Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэм щызэхэтащ. Абы кърихьэлIащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Апхуэдэу зэхэсым и лэжьыгъэм пэIудзауэ хэтащ Тыркум, Европэм, Иорданием, Сирием, Израилым щыIэ Адыгэ Хасэхэм я унафэщIхэмрэ Iуэхузехьэхэмрэ.
ДАХ-м и зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, ДАХ-м и Тхьэмадэм и советым хэт, цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, ЦIыхум и хуитыныгъэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм икIи хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым, лъэпкъ Iуэхум гурэ псэкIэ пэрыт щIыпIэ хасэхэм я лIыкIуэхэм ирагъэкIуэкIхэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ икIи дэтхэнэми зыхуагъэувыж къалэнхэмрэ зыщащIыж мурадхэмрэ зэщIа хъунымкIэ я гуащIэ зэремыблэжыр, яхузэфIэкI зэращIэр, а лэжьыгъэр дяпэкIи зэпымыууэ зэрекIуэкIынумкIэ фIэщхъуныгъэ зэриIэр къыхигъэщащ.
— ДАХ-р къызэрыунэхурэ гугъуехь мащIэкъым зыIууар, – жиIащ Сэхъурохъуэм. – Ауэ сыт хуэдиз лъэпощхьэпо дримыхьэлIэми, зыхуэдгъэувыжа къалэныр зэпэшэчауэ, ди лъэпкъым ифI зыхэлъхэр япэ идгъэщу дызэрылэжьэнур хьэкъщ. Адыгэхэм къалъыкъуэкI Iуэху зэIумыбзхэр зыхуей хуэзэу зэблэгъэкIыныр, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм емылъытауэ, щIыпIэхэм щыIэ хасэхэм зэрызыщхьэщамыхыр абыхэм ирагъэкIуэкI Iуэху куэдым наIуэ къещI. Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэу зэрыпсэум и щыхьэт нэсщ нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэхэту ирагъэкIуэкI пэхуэщIэхэр нэхъыбэ зэрыхъуам, лъэныкъуитIри щызэлъэIэс зэхыхьэхэр зэрыщIэхуэбжьам. Ар икIи игъуэщ, сыту жыпIэмэ нобэ дызыдэплъеипхъэ нэхъыжьхэр къытхэтыхущ дызэрыкIуэ гъуэгур нэхъ занщIэу щытлъагъунур, абыхэм я псалъэ дыщIэдэIухущ ди гуращэхэр нэхъ къыщыддэхъунур. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, лъэпкъым и гъуэгугъэлъагъуэу къытхэта цIыху зыбжанэ тхэукIуриикIащ. Зэрыадыгэу гущIыхьэ ящыхъуащ Темыркъан Юрэрэ Къандур Мухьэдинрэ. Зи цIэ къисIуа лIыфIхэр псэуху зыхущIэкъуари зи ужь итари цIыхугъэмрэ дахагъэмрэ дунейм тепщэ щащIынырщ, адыгэ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ адрей лъэпкъхэр щыгъэгъуэзэнырщ. ТIуми я гуащIэ къыдэкIар къыпхуэмылъытыну инщ, лъэпкъым и пащхьэ щаIэ фIыщIэри къызэрымыкIуэу лъагэщ. Дызыпэрыт лъэпкъ Iуэхур щIыдэкIыр, ди гупсысэхэр нахуапIэ щIэхъум и зы щхьэусыгъуэщ абыхэм къытхуахьа Iулыджымрэ пщIэмрэ.
