/

Уэсмэн къэралыгъуэм и адыгэ анэхэр

Азие ЦIыкIум 1299 гъэм тырку-уэсмэнхэм къыщагъэунэхуа къэралыгъуэр илъэс 623-рэ щыIащ. Эртогрул и къуэ Уэсмэн I-нэм хиша гъуэгуанэм тету абы и щIэблэм къызэрагъэпэща Уэсмэн къэралыгъуэр щыщэщэжар 1922 гъэращ.
СулътIаныр дунейм ехыжа нэужь тетыгъуэр нэхъыжьым къылъысырти, къалащхьэм къигъэзэжырт, уэсмэнхэм хабзэ зэрахуэхъуауи, сулътIаныщIэм и къуэшхэр иригъэукIыжырт, хьэрхуэрэгъу къыхуэмыхъужын папщIэ. Арат сулътIаным фыз куэдрэ бын бжыгъэншэхэмрэ щIаIэр. Уэсмэн къэралыгъуэм щIэблэ узыншэ, сабий Iущ къахэхъуэн папщIэ, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа пщащэхэр къыхуагъуэтырт сулътIанымрэ абы и къуэхэмрэ. Тхыдэм уриплъэжмэ, сулътIанхэм нэхъыбэрэ щхьэгъусэу хахырт алыдж, урым, адыгэ, урыс, албан пщащэхэр. Ауэ, псом хуэмыдэу, сулътIанатым щыкуэдт зи дахагъэмкIэ, хьэл-щэн дахэмкIэ, узыншагъэмкIэ цIэрыIуэ адыгэ бзылъхугъэхэр. Абыхэм хабзэ дахэ зэрахэлъым къыхэкIыу, бынри къекIуу ягъасэрти, уасэншэт.
ЕпщыкIутхуанэ-епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Уэсмэн къэралыгъуэмрэ адыгэхэмрэ Iуэху куэдкIэ зэпыщIауэ щытащ. ГъэрыпIэ ихуарэ, щхьэхуимыт бэзэрым къыщащэхуа пщащэхэр тырку сулътIаным и хьэрэмым къызэрыщыхутэу щытам я закъуэ мыхъуу, зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэхэр зэрыщагъэбыдэ Iэмалу адыгэ пщащэхэм ящыщхэр сулътIаным щхьэгъусэу щишэм и щапхъэ куэд къыхощыж ди блэкIам.
Айшэ-Хьэфсэ (1479 – 1534 гъ.гъ.)
Сулеймэн Гъуэзэджэм и анэ, Сэлим Шынагъуэм и щхьэгъусэ Хьэфсэ сулътIан гуащэр адыгэ щылъхут, уеблэмэ языныкъуэ тхыдэтххэм зэратхыжамкIэ — адыгэт. Пэжщ, языныкъуэ тхылъхэм Менгли-Джэрий ипхъу Хьэфсэ тэтэру щытауэ ятхыж, ауэ абы и анэри адыгэт. А зэман жыжьэм псэуа тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, “тэтэру жыхуаIэ гуащэм адыгэ теплъэт иIэр”.
1513 – 1520 гъэхэм Хьэфсэ и къуэ Сулейман щIыгъуу Манисэм щыпсэуащ, щIалэщIэр сулътIан зэрыхъуным хуигъэхьэзыру. А зырат сулътIаным къуэуэ иIэри, Хьэфсэ Сулейман тегужьеикIауэ ипIырт. 1520 гъэм Сэлим Шынагъуэр дунейм ехыжа нэужь, Хьэфсэ и къуэм щIыгъуу къалащхьэм къигъэзэжри, валиде-сулътIан цIэр зрихьэу, и къуэм и гаремым и унафэщIу псэуащ. Хьэфсэ къэрал Iуэхухэм куэдрэ хэIэбэртэкъым, щхьэзыфIэфIу, и къуэм и щIыбагъкIэ Iуэху гуэрхэри зэрихуэртэкъым, атIэ пщIэ-нэмыс къыхуащIыу, псоми фIыуэ къалъагъуу, лей зримыхьэу, захуэу щытауэ къыхощыж тхыдэм.
