Джаурджий Хьэтыкъэ Зэчрей и къуэр Тэрч куейм хыхьэ Арик къуажэм къыщалъхуащ. Абы къуажэ школыр къыщиуха нэужь (1936–1947гъгъ.), Хьэтыкъэ щеджащ Налшык къалэм дэт Къэбэрдей къэрал педагогикэ институтым бзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм (ар 1947–1951 гъэхэм тохуэ). И IэщIагъэу дипломым хуратхат «Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ, 8–10 кл.» жиIэу. Къыщиуха гъэ дыдэми, щIалэм и зэфIэкIыр къалъытэри, ассистенту адыгэбзэ кафедрэм къагъэнат. Диплом зыIэщIэлъ егъэджакIуэхэр а зэманым мащIэт, зэпэубыдат. Джаурджийм 1952–1954 гъэхэм Арик игъэзэжри, курыт еджапIэм и унафэщIу, урысыбзэмкIи иригъаджэу лэжьащ.
Иужьк1э, Сокъур Мусэрбийрэ Джаурджий Хьэтыкъэрэ Къэбэрдей къэрал пединститутым и адыгэбзэ кафедрэм аспиранту къащтащ. ЩIалитIыр зэкъуажэгъу къудейуэ къэнэжтэкъым, атIэ зы илъэсым, зы мазэм къалъхуат, къуажэм щагъэзэжами, школым щызэдэлэжьащ, зэрыгъэпэжу, зэныбжьэгъуфIу, я кум пщ1э дэлъу. ЕгъэджакIуэ гъуэзэджэу лажьэ Сокъур Мусэрбий 1990 гъэм, и ныбжьыр 61-м иту, зэшэзэпIэу дунейм ехыжащ. Зихуэдэ щымыIэу щIэныгъэлI нэс къахэкIат зы адыгэ къуажэ къыдэкIа щIалэхэм – ди щэнхабзэм, бзэ щIэныгъэм, егъэджэныгъэм уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэфI хуащIащ – щIэныгъэм лIыхъужьыгъэ щызэрахьащ Езы тIум я зэхущытыкIар зы тхылъ ирикъунщ.
1954–1956 гъэхэм аспирантурэм щеджащ, иужькIэ Хьэтыкъэ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и методисту, и директору лэжьащ, 1972–1980 гъэхэм ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лабораторием и унафэщIу щытащ, 1980–1990 гъэхэм Налшык педучилищэм и директорт икIи и егъэджакIуэт, адыгэбзэмкIэ студентхэр, школакIуэхэр зэреджэн тхылъхэр игъэхьэзыращ, егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэк1э къахуэщхьэпэн чэнджэщхэр къыдигъэк1ащ, ахэр зэреджэн, зэрылэжьэн программэхэр зэхилъхьащ. Жып1энурамэ, республикэм и методист нэхъ Iэзэ дыдэхэм ящыщащ ар.
Джаурджий ХьэтIыкъэ апхуэдэу щIэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм илъэс 50-кIэ хэтащ. «Ленин гъуэгум», иужькIэ «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуа тхыгъэхэм щыщ гуэрхэм я цIэ къисIуэнумэ, мыхэр нэхъ къыхэзгъэщынт: «Анэдэлъхубзэмрэ еджапIэхэмрэ», «Бзэр егъэщIэнымрэ грамматикэр егъэджынымрэ», «Пэжырытхэм хуегъэджэн», «Лъэпкъ школ. Дауэ абы зэрызиужьыр?», «Хабзэмрэ абы и зехьэкIэмрэ», «Адыгэбзэр зэрагъэдж тхылъхэр. Дигу зыхуэныкъуэхэр, ныкъусаныгъэхэр, чэнджэщхэр», «ГъэтIылъыпIэ зимыIэ Iуэхухэр», «АдыгэбзэмкIэ IV классым и тхылъымкIэ зэрегъэджэн хуейр», «Нагъыщэ гъэувыкIэм папщIэ. ЕгъэджакIуэм и дэIэпыкъуэгъу», «ТхэкIэ тэмэмымкIэ хабзэхэмрэ зи тхыкIэм гугъу дехъ псалъэхэмрэ», «Псалъэ зэпхар еплIанэ классым зэрыщаджыр», «Сэ вжесIэну сыхуейт», «Адыгэ алфавитым папщIэ иджыри зэ», нэгъэущ1хэри. 40-м щIегъу мыпхуэдэ тхыгъэхэр.
Ц1ыхухэр упщIэ куэд и тхыгъэхэм къищиIэтт, ахэм жэуап хъарзынэхэр къритт. Феплъыт щIэныгъэлIыр зытегузэвыхь Iуэхугъуэхэм: Дауэ адыгэбзэм и пщIэр къаIэтыжа зэрыхъунур? Сыт адыгэхэм я нэхъыбэм я анэдэлъхубзэр щIамыщIэжыр? Хэт ар абыхэм япэзыубыдыр? Дауэ зэрекIуэкIар икIи хэт и жэрдэм адыгэ (адыгэбзэкIэ щрагъаджэ) школхэр зэхуэщIыжыныр?
