-ЕIэ! Иныжь пщае, япэ Iэбэр ууейщ, — жиIащ Бэдынокъуэ.
-Хьэуэ, цIыкIужь, уэ еIэ! — жиIащ иныжьым.
-АтIэ сеIэмэ мыращ! – жиIэри Бэдынокъуэ иныжьыр къиIэтри и лъэгуажьэ къэгъэщIеипIэм нэс щIым хитIащ. Иныжьыр къыхэпщыжри Бэдынокъуэ къиIэтри и лъэтхьэпэм нэсщ зэрыхитIэфар. Иныжьыр хитIэри и бгырыпхыпIэм нигъэсащ. Бэдынокъуэр хитIэри и лъэгуажьэм нигъэсыфа къудейщ. Ещанэу иныжьыр хитIэри и пщэм нэс щIым хихуащ… «Нарт Бэдынокъуэрэ иныжьымрэ» я хъыбарым щыщ мы щапхъэмкIэ жытIэну дызыхуейр нарт лIыхъужьхэм къару егъэлея, лъэщагъ къызэрымыкIуэ, пелуанагъ яхэлъу зэрыщытарщ. Абы щыгъуэми, теплъэкIэ зыхуомыгъэфэщэнум и къарур гуп псом ефIэкIыу къэгъэлъэгъуащ. Пелуанхэм я гугъу пщIынумэ, Лашын и образри IупщI дыдэщ: «Лашын пхъэшыкъум ихьащ. Я Iэ щызэрыубыдым, Лашын къалмыкъ пелуаным и IэпхъуамбиплIыр икъутащ, блыпкъкIэ зызэрадзри, Лашын къалмыкъ пелуаным и IэблитIыр къыфIиIуэнтIыкIащ, къиIэтри пхъэшыкъум къыщхьэдидзыхащ».
Ди зэманым дыкъэIэбэжрэ, пелуан къыщытлъыхъуэмэ-щэ?! Пэжщ, укъигъэуIэбжьу къару къызэрымыкIуэ къызыкъуэзыха щапхъэ щыIэщ. Къэрэшей-Шэрджэсым, Хьэбэз районым щыщ ХъумэрэнцIыкIу къуажэм щыпсэуащ зи гугъу тщIыну лIыхъужьыр — Лий Азнур! Абы и пелуанагъми хъыбар куэд иIэщ. ТеплъэкIэ, и хьэлъагъкIэ, икIэм-икIэжым и ныбжькIэ, хуомыгъэфэщэн къару къызыкъуихырт.
Лий Азнур и сабиигъуэм щIалэ жыджэру, «жьым тесу псым епыдж» жыхуаIэм хуэдэу псынщIэу щытащ. ЩIалэ цIыкIухэм зэдэжэ яублэми, абы бжьыпэр зыми лъигъэсыртэкъым.
Азнур зыщыщ лъэпкъым пелуанагъ зыхэлъхэр къахэкIырт. Абы и адэри егъэлеяуэ къарууфIэт. Шыдхэ я нысэу щытащ Азнур и адэ шыпхъу. Ари бзылъхугъэ пелуану щытауэ яIуэтэж. Зэгуэр зэрыс лъэпкъым гуфIэгъуэ гуэр къыдахати, хабзэм зэрытету танэщIэ яукIат. Лыр зэпкърахщ, шыуанышхуэм ирагъэзагъэри, мафIэ ящIам и щхьэкIэ иIэ фIэдзапIэм фIагъэзэгъэну лIиплIым зэдаIэтыфатэкъым. Иджыри цIыхухъу зыбжанэ гъусэ ящIын хуейти, шыуаныр къагъанэри IукIыжахэщ. Абдежым Шыдхэ я нысэм зыкъиплъыхьщ зыниплъыхьри, щытIауэ гу щылъимытэм, шыуан абрагъуэр къиIэтри и закъуэ мафIэм и щхьэкIэ фIэдзапIэм нигъэсащ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэухым, XX -нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Кавказым иса пелуан цIэрыIуэ Шыд Хьэтэжыкъуэ жыхуаIэм и анэщ а бзылъхугъэр.
Лий Азнур игъащIэм лэжьыгъэ гугъум пэрытащ: мэл, Iэщышхуэ, шы игъэхъурт. Илъэс къэс и закъуэу мэкъу гектар зыбжанэ пиупщIыфырт. И хьэлъагъыр килограмм 70-м зэи фIэкIакъым. Ауэ и теплъэм хуомыгъэфэщэну, куэд хузэфIэкIырт. Псалъэм папщIэ, трактор зыщIыжIамэ, Азнур къеджэрт, домкарткIэ машинэр зэраIэтым хуэдэу, пелуаным тракторыр иIэтырти, абы и шэрхъыр щIалъхьэжыху къемыхьэлъэкIыу иIыгът. Килограмм 60 зи хьэлъагъ гырэр Iэпхъуамбэ цIыкIумкIэ иIэтырт илъэс 70 щыхъум. Илъэс 90-м щынэблэгъами Азнур и къарур илът. ГъущI IунэшхуитI къищтэнт зэтриубыдэнти, зэкIэриIуэнтIэнт. Шым щIалъхьэ налыр Iэ пцIанэкIэ къигъэшырт. Е IэкIэ увынти, и Iэпкълъэпкъыр и Iэхэм тегъэщIауэ дакъикъэ бжыгъэкIэ щытынт.
