/

Литературэм и лъахэм

Ди республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмк1э доктор, профессор Гъут Iэдэм ди псэлъэгъущ
— Iэдэм, ди лъэпкъ литературэм нобэ и щыIэкIэр дауэ къыпщыхъурэ?
— Дунейпсо щэнхабзэр гъуазэу къапщтэмэ, ди нобэрей литературэм зэфIихын хуейуэ, ауэ иджыри и ужь имыхьэххауэ куэд щыIэщ. Япэрауэ, нобэрей гъащIэмрэ абы къыщыхъухэмрэ, цивилизацэр здынэсар, а цивилизацэм и гуманитар Iыхьэр зэрыт щытыкIэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ, итIанэми, уигу зыгъэфIу сыт щыIэ жыпIэмэ, нобэ ди лъэпкъ литературэм и пкъыгъуэ дэтхэнэми — прозэми, поэзиеми, драматургиеми ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр зэраIэр нэрылъагъущ. Псалъэм щхьэкIэ, литературэм и нэхъ тхыгъэшхуэхэм я гугъу пщIымэ, иужь илъэс зы тIощIым къриубыдэу дунейм къытехьащ КIыщокъуэ Алим, МафIэдз Сэрэбий, Журт Биберд сымэ я романхэр. Ахэр псори ауэ сытми тхыгъэшхуэ къудей мыхъуу, романкIэ зэджэ жанрым изагъэ тхыгъэ зэгъэпэща хъуащ. БзэкIи, композицэкIи, персонаж абы хэтхэм я къэгъэлъэгъуэкIэ-бгъэдыхьэкIэкIи. Прозэм и адрей лIэужьыгъуэхэм датепсэлъыхьмэ, адыгэбзэр фIы дыдэу къэзыгъэIурыщIэ, бзэм и IэфIыр зыхэзыщIэ, гъащIэм куууэ кIуэцIрыплъыф тхакIуэхэр диIэщ. Поэзием и гугъу тщIытмэ, зыгуэрым и цIэ къыхэзгъэщхьэхукIыну сфIэкъабылкъым, зи цIэ къиIуапхъэхэр мащIэкъым.
— КритикэмкIэ дыIэбэмэ, Къэбэрдейм и закъуэ мыхъуу, зэрыадыгэ лъэпкъ литературэу къэдгъащти, критикэ жанрыр сыт хуэдэ щытыкIэм ит иджыпсту?
— Критикэм и Iуэхур литературэ псом и Iуэхум нэхърэ нэхъ хэплъэгъуэу къысфIощI. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ. Куэдым къащохъу критикэ псалъэм къикIыр зым и тхыгъэ адрейм къищтэу иубын хуейуэ арауэ. Хьэуэ, критикэм и къалэныр аракъым. Къалэн нэхъыщхьэу абы зыхуигъэувыжын хуейр художественнэ тхыгъэр къищтэу щIипщытыкIынырщ. Мыпхуэдэ фIагъ хэлъщ, мыпхуэдэхэр къехъулIащ, мыбыхэм пэмылъэщауэ къэнащ, жиIэу псори зэхигъэкIыу. Дэ нобэ литературэ щIэныгъэмкIэ кандидат, доктор пщIы бжыгъэхэр диIэми, абыхэм яхэтыр мащIэ дыдэщ ди тхакIуэхэм я тхыгъэхэм етIысылIэу абыхэм къехъулIа-къемыхъулIахэр пыухыкIауэ къэзыпщытэу. Аращи, литературэм гъуазэ гуэрхэр хуэзыгъэувын критикэ дыхуэныкъуэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гурыгъуазэ-щхьэрыгъуазэ къудейкIэ литературэм зиужьынукъым. Ар ефIэкIуэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу жыжьэ плъэф, дунейпсо литературэмрэ щэнхабзэмрэ зи тегъэщIапIэ критикэр. Дунейпсо литературэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэмрэ ди лъэпкъ цIыкIунитIэм и литературэм щекIуэкIхэмрэ зэзыгъапщэу, а цIыкIур иным и сыт хуэдэ Iыхьэми къэзыгъэлъэгъуэфын критик диIэн хуейщ. