Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инэрыкъуей, Къэншыуей, Ислъэмей жылагъуэхэм я щIыпIэцIэхэр зыхуехьэсыж адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Хьэрэдурэ Хьэсэн ипхъу Эммэ. Анэдэлъхубзэм гурэ псэкIэ хуэпэжу нобэм къэса егъэджакIуэ пажэм щIэблэм папщIэ зэфIих лэжьыгъэшхуэм и закъуэкъым и цIэмрэ щIыхьымрэ лъагэу зыIэтыр.
Ислъэмей жылагъуэм щалъхуащ Эммэ. 1980 гъэм къуажэ курыт еджапIэр къиухри, абы зригъэгъуэтащ режиссёр IэщIагъэр. Училище нэужьым Хьэрэдурэм зригъэгъуэтыжащ бзэ щIэныгъэхэмкIэ IэщIагъэ нэхъыщхьэ – 1998 гъэм абы къеух Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и къудамэр. Эммэ и егъэджакIуэ гъуэгуанэм щызэригъэгъуэта ехъулIэныгъэхэмрэ щIэблэ ябгъэдилъхьа щIэныгъэмрэ папщIэ ар мызэ-мытIэу КъБР-м, УФ-м я щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ.
— ЦIыху къэс зэрысабийрэ гъащIэм щиIэщ щIы кIапэ, зыпищI, зыхуигъадэ щымыIэу. Ар цIыхур къыщалъхуа, щапIа, балигъыпIэ щиува щIыналъэрщ. Дэнэ щIыпIэ щымыIами, цIыхум и гум илъщ ар, аращ ХэкукIэ зэджэжри. Хэкум цIыхум хуиIэ лъагъуныгъэр, псом япэрауэ, къыщожьэ къыдалъхуахэм, къэзылъхуахэм, къуажэдэсхэм, нэхъыжьхэм хуиIэ пщIэм, езым зэрихьэ хабзэ – нэмысым, щалъхуа и щIыпIэр зэрицIыхум, абы и тхыдэм зэрыщыгъуазэм. ЦIыхур щысабийм а псом куууэ егупсысыркъым, ауэ балигъ хъууэ хуежьа нэужь къилъыхъуэу, щIэупщIэу щIедзэ къыздикIамрэ къызыхэкIамрэ. Абдежу къыщIэкIынущ къыщалъхуа щIыпIэм цIыхум и гъащIэм щиIэ мыхьэнэ куур зыхищIэу щыщIидзэр, икIи упщIэ куэд и пащхьэм къоувэ. Сыту пIэрэ си къуажэм мыпхуэдэ фIэщыгъэцIэ щIиIэр е сыщыпсэу уэрамым лIыхъужь гуэрым и цIэ щIызэрихьэр, е губгъуэхэм, мэзхэм, Iуащхьэ гуэрхэм езым ейуэ цIэхэр щIаIэр? А псом уегупсыса иужь, къыбгуроIуэж гъащIэр уи нэгу къызэрыпхущIэмыгъэувэнур цIыхубэр щыпсэу, щыпсэуа щIыпIэхэм я фIэщыгъэцIэр, ар къыздикIар хэмыту. Абы ипкъ иткIэ, дэнэкIэ дгъазэми ахэр ди нэгу щIэту, я тхыдэм, абыхэм теухуа хъыбархэм дыщыгъуазэу дыщытын хуейщ, — жеIэ Эммэ, и еджакIуэхэр къыдэIэпыкъуурэ зэхуахьэса лэжьыгъэу урысейпсо зэпеуэм япэ увыпIэр къызэрыщихьам теухуауэ.
А лэжьыгъэм и зы Iыхьэ фи пащхьэ идолъхьэ. 1930 гъэм, Инэрыкъуей къуажэр илъэс 85-кIэ лъэгум щыпсэуауэ, щыгум къыдэIэпхъукIауэ щытащ, ауэ цIыхухэр къыдэкIа щхьэкIэ, апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ ахэр здэщыса щIыпIэхэм, къагъэсэбэпа псынэхэм, хадэхэм фIащауэ щытэ цIэхэри езы щIыпIэхэри къэнащ. Ауэ, дэнэ щIыпIэкIэ щымыпсэуами, къуажэр псыкIэ гугъу емыхьу зы махуэ щытакъым. Абы къыхэкIыу куэдрэ псы ирафын къалъыхъуэн хуей хъуащ. Зэман куэдкIэ мэзым нэс кIуэуэрэ абы кърашу щытауи жаIэж. Ауэрэ, псы нэхъ здэщыIыну зыхуагъэфащэ щIыпIэхэр къылъыхъуэу щIадзащ.
