ, псэуху езым къытригъэдза тхыгъэхэмрэ я тегъэщIапIэу, ар зыдэса жылэм щыжаIэжхэри къыхэлъытэжауэ, зэхуахьэсыжащ Къэшэжым и щIэиныр, нэхъ тэмэмыIуэу жыпIэмэ, и щIэиным щыщу къэнэжар. А къэнэжам щыщу шэч къызытумыхьэжыну Iуэхугъуэхэрщ зи гугъу тщIынури.
ТIалиб Къэшэжхэ Псэбыдэрэ Быхуэрэ я унагъуэ къихъуа сабииблым я нэхъыжьт. Псэбыдэр цIыху губзыгъэти, езым зыхищIыкI псори я бынхэм зэрыхилъхьэным иужь итащ. ЩIэныгъэм гу хуэзыщIа и къуэ пажэм пэрымыуэу иригъэджащ. Къуажэ мыдрисэр япэ лъэбакъуэти, къыкIэлъыкIуэу, чыристан диныр зи лъабжьэу Псыхуабэ дэта школхэм языхэзым щIэтIысхьащ. А еджапIэми фIы дыдэу щеджауэ яIуэтэж ТIалиб. Иужьым, щIэныгъэм и мыхьэнэр къызыгурыIуэ Псэбыдэ, и къуэ нэхъыжьыр егъакIуэ Псыхуабэ дэт прогимназием.
А лъэхъэнэм Лопатинскэм игъэхьэзырурэ Тифлис къыщыдигъэкIырт Кавказым ис лъэпкъхэмрэ ахэм я щIыналъэмрэ теухуа тхыгъэхэр. НэIуасэ къыхуэхъуа ТIалиб и адэ Псэбыдэ къыхуиIуэтэжауэ зыщыгъуазэ хъыбархэм щыщ зыбжанэ етхыжри къыдегъэкI Лопатинскэм. СМОМПК-м и къыдэкIыгъуитIым ихуащ тхыдэр, IуэрыIуатэр зи лъабжьэ тхыгъэхэр.
Лопатинскэм къэбэрдей грамматикэ кIэщIымрэ абы и гуэдзэ псалъалъэмрэ щитхым хуабжьу сэбэп къыхуэхъуауэ щытащ Тэмбий Пагуэрэ Къэшэж ТIалибрэ. Ахэм я фIыщIэ имыгъэкIуэду я цIэ къыщриIуауэ щытащ грамматикэм хуитха псалъэпэм. Псыхуабэ дэт гимназием иужькIэ еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьэн мурадкIэ Къэшэжыр кIуауэ щытащ Бытырбыху. Мис абдеж къыщыщIэдзауэ ТIалиб теухуауэ ятхыжхэр зэщхьэщокI. Хэти ТIалиб еджапIэм щIэмытIысхьэфауэ етх, хэти Бытырбыху дэт император университетыр къиухауэ къелъытэ, тIум щыгъуэми, абы щыхьэт техъуэн дэфтэр къэнакъым.
Бытырбыху университетыр къимыухами, абы щыщыIа лъэхъэнэм — I896 гъэм «Санкт-Петербургские ведомости» газетым къытехуащ кавказым щыпсэу лъэпкъхэм зэрахьэ фащэм теухуауэ ТIалиб и тхыгъэшхуэ. Ар къэзыгъуэтыжауэ щытари Къумыкъу Рашадщ.
Бытырбыху къикIыжыу зи унэ екIуэлIэжа ТIалиб къуажэдэсхэр къыщыгуфIыкIащ, жылэм сэбэп зэрахуэхъумкIи къуажэдэсхэм я деж пщIэшхуэ къыщилэжьащ. ТIалиб къигъэщIэхъуакъым ахэр: псэуху захуэм и телъхьэу, пэжыр пхигъэкIын папщIэ, фэжагъуэрыхь хъуми, лъэкI къимыгъанэу къекIуэкIащ. Абы щыхьэт техъуэ дэфтэр куэд къыхэнащ къэрал архивым.
