Сэри цIыхум сыкъилъхуащ

ЩоджэнцIыкIу Алий теухуа адыгэ драмэм щыщ пычыгъуэ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Мэремкъул Ларисэщ.
Ноябрым и 26-м. Барак. Узыгъэгузавэ макъамэ къоӀури хуэмурэ марш мэхъуж, щӀыбым дэт нэмыцэхэм ящыщ зы жьэ пшынэкӀэ еуэу. Арыххэу скрипкэ макъыр гум къеӀэу къоуэ, зэуи печыж. Плъыр лъагапӀэмкӀэ къиӀукӀыу автомат зэкӀэлъоуэ. Прожекторым кӀыфӀым къыхепхъуэт шэ къатехуэу гъущӀ кӀапсэ бжыхьым теукӀурие гъэрхэр. Макъ куэдхэр зэзыбох, Али и макъыр ӀупщӀу къахощ. Адыгэхэм уэрэд жаӀэми, Тхьэ елъэӀуми умыщӀэну усэхэр ягъэӀу.

Еуэ, хэку лъэщым и щӀалэ,
Адэжь и щӀапӀэр гъэпагэ,
И гъуэм ихуэжыркъым блэ бзаджэр,
Мес, ди щӀы кӀапэм къытопщхьэ!
Уи лъакъуэ лъэщыр тегъэуви
Езым и хэкум щылӀыж,
Лъыр зыщӀифауэ ди къуэшхэм
Хуиту цӀыху гъащӀэр ятыж.

