ЩIэблэм хуэлажьэ зэгухьэныгъэ

ЩIэныгъэм къыдэуша, зэманым къытхилъхьа интернет бэджыхъым и фIыгъэкIэ дуней псом щытепхъа адыгэ лъэпкъыр зэрыгъуэтыжауэ жыпIэ хъунущ. Абы я лэжьыгъэшхуэ хэлъщ интернет напэкIуэцIхэм къыщызэрагъэпэщ утыку зэхуэмыдэхэм. Абыхэм ящыщ зыщ адыгэу цIыху мин 90-м нэблагъэ зэхуэзышэса, Урысейм и къалэшхуэхэм, хамэ къэралхэм щыIэ ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэм, щIалэгъуалэм и зыужьыныгъэм, щIэблэм адыгэбзэр яIурылърэ хабзэм тету гъэсэным теухуа теплъэгъуэ щхьэпэхэр ди пащхьэ къизылъхьэ, илъэси 8 хъуауэ зи лэжьыгъэр зэпымыу «Черкесский Ренессанс» напэкIуэцIыр. ИрагъэкIуэкI лэжьыгъэм тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ Iуэху щхьэпэм и къызэгъэпэщакIуэ Жылэгъащтэ Хьэчим.
— 2013 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м «ВКонтакте» сайтым «Черкесский Ренессанс» («Адыгэ ЗыIэтыжыгъуэ») напэкIуэцIыр къыщызэдгъэпэщауэ щытащ. ИужькIэщ ар Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэ щыхъужар, 2015 гъэм и фокIадэ мазэм. Абы и лэжьыгъэр хуэунэтIащ адыгэ щIалэгъуалэр жылагъуэ Iуэхухэм къыхэшэным, адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным, лъэпкъым къыхэжэныкIа щIэныгъэлIхэр, узэщIакIуэхэр щIэблэм егъэцIыхуным. Зэгухьэныгъэм мурадышхуэхэр, къалэнышхуэхэр иIэщ, ахэр хуэгъэпсащ Iуэхугъуэ куэдым: щIалэгъуалэм и гупсысэкIэм къыщыщIэдзауэ гъащIэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрызэщIэдубыдэным дыхущIокъу. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр къытщIэувэ щIэблэр зэрыадыгэр ящIэжу, я анэдэлъхубзэм ирипсалъэу, ди адэжьхэм нобэм къахьэса Хабзэр яхъумэу, ахэр ящIэ мыхъуу, дунейпсо утыкум кърахьэфу, лъэпкъыпсэу къэгъэхъунырщ.
— «Черкесский Ренессансыр» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэу зэрыщыIэ илъэсийм къриубыдэу зэгухьэныгъэм игъэзэщIам, илэжьам и гугъу уэзгъэщIынут, Хьэчим.
— Интернет напэкIуэцIу дыкъежьами, ди зэфIэкIхэр цIыкIутэкъым, дэ къыхэтлъхьа Iуэху зыбжанэ адрей жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми, уеблэмэ щIыналъэ, къэрал, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ IухущIапIэхэм къызэдащтэри, ягъэзэщIащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, адыгэбзэм нобэ ди гъащIэм щиубыд мыхьэнэм, ар мыкIуэдыжын папщIэ лэжьыпхъэхэм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым мызэ-мытIэу сыкъыщыпсэлъащ, а Iуэхугъуэ дыдэр Къэрэшей-Шэрджэсым щекIуэкIа зэIущIэми къыщысIэтащ, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр Урысейм и цIыхуу къалъытэным пыщIа хабзэхэр нэхъ мащIэ щIыным, тыншу зэфIэхыным теухуа тхыгъэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и утыку къисхьащ. КъищынэмыщIауэ, Студентхэм я дунейпсо фестивалым щыдгъэлъэгъуащ адыгэм и