Адыгэм диIэщ цIыху зэчиифIэ куэд, гъуазджэми, щэхабзэми, тхыдэми лъэ быдэкIэ хэту, е лъэужь дахэ къагъэнауэ. Абыхэм ящыщщ литературэм и унэтIыныгъэ псори къэзыгъэIэкIуа тхакIуэ, журналист, бзэщIэныгъэлI, художник, скульптор, усакIуэ, драматург IутIыж Борис! Ар псэужатэмэ, и ныбжьыр мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут.
IутIыж Къуней и къуэ Борис зыщыщыр Зэрагъыжт. Ар зыхалъхуар зауэ лъэхъэнэт, мэжэщIэлIагъэкIэ гъэнщIа сабиигъуэт и сабиигъуэри. ЦIыкIу дыдэу щIидзащ колхоз губгъуэм щылэжьэн. 6-нэ классым щIэсурат мэкъу еуэ балигъхэм я сатырым щыхэувам.
Къуажэм дэт курыт еджапIэр къиуха иужь, Борис дзэм къулыкъу щищIащ илъэсищкIэ. 1963 гъэм къыщыщIэдзауэ 1968 гъэ пщIондэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэтащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэм. Университетым щIэсу тхэн щIидзащ абы. Стенгазет щIыныр и къалэнт, сурэт ищIыфти. КIэщIитхэнухэри езым и Iуэхужт!
IуэрыIуатэдж, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэмрэ IутIыж Борисрэ зэдеджащ. Зэгуэрым общежие пэшым Iэдэмрэ Борисрэ щIэсу, тIуми зэгуэрхэр ятхыу, ауэ ятхар зэрагъэтIылъэкIыу зым адрейм шэч хуищIыжти, ятхахэр къызэкъуахри, зым итхам адрейр иригъаджащ. «Борис къытезгъэхьэщ, и тетрадым итахэм щыщ рассказитI къыхэтхри, адыгэ газетым схьауэ щытащ. КъыщесIыхым щыгъуэ темыгушхуащэурэ къызитами, ар газетым нэхъ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ хъуат, пэж дыдэу си рассказ къытехуэ хъумэ, жиIэу. Апхуэдэурэ зыкъом дэкIауэ, Борис письмо IувыфI къыIэрохьэ редакцэм къикIыу. И тхыгъэхэр трамыдзэу къыхурагъэхьыжауэ арат. КъыщIытрамыдзам и щхьэусыгъуэри гъэщIэгъуэнт. Илъэс Iэджэ дэкIауэ наIуэ къызэрыхъужамкIэ, рассказхэр зыIэрыхьам иджыри къэс зыми имыцIыхуа апхуэдэ тхакIуэ Iэзэ щыIэнкIэ шэч къытрахьэри, газетым традзэн темыгушхуахэу арат», » — къеIуэтэж Iэдэм.
ТхакIуэ, журналист Джэрыджэ Арсени дэлэжьащ Борис. Абы и гукъэкIыжхэм ящыщщ мыри: «Дыщыпсэу фэтэрыр уэрамымкIэ гъэзати, туфлъэ лъэдакъэ лъагэхэм я тIыркъэ-сыркъэ зэпымыужым къыпфIигъэщIырт къалэм хъыджэбз дахэу дэсым ди щхьэгъубжэ лъахъшэ цIыкIумкIэ зэрызэ-тIорытIэ блэкIын хуейуэ пщэрылъ щащIауэ. Абдежырауэ къыщIэкIынт Борис и уэрэдыгур япэу къыщыушари. Пщэдджыжь гуэрым дыкъэтэджат дзапэ уэрэд къришу: «Къэбэрдей уэрамым утехьау, Уэ урокIуэр, псори къэптхьэкъуау, туфлъэри мэпсалъэ тIыркъ, тIыркъ, тIыркъ. Сигури мэлъалъэ дыргу, дыргу, дыргу». Уэрэдыр пэш бэнзэв цIыкIум куэдрэ щIэбэмпIыхьын хуэмейуэ тхьэм иухауэ къыщIэкIынти, а зэманым цIэрыIуэ хъууэ хуежьа Уэтэр Анатолэ, пщыхьэщхьэ гуэрым ди деж къыщIыхьауэ зэхихати, и псалъэхэр къищтэри, кIуэжащ. Тхьэмахуи дэкIатэкъым уэрэдыр радиом къиту, цIыхухэм зэпадзыж щыхъуам!».
Куэдым ящIэкъым IутIыж Борис «Нартхэр» ансамблым хэту, адыгэ уэрэдыжьхэр жиIэу зэрыщытар. Сыт хуэдэуи макъ дахэ иIэт, зэрыжаIэмкIэ.