Мы къэхутэныгъэ лэжьыгъэм дыщыпэрыхьэм япэ дыдэ зызыхуэдгъэза, къуажэдэс нэхъыжьыфI Тумэ Мухьэрбий къыджиIэжа хъыбархэм тепщIыхьмэ, япэу къэунэхуар «Поляч псынэращ». ЗэманкIэ ар зыхуэзэр Николай II и тетыгъуэрщ. Абы поляк гуп къишэри Инэрыкъуей губгъуэм къригъэтIысхьауэ щытауэ жаIэж. Полякхэм а щIыпIэм чырбыш, кхъуэщын щащIу завод щаухуат. Къуажищри а зэманым зэрыпсэуар полякхэм ящIа чырбышымрэ кхъуэщынымрэщ жаIэ. ЩIыпIэкIэ ар зыхуэзэр «Шыкхъэ» — м адэкIэщ. Унэ зыщыпсэунухэр щаухуауэ, унагъуэ щыхъужауэ щыпсэууэ, Инэркъуейрэ Ислъэмейрэ дэс щIалэхэр кIуэри полякхэр яхъунщIащ, мылъкуу яIэр къытрахри, щIыпIэми ирахужащ, ауэ абыхэм къатIауэ щыта псынэр къанэри къуажэм куэдрэ къагъэсэбэпащ. ГъэкIэ ар зыхуэзэр 1905 гъэм и пэщ, сыту жыпIэмэ Тумэ Мухьэрбийр МТС-м щылажьэрти, къуажэм щыщ гуэрхэм бжыкъу къыхуашат яхуиупсынуи, ар щиупсым пхъэм зыщIыпIэ деж цIуужу жор тету къыщIэщащ, абы и лъабжьэм 1905 гъэ жиIэу тетт. Бжыкъур полякхэр зыщыпсэуа унэхэм къыхахыжахэм щыщт. Ар щыхьэт тохъуэ псынэм и ныбжьыр а лъэхъэнэм зэрыщыIэм.
ЗэманкIэ «Поляч псынэм» иужьщ «Шыдакъхэ я псынэ» жыхуаIэр къыщыунэхуар. Мы псынэр къэзыхутари къэзытIари, гъукIэ Iэзэу къуажэм дэса Шыдакъ ТIэхъу жыхуаIэращ. Ар Урыс-Япон зауэм щыIащ, 1905 гъэм абы къикIыжа нэужь, къуажэр псыкIэ гугъу зэрехьыр илъагъурти, Курпыпсыр щежэхым пэгъунэгъуу зыщIыпIэ и деж нэхъ кумбт гъущыжауи, абдеж псы щыIэну гурыщхъуэ ищIри къатIу щIадзащ. Абы къыдэIэпыкъуащ къуажэдэс щIалэ гуп. Метри 6–7-кIэ иратIыха нэужь, псыр къакIуэу щIидзащ. Ар къаухъуреихьщ, къращIыкIри псыр кърах хъуащ. Псыр шыугъэти, щыпщафIэкIэ шыгъу хадзэртэкъым, ауэ языурэ ирафырт, нэгъуэщI зэрамыIэм къыхэкIкIэ.
Нэхъыжьхэм къытхуаIуэтэжа хъыбархэм тепщIыхьмэ, «Шыдакъхэ я псынэ» — м иужькIэ къэунэхуар «Шэрий Iэлисэгъ и псынэкIэ» зэджэрщ.
ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, Курп Ипщэр (Ислъэмейр), Курп Ищхъэрэр (Къэншыуейр), Инэрыкъуейр къуажэу зэрытIыс махуэ лъандэрэ псыкIэ гугъу ехьу къогъуэгурыкIуэ. ЛIэщIыгъуэ кIуам и 20-гъэхэм къуажэдэсхэр зэфэну псыр мэзым кърашу щытауэ жаIэж нэхъыжьхэм. Къуажэм псы кърашэлIа нэужьи, тхьэмахуэм — тхьэмахуитIым зэ е тIэу кърагъэжу, къаутIыпщу щIадзащ, ар ярикъун хуейт цIыхуми, былымми, джэдкъазми. Апхуэдэу къуажищым дэс цIыхухэр псыкIэ гугъу зэрехьыр зылъагъу Шэрийхэ Iэлисэгърэ Алмырзэрэ зэкъуэшитIым мурад ящIащ хэкIыпIэ гуэр а Iуэхум къыхуагъуэтыну, къыхуагупсысыну. «Iэлисэгъ и псынэкIэ» зэджэ щIыпIэм и деж а тIум мащэ къратIыкIащ метр 67 – рэ и кууагърэ зы метр и бгъуагъыу. Мащэр къыщатIым, имыуэжын щхьэкIэ, чырбыш плъыжь щызэтралъхьэрт, кърагъэжыкIырт и хъуреягъыр. ИлъэсиплIрэ мазитIкIэ къатIауэ жаIэж. Мащэм и кIуэцIыр апхуэдизкIэ куут, щIыIэти, гъэмахуэми щIымахуэ щыгъын Iув ящыгъыу фIэкIа ехыртэкъым, ятIэр кIапсэ кIыхь иращIауэ пэгункIэ къыдрахьейуэ арат.