Хьэфсэ Сэлим Шынагъуэм бынибгъу хуилъхуат: щIалиплIрэ пхъуитхурэ. Ауэ Сулейман къищынэмыщIауэ, адрей щIалэхэр цIыкIуу лIэжащ, Хьэдижэ, ФIатIимэ, Шахъ, Бейхъан, Хьэфсэ сымэ пэшэхэм щхьэгъусэу иратауэ щытащ.
Езы Айшэ-Хьэфсэ сулътIаныр 1534 гъэм дунейм ехыжащ, и щхьэм лъы дэуейри. Ар и щхьэгъусэм бгъурылъу Истамбыл дэт мэжджытым щыщIалъхьэжащ. Адыгэ бзылъхугъэр дунейм щехыжа махуэр иджыри къэс Тыркум щагъэлъапIэ, нэхъыфIу ялъагъу, пщIэ нэхъ зыхуащI Уэлидэ (сулътIаным и анэ) и махуэу.

Махидевран (1500-1581 гъ.гъ.)
Сэлим Шынагъуэм и унафэр Къафэ (Феодосие) щызыгъэзащIэ, абы и къуэ Сулеймэн Мысырым щыIэ адыгэ мамлюкхэр игъэныбжьэгъурт икIи адыгэхэм я тхыдэр куууэ иджу щытауэ жаIэж. Сулеймэн и жагъуэт Сэлим адыгэ мамлюкхэр игъэкIуэдыну зэрыхущIэкъур, и адэм пэщIэмыувэфми. Къыхэгъэщыпхъэщ Мысырым щыпсэу адыгэхэр игъэбийми, Адыгэ Хэкум щыIэ адыгэхэр Сэлим игъэныбжьэгъуу зэрыщытар.
И адэм хуэдэу, Сулеймэн Гъуэзэджэм и япэ щхьэгъусэу щытар адыгэщ — беслъэней пщы лIакъуэ Къанокъуэхэ ящыщ пщащэ. ЦIыхубзым и адыгэцIэр зыщIыпIи къыщыхэщыжыркъым, ауэ ар Къанокъуэ Мэхъуэщокъуэ и шыпхъу нэхъыщIэу щытащ икIи илъэс 15-м иту Сулеймэным иратри Махидевран цIэ дахэр къыхуагъэфэщат. ЗэратхыжымкIэ, дахагъэкIэ Махидевран къефIэкIын бзылъхугъэ а лъэхъэнэм щыпсэуакъым дуней псом. Махидевран сулътIаным хуигъуэта Мустэфа гъэсауэ, щэныфIэу, цIыху Iущу, зэтету, хьэл дахэ хэлъу щытауэ ятхыж икIи тетыгъуэр зыхуагъэтIыгъуэри арат. Ауэ 1553 гъэм сулътIаным и унафэкIэ щIалэр яукIащ. Махидевран Сулеймэн фIыщэу къилъагъуу, и щхьэгъусэхэм къахигъэщхьэхукIыу, и къуэ Мустэфа зыпищIыни щымыIэу псэуащ, и етIуанэ фыз Хуррем я зэхуаку дыхьэху. Урыс пщащэр хьэрэмым къыщыхута нэужьщ зэлIзэфызым я Iуэхур щызэIыхьар. Ар Махидевран игу техуакъым икIи зэрыхуа щытыкIэр Хуррем хуимыгъэгъуфу, псэуху зэбийуэ, зэмызэгъыу, зыр зым зэран хуэхъуу я гъащIэр яхьащ.
Махидевран и къуэри, и къуэрылъху закъуэри яукIа нэужь, гуауэр хуэмыхьыжу и нысэми зиукIыжри, зы унэIут закъуэ фIэкIа имыIэжу, щIыхуэшхуэ къытехуауэ, и быдапIэхэри, мылъкури трахыжауэ утыку къинауэ щытащ. ПщIэи щхьэи имыIэжу псэуащ адыгэ цIыхубзыр илъэс куэдкIэ. Ауэ, Хуррем и къуэ Селим ЕтIуанэм тетыгъуэр къылъыса нэужь, Махидевран и щIыхуэхэр зэрыщыту хуипшынщ, быдапIэрэ зыхуэныкъуэм хуэдиз унэIутрэ иритри, псэуху зыхуей хуигъазэу и нэIэ щIэтащ. Махидевран дунейм щехыжам илъэс 81-рэ хъурт икIи Сулеймэни Хурреми, абыхэм я бынхэми я нэхъыбэрэ псэуащ.
