/

КIуэкIуэхэ я налмэс нэчыхь

Илъэс блэкIам Бахъсэн щIыналъэ щаIэта, щрагъэкIуэкIа дауэдапщэхэм ящыщу нэхъ гукъинэу къалъытар мэзаем и 5-м КIуэкIуэхэ СэIэдулэрэ ФатIимэрэ я унагъуэр илъэс 60 зэрырикъур зэрагъэлъэпIарщ.
Абы ирихьэлIэу Бахъсэн ЗАГС-м и унафэщI Жылау Аминэ, «Бахъсэн» газетым и редактор нэхъыщхьэ Балъкъыз Аминат, абы и къуэдзэ Абазэ Дусенэ, КПРФ-м и Бахъсэн къудамэм и секретарь Бэрэгъун Аминэ сымэ КIуэкIуэхэ я унагъуэм щыIат, иужькIи Абазэм абы теухуауэ тхыгъэшхуэ итхыжащ.
Дызэрыщыгъуазэщи, 2024 гъэр «Унагъуэм и илъэсу» екIуэкIащ. ИкIи абы ипкъ иткIэ, Жылау Аминэ жьэгу мафIэ мыужьыхым и дамыгъэр ЩIыхь тхылъым и гъусэу тыгъэ яхуищIащ зэщхьэгъуситIым, мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ захуигъэзащ:
— Хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, зи жьэгу мафIэр мыужьых унагъуэ лъэщым фрихъумакIуэщи, фи Iэнэгум берычэтыр щытепщэу, гъащIэм абы и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи гукъыдэжыр мыкIуэду, фызэкъуэту, мы дуней дахэм фытемызашэу иджыри куэдрэ фыпсэуну ди гуапэщ. Фи пщIэр лъагэу илъэс 60 хъуауэ фыкъызэдогъуэгурыкIуэри, псэр зыщIэхъуэпс фIыгъуэмкIэ Тхьэр къыфхуэупсэну дынывохъуэхъу.
КПРФ-м и Бахъсэн къудамэр зезыхьэ Бэрэгъун Аминэ зи сабиигъуэр зауэ заманым хиубыда СэIэдулэ партым къыбгъэдэкIыу «Зауэм и сабийхэр» медалыр и бгъэм хилъхьащ.
Езы зэщхьэгъусэхэми, къахуэкIуа хьэщIэхэм къыхуащIа пщIэм къыпэджэжу, псалъэ гуапэ куэд жаIащ.
СэIэдулэ илъэситI хъуатэкъым и адэ Iэзэмэтджэрий Хэку зауэшхуэм щыIухьам. Абы къигъэзэжакъым, и псэр Хэкум папщIэ итащ. Фызабэу къэна цIыхубзыр и дыщым яшэжат и сабий закъуэр и гъусэу. Нэхъ балигъ хъухукIэ СэIэдулэ зыхищIэрт къызыхэкIа лъэпкъым зэрыхэмысыр. Хьэблэ щIалэ цIыкIухэми, зэгуэркIэ зэщыхьамэ, псалъэ гуауэр къраутIыпщырт: «Уэ КIэнэтхэкъым узейр», — жаIэу. Абы и гум щыщIэр КIуэкIуэ Мухьэмэд къыщищIэм, зауэм хэкIуэда и къуэшым и къуэ закъуэр лъэпкъым къыхишэжыну мурад ещI. Езыхэр щыпсэу хьэблэм пэIэщIэми, узыщIэс хъун унэ иту щIапIэ къыхуещэхури, и анэр щIыгъуу егъэтIысыж. Зэман дэкIауэ КIуэкIуэ лъэпкъым пэгъунэгъуу лъапсэ ящэжу щызэхахым, КIуэкIуэ Мухьэмэдрэ и анэ дэлъху КIэнэт Уэсмэнрэ къадоIэпыкъури, нобэ зэрыс лъапсэр къащэху.
– Нобэр къыздэсым си щхьэгъусэ ФатIими ди бынхэри тхьэм долъэIу а цIыхухъуитIым къысхуащIар бэгъуауэ АхърэткIэ ягъуэтыжыну. Сыпсэуху сщыгъупщэнукъым сэ ар, – игу къегъэкIыж СэIэдулэ.
Зауэ нэужьыр зэман гугъут. Анэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъун мурадкIэ, илъэс 14-м иту колхоз танэхэр игъэхъуу лэжьэн щIидзащ СэIэдулэ. Сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфу къэтэджа щIалэр псэемыблэжу илъэс щэныкъуэм нэблагъэкIэ щылэжьащ колхозым. И Iуэху бгъэдэтыкIэм, и лэжьыгъэм теухуауэ СэIэдулэ щытхъу тхылъ куэд къыхуагъэфэщащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ игу къинэжауэ къеIуатэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщI Мэлбахъуэ Тимборэ Дыгублыгъуей колхозым къыщыкIуам къыхуигъэфэщауэ щыта саугъэтыр.