Университетым щыщIэсам фIы дыдэу еджэти, стипендие хъарзынэ къратт Борис, ар щыхуримыкъуи жьы хъуа и адэ-анэр къыдэIэпыкъун хуейуэ зэи закъригъэщIакъым. И ныбжьэгъухэм щIыгъуу е IэфIыкIэ щащI фабрикэм, е гъущI гъуэгу вокзалым вагон яунэщIэу щылажьэрт.
ЕхъулIэныгъэ иIэу университетыр къиухащ абы. Къызэриухуи, а гъэ дыдэм ирагъэблагъэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и адыгэбзэ къудамэм. ПщIэ зыхуащI щIэныгъэлIу а институтым Борис щылэжьащ илъэс 22-кIэ. А зэманым къриубыдэуи къиухащ ЩIэныгъэхэмкIэ академием хыхьэу бзэ щIэныгъэхэмкIэ Тбилиси дэт институтым и аспирантурэр. Тбилиси и кандидат диссертацэр щыпхигъэкIри, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидату къэкIуэжауэ щытащ Борис.
1990 гъэм ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэр щыхагъахъуэу Налшык дэт институтым ирагъэблагъэри, лъэпкъыбзэхэмрэ лъэпкъ культурэхэмкIэ абы къыщызэIуаха кафедрэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щылэжьащ IутIыжыр. Зыпэрыува Iуэхум хъарзынэу дихьэха, хэзэгъа пэтми, аргуэру лэжьапIэхъуэж ищIыныр къыхудэкIат: адыгэ тхакIуэхэм я съездым ар зэдэарэзыуэ щыхахащ «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу.
Арами, IутIыжыр нэхъ къызэрацIыхуу щытар драматургыущ. ЦIэрыIуэ зыщIари и пьесэхэрщ. Сценарийхэм нэмыщIкIэ, я нэхъыэр усэбзэу зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ. «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», «Эдип», «Мазагъуэ», «Лъыгъажэ жэщ», «Гъуабжэгъуэщ» трагедиехэр, «Кушыкупщ», «Кхъужьеибэ», «Нартхэ я дыгъэ» драмэхэр, «Шамхьун и фызышэ», «Гуащэмыдэхьэблэ», «Хьэпэщыпхэ» комедиехэр лъэпкъым тыгъэ хуэзыщIар Борисщ. Ар адыгэ литературэм и классикщ. Псэу щIыкIэ классик зыщIари драматургиеращ. Езым итхахэм къищынэмыщIауэ, пьесэ зыбгъупщI театрым яхузэридзэкIащ абы адыгэбзэкIэ.
«Борис иужькIэ ди адыгэ тхакIуэхэм иджы пьесэ ятхын мэшынэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы къищта лъэгапIэм унэсыну тыншкъым», – итхыжат Къэбэрдей драмэ театрым и артист пажэ Хьэмыку Жаннэ.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къыщыхъуауэ щыта зэрыхьзэрийм тхыгъэкIэ пэджэжын IутIыж Борис фIэкI зы цIыху къыхэкIакъым ди тхакIуэхэм. «Ярэби, щыуэн щхьэ къытхэкIа?! КъытхэмыкIын щхьэкIи сыт щIапхъэр, хэт зэдэIуапхъэр?!», — а упщIэм и жэуап лъыхъуэу, ар здынэплъысар умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Гупсысэу къыщыIуэтам я пщIэр ноби зыкIи къэмылъэхъша.
«Лъэпкъыр иджырей гъащIэм дэбакъуэу, иджырей дунейм екIуу, адрей лъэпкъ пэрытхэм къакIэрымыхуу щытын щхьэкIэ, тхыбзэ иIэ къуэдей мыхъуу, а и тхыбзэм зригъэужьу, анэдэлъхубзэм зэфIэкIыу иIэ псор къыпкърихыфу, лъэмыкIыну ягугъахэр къригъащIэ зэпыту щытын зэрыхуейм, шэч хэмылъу, нэхъыбэрэ тепсэлъыхьыпхъэщ, нэхъыщхьэращи — а Iуэхум хуэижьхэр телэжьыхьыпхъэщ», — жиIэт абы адыгэ тхыбзэм теухуауэ. ЩIэн хуейри, зыщIэн хуейри, зэрыщIэн хуейри адэкIэ гурыIуэгъуэ дыдэу къытхузэпкърех… Къафщти феджэ!
IутIыж Борис хуэдэу литературэм и лъэныкъуэ псори къитIэщIу, апхуэудизым яужь ихьэу, хуэIэижьу зэфIигъэкIыу зы тхакIуэ къытхэхъуакъым адыгэхэм. Ар зымыцIыхуам «мыпхуэдиз щытхъур тIэкIу емыгъэлеиIуауэ пIэрэ?!», — жиIэнри хэлъщ. Ауэ зыцIыхуахэр я нэгу щIэкIа цIыхухэм хоплъэж, зыхуэзахэм, ялъэгъуахэм, зи тхыгъэ яджа ди лъэпкъэгъухэм хоплъэжхэри – «Борис хуэди!» жаIэ.
