/

ЩIэныгъэр зи IуэхущIафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр ират щIэныгъэмрэ абы щIэ гуэр хэлъхьэнымкIэ ехъулIэныгъэ зиIэ ныбжьыщIэхэм. 2025 гъэм къагъэлъэгъуа зэфIэкIым теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэм и УказымкIэ ягъэлъэпIахэм ящыщщ Мэкъуауэ (Токъмакъ) Данэ Хьисэ и пхъур. Абы зыхуэдгъэзащ иригъэкIуэкI щIэныгъэ лэжьыгъэр зытеухуам нэхъ убгъуауэ тедгъэпсэлъыхьыну.
Токъмакъ Данэ Малкэ къуажэм къыщалъхуащ, Налшык къалэм къыщыхъуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь ар щIэтIысхьащ Пятигорск дэт Къэрал университетым инджылызыбзэмрэ нэмыцэбзэмкIэ и къудамэм. Ар хуеджащ «Теоретическая и прикладная лингвистика» жыхуиIэм. ЕджапIэ нэхъыщхьэр тхылъ плъыжькIэ къиухри, щIэныгъэм аспирантурэм щыпищащ, 2018 гъэм кандидат лэжьыгъэри пхигъэкIащ. А илъэс дыдэм щыщIэдзауэ Данэ щолажьэ Информатикэмрэ щIыналъэм унафэр щызехьэным хэлъ гугъуехьхэр джынымкIэ институтым. «Компьютер лингвистикэ» лабораторэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр хуэгъэзащ цIыхум и акъылым нэхъ тыншу къыхуэщтэ компьютер системэхэр бзэр джыным къыхуэгъэсэбэпыным.
— Данэ, дыщыгъэгъуазэт фщIэм.
— Нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, цIыхум унагъуэ IуэхукIэ, и лэжьыгъэкIэ къигъэсэбэп, щIэныгъэмрэ техникэмрэ я иужьрей Iэмэпсымэхэр «къэгъэпсэлъэнырщ» дызытелажьэр. Псалъэм папщIэ, цIыхум сабэщыпыр IэкIэ къримышэкIыу, унафэ хуищI къуэдейкIэрэ езы Iэмэпсымэр лэжьэнущ. Абы и закъуэкъым, уепсалъэмэ, жэуап къуатыжыфу хъунущ.
— «Алисэ» къызэрыдэпсалъэм хуэдэуи?
— НтIэ. КъищынэмыщIауэ, компьютерым, телефоным, машинэм пыщIа программэхэр цIыхум IэпэкIэ зримыгъакIуэу, епсалъэ защIэкIэ игъэлэжьэфынущ.
— КъэкIуэну жыжьэм теухуауэ дыщыцIыкIум дызэплъу щыта «фантастикэ» фильмхэр сигу къэбгъэкIыжащ. Абы щыгъуэ а зэманыр щIэх къэмысыну, дызэплъри зэи нэхуапIэ мыхъуну къытщыхъурт…
— Ди гуапэ зэрыхъунщи, къэсащ ар икIи дгъэунэхуну Iэмал диIэщ. ЗэрыжаIэщи, фантастикэр ауэ сытми зыгуэрым къигупсыса шыпсэкъым. Ар акъылкIэ, гупсысэкIэ япэ ищахэм я Iуэху еплъыкIэм хуэмыхьэзыр цIыхубэм я деж зэрынахьэс Iэмалщ. ЩIэныгъэр кIуэтэху, техникэм зиужьыху цIыхури хуэхьэзыр мэхъу зэхъуэкIыныгъэщIэхэм. Мис итIанэщ къэхутэныгъэхэр утыку къыщрахьэр.
— Роботхэр «гъэсэн» жыхуэпIэр япэ дыдэу ди деж къыщежьар, хьэмэрэ къэрал гуэрхэр ди япэ ищауэ къагъэсэпэбрэ?
— Дэ дызэлэжь программэхэм хуэдэ куэд щыIэщ. Ахэр языныкъуэ къэралыгъуэхэм куэд щIауэ къагъэсэбэп. Ауэ дэ ди лэжьыгъэр ахэм къахэзгъэщхьэхукIыр – цIыхум и гупсысэкIэм, и акъылым и лэжьэкIэм щыщ гуэр зэрыхэтлхьарщ. А Iэмалым япэ дыдэу еувэлIар ди институтым и унафэщI Нэгъуей Залымхъанщ.