Накшыдил (1766-1817 гъ.гъ.)
Абдул-Хьэмид и фызхэм яхэтащ адыгэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщт Мэхьмуд 2-м и анэ, Уэлидэ сулътIан цIэр зезыхьа Накшыдил. Ар сабийуэ къыщыхутащ Тыркум икIи сулътIаным и уардэ унэхэм ящыщ зым къыщыхъуащ, щагъэсащ, щрагъэджащ. Къыхэгъэщыпхъэщ Мэхьмуд 2-м и анэм Накшыдил и цIэу тхыдэм къыхэщми, и дамыгъэм Накшы-къадын тету зэрыщытар.
Накшыдил балигъыпIэ иувэху Абдул-Хьэмид I-м и шыпхъу Эсмэ сулътIан и деж щыпсэуащ. И шыпхъум деж лъагъунлъагъу кIуа сулътIаным гу лъитащ пщащэ дахэм. Ар зи нэ къыфIэна Эсмэ пщащэр и дэлъхум тыгъэ къыхуищIащ икIи Абдул-Хьэмид и щхьэгъусэ 7-нэ хъуащ. Мурад – Накшыдил сулътIаным хуигъуэта щIалэ цIыкIур – и ныбжьыр илъэс фIэкI иримыкъуауэ уз зэрыцIалэм илIыкIащ. 1785 гъэм адыгэ бзылъхугъэм иджыри зы къуэ игъуэтащ – Мэхьмуд 2-р, илъэситI дэкIи хъыджэбз цIыкIу къилъхуащ, ауэ Салихъэ мазиблэ фIэкI мыхъуу лIэжащ. Мэхьмуд балигъыпIэ щиувэм, и адэм щIыгъуу ягъэIэпхъуащ хухаха щIыналъэм. Тхыдэм къыхэнэжащ Мэхьмуд и адэм хуригъэхьа тхыгъэхэр. Абыхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Мэхьмуд и анэр фIыщэу илъагъурт, «пщIэ зыхуэсщI си анэ дыщэр» жиIэурэ къыхигъэщхьэхукIырт.
1808 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Мэхьмуд 2-р Уэсмэн къэралыгъуэм и сулътIан хъуащ икIи шыщхьэуIум и 8-м Накшыдил Топкапы къекIуэлIэжащ. Уэлидэ-сулътIан цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща адыгэ бзылъхугъэр Iэтауэ ирагъэблэгъэжащ икIи сулътIаныщIэр абы къыпежьэщ, гуимэм ис и анэм и Iэм ба хуищIри, гаремым нэс щIишэжащ.
Накшыдил псапащIэ Iуэху куэд зрихьащ: абы и унафэкIэ Истамбыл щаухуащ мэжджыт, пэщIэдзэ еджапIэ, псыутх, нэгъуэщIхэри.
Шевкефзэ сулътIан (1820-1889 гъ.гъ.)
Абдул-Мэжид I-нэ Уэсмэн сулътIаным и щхьэгъусэ, Мурад 5-м и анэ, адыгэ бзылъхугъэр 1820 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м къалъхуащ. Ар илъэс 19-м иту гаремым къыщыхутащ ик1и Абдул-Мэжид I-м тетыгъуэр къызэрылъысу и фыз етIуанэ хъуащ. Гу лъытапхъэщ Шевкефзэ сулътIаным нэхърэ илъэси 3-кIэ нэхъыжьу зэрыщытар.