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: тхакIуэр зытетхыхь, къиIэт Iуэхугъуэм хищIыкIыу щытын къудейр мащIэщ. Абы и къалэнщ нэхъапэжкIэ ятхауэ щытахэм, дунейпсо литературэм куууэ зыхигъэгъуэзэныр. Уи япэ итахэм ящIар зумыгъащIэу, адэкIэ сыкIуэтэнщ жыпIэу уигу къэбгъэкIыххэ хъунукъым. А псор зэбгъэщIэху, адэкIэ узэрыкIуэтэн къару къыпкъуэмыкIынумэ, абы щыгъуэм умытхэмэ нэхъыфIщ. Сыту жыпIэмэ, уи хадапхэм адэкIэ умыплъэфмэ, уэ птхым зыри хуеинукъым. Художественнэ тхыгъэр ар езыр мыхьэнэ зыбжанэ зэуэ зыгъэзащIэщ. Абы уигури хигъэхъуэн, хигъэщIын, акъыли щIэныгъи къыхэпхын хуейщ. А псори зэщIэмытмэ, ар художественнэ тхыгъэ хъужыркъым.
— Критикэм и къалэнхэм я гугъу щытщIакIэ, мыпхуэдэ Iуэхугъуэ и щхьэфи сиIэбэнут. Зи гугъу сщIынур Нобель и саугъэтыр зратхэрщ. Языныкъуэхэм деж къыпфIощI а саугъэтыр, политикэ Iуэху халъхьэурэ, зыхуэмыфащэ гуэрхэми ирату.
— Мы дунейм ущытеткIэ, абы зыгуэркIи зыдебгъэкIун хуей мэхъу, ауэ зыдэбгъэш защIэурэ бжьым ущIэувэжыпэ хъунукъым. Псалъэм папщIэ, къэтщтэнщ Нобель и саугъэтыр зрата Бродский Иосиф, абы нэхърэ нэхъ усакIуэфIу, урысыбзэкIи тхэуэ а саугъэтым пэгъунэгъу мыхъуа Iэджи щыIэ хъунщ. Солженицын нэхърэ нэхъ Iэзи щыIэнкIи мэхъу. Ауэ езы литературэри бзэм и IэфIыпIэ къудейм къыщынэркъым. Литературэр гъащIэм щыщ зы Iыхьэщи, абы нобэрей дунейм и щытыкIэр къызэригъэлъагъуэ щIыкIэр, цIыхум и психологиер къызэритIэщIыр, напэр, цIыхугъэр, хабзэр зэригъэлъапIэр, политикэр, къэрал, жылагъуэ Iуэхухэр зэрызэригъэзахуэ — нэгъуэщIхэри къэлъытэн хуей мэхъу. Арауэ къыщIэкIынщ нэфI-ней гуэрхэри халъхьэу къыпфIэзыгъэщIыр.
— Ди адыгэ литературэмкIэ къэдгъэзэжынщи, уэ уи псэм нэхъ къыдыхьэу сыт хуэдэ тхыгъэ укъеджа иужь зэманым, lэдэм?
— АдыгэбзэкIэ тхауэ си гум нэхъ къинэжыну сызэджар КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романырщ.
— Кавказ зауэжьым лъэпкъым къыхуихьа тхьэмыщкIагъэр нэхъ куууэ къэгъэлъэгъуа щыхъуахэм ящыщщ абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр, Къэрмокъуэ Хьэмид адыгэбзэкIэ зэридзэкIар. Абы бгъурыбгъэувэ хъуну КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романыр?
