Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зэригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэщ. Адыгэ щIалэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмэкъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспортртелъхьэхэр, шабзалъэхэр, сампIэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр. IэпщIэлъапщIэм и IэрыкIхэр адыгэпсэкIэ епсыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр трещIыхь. Сонер тедгъэпсэлъыхьащ Хэкум къызэрыкIуэжам, и IэрыкIхэм, лъэпкъым теухуа и гупсысэхэм.
-Сонер, укъыщыхъуамкIэ къыщIэдгъадзэ…
— Тыркум, Эскишехир къалэм сыкъыщыхъуащ. Псыхуабэщ ди лIакъуэм и къежьапIэр. Зауэжьым щыгъуэ Тыркум кIуауэ щытащ ди нэхъыжьхэр. Зэбгырпхъа дыхъуащ апхуэдэурэ. Иджыпсту ди благъэхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэсым хиубыдэ Инжыджышхуэ, Беслъэней къуажэхэм.
— ХамэщIым анэдэлъхубзэр дауэ щыпхъума? УщыцIыкIу лъандэрэ пIурылъ, хьэмэрэ балигъ ухъуауэ зэбгъэщIэжа?
— Си адэр фIыуэ адыгэбзэкIэ псэлъэфыркъым, езыр цIыкIуу и адэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу. Си анэм анэдэлъхубзэр ещIэ, иропсэлъэф, ауэ дэ анэдэлъхубзэр дигъэщIэным апхуэдэуи егугъуакъым – къыгурыIуакъым и лъапIагъыр зыхуэдизыр. Си къуэш нэхъыжьитIыр псалъэркъым адыгэбзэкIэ. Сэ сыщыцIыкIу лъандэрэ Адыгэ Хасэхэм сыкIуэу щытащ. Нэхъыжьхэми хъыбар куэду къыджаIэрт, дэри тхылъхэм деджэрт. Апхуэдэурэ, зыхэсщIащ бзэм и IэфIыр, си гур абы хуэныкъуэ хъуащ. Адыгэбзэ алфавитыр къысIэрыхьати, гугъу сыдехьу зэзгъэцIыхуащ хьэрфхэр. ИтIанэ, тхыгъэ гуэрхэри зыIэрызгъэхьэри нэхъ сигу хуэзагъэу зыщызгъэгъуэзащ. КъызгурымыIуэхэр си анэм къызжиIэурэ, къызгуригъаIуэурэ сыпсэлъэфу сесащ. Си анэм и псэлъэкIэр хьэжрэт псэлъэкIэщ, къэбэрдейр абы тIэкIуи къыщхьэщокI. Къэзгъэзэжа нэужь, нэхъыфI хъуащ си адыгэбзэр, дауи. Ауэ иджыри куэд къыспэщылъщ, ар згъэшэрыуэу сыпсэлъэным щхьэкIэ. Сэ нэхъ пасэу сыкъэкIуэжрэ, мыбдеж университетым сыщеджауэ щытамэ, си адыгэбзэр фIы дыдэу щытынут. Микроэлектроникэм сехъуапсэу щытащ мыбы сыщыхуеджэну, си анэм сыкъиутIыпщыфатэкъым. Зи еджапIэ щIэтIысхьэгъуэ адыгэ щIалэгъуалэр мыбы къакIуэурэ щеджэу щытамэ, адыгэбзэри яIурылъынут, урысыбзэри зэрагъэщшIэнут, абыхэм ящыщ гуэрхэри Хэкум къинэжынут. Уи ныбжьыр нэхъ кIуэтэху, уи гурыхуагъэм кIэрохури, бзэр зэбгъэщIэныр нэхъри гугъу мэхъу.
-Узыхуеджар, уи IэщIагъэр сыт?
— Курыт еджапIэ нэужьым Эскишехир университетыр инженер IэщIагъэ сиIэу къэзухри, зы зэманкIэ срилэжьащ.
-Сыт щыгъуэ Хэкум япэу укъыщыкIуар?
— 20I4, 20I5 гъэхэм сыкъакIуэурэ тхьэмахуэкIэ сыщыхьэщIащ, ещанэ къэкIуэгъуэм къэзгъэзэжащ. Зэпымыууэ си гум жиIэрт: «Сэ зы махуэ гуэрым си Хэкум згъэзэжынущ!» Ауэ зэхуэмыхъуурэ къекIуэкIырт. 20I5 гъэм къэзгъэзэжыну сыхуеящ. Кхъухьлъатэм и билет къэсщэхуащ, си егъэблагъэ тхылъри, сызригъэжьами, къысIэрыхьащ. А зэманым ирихьэлIэу урыс-тырку зэхущытыкIэхэр тэмэмтэкъым. Аэропортым сыкIуэри, кхъухьлъатэр темыкIыу сыкъэнэжауэ щытащ. Аргуэру билет къэсщэхужри, къыкIэлъыкIуэ кхъухьлъатэри лъэтакъым. Ещанэуи ардыдэр къыщысщыщIым, «иджыпсту мы Iуэхур къэзгъэнэн хуейуэ пIэрэ…» жысIэу сэр-сэру сегупсысыжри, Тыркум лэжьыгъэм сыщыпэрыувэжащ… Илъэсищ дэкIри, 20I8 гъэм къэзгъэзэжащ.