ЗэкъуэшитIым ядэIэпыкъуну къуажэдэс куэд иужь ихьэрт, ауэ мащэм зэрехыу къызэIыхьэрти, кърахыжырт, иныкъуэхэри абы зэрехыу къэмэхыпэрт. Абыхэм зыкъезыгъэщIэжри ядэIэпыкъури Iэлисэгът, ар езыр удз хущхъуэкIэ, къупщхьэ къутакIэ Iэзэу, цIыху куэд игъэхъужу щытауэ жаIэж. Апхуэдэ дыдэу шэ зытехуа уIэгъэхэри, къамэ сыткIэ къауIахэри, былым сымаджэхэри игъэхъужырт. Мащэр къэтIын яуха нэужь, апхуэдизкIэ куути, пэгуныр зыпыщIа кIапсэр шым кIэращIэрт, хъурейуэ шыр екIуэкIыурэ къыдрашейрт.
Абы кърах псым, япэщIыкIэ, былым, джэд-къазхэр ирагъафэу, ирижьыщIэу, иритхьэщIэу фIэкIа ирафу идакъым Iэлисэгъ.
Иужьым, 1931 гъэм, абдж зытхухым псы иригъахъуэщ, къищтэри, ар иIыгъыу, здэкIуар зыми имыщIэу, Iэлисэгъ бзэхащ. МазищкIэ къэтауэ жаIэж, здэщыIэр ямыщIэу. Абы щыгъуэм Iэлисэгъ Ленинград кIуауэ арат псыр къригъэпщытэну. IэщIагъэлIхэм къалъытэ абы уефи урипщафIи хъуну.
Абы иужькIэ, 1932 гъэм къэралыр къадэIэпыкъури, псыр езым къыдришейуэ Iэмэпсымэ гуэрхэр къашэри трагъэуващ, дахэу, быдэу кърагъэжыкIыжащ, зыхуей хуагъазащ.
Куэдрэ къагъэсэбэпащ а псынэр къуажэдэсхэм, абы имызакъуэу, адрей къуажэ гъунэгъухэм къикIыурэ псым щыщ яшэрт ирафыну.
Iэлисэгъ и унэм абы щыгъуэ къуажэм япэ дыдэу уэздыгъэ щыпагъэнауэ щытащ. Ар псынэм псы къыдэзышей Iэмэпсымэм пыщIат, уэздыгъэр ункIыфIмэ, псы къизышыр къэувыIауэ арат. Езы Iэлисэгъ, жэщ-махуэ имыIэу, кIуэрти пигъэнэжырт. Ар здэкIуэм нэсын щхьэкIэ Курпыпсым икIын хуейти, абыи лъэмыж цIыкIу трилъхьат жаIэ Iэлисэгъ. (А лъэмыжыр иджыри телъщ.) Апхуэдиз Iуэхугъуэ зы лIым хузэфIэкIащ а зэманым, къуажэдэсхэм псы яIэн папщIэ.
Иужьым, къуажэр щыгум къыдэкIри, псынэр къамыгъэсэбэпыж хъуащ, сабийхэми ар джэгупIэ, пхъэнкIий идзыпIэ ящIри апхуэдэу зыкъомрэ екIуэкIащ. «Зыгуэр ихуэнщи унэхъунщ», — жаIэри, къамыгъэсэбэпыж щыхъум, и щхьэр трагъэжыкIащ. Ауэ, мы хъыбарым псом нэхъ гъэщIэгъуэну хэлъыр – псыр къыздыщIэжу къитIыну щIыпIэр Iэлисэгъ пщIыхьэпIэу илъэгъуауэ зэрыщытарщ.
ЖэщкIэрэ абы зы лIыжь и жьакIэхэр тхъуауэ пщIыхьэпIэу илъагъуу щытауэ жиIэжырт езым. Мис а пщIыхьэпIэу къыхуэкIуэ лIыжьым къыжриIэурэ къригъэтIауэ аращ мащэр. Куэдым Iэлисэгъ зэIыхьауэ, уеблэмэ делэ дыдэ хъуауэ ягъэхъыбарт, ауэ езыр абыхэм едаIуэртэкъым, я гугъу ищIыртэкъым, зыпэрыхьа Iуэхум зэрыхигъэщIынум яужь итт армыхъумэ. Щэрэ плIэрэ хыфIидзэжащ абы псынэр къэтIыныр, ауэ пщIыхьэпIэу лIыжьыр илъагъурт, адэкIэ къитIын хуейуэ къыжриIэрти, и лэжьыгъэм пищэрт.
Псы абы ежэхым и макъыр, уедэIуапэмэ, иджыри зэхыбох. КъищынэмыщIауэ, а псыр Курп Ищхъэрэ (Къэншыуей) къуажэмкIи йожэх иджыри. Зауэ зэманым нэмыцэхэм къуажэм къызэрыдыхьэу ар къахутэу, къагъэсэбэпауэ жаIэж.