Лий Азнур фIэфIт, илъытэрт адыгэм къыдекIуэкI хабзэхэр. ЕкIуу къафэрт. «Жэщищ-махуищкIэ сыкъэмувыIэу сыкъафэфынут си щIалэгъуэм. Зы къэрэндащкIи пхуэтхынтэкъым а сэ си лъакъуитIым къафэм къыщратхъэу щыта тхыпхъэхэр», — жиIэжауэ щытащ иужькIэ.
Ди лIыхъужьым шыр и плIэм дэлъу траха сурэтыр куэдым ялъэгъуащ. Абдежым ар илъэс 53 хъурт. ЗыкIи къытемыхьэлъэу килограмми 400-500 хъу шы къиIэтыфырт. АтIэ, шым и плIэм шур зэрисуи къиIэтырти, кърихьэжьэрт абы.
ХъумарэнцIыкIу щыщ щIалэщIэ пелуан Лий Азнур и хъыбарыр жыжьэ Iуат. ЗызыгъэIэчлъэч куэд ехъуапсэрт абы къехьэзэхуэну. КъытекIуэн зикI къахэкIыртэкъым. Азнур и къуажэгъухэм яIуэтэжу щытащ зы хъыбар гъэщIэгъуэн. Мэл игъэхъуу губгъуэм ит щIалэм шууэ къыбгъэдыхьат килограмми I20-м нэблэгъэн зы лIышхуэ. ФIэхъус кърехри щIоупщIэ: «Фи Iэхэлъахэм Лийхэ я щIалэу зы пелуан ису и хъыбар зэхэсхати, абы себэныну сыкъэкIуащ, къысхуэбгъуэтыфыну пIэрэ?» — жиIэри. «Къыпхуэзгъуэтынкъэ!» — жиIэри, зыкъыхуэзыгъэзам гъуэгур иригъэлъагъуу и Iэр ищIащ. Езыр, шум гу къылъимытэу, къыпекIуэкIри, ар зэрытесу шыр кърихьэжьауэ къихьырт. ЩIалэм Iуэхур зытетыр къыгурыIуэри: «Азнур, псори къызгурыIуащ, Тхьэм щхьэкIэ, щIым дыгъэув иджы», — жиIэри, щIым зэрытригъэувэу, абы къыфIимыгъэкIыу зигъазэри и гъуэгу теувэжащ.
Крон Эдуард жиIэу Эстонием бэнакIуэ бланэ цIэрыIуэ яIащ. Зэгуэр ар Черкесск къэкIуауэ, Азнур и ныбжьэгъухэм мурад ящIащ ди пелуаным къыпрагъэуэну. Кроным ди щIалэр зэрыIэмащIэлъэмащIэр щилъагъум, къебэнын идакъым, «ди хьэлъагъхэр зэхуэдэкъым» жиIэри. Щыхагъэзыхьым, Кроным Азнур жриIащ зэщIиубыдэу зэрифIэщкIэ зэщIикъузэну, езыр къэмылъэIуауи имыутIыпщыну. Лийм ар зэщIикъузащ, модрейр мыпсалъэжыф-мыбауэжыф хъуху. «УтIыпщ, утIыпщ» — зэрыгъэкIийхэрт псори. Ауэ езы Крон зыри зэрыжимыIэм щхьэкIэ, щIалэм ар иутIыпщыртэкъым, атIэ нэхъри лъэщу зэщIикъузэрт. Щымыхъум, Кроным и щхьэгъусэр къэгузэващ: «УтIыпщ, уотхьэлэ, щIыху хъуащ», — жери. ЗэриутIыпщыуи, щIалэшхуэр къызэфIэмэхауэ утыкум къиджэлащ.
Илъэс 73 щыхъум Лийм псыхъуэм мывэшхуэ къишат и шыгум ирилъхьэри. Мывэр и унэм къихьат щIалэгъуалэм я къарур игъэунэхуну, мывэр къызыхуэIэт къахэкIмэ еплъыну. ЩIалэ Iэчлъэчхэр, спортсмен ахъырзэманхэр еплъыжащ я къарум. Азнур и щIалэхэм ящыщ зым ар щIым мащIэу къытриIэтыкIыфа нэхъ мыхъумэ, зыми къахуэIэтакъым.