Пщэдджыжьщ. Бжэр къыӀуахри капитан Лангут, лейтенант Мозербах, штабс-фельдфебелыр, плъакӀуэ, хъумакӀуэхэр къыщӀохьэ.
ХъумакӀуэхэр къахокӀие: «Фытэджыт! ФыщӀэкӀи сатыру фыувыт! Лэжьыгъэи иужь фихьэт!». МыдэкӀи макъхэр къоӀу: «Мыхъуми хъудырыпс къыдэфт!», «ЩӀакхъуэ къыдэфт!»
МОЗЕРБАХ. Славянхэр фыщӀокӀри лэжьакӀуэ фокӀуэ! Кавказ лъэпкъхэм щыщхэр къонэ! Все понять?!
(Барак щӀыбымкӀэ хьэ банэ макъышхуэ щызэхыбох)
БЕЛОРУС ИВАН (щӀэкӀ пэтрэ Али къыжреӀэ). Ӏэхъушэ зэрыӀыгъыр дыгъужь щышынэркъым. Сигу изубыдащ ар. ЗыфӀыгъ!
АЛИ (погуфӀыкӀ). Уи насып Тхьэм тригъакӀуэ, хэт ищӀэрэ, дызэрымылъагъужмэ. Ныбжьэгъу нэсу удиӀащ. (ӀэплӀэ зэхуащӀ, Иван игу къызэфӀэнауэ).
Ваня, лӀым нэпс и фащэкъым. ЗэгъащӀэ ар! Тхьэм уигъэпсэу куэдрэ! Уи Анэм аращ къыбжиӀэжар.
(Белорус Иваныр баракым щӀокӀ).
ЛАЛУ (щэхуу). Мыбы жаӀэр ядэпщӀэмэ дауэ хъуну, егупсысыт. Мыхъуми фэ зытегъауэ. ГъащӀэр нэхъ лъапӀэщ. Зыми емыкӀу укъищӀынкъым…
АЛИ (губжь хэлъу). Ара жыпӀэжынур?!
ЛАЛУ. УаукӀынщ.
АЛИ. Псори зи Ӏэмырри зи фӀыщӀэри Алыхьышхуэращ. Сэ ажалым сыщышынэркъым.
ЛАЛУ. Алыхьышхуэр жыпӀа… Абы и фӀыщӀэращ иджы къызгурымыӀуэр.
АЛИ. Шэч къытомыхьэ фӀыщӀэ зэрыхуэпщӀын хуейм, Лалу. Ӏэпсо-лъэпсоуэ дунейм дытригъэхьауэ дытеткъэ. Нобэр къыздэсым фӀыгъуэ Ӏэджи дигъэлъэгъуакъэ. Нэфу, дэгуу дыкъигъэщӀакъым, пэжкъэ? Минрэ дыкӀуэдын хуеят, ауэ мис, дыпсэущ иджыри къэс. Махуэ бжыгъэу къытхупичар фӀыщӀэ тщӀыуэрэ къэдгъэщӀэн хуейщ, Лалу си къуэшыжь. Куэд мыщӀэу щӀыӀэмрэ гугъуехьымрэ диукӀынкӀи хъунщ, итӀани зэгъащӀэ: дыздекӀуэлӀэжынур Алыхьым и пащхьэщ. Аращ, си къуэш…
(Мозербах и макъ: «Кавказ лъэпкъхэр сатыритӀу фыув! Фыхъей!»)
ЛАНГУТ (зигъэкъыу сатырым блокӀ, Ӏумпэму яхэплъэурэ). Нобэ махуэшхуэщ! Нэмыцэ командованием Ӏэмал къывет фигъащӀэр фхъумэу лӀыгъэ фиӀэу Германие Иным фыхуэлэжьэну. СС-м и хъумакIуэ дзэхэм фыкъыхыхьэну фыкъыдогъэблагъэ. Ар пщIэшхуэщ фи дежкIэ, апхуэдэ щIыхьышхуэ къалъысыркъым адрей лъэпкъхэм, рейхым «цIыху ныкъуэу» къилъытэхэм. Фэри фощIэ дэ тщIыгъуу мыбы къызэрагъэзэжар Кавказым икIыу хамэ къэрал Iэпхъуа куэдым. Граждан зауэм щыгъуэ большевикхэмрэ комиссархэмрэ пэмылъэщу я щхьэр дахын хуей хъуащ абыхэм. Илъэс тIощI мэхъу я Хэкур гуузу зэрафIэкIуэдрэ. Дэ я Хэкур еттыжыфынущ абыхэм. Кавказ лъэпкъ псоми ящыщ ди гъусэщи, къахуэмыгъэсу поплъхэр Кавказ куей псоми, къалэхэми къуажэхэми нэмыцэр тепщэ щыхъунум. Германием муслъымэнхэр цIыху пэжу къелъытэ. Бгырысхэя я нэхъыбэр муслъымэнщи, нэмыцэ командованием и унафэ щыIэщ абыхэм яфI фIэкIа я Iей зедмыхуэну, тыншу дадекIуэкIыну. Куэд мыщIэу Кавказыр дубыдынущи, фыдогъэгугъэ мэжджыт зэхуащIахэр къыфхузэIутхыжыну. ЦIыхухэм я гъащIэр куэдкIэ нэхъыфI тщIыну фыдогъэгугъэ Совет властым нэхърэ. АбыкIэ ди псалъэр быдэщ. Кавказ цIыхухэ! Мыр фэ фи зауэкъым. Къытхыхьэну хуей дэтхэнэми щхьэхуэу депсэлъылIэнущ къылъысыну лэжьыгъэм теухуауэ. Сэ фIыуэ сощIэ: фи хабзэмкIэ нэхъыжьыфIхэм, пщIэ зыхуащI цIыху цIэрыIуэхэм жаIэм дзыхь хуэфщIу, федаIуэу фопсэу. Абыхэм ящыщ зыщ иджыпсту къэпсэлъэнур. Ар адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ ЩоджэнцIыкIу Алищ. Къеблагъэ!
(Капитаныр зэрыӀумпэму яхоплъэри Али нэкIэ зыкърегъащIэ. ХулъэмыкIыу и Iэм, и Iэлъэм йопэм, и пэмрэ и Iупэмрэ зэрегъалъэри и нэщхъыр зэхеукIэ).
АЛИ (зэрыхузэфIэкIкIэ ину). Фэ псоми сыкъывоцIыху. Мы мазэхэм сэ сызыщIыгъуа цIыхухэм я гур жыру псыхьащ. Сэ сыадыгэщи, Кавказым къикIа псоми гушхуэныгъэ, пагагъэ къысхыволъхьэ! Си псалъэр кIэщI сщIынущ. Фэ вжесIэнумрэ мобыхэм жысIэн хуейуэ сызыщIагъэдэIуамрэ зыкIи зэтехуэнукъым. ФIы къызэримыкӀынури къызгуроIуэр абы. ЗэвгъащIэ, нэмыцэм я Iуэхур фIым ирикIуэнукъым! Дэращ мы зауэм щытекIуэнур. ЗэикI къэхъуакъым нэгъуэщI къэрал теуам, ар Македонскэ ирехъу, ар Наполеон ирехъу, фIы щIихауэ! Аращ Гитлер и щхьэми ирикIуэнур! Сыт къыдамыщIами си лъэпкъ напэр дывгъэхъумэж. Хэкур тпэжыжьэми, ди хъыбарыр нахьэсынщ дэ дынэмысыжми. Иджыпсту мыбдеж фыкъыщIызэхуахусар хэкум фепцIыжу езыхэм фызыгуагъэхьэну аращ. СыволъэIу, фыщымыуэ! ИгъащIэкIэ ди Хэку-Анэм къытхумыгъэгъун напэтехщ ар!..
(Лангут губжьауэ, зыхуейр къемыхъулIауэ хъумакIуэхэм йоплъри и башыр Али дежкIэ еший. Модрейхэм Али ираудри мыхъеижу баракым щIах. Лангут Iэл къэхъуауэ абыхэм якIэлъокIуэ. МыдэкIэ щIэтхэр бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ гыбзэхэр кIэлъаутIыпщ фашистхэм: «Зэпыту фыкIуэ!», «Фи щхьэм ирикIуэ!», «Алыхьым къыфхуимыгъэгъукIэ!»).
МОЗЕРБАХ (гъэрхэм къахокIие). Капитан Лангут жиIам иджыри фегупсыс! Нэмыцэдзэм хыхьэну хуейхэр фыкъыщIэкI! (ЦIыху зыбжанэ къыхокIри щIокI. Мыдрейхэр якIэлъоубжьытхэ. Мозербах щIэкIахэм якIэлъыжеIэ). Штабс-фельдфебелым иужь фиувэ!
(ЩIокIхэр. Мэкъамэ гукъутэ къоуэ).
МОЗЕРБАХ. Хэт иджыри гупсысэнуми пщыхьэщхьэ хъуху зэман фиIэщ! ЗыжефIэнур ефрейтор Тэучэшырщ! ФызэбгрыкI! Работа! Работа! Форбай!
Сценэр кIыфI мэхъу. Теплъэгъуэм зызэрехъуэкI.
Жэщщ. Баракыр нэщIщ. Мыр япэм узбекхэр зыщIэсаращ. Скрипкэр гущIыхьэу къоуэ. Зыгуэрым фонарь нэху ирегъэдз. Али мыхъейуэ лъэгум щылъщ. ЦIыхуищым ар къызэщагъэуну хэтщ, ауэ зыри къикIыркъым.
ЛАЛУ. ЗыкъищIэжыркъым… Диижащ…
БЕЛОРУС ИВАН. ЛIэху яущэбащ Тхьэм и нейр зыщыхуэнхэм. И нэгур къыпхуэцIыхужыркъым…
ЛАЛУ. Мы мазэм адыгэ жыхуаIэр къыдигъэщIащ мыбы… Фепъыт, дзыгъуэшхуэхэр къеIащ и лъакъуэм! Дауэ ар уи псэм зэрытехуэнур!
ТЭУЧЭШЫМ. ЗышыIэ, къуэш, ахъумэ и лъэужьыр уагъэхунщ. ЗыкъэфIэтынуи фыхуемыжьэ, яжефIэ ар псоми! Фи губжьымрэ пагагъымрэ фытекIуэдэжынущ. Куэд мыщIэу гъэрхэр нэгъуэщI нэмыцэIуэхэм трагуэшэнущ дашу, зывгъэхьэзыр. Ядэлэжьэн зымыдэхэр Белорусием щыIэ лагерхэм ирадзэнущ, ахэри зыкIи нэхъыфIкъым.
БЕЛОРУС ИВАН. Дыдамыш щIыкIэ щIэлъхьэн хуейщ, къуэм дамыдзэжу!
ТЭУЧЭШЫМ (хикъузэу). Адыгэхэм щIрелъхьэж я хабзэм тету. Мозербах хуит ищIащ. Ауэ псынщIэIуэу! Лангут зефыщIыж, хьэдэщIэлъхьэхэр къимыгъакIуэ щIыкIэ къуэ лъащIэм дещ мащэ къыщытIын хуейщ. Лалу, Индрис къыбдэIэпыкъуну къару иIэжкъым, Лэкъумэнрэ уэрэ фызэдэIэпыкъуурэ щIэфлъхьэ адыгэ хабзэм тету, КъурIэн лъапIэм зэрыжиIэм хуэдэу. Хуэфэщэн пщIэ хуэдывгъэщIыж, ауэ иджыри вжызоIэ: фи щхьэ и зэран зэвмыгъэкIыж Тхьэм щхьэкIэ!
(Псори щIокIыж. Али щылъщ, и зы бгъумкIэ белорус Анэр, адреймкIэ ШэӀидэт къыщхьэщысщ. ШэIидэт хуэму уэрэд-гъыбзэ къреш, и щхьэгъусэр игъеижу).

