Адыгэм диIэщ цIыху зэчиифIэ куэд, гъуазджэми, щэхабзэми, тхыдэми лъэ быдэкIэ хэту, е лъэужь дахэ къагъэнауэ. Абыхэм ящыщщ литературэм и унэтIыныгъэ псори къэзыгъэIэкIуа тхакIуэ, журналист, бзэщIэныгъэлI, художник, скульптор, усакIуэ, драматург IутIыж Борис! Ар псэужатэмэ, и ныбжьыр мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут. IутIыж Къуней
Илъэс мин бжыгъэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказ Ищхъэрэмрэ Азие ЦIыкIумрэ щыпсэуа, адыгэр къызытехъукIыжа хьэт лъэпкъыжьым и цIэр зезыхьэ къэфакIуэ гупыр мы гъэм илъэс 20 ирикъуащ. 2005 гъэм, бадзэуэгъуэм и 9-м «Хатти» къэфакIуэ гупыр япэу утыку къыщихьауэ щытащ Къайсэр къалэм. Гупыр къызэрызэрагъэпэщам, блэкIа илъэсхэм
Псыгуэнсу (Жанхъуэтхьэблэ) щыщу искусствэм и лэжьакIуэ хъуну цIыхушхуэхэм къахэхъуат 1935 гъэм… Къахэхъуари Мысостышхуэ Пщызэбийт! ИужькIэ, зэманыфIи дэкIыжауэ, Мысостышхуэм игу къигъэкIыжт: «Ди ныбжьэгъухэм гушыIэурэ къыджаIэу щытащ: «Псыгуэнсу фи театр щхьэхуэ къыщызэIуфхыж хъунущ. Драматургыу 5, режиссёру 2, дирижёру 3, актёру 15 фиIэщ». АтIэ Пщызэбий
Адыгэхэр Iэнэ тIысамэ, хабзэ дахэу яIэм я тетыгъуэт. “Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ”, — жеIэ адыгэ псалъэжьым. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зыхуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэIузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэIэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имыщIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм
«ФIы лъагъуныгъэр псэм и лъащIэщ», — Лермонтов Михаил. Нэчыхьытхыр адыгэхэм я махуэшхуэ лъапIэт. Нэхъыбэм ныбжьыщIэхэр я зэгурыIуэныгъэкIэ, я фIэфIыныгъэкIэ я насыпыр зэпащIэрт. Пщащэмрэ щIалэмрэ хьэгъуэлIыгъуэм, адыгэ илъэсыщIэм, гуфIэгъуэ махуэхэм щызэрыцIыхурт. ЦIыхухэм укъалъагъуу узэхуэзэныр, ууэршэрыныр емыкIушхуэу къызэралъытэм къыхэкIыу, ныбжьыщIэхэр дэлэлкIэ зэрыщIэрт. Псалъэм папщIэ,
Культурно-просветительский проект «Уардэ: 5 мудрых притч Кавказа», основанный режиссёром Зариной Пафифовой из Кабардино-Балкарии, стал победителем конкурса Президентского фонда культурных инициатив. На средства гранта будет создан цикл из пяти профессиональных короткометражных фильмов «Уардэ: 5 мудрых притч Кавказа» на кабардино-черкесском языке с русским дубляжом.
Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Тыргъэтауэ» пьесэ цIэрыIуэр. Абы къыщыIуэтащ адыгэхэр къызытехъукIа мэуэтхэм ящыщ бзылъхугъэ Тыргъэтауэ и гъащIэр къызэрекIуэкIар. Къэбэрдей драмэ театрым щагъэуват спектаклыр икIи илъэс куэд щIауэ догъэщIагъуэ а бзылъхугъэм и образ гъуэзэджэр. Куэдым ящIэркъым IутIыжым ар
«ХамэщIым гъащIэу къыщекIуэкIыр, ЗригъэщIэну ар хуэпIащIэу, НыбжьыщIэу унэр ибгынат…», — Лермонтов Михаил. Хабзэ дахэрэ икIи мыхьэнэшхуэ иIэу адыгэхэм ягъэзэщIахэм ящыщщ атэлыкъыр. Хамэ быныр езым ейм хуэдэу зыпIа цIыхум «атылэкъкIэ» йоджэ. Быныр зеймрэ атэлыкъымрэ апхуэдэ щIыкIэкIэ лъыкIэ зэгухьауэ, зэблагъэ хъуауэ ябжырт. Атэлъыкъым и
Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дунеймрэ и щэнымрэ къэзыIуатэ макъамэ иIэжщ. Адыгэ макъамэр къэзыгъэщIыр Iэмэпсымэ хьэлъэмэтыщэхэщ, адрей лъэпкъхэм я Iэмэпсымэхэм емыщхьщ. Макъамэхэр къызрагъэкI Iэмэпсымэхэр я ныбжькIи, лъэкIыныгъэкIи, щIыкIэкIи зэхуэдэкъым, бжыгъэфIи мэхъу. Аращ ди макъамэхэр псоми къахэзыгъэщхьэхукIыр. «Органологие» жыхуиIэ щIэныгъэм зэфIэкI къыдет ди
Илъэсищэ куэдкIэ мамлюкхэмрэ янычархэмрэ зауэлI хахуэу, къару нэхъыщхьэу яIащ муслъымэн къэралыгъуэхэм. “Мамлюк” псалъэм “гъэр”, “щхьэхуимыт” жиIэу аращ къикIыр. Ауэ адыгэ мамлюкхэр щхьэхуимыту къалъхуртэкъым, атIэ къадыгъуа щIалэ цIыкIухэр ящэу зэIэпахыурэ, КъуэкIыпIэм нагъэсырт. ЗауэлI хахуэу ягъэса нэужь, адыгэ щIалэхэр мамлюкхэм хагъэхьэрт. Тырку янычархэр лъэсыдзэ