— КъызэрысфIэщIымкIэ, а тIур зэбгъэдэбгъэувэ хъун къудейуэ аращ, сыту жыпIэмэ, я темэкIэ зыкъомкIэ зэтехуэ щхьэкIэ, абыхэм Iуэхугъуэ къаIэтыр зэщхькъым. Къэтщтэнщ КIыщокъуэм и персонаж нэхъыщхьэу романым хэт Дэфэрэджи, ар зэманитIым щопсэу цIыхуитIу. Ауэ я цIэр зыщ, зы л1ыхъужьщ. Ар и анэшхуэм и анэ, е и быным и быным и быныж къудейуэ аракъым, зы лъыщхьэм (геным) къыпкърыкIащ. ГъэщIэгъуэнращи, мыбдежым Iуэхум апхуэдэу щыбгъэдыхьами, КIыщокъуэр ящыщащ реализмэм зэи темыкIа тхакIуэхэм, ар зыфIэкъабыл дыдэхэм. Пэжу, жыпIэ хъуну къыщIэкIынукъым мыбдежми ар реализмэм щытекIауэ, ат1э реализм къэIуэтэкIэм къригъэубыдэфащ зыр тIу ищIрэ лIэщIыгъуэкIэрэ зэпигуэшыжу. Ар гъэунэхуныгъэм я нэхъ хьэлэмэтщ, узэрымыгугъэну телъыджэщ.
— Лъэпкъ литературэр игъэбжьыфIэу къыпщыхъуу, сытым и гугъу къытхуэпщIыфын иджыри
— Мыр нэхъыфIщ, жыпIэу пыухыкIауэ зыгуэрым и гугъу пщIыныр къезэгъ дыдэу къыщIэкIынкъым, ауэ иужь зэманым нэхъ гурыхь сщыхъуахэм ящыщщ, усэмкIэ зыбгъазэмэ, «Кхъужьей къудамэ» жиIэу Уэрэзей Афлик къыдигъэкIа тхылъымрэ Бещтокъуэ Хьэбас и «Усэ къыхэхахэмрэ». Апхуэдэ дыдэу, сигу ирихьат и усэхэри, Бицу Анатолэ теухуа тхыгъэ фи «Iуащхьэмахуэ» журналым трезгъэдзауэ щытащ. Си гугъэмкIэ, мис мы зи гугъу сщIы тхыгъэхэм хуэдэхэр литературэм и зы лъэбакъуэу тхыдэм къыхэнэжынущ. Ауэ мыпхуэдэ гукъеуи щыIэщ. Илъэс щэщIым щIигъу дэкIащ зэхъуэкIыныгъэ жыхуаIэр къызэрежьэрэ, абы цIыху цIыкIур къызэригъэубэлэцрэ. Ди гъащIэр зэрыщыту къызэригъэдзэкIащ абы. Уеблэмэ, къэукъубеищэри, къэралыр зэрыщыту щIилъэфэжащ. Мис ахэр ди литературэм IэщIыб щохъу. Пэжщ, литературэр Iэмал имыIэу гъащIэм къыщыхъу псоми пыщIауэ щытын хуейщ жыпIэу букъуэдий хъуркъым. Ауэ, си щхьэ къэсщтэнщи, мы къэралым щыпсэу цIыхуу сыщыщыткIэ, литературэм тIэкIу сыщыкIэлъыплъкIэ, мы дызыхэт Iуэхухэр, дызыхэхуа зэманыр ди тхакIуэхэм къазэрыщыхъур дауэу пIэрэ, ноби пщэдеи дызэрыхъунумкIэ абыхэм акъыл гуэр къахэсхыфыну пIэрэ жысIэу сыкIэлъоплъри, нобэкIэ апхуэдэ срихьэлIакъым. Ауэ щыхъукIи, узыгъэгузэвэнрэ узыгъэгупсысэн защIэу иужь зэманым ди гъащIэм куэд къыщыхъуащ.
— Нобэрей ди тхакIуэхэр зыдэплъеин диIакъым, ди литературэр къыщежьар октябрь революцэм и ужькIэщ жытIэми, адыгэхэм къахэкIа тхакIуэхэр нэхъ пасэIуэуи щыIащ. Зи гугъу сщIыр Къаз-Джэрий СулътIан сымэ хуэдэхэращ. Ахэр адыгэ тхакIуэу къэплъытэ хъуну, хьэмэрэ мыхъуну?