– ИлъэситI хъуауэ сылажьэу арат колхоз председателым и отчётым си цIэр фIыкIэ къыщыхигъэщам: «КIэлъыплъыну кърата танэ щхьэ бжыгъэр илъэситIым и кIуэцIкIэ кIэрыху имыIэу къигъэхъуащ КIуэкIуэ СэIэдулэ». Мэлбахъуэр колхозхэтхэм псалъэкIэ захуигъзэну псэлъапIэм къыщытеувэм, мыпхуэдэу жиIэгъащ: – И ныбжькIэ щIалэми, зэфIэкI иIэщ. Псэемыблэжу лэжьыгъэм пэрыт щIалэщIэм и ехъулIэныгъэм пэкIуэу, сэ къызбгъэдэкIыу зы танэ тыгъэ хузощI». Ар си гум IэфIу къинэжащ нобэр къыздэсым, — жеIэ КIуэкIуэм.
Дыгулыбгъуей щIалэр Къулъкъужын дэс и адэ шыпхъум деж щыIэу, школым кIуэ ФатIимэр елъагъу икIи гухэлъ къабзэ хуещI. СэIэдулэ тетIысхьакъым и жейр щIыфIэкIуэда пщащэр зыIэригъэхьэху. Е-I0-нэ классым щеджэ ФатIимэ дэкIуэн Iуэхуи зэрихуэтэкъым. Ар фIыуэ еджэти, школыр къиухмэ IэщIагъэ зэригъэгъуэтыну и мурадт. Ауэ нэхъыжь унафэкIэ СэIэдулэрэ ФатIимэрэ я нэсыпыр зы мэхъу.
— «КIуэкIуэхэ сакъыщыхыхьам СэIэдулэ фермэм щылажьэрт. Сэ слъагъут ар гугъу зэрехьыр. Нэхъ лэжьыгъэ къабзэ, тынш игъэзэщIэну сыщIэхъуэпст. ИкIи си лъэIум зыкъыдещIри, СэIэдулэ мехшколым щIотIысхьэ, шофёру йоджэ. Сэри, ар еджэхукIэ, тшхын нэхъ мыхъуми къэзлэжьынщ, жызори, абдж тхьэщIу консерв заводым соув»,- игу къегъэкIыж ФатIимэ. Еджэн мурадым сиIыгъти, а илъэсым сызыдеджахэм я гъусэу экстерну экзаменхэр сотри, аттестатыр зыIэрызогъэхьэж. Сызэрылажьэри сыщылажьэри игу нэстэкъым си гуащэ Лидэ. Сыт хуэдэ IуэхукIи чэнджэщэгъу ищIыр лъэпкъым я нэхъыжь Мухьэмэдти, и гукъеуэр хуеIуатэ. Абы и псалъэкIэ езанэкурыт еджапIэм (нобэ ебланэм) пионервожатэу сагъакIуэ. Сылажьэурэ педучилищэри къэзоухыжри, пэщIэдзэ классхэр езгъэджэн щIызодзэ, илъэс пщы-кIутхукIэ егъэджакIуэу солажьэ, – игу къегъэкIыж ФатIимэ.
Адыгэхэм хабзэфIу къадекIуэкIхэм ящыщщ жьы хъуа адэ-анэм бынхэр кIэлъыплъын зэрыхуейр. Апхуэдэу жэуаплыныгъэр яхэлъу бын къалэныр ягъэзэщIащ СэIэдулэрэ ФэтIимэрэ. Сымаджэ хъуа и гуащэм кIэлъыплъыну, ар зыхуей хуигъэзэну ФатIимэ егъэджакIуэ лэжьыгъэр IэщIыб ищIащ.
КIуэкIуэ унэцIэр зымыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм ису къыщIэкIынкъым. Ар зи фIыщIэр лъэпкъым и щIыхьыр лъагэу зыIэта и цIыхухэрщ. СэIэдулэрэ ФатIимэрэ абыхэм ящыщщ – лъэпкъым и нэмысыр яIыгъыу зэдопсэу. Илъэс 60-м къриубыдэу зэщхьэгъуситIым гугъуехь куэд я гъащIэ гъуэгум щалъэгъуащ. Я зэхущытыкIэр абы нэхъри имыгъэбыдамэ, нэхъ махэ хъуакъым. Зыр адрейм щIэгъэкъуэн хуэхъуу сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтахэщ.