А лъэхъэнэм сулътIаным и щхьэгъусэм и пщIэр къызэралъытэр кърата унэIутхэм я бжыгъэм, хухагъэщхьэхукIа пэшхэм, ират ахъшэм, Iэнэм и щысыпIэмкIэт. Абыхэм тепщIыхьмэ, Абдул-Мэжид и щхьэсыгъэхэм Шевкефзэ нэхъыщхьэ яхэтакъым, и етIуанэ фызми.
Шевкефзэ зы къуэрэ (Мурад) зыпхъурэ (Алие) тыгъэ хуищIащ сулътIаным. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ар гаремым къыщыщыхутам щхьэц фIыцIэ нэ фIыцIэ гуакIуэу, мылъагэ дыдэу, Iэщабэ-Iущабэу, цIыхуфIу, щэныфэу, гъэсэныгъэ хэлъу, пщащэ зыIэщIэлъу щытащ.
СулътIаным Шевкефзэ псом нэхърэ нэхъыбэрэ и лэгъунэм ириджэу щытауэ етх Филизтен Хъаным ефэндым: «Шевкефзэ сулътIаным псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъуу щытауэ пхужыIэнукъым. Пэжщ, абы пщIэ хуищIыр къызэрилэжьар Абдул-Мэжид и япэ къуэр къызэрыхуилъхуарат. Фыз бжыгъэншэхэм ящыщ зыуэ арат. Дауи, ар абы игу къемыуэу къанэркъым, ауэ Шевкефзэ и гум илъыр зэи игъэлъагъуэркъым, зыгуэр игу къеуэу, зыгуэрым и жагъуэ къищIауэ зыкъуигъащIэркъым».
И къуэрат адыгэ бзылъхугъэм и тIасхъапIэр. Сытри ищIэну хьэзырт Мурад щхьэкIэ. Арауэ къыщIэкIынщ Сакаоглу Надждет щIитхыр мыпхуэдэу: «…ар адрей фызхэм нэхърэ нэхъ нэпсейщ, щхьэхуэфIщ».
Абдул-Азиз сулътIаным къэралыгъуэр зэрыхуземыхьэм къыхэкIкIэ трахуну унафэ зэращIам хищIыкIырт Мурад, уеблэмэ арэзыт абыкIэ. СулътIаным и мылъку зэхадыгъуам щыщ къылъысащ Уэлидэ хъуа Шевкефзэ сулътIанми. Апхуэдэу Мурад 5-м тетыгъуэр къылъысащ, ауэ ар а къулыкъум тезыгъэувахэм иужькIэ къагурыIуэм сулътIаныщIэм и акъылыр зэрызэтемысыр. Мурад 5-нэ сулътIаныр махуэ 93-кIэ тетауэ аращ Уэсмэн къэралыгъуэм, абы щыщу махуи 7-кIэ узыншауэ аращ. Абы и пIэ ирагъэуващ Абдул-Хьэмид 2-р.
Шевкефзэ дунейм ехыжащ 1889 гъэм фокIадэм и 20-м. Ар щIалъхьэжащ Чырыган дэт мэжджытыщIэм. ИужькIэ, 1904 гъэм Шевкефзэ бгъуралъхьэжащ и къуэ закъуэри.
Тиримужгян Къадын-ефэнды (1819-1853 гъ.гъ.)
Абдул-Мэжид Уэсмэн сулътIаным и фыз, Абдул-Хьэмид 2-нэ сулътIаным и анэ Тиримужгяни адыгэт, шапсыгът. Абдул-Хьэмид 2-нэ сулътIаным Шапсыгъым щхьэкIэ «си анэм и адэжь щIыналъэ» жиIэу щытащ. СулътIаным ипхъу Айшэ зэрыжиIэжу щытамкIэ, Абдул-Хьэмид и гаремым адыгэ бзылъхугъэ мыхъумэ нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIауэ зы цIыхубзи щыIакъым.
Пщащэр гаремым къыщыщыхутащ 1839 гъэм. Тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Тиримюжгян пщащэ нэхутхьэхут, и нэр удзыфэт, и щхьэцыр фIыцIафэт, Iэ псыгъуэ-лъэ псыгъуэт, теплъафIэт, щэныфIэт, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлът.