— Мыбдей зы ныкъусаныгъэ къонахуэ: Къаз-Джэрий къапщтэмэ, ар зэрытхэу щытар урысыбзэщ. Ар урыс литературэм и Iыхьэ мэхъу. Пэжщ, литературэ энциклопедиехэм сакIуэцIрыплъати, абыхэм елэжьахэми пыухыкIауэ яхузэхэгъэкIакъым Iуэхум и тэмэмыпIэр: тхакIуэр къызыхэкIа лъэпкъра, хьэмэрэ ар зэрытхэ бзэра япэ игъэщыпхъэр? СулътIан Къаз-Джэрий урыс литературэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэн тхыгъэ итхауэ щытамэ, ар урыс тхакIуэхэм хабжэнкIэ хъунт, ауэ итхатэкъыми, адыгэ тхакIуэу къэнэжащ. НэгъуэщI зы щапхъи къэтхьынщ. Окуджавэ Булат урыс поэзием мыхьэнэ щиIэти, урыс усакIуэу ябж хъуащ. Ауэ иджы мыбы хьэлэмэту хэлъращ: усакIуэу Алыхьым къигъэщIар сыт хуэдэбзэмкIи усэнущ, а бзэр ищIэу щытмэ, арщхьэкIэ абы къыпкърыкIа гупсысэр ар къызыпкърыкIам, и гупсысэкIэм, къызыхэкIам ещхь мэхъу.
— Урысхэм я иджырей литературэр къапщтэмэ, абы мымащIэу ущрохьэлIэ жыпIэну уи жьэм къыпхуемыгъэкIу псалъэхэм. Адыгэ литературэми къэсыну пIэрэ а уз зэрыцIалэр?
— Зэманыр щыIейм, хъушэм и кIуэдыжыгъуэм, бжэн щхьэгуэжьыр пашэ мэхъу, жаIэ. Урыс литературэм и кIуэдыжыгъуэр къэсауэ пхужыIэну къыщIэкIынкъым, ауэ дэтхэнэ Iуэхугъуэми псым и уэрыгъуэрэ и ужьыхыжыгъуэрэ иIэщи, иджыпсту урыс литературэр тIэкIу щIэужьыхауэ аращ. Пэжщ, тхъурымбэр текIыжрэ, псыр жэбзэжмэ, къыщIэщыжынущ хэт и мывэ сыт хуэдэ теплъэ иIэми, а псым сыт хуэдиз и кууагъми. Иджыпсту а псор тхъурымбэ къыдрихьеям дахэ-дахэу уигъэлъагъуркъым.
— Нобэрей къэбэрдей литературэм сыт нэхъ арэзы укъищIу хэлъ е мис мыр щызгъэIэнтэкъым, жыхуэпIэ хэплъагъуэрэ?
— Арэзы сыкъэзыщIу хэлъыр, а зи гугъу тщIа жьэм къыпхуемыгъэкIу псалъэхэм хуэдэхэм адыгэ литературэр зэрыхуэмыкIуарщ. Ди тхакIуэхэр Iэзэми хуэмыхуми, гъащIэм къыкIэрыхуами, япэ ищами — зыми емылъытауэ, мыхъумыщIагъэм зыдрагъэхьэхакъым. ЦIыхугъэми хабзэми теухуауэ, бзэм и IэфIагъри къыхэщу тхыгъэ мымащIэ диIэщ, Тхьэм и шыкуркIэ. Нэхъ сигу къеуэм и гугъу пщIымэ, ар нобэрей 1уэхухэр къэзыIэту цIыхум и гур зыгъэфIын, зыгъэгушхуэн, хэзыгъэплъэн, ди зэманым цIыхур зыхуэныкъуэм пэджэжын тхыгъэ зэкIэ ди тхакIуэхэм зэрамыIэрщ. Дыщыгугъынщ дяпэкIэ апхуэди щыIэну.