1899 гъэм Къэшэж ТIалиб тэрмэшу Налшык дэта судым уващ. А лэжьыгъэм къыдэкIуэу этнографие и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэу «Хьэнцэгуащэ» жыхуиIэр къытрыригъэдзащ «Этнографическое обозрение» журналым. Абы къыкIэлъыкIуащ «Къэбэрдей адыгэхэм я хьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэхэр» зэрыдахым теухуа статьяр. А лэжьыгъэхэр уасэ зимыIэт, сыту жыпIэмэ, нэхъапэIуэкIэ ямытхыжа куэд яхэтт, дауэдапщэхэр ипэм щыщIэдзауэ, икIэм нэс зэрырагъэкIуэкI щIыкIэр къиIуатэрт.
1901 гъэм лъэпкъ училищэхэм я унафэщIу Тэрч щIыналъэм щыIам Къармэхьэблэ пэщIэдзэ еджапIэ къыщызэIуахыну хуит ищIащ. А унафэм тету еджапIэр нащIысащ 1904. Илъэс дэкIри, къэпщытакIуэ папщIэу еджапIэм яхуеблэгъа инспекторым итхыжауэ щытащ ТIалиб ехъулIэныгъэ дилъэгъуахэр – щIалэ цIыкIуи хъыджэбз цIыкIуи зэхэсу зэреджэр, псори зэхэту еджакIуэхэр цIыху 63-рэ зэрыхъур, урысыбзэр хъарзынэу зэрызэрагъащIэр, гъэсэныгъи Къэшэжым зэрахилъхьэр.
Хъыджэбз цIыкIуи щIалэ цIыкIуи зэхэсу ебгъэджэн жыхуэпIэр а лъэхъэнэм цIыхум я дуней еплъыкIэ теухуауэ къемызэгъхэм ящыщт, ауэ ТIалиб апхуэдизкIэ пщIэрэ Iулыджрэ щиIэт щалъхуа къуажэми, Къэшэжым и дзыхь кърагъэзри, хъыджэбз цIыкIуий яутIыпщащ еджапIэм. Ауэ, гъэщIэгъуэныракъэ, хуэм-хуэмурэ нэхъ мащIэ хъум-хъууэрэ, иужьым еджапIэри зэхуащIыжащ, «ягъэлэжьэн папщIэ хуэфэщэн мылъку зэракъуэмылъым къыхэкIыу». 1904 гъэм ежьа Iуэхур илъэситI къуэдейщ зэрекIуэкIар! КъызэрыщIэкIамкIэ, а лъэхъэнэм цIыхум яIа дуней еплъыкIэм, псэукIэм нэхъ пэгъуэнэгъур мыдрисэрат.
ТIалиб къэрал хабзэхэм фIыуэ зэрыхищIыкIым, захуэм и телъхьэу зэрыщытыр къалъытэри, 1906 гъэм цIыхубэм я лIыкIуэу япэ Къэрал Думэм хэтын хуейуэ къагъэлъэгъуат. Япэ щIыкIэ къуажэ унафэр тетхэм пхагъэкIауэ щытакъым ар. Ауэ, а гъэ дыдэм екIуэкIа къуажэ зэхыхьэм щагъэлъэгъуауэ щытащ Къэшэж ТIалибрэ Думэн Елмырзэрэ Къармэхьэблэ къуажэм къыбгъэдэкIыу Къэбэрдейм и лIыкIуэу Думэм ягъэкIуэну.
Къэрал Думэм лIыкIуэ папщIэу бгъакIуэ хъуну къэбэрдей къуажэхэм къагъэлъэгъуа цIыхуищэрэ хыщIым яхэдэри Къашэж ТIалибрэ Абзууан Тыгъуэнрэ къыхахауэ щытащ. Абы къегъэлъагъуэ ТIалиб а лъэхъэнэм хуабжьу цIэрыIуэу зэрыщытар.
1910 гъэм Къэшэж ТIалиб къуажэ унафэщIу хахауэ щытащ, ауэ, сыт и щхьэусыгъуэми, тетыгъуэр илъэсищ пIалъэти, абы намыгъэсу трагъэкIащ. Илъэс иримыкъущ а къулыкъур зэрырихьэкIар. Ауэ I9I5 гъэм къуажэдэсхэм я лъэIукIэ Къэшэжыр къуажэ унафэщIу хахат аргуэру.