щэнхабзэр, хабзэр, фащэр. КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щIыгъуу «Адыгэ хабзэ», «Дебаты» зыфIэтща щIыналъэпсо зэхыхьэхэр, зэпеуэхэр едгъэкIуэкIащ. «Дебаты» проектым хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я щIалэгъуалэри. Ар урысыбзэкIэ едгъэкIуэкIауэ щытащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм, адыгэхэм, балъкъэрхэм, къэрэшейхэм, нэгъуейхэм абазэхэм, урысхэм, къэзакъхэм, ермэлыхэм, щыщ ныбжьыщIэхэр зэрыхэтам папщIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ псапащIэ Iуэху бжыгъэншэу дгъэзэщIахэри. Абыхэм ящыщу тIум нэхъ заубгъуат – «Псапэ», «Я благодарю» фIэщыгъэм щIэту едгъэкIуэкIахэм. Ахэр цIыхухэр зыхуэныкъуэ икIи сэбэпышхуэ зыпылът, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, мылъкукIэ зыкъытщIэзыгъэкъуэн дымыгъуэту, къызэтедгъэувыIащ. Iэмал имыIэу зэтеублэжын хуей Iуэхугъуэу къызолъытэ. ИджыпстукIэ щIэблэм я зэфIэкIхэр къызэкъуахынымкIэ дэIэпыкъуэгъу дахуэхъун папщIэ, щIалэгъуалэ проектхэм ди лэжьыгъэр нэхъ тедгъэщIэну тедухуащ. Абы папщIэ «ХьэщIэщ» зыфIэтща хэщIапIэр къызэдгъэпэщащ. Мы гъэм къэрал саугъэтыр къэтхьащи, абыкIэ дызыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ къэтщэхужмэ, ди «ХьэщIэщым» и бжэр щIалэгъуалэм яхузэIухащ. Быдэу си фIэщ мэхъу ар щIалэгъуалэ зэчиифIэм я зэхуэсыпIэ, дэIэпыкъуэгъу щагъуэт, я хъуэпсапIэхэр нахуапIэ щыхъу, щхьэпагъ пылъу я зэманыр щагъакIуэ хэщIапIэ зэрыхъунур.
— Адыгэхэм хьэщIэщ яIэу щытащ…
— Пэжщ. Адыгэм и хьэщIэщыр елIэлIапэу иухуэрт, хьэпшып нэхъыфI дыдэу иIэхэмкIэ игъэщIэращIэрт, и хьэщIэми пщIэшхуэ хуищIырт, ерыскъышхуэ къыхуиIэтырт, зэхъуэпсари тыгъэу иритырт. КъищынэмыщIауэ, абы щIыгъуу Iэнэм ягъэтIысырт пщIэ зыхуащIу къуажэм дэс лIы цIэрыIуэхэр. Абыхэм зэманыр зэрыкIуэм гу лъамытэу, уэршэру, хъыбарыжьхэр жаIэжу зэхэст. Дауи, нэхъыжьыфIхэм якIэлъыIэбэу абыхэм ящхьэщыт щIалэгъуалэми хьэщIэщым щызэIэпах IуэрыIуатэм Iущыгъэ къыхахырт. Мис ахэращ ди «ХьэщIэщым» и лэжьыгъэри зытегъэпсыхьауэ щытынур. Нобэрей махуэм, гъащIэм къигъэув Iуэхугъуэхэм теухуауэ дгъэпсэлъэну нэхъыжьыфIхэр къедгъэблэгъэнущ, абыхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я дуней еплъыкIэкIэ, гупсысэкIэ зэрыщIэн папщIэ. Дэ фIыуэ къыдгуроIуэ ди лэжьыгъэр зылъахъэ Iуэхугъуэ гуэрхэм дызэрырихьэлIэнури, псори дызэрыхуейм хуэдэу зэрымыхъунури. Абыхэми дыхуэхьэзырщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр – а зэIущIэхэр егъэкIуэкIынырщ, абы адыгэбзэ щыгъэIунырщ. Дэ зыми улахуэ къыдитыркъым, псори гукъыдэж защIэкIэ зэрыIыгъыу аращ. Грант зэпеуэхэм дыхыхьэурэ мылъку гуэр къытхэхъуами, дызэрылэжьэн Iэмэпсымэхэр къритщэхуащ. Аращ ди зэгухьэныгъэм хэщIапIэ имыIэу дыкъыщIэгъуэгурыкIуар. Ауэ ди хьэщIэщыр нэтщIысмэ, Iуэхур нэхъ тынш хъунущ.
