Адыгэхэр Iэнэ тIысамэ, хабзэ дахэу яIэм я тетыгъуэт. “Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ”, — жеIэ адыгэ псалъэжьым. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэIузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэIэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имыщIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм
«ФIы лъагъуныгъэр псэм и лъащIэщ», — Лермонтов Михаил. Нэчыхьытхыр адыгэхэм я махуэшхуэ лъапIэт. Нэхъыбэм ныбжьыщIэхэр я зэгурыIуэныгъэкIэ, я фIэфIыныгъэкIэ я насыпыр зэпащIэрт. Пщащэмрэ щIалэмрэ хьэгъуэлIыгъуэм, адыгэ илъэсыщIэм, гуфIэгъуэ махуэхэм щызэрыцIыхурт. ЦIыхухэм укъалъагъуу узэхуэзэныр, ууэршэрыныр емыкIушхуэу къызэралъытэм къыхэкIыу, ныбжьыщIэхэр дэлэлкIэ зэрыщIэрт. Псалъэм папщIэ,
Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Тыргъэтауэ» пьесэ цIэрыIуэр. Абы къыщыIуэтащ адыгэхэр къызытехъукIа мэуэтхэм ящыщ бзылъхугъэ Тыргъэтауэ и гъащIэр къызэрекIуэкIар. Къэбэрдей драмэ театрым щагъэуват спектаклыр икIи илъэс куэд щIауэ догъэщIагъуэ а бзылъхугъэм и образ гъуэзэджэр. Куэдым ящIэркъым IутIыжым ар
Адыгэ къалэр (Адыгейск) хы ФIыцIэмкIэ уикIыу Адыгэ республикэм ущыхуэкIуэкIэ япэу узыIущIэ къалэрщ. Республикэм и гъунэщ. Къалэр щIалэщ, ауэ, хуумыгъэфэщэну, зиужьащ. Уей-уей жезыгъыIэхэм ящымыщми, дунейм и къалэ цIыкIу мин бжыгъэхэм ящыщщ, езым и гъащIэ, и тхыдэ гуащIэ, и цIыху телъыджэхэр иIэжщ. 1969 гъэм
Пасэрей адыгэм и къулеигъэр былымыщхьэкIэ къабжу щытащ. Я къулеигъэр ирахъумэну абыхэм зэрахуэрт хьэфIхэр. Тхыдэм уриплъэмэ, IуэрыIуатэмрэ ди нэхъыжьыфIхэм къаIуэтэж хъыбархэмрэ нэIуасэ захуэпщIмэ, блэкIа мыжыжьэм зи гугъу тщIыну хьэ телъыджэхэм щаIа пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ и купщIэр къыбгурыIуэнущ. КъедбжэкIынщ адыгэхэм я гъащIэм щыщу ябжу щыта
Неандерталец (палеонтроп) жыхуаIэ цIыху лъэпкъыгъуэр илъэс мин 600 и пэкIэ Европэм щыпсэуащ икIи илъэс мин 40-кIэ узэIэбэкIыжмэ икIуэдыкIыжауэ е нэгъуэщI лъэпкъым хэшыпсыхьыжауэ хуагъэфащэ. Абыхэм я хьэдэ къупщхьэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ ди щIыналъэм зэи зыри щрихьэлIатэкъым нобэр къыздэсым, ауэ Зэикъуэ къуажэ щыIэ бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым
Алмэстым теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр дуней псом къыщокIуэкI. Сыбырым, Гималайм, Америкэ Ищхъэрэм, Австралиев, Кавказым… КриптозоологиемкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэу Тусон къалэм щыIэм (Аризонэ штатым хохьэ) къызэрыщахутамкIэ, алмэстым я бжыгъэр мащIэкъым нобэкIэ. ЩIэныгъалъэхэм я къэхутэныгъэхэм шэч къытрамыхьэ хабзэми, ар фIэщ щIыгъуейщ. Псом япэрауэ къыхэгъэщыпхъэщи, цIыхум нэхъапэIуэкIэ
«ХамэщIым гъащIэу къыщекIуэкIыр, ЗригъэщIэну ар хуэпIащIэу, НыбжьыщIэу унэр ибгынат…», — Лермонтов Михаил. Хабзэ дахэрэ икIи мыхьэнэшхуэ иIэу адыгэхэм ягъэзэщIахэм ящыщщ атэлыкъыр. Хамэ быныр езым ейм хуэдэу зыпIа цIыхум «атылэкъкIэ» йоджэ. Быныр зеймрэ атэлыкъымрэ апхуэдэ щIыкIэкIэ лъыкIэ зэгухьауэ, зэблагъэ хъуауэ ябжырт. Атэлъыкъым и
Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дунеймрэ и щэнымрэ къэзыIуатэ макъамэ иIэжщ. Адыгэ макъамэр къэзыгъэщIыр Iэмэпсымэ хьэлъэмэтыщэхэщ, адрей лъэпкъхэм я Iэмэпсымэхэм емыщхьщ. Макъамэхэр къызрагъэкI Iэмэпсымэхэр я ныбжькIи, лъэкIыныгъэкIи, щIыкIэкIи зэхуэдэкъым, бжыгъэфIи мэхъу. Аращ ди макъамэхэр псоми къахэзыгъэщхьэхукIыр. «Органологие» жыхуиIэ щIэныгъэм зэфIэкI къыдет ди
Илъэсищэ куэдкIэ мамлюкхэмрэ янычархэмрэ зауэлI хахуэу, къару нэхъыщхьэу яIащ муслъымэн къэралыгъуэхэм. “Мамлюк” псалъэм “гъэр”, “щхьэхуимыт” жиIэу аращ къикIыр. Ауэ адыгэ мамлюкхэр щхьэхуимыту къалъхуртэкъым, атIэ къадыгъуа щIалэ цIыкIухэр ящэу зэIэпахыурэ, КъуэкIыпIэм нагъэсырт. ЗауэлI хахуэу ягъэса нэужь, адыгэ щIалэхэр мамлюкхэм хагъэхьэрт. Тырку янычархэр лъэсыдзэ