СэIэдулэрэ ФатIимэрэ быниплI зэдапIащ – щIалищрэ зы хъыджэбзрэ. ЦIыхур сыт хуэдэ ныбжьым имытми абы далъагъу хьэл-щэнхэр (ахэр гурыхьми мыгурыхьми) зи фIыщIэу е зи ягъэу ялъытэр адэ-анэращ. ЗэхущытыкIэ дахэ, зэгурыIуэныгъэ, нэмыс, хабзэщхуэ щытепщэ унагъуэм гъэсэныгъэ дахэу я бынхэм халъхьар, шэч хэмылъу, ядыболъагъу я къуэрылъху-пхъурылъхухэм. Апхуэдэ щытыкIэ дахэхэм щIапIыкIа бынхэми унагъуэ быдэ яухуауэ насыпыфIэу мэпсэу, я къуэхэу Анзор, Мухьэрбий, Алберд – хьэрычэтыщIэхэщ, Майе пщафIэщ. Къуэрылъху-пхъурылъхуу хы яIэщ. Абыхэм ирогушхуэ СэIэдулэрэ ФатIимэрэ, икIи зырызыххэу я цIэ къраIуэ:
– Эльдар Саратов дэт юридическэ академиер къиухащ, армэм къулыкъу щищIащ, иджы лэжьыгъэм поплъэ;
– Астемыр, юридическэр къиухауэ мэлажьэ;
– Алихъан МГУ-м и экономикэ къудамэмрэ абы и магистратурэмрэ къиухащ. Аспирантурэм щIэсщ;
– Алинэ МГУ-м и юридическэ къудамэм е-2-нэ курсым щIэсщ;
– Марат е-9-нэ классым фIы дыдэу щоджэ. Налшык дэт «Детская академия творчества «Солнечный город» лицейм щIэсщ;
– Элинэ Налшык и курыт еджапIэ №14-м фIы дыдэу щеджэхэм ящыщщ
– Дыжьыщхьэмахуэщ дэ, – жеIэ ФатIимэ. – Ди бынхэм дакIэлыплъащ, абыхэм яхуэтщIар зыхащIыкIащ. Бынхэм къытхуаIэ лъагъуныгъэр, къытхуащI пщIэр махуэ къэс зыхыдощIэ. Къуэрылъху-пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм дыщогуфIыкI. Си нысэхэри дыщэм хуэдэщ. Унагъуэ хъарзынэ къыхэкIахэщ, гъэсэныгъэ дахэ ябгъэдэлъщ. Унагъуэм я гур етауэ, быным ятеубгъуауэ, я щхьэгъусэхэм я нэмысыр яIыгъыу, дэ нэхъыжьытIми ди пщIэр яIэту мэпсэухэри, Тхьэм иригъэфIакIуэ. Ахэр зыгъэса адэ-анэхэми сытым дежи сахуохъуахъуэ. ЦIыхум фIы ищIар зэикI кIуэдынукъым. Сэ си гуащэм кIэлъызесхьа пщIэр, нэмысыр си нысэхэм деж щызогъуэтыж.
– Сыт хуэдэ гугъуехь Алыхьышхуэм цIыхум тримылъхьэми, зы насып гуэр зримытыж, зымыIуэтэж щыIэкъым. Си адэр зауэм хэкIуадэу, къуэши щыпхъуи симыIэу си анэм сыкъыщыхуэнэми, ФатIимэ щхьэгъусэу къызэрызитамкIэ ди Тхьэшхуэм фIыщIэ хузощI, — къеIуатэ СэIэдулэ и гухэлъыр.
– Сэ гъащIэм дерс къыхэсхащ икIи абы теухуауэ жысIэну сыхуейщ, унагъуэ ихьэу гугъуехь гуэр зымышэч зыри зэрыщымыIэр. НыбжьыщIэхэм ар хьэкъ ящырехъу. ШыIэныгъэ зыхэвгъэлъ. Япэ вгъуэта насыпыр фхъумэ. ФепсынщIэкIыу губжькIэ унафэ фымыщI. «ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ», – жиIэгъащ пасэрейм. Сыт хуэдэ гугъуехьми кIэух иIэщ. Насыпышхуэщ адэ-анэм быныр зэдапIыжмэ. Сабийр анэм и гъусэмэ – адэншэщ, адэм и гъусэмэ — анэншэщ. Псом япэр сабийхэращи, абыхэм я гур фхъумэ, — жеIэ унэгуащэм щIалэгъуалэм захуигъазэу.