Лъэпкъ Iуэхум хэша хъуа ТIалиб иджы зытетхыхьыр — жылагъуэ Iуэхухэр зэрызрахьэрт. «ЩIэныгъэншагъэращ мыхъумыщIагъэу щыIэр къызыхэкIыр», – абы шэч къытримыхьэу, дэни щыжиIэрт Къэшэжым.
Къэшэж ТIалиб и цIэр нэхъыбэу узэщIакIуэ, егъэджакIуэ къалэным хуахь щхьэкIэ, зэрыхьзэрийуэ къекIуэкI жылагъуэ Iуэху куэдым хэмыту хъуакъым. Апхуэдэу, Къалмыкъ БетIал къызэригъэпэщауэ щыта Къэрэхьэлъкъ зэгухьэныгъэм Къашэж ТIалиб хэтащ. ЗыплъыхьакIуэ хуэдэу ди щIыналъэ мызэ-мытIэу къихьа революционер Киров Сергейри и цIыхугъэт.
Октябрь Революцэ нэужьым къэралыр жыджэру иужь ихьащ цIыхум щIэныгъэ етыным. Зыр адрейм къыкIэлыкIуэу курыт еджапIэхэр къызэIуахыу яублащ. 1920 гъэм Къармэхьэблэ къыщызэIуаха еджапIэм и унафэщI хъуащ Къэшэж ТIалиб. Абы икIи адыгэбзэмрэ урсыбызэмрэ щригъаджэрт. Иригъэджари сабийхэм я закъуэтэкъым. БалигъыпIэ иувауэ еджэн гукъыдэж зыщIа дэтхэнэ зыми диIыгъащ я хъуэпсапIэр. 1923 гъэм еджапIэм цIыху 45-рэ щеджэрт, къыкIэлъыкIуэ илъэсым школым къекIуалIэхэр тIукIэ нэхъыбэ хъуащ. ШколыщIэ къэунэхуахэм я пщIэ къыщыдэуеяр лъэпкъ мащIэхэм я бзэр Iэмал имыIэу яджыжын хуейуэ унафэ къыщащтам щыгъуэщ.
1922 гъэм къэунэхуагъэщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ округым щекIуэкI Iуэхугъуэ псоми жыджэру хэтащ Къэшэж ТIалиб. КъищынэмыщIауэ, сабийр егъэджэным пыщIа гугъуехьхэм теухуауэ Налшык къыщыдагъэкI газетым хуэтхэрт ар.
Еджэну хуейм я бжыгъэр хэхъуэ зэпытт. Абы къыхэкIыу, 1926 гъэм гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу ещанэ курыт еджапIэ къыщызэIуах Къармэхьэблэ. Абыи и унафэщI хъуащ Къашэж ТIалиб. Хьэгъундокъуэ Зураб, Елмэсхъан и адэм къыщIэна унэм нэхъ иныIуэ жылэм дэтакъым. Езыри хэкум икIыжагъэххэти, Хьэгъундокъуэхэ я унэр къуажэ еджапIэ ящIыжауэ щытащ. Архивым къыхэнауэ хэлъщ школым и лэжьэкIэр къапщытэну кIуа коммисэм хэта инспектор Комаровымрэ Шэрумрэ ятхыжа отчётыр. Абы зэритымкIэ, еджакIуэу 32-рэ къекIуалIэрт школым, цIыху 40-м яхурикъун партэ яIэт.
НобэкIэ, дызэрыщыгъуазэщи, щыIэжкъым ТIалиб и уни, щригъэджа еджапIи. Уеблэмэ и лъапсэр къызыхуигъэнэн быни къыщIэнакъым абы. И бын хуищIэфын хуэдиз яхуищIащ иригъэджахэм. А Iуэхум щIэныгъэрэ зэхэщIыкIыу бгъэдэлъар тригъэлэжьащ. 1931 гъэ пщIондэ… Псыхуабэ щыIэу, газет еджэу здэщысым зэуэзэпсу и гур зэгуэудащ. Инфаркт. Къармэхьэблэ къашэжри щыщIалъхьэжащ.
Къэшэжым и япэIуэкIэ лъэпкъыр узэщIыным зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIахэм хуэдэу ТIалиби и цIэр къэнащ. Пэжщ, фэеплъ сын хуамыгъэувами, и цIэкIэ уэрам щыIэщ щалъхуа къуажэми Налшыки.