ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием гулъытэшхуэ хуещI тхылъ къыдэгъэкIыным, адыгэ щэнхабзэр гъэкIуэтэным, адыгэбзэр хъумэным. Иджыблагъэ ЩIДАА-м хэтхэр еблэгъащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центру КъБКъУ-м щыIэм, икIи иужьрей илъэсхэм академием къыдигъэкIа тхылъхэм щыщи тыгъэ хуащIащ.
Биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, ЩIДАА-м и президентым и чэнджэщэгъу Бэлахъуэ Олег, и дэIэпыкъуэгъу Махуэ Владимир, ЩIДАА-м хэт корреспондент Фырэ Анфисэ сымэ хэту екIуэкIащ а Iуэхугъуэр. ЩIэныгъэ-щэнхабзэ зэдэлэжьэныгъэр гъэбыдэным хуэгъэпса зэIущIэм къекIуэлIахэр иригъэблэгъащ, щэнхабзэ центрым щызэфIагъэкI лэжьыгъэми хьэщIэхэм къахутепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и унафэщI Езауэ Мадинэрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къардэн Мусэдинрэ.
— Адыгэ центрыр ЦIыпIынэ Аслъэн къызэригъэпэщат. Республикэм щилэжь адыгэ Iуэхур щIалэгъуалэм я дежкIэ щхьэпэ защIэт, акъыл зыхэлът. Университетым и нэхъыщхьэхэм абы гу лъатэри, лъэIукIэ къашауэ щытащ. Центрыр зэрылэжьэну мардэхэр яубзыхуат, мурад и куэдт, ауэ лэжьыгъэр шэщIауэ ежьатэкъым, гуауэр къыщыхъуам. Илъэсым нэблагъэкIэ зыми и нэIэ щIэтакъым центрыр. ИтIанэ, сэ сыкърагъэблэгъащ. Ди университетым декоративнэ гъуазджэм щелэжь къудамэ иIэщ. Абы щыIэхэм дыхэплъэри, хьэпшып гуэрхэр къыхэтхащ. Егъэлеяуэ сэбэп къытхуэхъуащ пхъащIэ Iэзэ, адыгэм и тхыдэми фIыуэ хэзыщIыкI Урыс Аслъэн. Ди IуэхущIапIэм щIэт адыгэ Iэнэ лъакъуищхэр, пхъэ вакъэ тхуищIащ, фащэ 30-м нэблагъи диIэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, цIыхуншэ дыхъуркъым, хабзэ зыхэлъ, анэдэлъхубзэр зыIурылъ ныбжьыщIэ щыпкъэхэр къокIуалIэ, ахэр екIуу утыку къыщохьэ, къэрал куэдым я лIыкIуэхэр щызэхуэс гъэлъэгъуэныгъэхэм. Адыгэ щэнхабзэм, литературэм, щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди нэхъыжьхэм я цIэр зэрытхъумэным, я IуэхущIафэхэм щIэблэр зэрыщыдгъэгъуэзэным долэжь. Къыхэгъэщыпхъэщ лъэпкъ IэщIагъэхэм зэрыщыхурагъасэри. Мыбдеж Адыгэ центрыр, Балъкъэр центрыр, Урыс центрыр къыщызэгъэпэщащ. Дэ щыри дыщIыщыIэр дызэрызэгурыIуэр, ауэ дызэрызэщхьэщыкI зэрыщыIэри дгъэлъэгъуэн щхьэкIэщ, — жиIащ Езауэм.
ЩIэныгъэ академием и лIыкIуэхэм зэрыжаIамкIэ, ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен гулъытэшхуэ хуещI адыгэ Iуэхур гъэкIуэтэным. Абы папщIэ, унафэщIым академием и лэжьыгъэм сом мелуан бжыгъэхэр трегъэкIуадэ, илъэс къэси тхылъыщIэхэр пщIы бжыгъэкIэ къыдагъэкI. КъБКъУ-м тыгъэ хуащIащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Щоджэн Iэсхьэд и «Адыгэхэр» томитIыр, «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъиплIыр, тхыдэм, филологием, биологием теухуауэ ди щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыщ, ЗэрамыщIэ Заретэ Iыхьи 4-у зэхэту къыдигъэкIа «Лъахэ уэрэдхэр», «Доклады АМАН» журналым и къыдэкIыгъуэ зыбжанэ, нэгъуэщIхэри.