— Хэкур уи нэгум къызэрыщIэбгъэхьэмрэ плъэгъуамрэ зэтехуат?
— Космос хуэдэу къысщыхъурт Хэкур, моуэ си гупсысэм нуру хэтт. Сигу занщIэу дыхьащ адэжь щIыналъэр, зы къару абрагъуэ гуэрым абы сызэрыпищIэр зыхэсщIащ. Налшык япэу сыкъыщыдыхьам, цIыхухэр адыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэр зэхэсхырти, ар насыпт сэркIэ. Бэзэрым сытехьэри — си анэдэлъхубзэр куэду зэхэсхырт, маршруткэм ситIысхьэрти — аргуэру адыгэбзэ седаIуэрт. Сигу дыхьати, къыкIэлъыкIуэ илъэсми къытезгъэзащ. Абы щыгъуэ къызгурIуащ Хэкум епха си гупсысэхэм хамэщIым сызэрыщамыгъэпсэунур. СыкъыщыкIуэжагъащIэм, адыгэ сабий слъэгъуамэ, зыбгъэдэсшэурэ щызэзгъэпсалъэ къэхъурт, абы сигъэгушхуэу. Хэкум си гур щопсэху! Адыгэ фащэ ящыгъыу щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ солъагъу! Мыбдежым хабзэ щызокIуэ, къуажэхэр инщ.
— КъэралитIым щыIэ псэукIэр зэтехуэркъым. Уэ мыбдеж укъэIэпхъуэжа нэужь, гъащIэм дауэ ухэзэгъа?
-ТIэкIурэ сыщыпсэури, мыбдеж щыIэ гъащIэми дагъуэхэр зэриIэр къэслъэгъуащ. Къэзыгъэзэжхэм псом япэу къыдгурIуэн хуейт мыр зэры -Урысейр. Къэрал щхьэхуэм и хабзэхэри щхьэхуэщ. Тыркури жэнэткъым, Урысейри жэнэткъым. Мыбдежми щыIэщ бзаджэри зэранри. Ауэ гуапагъэр нэхъыбэщ. «Сонер, уэ къэбгъэзэжагъащIэщ», — жаIэурэ сэ куэд къыздэIэпыкъуащ. Сэ цIыхуфIхэм сыкъаухъуреихь иджыпстуи. Куэд къыскъуэуващ, сэбэп къысхуэхъуащ, псэуным сытрагъэгушхуащ.
-Уэ уIэпщIэлъапщIэщ. Куэдым яцIыху, зыIэрагъыхьэ уи IэрыкIхэр! Апхуэдиз дахагъэ пщIыным сыт щIэдзапIэ хуэхъуар?