1840 гъэм абы къилъхуащ Наимэ хъыджэбз цIыкIур. Ар илъэси 2,5-м иту уз зэрыцIалэм ихьащ. 1842 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-м Тиримужгян къилъхуащ иужькIэ сулътIан хъуа Абдул-Хьэмид 2-р. Абы иужь адыгэ цIыхубзым къилъхуа щIалэ цIыкIур мазэ фIэкI мыхъуауэ лIэжащ.
Тиримужгян и къаруи и зэмани зытригъэкIуадэр и къуэ закъуэрат, балигъыпIэ иувауэ зэримылъэгъунур и псэм ищIэ хуэдэ. И бын ещанэр дунейм ехыжа нэужь гурыIуэгъуэ хъуат Тиримужгян мыхъужын узыфэ зэрыпкъырытыр. Абдул-Хьэмид 2-м итхыжауэ щытащ мыпхуэдэу: «Си анэ тхьэмыщкIэр щIалэ дыдэу кIуэдыжами, иджыри къэс си нэгум щIэтщ. Зэи сщыгъупщэнукъым сэ ар. Сыту фIыIуэу сыкъилъагъурэт. Ар сымаджэ щыхъуам пэзанщIэу сигъэтIысырти, сызыбгъэдимыгъыхьэу (сицIэлэнкIэ шынэрт) къызэплъу щылът, абыкIэ зигъэнщIу».
Тиримужгян жьэным илIыкIащ 1853 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м. Абдул-Хьэмид Пиристу Къадын-ефэндым ипIыжащ. А бзылъхугъэр тхыдэм зэрыщыцIэрыIуэр Уэсмэн къэралыгъуэм и яужь дыдэ Уэлидэу зэрыщытаращ. Къыхэгъэщыпхэщи, Пиристу Къадын-ефэндыри адыгэт икIи зеиншэу къэна сабийхэр езым къилъхуа дыдэм хуэдэу фIыуэ илъагъуу, хуэсакъыу зэрипIар. СулътIаным и лъэIукIэ, Пиристу къэрал Iуэхухэм зэи хэIэбакъым, ауэ гаремым и унафэр зэрыщыту IэщIэлът, псапащIэ Iуэхухэр зрихуэрт. Ар 1904 гъэм дунейм ехыжащ.
Бидар Къадын-ефэнды (1858-1918 гъ.гъ.)
Уэсмэн къэралыгъуэм и сулътIанхэм хабзэ зэрахуэхъуам тету, Абдул-Хьэмид сулътIаным и бынитIым я анэри адыгэт. Бидар къадын-Ефэндыр къэбэрдей уэркъ Тэлъостэн Ибрэхьим ипхъут. Хъыджэбз цIыкIум и дэлъхуитIыр – Хъусейнрэ Мухьэмэд Зиерэ — щIыгъуу къану иратат сулътIан унагъуэм.
Абдул-Хьэмир иджыри шехзадеипIэ ису къишащ Бидар, 1875 гъэм фокIадэм и 2-м. Куэд дэмыкIыу абы къахэхъуащ ФатIимэ Наимэ сулътIанымрэ (1875-1945 гъ.гъ.) Мухьэмэд Абдулкъадир Ефэндымрэ. Тырку революцэр щекIуэкIым щыгъуэ Бидаррэ абы и дэлъху Мухьэмэд Зиерэ сулътIаным щIыгъуу ирашауэ щытащ. ИужькIэ, 1889 гъэм, сулътIаным и унафэкIэ Бидар IущIащ нэмыцэ пащтыхьыгъуэм тет Августэ Викториерэ австрие пащтыхь гуащэ Цитэрэ. Пащтыхь гуащэхэм апхуэдизкIэ ягъэщIэгъуат Бидар и зыIыгъыкIэмрэ губзыгъагъэмри, Европэм куэдрэ щаIуэтэжу щытащ.
Абдул-Хьэмид 2-р тетыгъуэм трахуа нэужь Бидар щыпсэуащ Эренкей щыIэ уардэ унэм. Ар дунейм ехыжащ 19I8 гъэм щIышылэм и 1-м.