Хасэм хэтхэр зи дунейр зыхъуэжахэм яхуэщыгъуа нэужь, Сэхъурокъуэм гуауэри гуфIэгъуэри зэрызэпылъым и щапхъэу ущIэгушхуэни мымащIэу лъэпкъ гъащIэм зэрыхэтыр, ахэр гугъапIэ уэзыгъэщI IуэхуфIу зэрыщытыр къыхигъэщащ. «Ди щхьэр лъагэу щ1этлъагъужын Iуэху дахэ ди нэгу щIэкIащ — «Урысейм и набдзэ» саугъэт лъапIэр къыхуагъэфэщащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. НэхъыжьыфIым и цIэр къыщыдгъэлъагъуэм, саугъэтым и къызэгъэпэщакIуэхэм ар къыддаIыгъащ. Зыщыщ лъэпкъми щыпсэу хэгъэгуми илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ хьэлэлу къалэмкIэ хуэлажьэ, жылагъуэ къалэнхэр къызыхуэтыншэу зыгъэзащIэ, къытщIэхъуэ щIэблэр гъуэгу захуэ тегъэувэным хуэунэтIауэ Iуэхугъуэбэ зэфIэзых МэшбащIэм и фIыщIэм къыпэхъун зэрыщымыIэр къэралышхуэм исхэм я фIэщ ящIащ. А дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэщар МэшэбащIэ Исхьэкъми, адыгэ жылэр добжьыфIэ, ик1и и гуащIэр мыкIуэщIу, и къалэмыр мыубзэщхъуу ди япэ иджыри илъэс IэджэкIэ итыну ди гуапэщ», – жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
ДАХ-м хэтхэм къабгъэдэкIыу тхакIуэшхуэм хъуэхъу псалъэкIэ зыхуигъэзащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, зи цIэр дахэкIэ къраIуэ нэхъыжьыфIым и гуащIэдэкIыр къыпхуэмылъытэну инщ. «Къэхъугъэ дахэм адыгэхэр ирогушхуэ, зи зэфIэкIыр лъагэ тхьэмадэм къыхуащIа гулъытэм узэщIеIэтэ. Исхьэкъ и къарур, Тхьэм и фIыщIэкIэ, илъщ. Абы «IэфIымрэ дыджымрэ» зыфIища, и гъащIэм къыщекIуэкIахэр тегъэщIапIэ зыхуищIа романыр иджы дыдэ дунейм къытехьащ, и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса, том 27-м нызэрыхьэс тхылъ зэужьи къыдэкIащ. Зы цIыху къарукIэ апхуэдиз фIыгъуэр узыщыщ лъэпкъым хуэпщIэныр лэжьыгъэшхуэщ. Жьыщхьэ махуэ ухъу, узыншэу ди япэ Тхьэм уригъэт!» – ехъуэхъуащ нэхъыжьыфIым гуапэу ХьэфIыцIэр.
АдэкIэ псалъэм къыпызыща Сэхъурокъуэм и къэпсэлъэныгъэм ДАХ-м зэфIигъэкIа лэжьыгъэм, къыхилъхьа жэрдэмхэм я гугъу щищIащ. Псалъэмакъыр видеотеплъэгъуэхэмкIэ щIигъэбыдыхьыжурэ, Хьэутий тепсэлъыхьыжащ ДАХ-р 2023 гъэм и фокIадэ – дыгъэгъазэ мазэхэм зыхэта Iуэхухэм. Апхуэдэу Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ Урысейм щызэхаша зэIущIэ зыбжанэм ДАХ-р зэрыхэтар.
— УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэм, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Ассамблеем и щIэнIуатэм, «Жылагъуэ» урысейпсо пэхуэщIэм и зэхуэсым дыхэтащ. Абы къищынэмыщIауэ, Мэздэгу Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъум и щ1ыхьк1э ирагъэкIуэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм, «Лъэпкъ щэнхабзэхэм я гъэлъэгъуэныгъэм» зредгъэхьэлIащ, «Къуэшыныгъэ» пэхуэщIэми ди Iыхьэ хэтлъхьащ, лъэпкъ фащэм, ныпым, тхыбзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм жыджэру дыхэлэжьащ. Дэтхэнэ зы Iуэхуми мыхьэнэ еттащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ зыхэтщIэрт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэрал IуэхущIапIэхэмрэ къызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм дахыхьэмэ, дыщIэлажьэ лъэпкъым и пщIэр къэIэта зэрыхъунур, къыхуащI гулъытэм зэрыхэхъуэнур. Гуапэ тщымыхъуу къэнакъым Урысей реестрым и къулыкъущIапIэм и ЩIыхь тхылъым ДАХ-м и цIэр зэрихуар, жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъыфI дыдэхэм дащыщу дыкъызэрилъытар. Мы Iуэхугъуэм ДАХ-мкIэ тхьы пщэдэкIыжыр зэрыиныр зыхыдегъащIэ, нэхъыбэж къызэрытпэщылъым дрегъэгупсыс, – жиIащ Сэхъурокъуэм.