— Лъэпкъыр зыхуэныкъуэ Iуэху щхьэпэщ узыпэрытыр, Хьэчим. ИпэкIэ уплъэмэ-щэ? Сытхэр иджыри уи мурад?
— Дауи, нобэ дыздынэсам дыкъыщыувыIэнукъым. Сэ мурадышхуэхэр сиIэщ. Псалъэм папщIэ, ЩIалэгъуалэ Хасэ къызэдгъэпэщыну ди гугъэщ, абы къекIуалIэхэр щIыналъэ, урысей, дунейпсо Iуэхухэм хэдгъэхьэнущ. Дыхуейт лъэпкъым къыхуэсэбэпыну лэжьыгъэхэр утыкум изыхьэн щIалэгъуалэ дгъэхьэзырыну. КъищынэмыщIауэ, лIыгъэм, хахуагъэм и щапхъэ хэкупсэхэм теухуа фильмхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIыным зеттащ. Апхуэдэу, «Последний самурай», «Гладиатор» жыхуиIэ фильмхэр зэдзэкIын щIэддзэнущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр пщIэншэу къыддэлэжьэну зэдзэкIакIуэхэращ зыщIынур. Арами, мылъкукIэ къыткъуэувэн, зыкъытщIэзыгъэкъуэн щыIатэмэ, адыгэбзэм къидгъэтIасэ фильмхэри псысэхэри нэхъыбэ хъунут. ДызыхэпсэукI зэманыр апхуэдэщи, сабийхэм телефон яIэщIэкIыркъым, зэпымычу псысэхэм йоплъ. Ахэр адыгэбзэкIэ щыIэу щытатэмэ, сабийхэми я анэдэлъхубзэм япэ урысыбзэр къафIищынтэкъым. Мы Iуэхум гупсысэ нэхъыщхьэу хэлъыр – щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ анэдэлъхубзэр нэхъыбэрэ зэхегъэхынырщ. КъищынэмыщIауэ, зи IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ бжьыпэр зыIыгъ, лъэпкъым къыхэжэныкIа цIыху щэджащэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэрыдгъэцIыхунущ, зэдгъэпсэлъэнущ. Гу зэрылъыттащи, апхуэдэ зэIущIэхэм яужькIэ щIэблэм я дуней еплъыкIэм зехъуэж. ЗэрыжаIэщи, щэрэ зэхэпх нэхърэ зэ плъагъумэ, нэхъыфIщ.
— ЗищIысымрэ зыщыщымрэ ящIэжу нобэрей гъащIэм екIурэ-ещхьу хэпсэукIын щIалэгъуалэ гъэсэнырщ уи гупсысэ нэхъыщхьэр, кIэщIу жыпIэмэ…
— Дунейм лъэпкъ куэд тетщ. Дэтхэнэми езым и щэнхабзэ, бзэ, теплъэ иIэжщ. Быдэу си фIэщ мэхъу лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр бзэр арауэ зэрыщытыр. Адыгагъэр я гъуазэу, адыгэбзэр яIурылъу, хабзэм тету псэун, къэзыхъуреихь лъэпкъэгъуэхэм хэмышыпсыхьын щIэблэ гъэсэныр ди къалэн нэхъыщхьэу къысщохъу.
— Ар Iуэхушхуэщ, Хьэчим. УзыпэщIэувэр быдэу къыбгурыIуэжу иужь уихьащи, ди гуапэщ уи мурадхэр къохъулIэну, уи къару пэлъэщыну!
— Упсэу! ТлъэкI къэдгъэнэнкъым.