— Си нэгу къыщIэзгъэхьэну сыхэтщ узытепсэлъыхьыр, Данэ. ЦIыхухэм я дунейм и зы Iыхьэщ зэпсэлъэныр, зэдэуэршэрыныр, зэрыщIэныр. Роботыр ди гъащIэм къыхыхьэмэ, цIыхухэр зэфIэкIуэдынкIэ, я гупсысэкIэм, щытыкIэм зихъуэжынкIэ хъуну?
— Къаухь IэрыщIыр ди гъащIэм къыхэпшэхъуагъэххэщ. Ди анэ-анэхэмрэ адэшхуэ-анэшхуэхэмрэ къагурыIуащэкъым а псори зэрызэтеублар, зэрыхъур, зищIысыр. ЩыIащ зэман кхъухьлъатэхэр зэрылажьэр, ахэр зищIысыр цIыхухэм къагурымыIуэу, щышынэу щыщыта. Ауэ нобэ ахэр димыIэу гъащIэр ди нэгу къытхущIэгъэхьэркъым. Дэ къытщэхъуэ щIэблэр халъхуащ лъэхъэнэм и зэдзэкIыгъуэми, бдзэжьейр псым зэрыхэсым хуэдэу, ныбжьыщIэхэм тыншу къагъэIэрыхуэ щIэуэ къежьа псори. Ахэр нэгъуэщIщ, техникэ и лъэныкъуэкIэ псори къагурыIуэу дунейм къытехьэм хуэдэщ, къызэрыгуэкI гуэруи къащохъу нэхъыжьхэр зыщыщтэ щIэщыгъуэр.
— Мыпхуэдэхэм деж сигу къокIыж Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэр: «Зэманым декIур лIыфIщ».
— Лъэпкъым и закъуэ мыхъуу, дуней псом ехьэлIауэ къэбгъэсэбэп хъунущ а жыIэгъуэр. Iущыгъэшхуэ хэлъщ абы.
— Уэ узэлэжь, дызытепсэлъыхь лэжьыгъэр къэдгъэсэбэпу роботхэр адыгэбзэкIэ къытхуэгъэпсэлъэну?
— Абыи долэжь. Адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ я псалалъэхэр интернетым иралъхьэ иджыпсту. А гупым я лэжьыгъэр зэрызэфIэкIыу, роботхэр анэдэлъхубзэхэмкIэ къэгъэпсэлъэным деувэлIэну ди гугъэщ.
— «Модернизацэр къытхуэгъэсэбэпмэ, ди бзэр тхуэхъумэжынущ, тхуэгъэкIуэтэнущ» щыжаIэкIэ, ар си нэгу къысхущIэгъэхьэртэкъым. Уеблэмэ модернизацэм анэдэлъхубзэхэр игъэкIуэдыжыпэну къысщыхъурт. Мис иджы къызгурыIуащ… Иджыри зы упщIэ сиIэщ. Дызытепсэлъыхьа Iуэхугъуэм сыт уэ сэбэп узэрыхуэхъур? Уи лэжьыгъэр сыт зытеухуар?
— ЦIыхум и псалъэхэмрэ унафэхэмрэ роботым къазэрыгурыIуэнур, зэрызэхащIыкIынур соубзыху. Стхам программистхэм код хуащIыжри, программэ ятх, ар иужькIэ роботым пкъралъхьэн, абы тету лэжьэн папщIэ.
— «Терминатор» фильмым къызэрыхэщауэ, роботхэм зэгуэр зыкъаIэтынкIэ ушынэкъэ, Данэ?!
— Роботхэм цIыхухэм хуэдэу гупсысэ, зэхэщIыкI яIэкъым. Ахэм яIэр дэ яхэтлъхьэ къаухь IэрыщIращ. ИкIи зэгуэр къытпэщIэувэжынкIэ Iэмал иIэкъым.
— Уи IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ я хъер псоми тлъагъуну, Данэ. Упсэу!