Иджыблагъэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым зэщIыгъуу къызэрагъэпэщат адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 230-рэ зэрырикъум теухуа зэIущIэ, щIэныгъэрылажьэхэр, студентхэр, аспирантхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зыхэтар.
Адыгэ IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ Нэгумэм зэритхыжам тепсэлъыхьар филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэмти, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и лэжьакIуэ Бэрбэч Борис абы кIэлъыгъуэзэжащ, зэIущIэм къыщапсэлъа псори къызэщIикъуэжу, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я узэщIакIуэ, лIы щэджащэрэ псыпэхэшу лъэпкъым хуэлэжьа Нэгумэм шэщIауэ и гугъу иригъэщIыну.
Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ щIэныгъэлIымрэ журналистымрэ зытепсэлъыхьар.
— Нэгумэ Шорэ лъэпкъым хуилэжьар къыпхуэлъытэнукъым, апхуэдизкIэ куэд мэхъури. Псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи, езым зэхигъэувэжа алыфбейкIэ итхыжауэ щытащ адыгэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ. ИтIанэми, а Iуэхугъуэр щIэныгъэм къызэрилъытэр дауэ? Лъэпкъ литературэм и тхыдэм сыт хуэдэ увыпIэ щиубыдрэ Нэгумэм и лэжьыгъэм, Iэдэм?
— Нэгумэ Шорэ лэжьыгъэ куэдымкIэ псыпэхэшу щытауэ жыпIэмэ ущыуэнукъым. Си лэжьыгъэр зэрыщыту зытеухуар адыгэ IуэрыIуатэращи, алъандэрэ сджа псоми сриплъэжмэ, щыхьэт сытохъуэ Нэгумэм адыгэ IуэрыIуатэм и лъабжьэр зэригъэтIылъам. Языныкъуэхэм жаIэ литературэр IуэрыIуатэм къытехъукIыжауэ. Ауэ ар пэжкъым. IуэрыIуатэр щхьэхуэщ. Лъэпкъым илъэс мин бжыгъэкIэ зэхуихьэса щIэныгъэр зыр адрейм хуиIуэтэж защIэкIэрэ нобэм къихьэсауэ аращ. Абы щхьэкIэ пасэрейр хуэныкъуэтэкъым къалэми тхылъымпIи. Ауэ щыхъукIэ, IуэрыIуатэр – лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, ар зыхуэныкъуэ, уасэншэу къилъытэ гуэрщи, литературэм хэбгъэгъуэщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Иджы а лъэпкъ Iущыгъэу, дыщэ пхъуантэм хуэдэу яхъумар япэ дыдэ тхылъымпIэм тезылъхьар, ар зэритхыжа тхыбзэри зыгъэпсыжар – Нэгумэрщ. Абы ипэIуэкIэ лъэпкъым тхыбзэ иIакъым, гъэщIэгъуэнращи! Зыгуэрхэм ар ягъэпсыну зрапщытами, къайхъулIакъым. Ауэ, Нэгумэм алыфбейр зэхигъэувэ къудей мыхъуу, иритхэрт, сабийхэри игъасэрт. Ар къудейр къапщтэмэ, революцэ игъэхъащ а лIы хахуэм. Къытызогъэзэжри, абы ипэIуэкIэ адыгэм тхыбзэ иIакъым! Къызэщыгъэхъу иджы Нэгумэр зищIысымрэ лъэпкъым хуилэжьар зыхуэдизымрэ.
— «Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэр – адыгэ псэлъэкIэм и щапхъэкъым», — щыжыпIащ зэIущIэм. Сыт абы къибгъэкIар?
— Пэжщ. Нэгумэм и тхылъхэр зэритха бзэ гъэпсыкIэм тету адыгэр псалъэркъым. Дэ бзэр тынш, псынщIэ дощI. Аристотель зэрыжиIауэ, Нэгумэм и бзэр дызэрызэпсалъэм ефIэкIырт, едахэкIырт, ебэкIырт, ауэ гъэхуат, гурыIуэгъуэт. Хэт ищIэрэ, а лъэхъэнэм лъэпкъыр апхуэдэу дахэу псалъэу щытагъэнри хэлъщ, езы Нэгумэм и щIэныгъэ лъагэм, гупсысэ куум я Iэужьу къыщIэкIынкIи мэхъу, ауэ, нэхъапэIуэкIэ тхыбзэ зэрыщымыIам къыхэкIыуэ, Нэгумэм и тхэкIэр щIэщIыгъуэ тщохъур нобэрей ди псэлъэкIэм щедгъапщэкIэ.
— ЦIыхухэр щIэупщIэнщ: «Сыт Нэгумэм и япэ тхыгъэхэр зищIысыр, зытеухуар? СыткIэ ахэр щIэныгъэм зэрыхуэлажьэр?»…
— А псалъэм жэуап естын ипэ къихуэу, мыпхуэдэ щапхъэ къэсхьынщ… Къэжэр литературэм и классик Фирдоуси Хаким Абдулькасим я лъэпкъ IуэрыIуатэр зэхуихьэсыжырт. Абы итхыжахэр апхуэдизкIэ куэд хъурти, махъшэ зыбжанэм телъу кърихьэкIырт. Абы зэхигъэуващ «Шахнаме» жыхуиIэу, Пщыжьхэм я тхылъыр. А лэжьыгъэхэм я фыгъэщ Фирдоуси и цIэр зэи мыкIуэдыжыну тхыдэм къызэрыхэнар. Ауэ Хаким Абдулькасим итха посри зы жыпхъэм иригъэуващ, езым и псэлъэкIэмкIэщ къызэриIуэтари. КъыбгурыIуэрэ, Iуэхушхуэ илъэжьащ а псори зэрызэхуихьэсыжар къэплъытэмэ, ауэ сыт хуэдиз тхыгъэ абы и сэфэтым ирихуар, лъэпкъым зэрихъумам емыщхьыжу итхыжар?! Нэгумэм ищIар сыт-тIэ? Абы занщIэу къыгурыIуащ итхыж IуэрыIуатэм зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэмэ, ар гъэщIэгъуэн зыщI псори зэрыщIэкIынур, къызэригъэщIам хуэдэ зэи зэрымыхъужынур. Аращ Нэгумэм и тхылъым Андемыркъан и пшыналъэри Темрыкъуэ Идар и уэрэдри зыщыплIу щIитыр. ЦIыху зыбжанэм къыхуаIуэтэжами, зэрызэхихам хуэдэу дэтхэнэри итхыжати. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, иумыгъэлейуэ, уемысэбауэу, ууей хыумылъхьэу IуэрыIуатэр птхыжыным. Ар Нэгумэм и ехъулIэныгъэшхуэхэм ящыщ зыщ. ЖыпIэнуракъэ, Нэгумэм къыщIэна лэжьыгъэр губгъуэ мывам хуэдэщ, улъэпхъащэмэ, къэптIэщIынур къыпхуэмыщIэу. КъытщIэхъуэ щIэблэми къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ а псори дунейм къытегъэхьэжынымкIэ, къэгъуэтыжынымкIэ.