Шэlидэт и гъыбзэ

Уафэ нэзхэмэ пшэплъу къытехьэм, уэу, си Алий,
Уи хъыбарыр си лъэIут къахьыну.
Къару лъэщу жьыбгъэм зэрихьэм, уэу, си Алий,
Уей, сеубзэрти укъашэжыну.

Дыгъэ гуащIэмэ нуру къиIэтым, уэу, си Алий,
Сеубзэрабзэти гъуэгу нэху къуитыну.
Мазэ-вагъуэу щIылъэр зыхъумэм, уэу, си Алий,
Щхьэщэ хуэсщIырти усхуахъумэну.

Бынхэр хуэсшэурэ сызыхуэгъ сыным, уэу, си Алий,
Ар хьэдэншэ-къупщхьэншэ кхъащхьэми,
Къэнжал бгыщхьэмрэ тхыгъэ-усыгъэмрэ, уэу, си Алий,
БампIэдэхыурэ фэеплъ нэхъыщхьэти.

Уи усыгъэурэ шыкIэпшынэбзэр, уэу, си Алий,
Хъуащ уахътыншэ. Пшынэ макъ бзафIэти
Хэку и щIэблэм уи бзэкъу япхъуатэурэ, уэу, си Алий,
Уи усыгъэр ягъэIу фIэрафIэурэ.