Адыгэ алфавитыр зытетын хуей графикэм теухуауэ Джаурджийм мыпхуэдэ Iуэху еплъыкIэ иIащ: «Графикэ щыIэхэм щыщу дэтхэнэ зы бзэми лъабжьэу къищтэн хуейр езым щызекIуэ макъ-фонемэхэр нэхъ щызу, нэхъ Iэрыхуэу къызэрыпхуэгъэлъэгъуэнурщ. Аращ псом япэ итын хуейри. Абы нэмыщIкIэ латин графикэм щIыхуэкIуэн хуейм и щхьэусыгъуэу хамэ къэрал щыIэ адыгэхэм хьэрыпыбзэ, инджылызыбзэ зэращIэр Iуэхум къыхэлъытэн хуейуэ къэзыгъэувхэм щхьэ зыщагъэгъупщэрэ дэ, мы къэралым щыпсэу адыгэхэм, урысыбзэр зэрытщIэр, зэрыдджыр, абыкIэ урысхэм я мызакъуэу нэгъуэщI лъэпкъ зэхуэмыдэхэм дазэрепсалъэр? А пщалъэмкIэ убгъэдыхьэмэ, иджы дызытет алфавитым нэхърэ ди бзэм нэхъ хуэкIуэ щыIэкъым. Алфавитым иджыпстукIэ иIэ щытыкIэм арэзы сыт и лъэныкъуэкIи дыкъищIу аракъым, атIэ урыс графикэр лъабжьэу къэгъэнэжауэ, нэгъуэщI къэмыщтауэ, дигу зыхуэмызэгъахэр зэгъэзэхуэжынырщ, егъэфIэкIуэнырщ».
Мыр къызыхэсхар тхыгъэшхуэщ, удэзыхьэхщ. Зэман дихуат алфавитыр Iэмал имыIэу яхъуэжыну, латиным дытехьэну, псоми я лейуэ мыр къэзыIэтыр тыркум щыпсэу. МазитIым зэ бзэ конференцэ ящIырти, латиным дытехьэмэ, зэрыадыгэу зы дыхъужыну шэсыпIэ иувэхэрт. Си гугъэкъым мы Iуэхур иджыри къэувыIэпауэ, ауэ а зэманым икъукIэ сэбэп къытхуэхъуат щIэныгъэлIым и тхыгъэ купщIафIэхэр – ахэм дазэрыпэщIэтыр щIэныгъэ тхыгъэхэрат.
Тхылъ, тхыгъэ къигъэнахэм ухэплъэмэ, нэрылъагъущ Джаурджий Хьэтыкъэ зыхэпсэукI зэманым ипэ илъэс куэдкIэ ищауэ зэрыщытар. Лэжьыгъи 100-м щIигъу (ахэри сытым хуэдэ лэжьыгъэ!) и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэлIым егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ папщIи, ахэм дэтхэнэ зыми и чэзу дыдэщ ноби, я мыхьэнэри инщ, тхылъхэр псори къагъэсэбэп. Абыхэм ящыщ гуэрхэр къэдгъэлъагъуэ хъунущ мыбдей: «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и наречиер», «Нагъыщэ гъэувыкIэм зэрыхурагъаджэ методикэр», «АдыгэбзэмкIэ зэрырагъаджэ тхылъыр», «АдыгэбзэмкIэ зэрырагъаджэ тхылъ, курыт еджапIэм папщIэ», «Адыгэбзэ орфографием зэрыхурагъаджэ методикэр», «Адыгэбзэр еплIанэ классым», «ЕплIанэ классым папщIэ адыгэбзэмкIэ методическэ чэнджэщхэр», «Етхуанэ классым папщIэ адыгэбзэмкIэ дидактическэ чэнджэщхэр», «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмкIэ папщIэ программэ (5–11 кл.)», «Класс нэхъыжьхэм адыгэбзэр зэрыщегъэджыпхъэр», «5–11 классхэм папщIэ адыгэбзэмкIэ справочник», «ЕджакIуэхэм папщIэ урыс-адыгэбзэ псалъалъэ»,
«Адыгэбзэ», тхылъитI хъууэ, нэгъуэщ1 куэди. КъищынэмыщIауэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и псалъалъэ (1999 гъгъ.) зэхэзылъхьахэм яхэтащ. Къэзгъэлъэгъуа тхылъхэм яхэтщ пщ1э къыдагъэкIыжа, и нэхъыбэр куэдрэ иджыри дунейм къытехьащ. Абы мы тхылъхэм я фIагъымрэ я мыхьэнэмрэ къегъэлъагъуэ. «Нур» журналми сабийхэм папщIэ тхыгъэ кIэщI цIыкIухэр къытридзэрт.
Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэм щхьэкIэ къэралым Джаурджий Хьэтыкъэ дамыгъэ лъапIэхэр къыхуигъэфэщащ: «ГуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ», «Ушинский К. Д.» и цIэкIэ щыIэ медалхэр, нэгъуэщIхэри. СССР-м, РСФСР-м «ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ «отличник» щIыхьыцIэр къратат.
2001 гъэм мартым и 23-м, и ныбжьыр илъэс 72-м иту, Джаурджий Хьэтыкъэ дунейм ехыжащ.
Джаурджий Хьэтыкъэ зыцIыхуу, и лэжьэгъуу щытахэм нобэми ящыгъупщэркъым ар щIэныгъэлI зэчиифIэу, унафэщI Iэзэу, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу зэрыщытар.