ДАХ-м и тхьэмадэм Адыгэ Хасэхэм я унафэщIхэм псалъэ яритри, щхьэж и щIыпIэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэм тригъэпсэлъыхьащ, хузэфIэкIамрэ зыхунэмысамрэ я гугъу иригъэщIащ. Апхуэдэу я Iуэху къызэрекIуэкIым тепсэлъыхьащ Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Мэздэгу щыIэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр.
БлэкIа мазищым къриубыдэу ДАХ-р зыхэта Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьа нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ лъэпкъым ифI зыхэлъ сыт хуэдэ лэжьыгъэми Iэмал хэлъхьэн икIи гъуэгу етын зэрыхуейр, ауэ и бзэмрэ и хабзэмрэ хъумэным хуэунэтIауэ щыIэ жэрдэмхэм япэ игъэщыпхъэ зэрыщымыIэр.
– Адыгэр лъэпкъыу къызэтезынэнур и анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъыщхьэр зы къуэпсу зэзышэлIэж хабзэмрэщ. Къэралым къыдит Iэмалхэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я къарури хэтлъхьэу ахэр тхъумэн хуейщ. Ауэ хъумэн къудейкIэ ди къалэнхэр зэфIэкIыркъым, ахэр едгъэфIэкIуэну икIи зедгъэужьыну хьэкъ диIэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, илъэс зыбжанэ хъуауэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм IэмалыфI къыдет бзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм ар пэIудзауэ къахузэзыгъэпэщ курсхэр едгъэк1уэк1ыну, абыхэм хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къыхэтшэну. Сызытепсэлъыхьыр адыгэбзэм и закъуэкъым, а курсхэм щызэбгъэщIэфынущ урысыбзэри. Мы жэрдэмым зегъэубгъун хуей фIэкIа, щыщIэныгъэ иIэкъым, щIэупщIэшхуэ ягъуэтащ, къыхыхьэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ, – жиIащ тхьэмадэм.
АдэкIэ псалъэмакъым къыпищащ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат. Ар тепсэлъыхьащ ДАХ-мрэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ я жэрдэмкIэ, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм тхьэмахуэм къыхэхуэ зыгъэпсэхугъуэ махуэм къищынэмыщIауэ онлайн-еджэныгъэхэр зэрыдрагъэкIуэкIым. «Адыгэбзэр пэIудзауэ егъэджыным хуэунэтIа курсхэр къызэгъэпэщыныр икIи егъэкIуэкIыныр ди хасэ лэжьыгъэхэм къызэрыхыхьэрэ илъэситху мэхъу. ЗэрыфщIэщи, мыр зэпымыууэ екIуэкI Iуэхугъуэщ. Ди курсхэм къыхохьэ Тыркум, Иорданием, Мысырым, Германием, Венгрием, Финляндием, Австрием, Канадэм щыпсэу адыгэхэр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт адыгэбзэ икIи урысыбзэ курсхэм къыхыхьэхэм еджэкIэрэ тхэкIэрэ зэрызрагъэщIар, макъхэр щыуагъэ къыхэмыкIыу къагъэIуфу зэрызрагъэсар. ДяпэкIи, дызытехьэ илъэсыщIэм и щIышылэ мазэм, а курсхэм къыпытщэжынущ. Лэжьыгъэр зэщIэзыгъэуIуэ зэхуэсыр едгъэкIуэкIащ, щIэуэ зэхэтшэ курсхэм щеджэнухэр догъэнаIуэ. Къыхыхьэну хуейхэм я гукъыдэжым уеплъмэ, егъэджэныгъэ лэжьыгъэр зэрымыужьыхынур, абыхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэнур хьэкъщ, дэри тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым а 1уэхур зэблэмыун папщ1э. Апхуэдэу къыхэзгъэщыныну сыхуейт дызэрылажьэ программэхэр хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм тынш къазэрыщыхъур, бзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм ар щхьэпэ яхуэхъуну къызэралъытэр», – жиIащ Щоджэн Iэминат.
Хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэгъэуIунымкIэ, абыхэм лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIынымкIэ хэкурысхэм яхузэфIэкI къагъанэ зэрымыхъунур абы иужькIэ Сэхъурокъуэм тригъэчыныхьу жиIащ. «Бзэм и мыхьэнэр псоми къыдгурыIуэкIэрэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ УФ-м 1999 гъэм къыщыщIэдзауэ къищта къэрал программэм ди фейдэ зыхэлъкIэ, ди Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэ и лъэныкъуэкIэ дэлэжьэн хуейщ. Псом хуэмыдэу ар теухуащ ди лъэпкъэгъухэр Хэкум къэшэжа зэрыхъунум. Дызэрыщыгъуазэщи, къэгъэзэжыным ехьэлIауэ щыIэ программэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Ар ди Iуэхум зэрыхуэщхьэпэну щIыкIэхэр псынщIэу думыбзыхуу, щыIэ IэмалхэмкIэ ди лъэпкъэгъухэм дадэмыгуашэу хъунукъым», – жиIащ абы.
Тхьэмадэм жиIэм пэджэжу, Адыгейм щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан программэм егъэщIылIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIым, щIыналъэм ит къулыкъущIапIэхэм ялъэкI къызэрамыгъанэм и гугъу ищIащ. «Программэм къигъэув Iуэхугъуэхэр адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ псоми зэхуэдэу щыпхуэгъэзэщIэнукъым. ЩIыпIэ къэс езым унейуэ зы щытыкIэ иIэжщ, и жылагъуэ-экономикэ псэукIэм елъытауэ. Узыхуеймрэ узыхуэныкъуэмрэ тегъэщIауэ программэм фейдэ къыхэпх хъунущ. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр дэ къызэретшэлIэжыфыр ди щIыналъэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэм ехьэлIа Iуэхур тегъэщIапIэ тщIыкIэращ. Ар, псалъэм и хьэтыркIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ дыдэу щыпхымыкIынкIи хъунущ. Щхьэж и щытыкIэ елъытащ. Программэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэщIэхэр джын хуейуэ къытпщэлъщ», – жиIащ ЛIымыщэкъуэм.
Сэхъурокъуэр арэзы техъуащ къэрал программэм и гъэзэщIэкIэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ зэрыщызэщхьэщыкIынкIэ хъунум теухуауэ Рэмэзан жи1ахэм. «Мы къалэныр зи пщэ дэлъ къудамэм, ДАХ-м хэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм абы ехьэлIауэ щыIэ гупсысэхэр зэпалъыту икIи гупсысэ пыухыкIахэр зэгъэуIуауэ тхылъ ягъэхьэзыру, къыкIэлъыкIуэ зэIущIэм къыщыхалъхьэну пщэрылъ ящызощI», – жиIащ тхьэмадэм. Апхуэдэу Сэхъурокъуэм къыхилъхьащ «Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ 2023 – 2025 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэгъэIэпхъуэжынымкIэ ядэIэпыкъун» къэрал программэми ДАХ-р жыджэру хэтыну, псом хуэмыдэу хамэ щIыпIэхэм къикIауэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэту Хэкум щыIэ адыгэ ныбжьыщIэхэр абы кърашэлIэну.
Гъэмахуэм Налшык къалэ щекIуэкIа Зэхуэсышхуэм КАФФЕД-р ДАХ-м зэрыхэтым теухуауэ унафэр къащта нэужь, Тыркуми Иорданиеми щыIэ Адыгэ Хасэхэм я Хасащхьэм и тхьэмадэхэр хэхыным хуэгъэза зэхуэсхэр щекIуэкIащ. ЩIэуэ хаха тхьэмадэхэр ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ. КАФФЕД-м и унафэщI гупым я пашэ хъуар бжьэдыгъу адыгэхэм ящыщ Хьэлауэ Улучай Юналщ, Иордание Адыгэ Хасэм хахари бжьэдыгъу щIалэщ – Хьэлащтэ Ибрэхьим Исхьэкъатщ. Ахэр Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэм хэтхэм нэIуасэ яхуищIащ, щхьэж и лэжьыгъэкIэ, адыгэ дунейм къызэрыщацIыху и лъэныкъуэкIэ яхутепсэлъыхьащ. Хасэхэм щIэуэ теува тхьэмадэхэм псоми фIыщIэ хуащIащ, икIи, я фIэхъус псалъэм къызэрыхэщамкIэ, я лэжьыгъэр зэрыщыту Хэкумк1э къэгъэзауэ, анэдэлъхубзэр щIэблэм егъэщIэным теухуа Iуэхухэм ешэлIауэ зэрыщытынур къыхагъэщащ. «ХамэщI щыпсэу адыгэхэр Хэкум пэIэщIэми, я щыIэныгъэр абы быдэу епхащ, зэпэIэщIэ хъункIи Iэмал иIэкъым. Дэ сыт щыгъуи дызэгъусэн, ди мурадхэмкIэ дызэлъэIэсу, ди ехъулIэныгъэхэмкIэ дызэрыщIэу, ди гумэщIыгъуэхэр зэдэдгуэшу дыщытыпхъэщ. НэгъуэщI гъуэгур пхэнжщ, кIуэдыпIэм уизышэщ. Тыркуми Урысейми щыпсэу адыгэхэр дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм набдзэгубдзаплъэу дакIэлъоплъ, ауэ дэ а псом я ягъэ къызэрыдэмыкIыным, ди лъэпкъым ифI зыхэлъ къызэрыхэтхыным дыхущIэкъун хуейуэ пщэрылъ диIэщ. КАФФЕД-м и пашэу щыта Мамхэгъ Илдыз Хэкуми, хамэщI щыпсэу адыгэхэми ятеухуауэ иригъэкIуэкIа политикэм дытетынущ икIи къыпыдгъэхъуэнущ. Iуэху дахэ куэдкIэ дызэлъэIэсыну дыщогугъ», – жиIащ Хьэлауэ Юнал.
Тхьэмадэхэр зыпэрыува IэнатIэм ехъулIэну, зэгурыIуэу зэдэлэжьэну ехъуэхъуа нэужь, Сэхъурокъуэм ДАХ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр абы иужькIэ къытеувэнухэми, адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхыдэр зыджынухэми я дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу зэрыщытыр къыхигъэщащ. «Адыгэ Хасэхэм къызэрагъэпэщ дэтхэнэ Iуэхугъуэри тхылъымпIэм къинэн хуейщ. Абы къыхэкIыу дэ мурад тщIащ «ЦIыхубэ дипломатиемрэ жылагъуэмрэ» зыфIэтща къыдэкIыгъуэм ДАХ-м и 1уэхухэр зэрекIуэкIыр къызэщIедгъэубыдэну. Тхылъыр гъэхьэзырыныр и пщэ дыдолъхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, икIи ди фIэщ мэхъу ар абы зыхуей зэрыхуигъэзэнур. Тхылъым щхьэкIэ зыхуеину сурэтхэмрэ тхыгъэхэмрэ пIалъэ кIэщIым къриубыдэу къевгъэхьыну хасэ тхьэмадэхэм пщэрылъ фщызощI», – жиIащ Сэхъурокъуэм.
ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр арэзы техъуэу екIуэкIа псалъэмакъыр щиухым, Хасащхьэм и зэIущIэри и кIэм щынэблагъэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъхэр Сэхъурокъуэ Хьэутий яхуигъэфэщащ я къару емыблэжу лъэпкъым, жылэм, цIыхубэм яхуэлажьэхэм. Апхуэдэу, зи цIэ къраIуахэм ящыщщ КъБР-м и радиом илъэс Iэджэ хъуауэ щылажьэ Тэтрокъуэ Астемыр, Хьэмту Къадир, Мыз Ахьмэд сымэ. Апхуэдэу зи цIэ къраIуахэм ящыщщ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис, КъБР-м и хабзэхъумэ IэнатIэм гуащIафIэу щылажьэ Тембот Артур, КъБР-м Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу щыIэ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Лиуазэ сымэ.
ЗэIущIэр щызэхуищIыжым, Сэхъурокъуэ Хьэутий абы хэтахэм узыншагъэ быдэ яIэну ехъуэхъуащ, сыт хуэдэ Iуэхуми шыIэныгъэрэ тэмакъкIыхьагъкIэ бгъэдыхьэну къыхуриджащ.
– Дэ фIым дыщогугъ. Армырмэ, улэжьэфынкIэ, ипэкIэ укIуэтэфынкIэ Iэмал иIэкъым. Зи ужь дит Iуэхугъуэхэм гугъуехь куэд япыщIами, иужькIэ дызыщыгуфIыкIыжын фIыгъуэ Iэджэ хэлъщи, ди Iуэхухэр ипэкIэ к1уэтэну, абыхэм хъер куэд яхэтлъагъуэну си гуапэщ, – жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