-Тыркум сыщыщыIэм шы сиIэт. Адыгэ фащэ е афэ джанэ сщыгъыу, адыгэ Iэщэхэр скIэрылъу зекIуэу къэскIухьын сфIэфIт. Сышабзауэт. Шабзэ гъэуэнымкIэ зэпеуэхэм сыхэтт: лъэсуи шууи шабзэр згъэIэкIуэлъакIуэрт. Апхуэдэурэ, шабзэшэхэр, шабзалъэхэр сэ езым сщIын щIэздзащ. Сигу ирихьащ фэм елэжьыныр. Уеблэмэ зэгуэр инженер Iуэхур къэзгъанэри, абы селэжьу щIэздзауэ щытащ. Ауэ ахъшэ къыщысхуэмылэжьым, инженер IэнатIэм сыпэрыувэжат. Ауэ си Iэр есащ хьэпшып гуэрхэр къигъэщIыным, Iуэхум нэхъри фIыуэ хэсщIыкI хъуащ. Лэжьыгъэ нэужьым, абыкIэ унэм зыщытезгъэурт. Iэщэ-фащэхэм елэжьу ныбжьэгъу сиIэти, тыкуэнхэм сишэурэ хьэпшыпхэр сщIыуэ зезгъэсэн папщIэ сызыхуеинухэр къысхухихыурэ къызигъэщэхуащ, IэпщIэлъэпщIэным и щэху гуэрхэмкIи къыздэгуэшащ. ИнтернетымкIэ зыхуезгъэсащ куэдым — сытри къыщыбогъуэт абы. Сэ интернетыр къызогъэсэбэп адыгэбзэр зэзгъэщIэным, фэ лэжьыгъэхэм теухуауэ, афэ джанэхэм я щIыкIэм зыщызогъэгъуазэ. Интернетым щIэныгъэшхуи къуитыфынущ, IэпщIэлъапщIи уищIыфынущ, хьэбыршыбыри урихъуфынущ. Зэплъынумрэ къызэригъэсэбэпынумрэ щхьэж къыхехыж…
Хэкум сыкъэкIуэжри, инженер IэщIагъэр мыбдеж къыщысэбэпыртэкъым, урысыбзэ зэрызмыщIэм къыхэкIыу. ИтIанэ си псэм фIэфIу зэрызытезгъэур лэжьыгъэ схуэхъуащ. ЯпэщIыкIэ Крем-Константиновкэ сыдэтIысхьауэ щытащ, къуажэ гъащIэр фIыуэ слъагъути. Ауэ си закъуэти, сапэлъэщакъым къуажэ лэжьыгъэхэм. Хадэм хэссэIамэ, дунейр уэлбанэрилэ хъурти, удзыр псынщIэIуэу къысфIэкIырт. Апхуэдэу щыхъум, къалэм сыкъэкIуащ, фэтэр къасщтэри. IэрыкIхэр сщIыуэрэ «Адыгэ унэм» щIэслъхьэу щIэздзащ. ИнтернетымкIэ иджыри зыгуэрхэм зезгъасэрт, хьэпшып сщIыхэм къыхэзгъахъуэрт, нэхъ екIуу къызэхъулIэ зэрыхъуми гу лъыстэжырт. Ауэрэ, гъущIым лазеркIэ тхыпхъэ зэрытращIыхь станок къэсщэхуащ. Тхьэгъухэм, Iэлъынхэм, пщэрылъхэм, сэшхуэхэм, къамэхэм тхыпхъэхэр тызощIыхь. IутIыж Мэжид къыздэIэпыкъуащ къыщызгъэзэжынуми, Хэкум щыIэ гъащIэм зыщыхэзгъэгъуазэми.
-Уи шыр дэнэ щыIэ иджы?
— Си шыр инджылыз шы лъэпкъщ. Шы спорт щащI клубым сыкIуэрти, сигу ирихьри къэсщэхуауэ щытащ. СыкъэкIуэжын щыхъум, клубым къыхуэзгъэнэн си гугъащ, унафэщIми ар жесIат. Ауэ си къуэш нэхъыжьым имыдэу губжьащ: «Уадыгэу, уи къуэшыр зыгуэрым дауэ ептыжын?» — жиIэри. Езым къишэжащи, и гъусэщ.
— Шабзэрыуэным мыбы щыпыпща?
— ШабзэрыуэнымкIэ дерсхэр къызэдгъэпэщауэ щытащ Къэбардэ Астемыр и гъусэу. А Iуэхур къэдгъэнэжащ, дыхущIэмыхьэурэ. Ар спорт лIэужьыгъуэ гугъущ, мылъку зытекIуадэхэми ящыщщ. Мыбдеж цIыхухэр апхуэдэуи хыхьэркъым а спортым, фIыуэ яцIыхуркъым.
Шабзэрыуэным и Iуэхухэм сызэрыхэтам и фIыгъэкIа къэсцIыхуащ шабзащIэ телъыджэ дызэриIэр. Емкъуж Арсен шабзэ лIэужьыгъуэ куэд ещI, и адыгэ шабзэхэр егъэлеяуэ сигу ирохь.
-Адыгэу ущытыным сыт нэхъыщхьэу хэлъыр?
— Япэрауэ, бзэр. Бзэр тIурымылъу адыгэ гупсысэкIэм дытетыфынукъым. Сэ адыгэ хабзэр сыкъыщыхъуа унагъуэми си благъэхэм я дежи щыслъэгъуащ. Тыркум щыIэщ хабзи цIыхугъи. Ауэ абдеж бзэр щокIуэдыжыр. Бзэр пIурымылъми къэфакIуэ е джэкIуакIуэ нэс ухъуфынущ. Ауэ адыгэ нэс ухъуфынукъым.
ЕтIуанэрауэ, лъэпкъыу зытхъумэжын щхьэкIэ куэду дылэжьэн хуейщ. МылъкукIэ ди къарур щIэткъузэн хуейщ адыгэхэм.
