Илъэс мин бжыгъэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказ Ищхъэрэмрэ Азие ЦIыкIумрэ щыпсэуа, адыгэр къызытехъукIыжа хьэт лъэпкъыжьым и цIэр зезыхьэ къэфакIуэ гупыр мы гъэм илъэс 20 ирикъуащ. 2005 гъэм, бадзэуэгъуэм и 9-м «Хатти» къэфакIуэ гупыр япэу утыку къыщихьауэ щытащ Къайсэр къалэм. Гупыр къызэрызэрагъэпэщам, блэкIа илъэсхэм къриубыдэу ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм къытхутопсэлъыхь «Хатти»-м и унафэщI Балъкъэр Казбек.
Нобэ хуэдэу сощIэж «Хатти» гупыр къафэу япэ дыдэ щыслъэгъуауэ щытар… Сэ езым къафэхэм мащIэ гуэр хэсщIыкIыу, КъБР-м и къэфакIуэ гуп зыбжанэм сыкъыщыфэу щытати, адыгэ къафэм и пIалъэм сыщыгъуазэт, и фащэр мыIейуэ сцIыхурт. Ауэ, алъандэрэ сызэса къэфэкIэмрэ фащэмрэ емыщхь, сыт и лъэныкъуэкIи щIэщыгъуэу ди щэнхабзэм екIуу, щабэу, дахэу къыхэпшэхъуа хьэтхэм удамыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу апхуэдэт. Ари гурыIуэгъуэт – 17-18-нэ лIэщIыгъуэм къекIуэкIа зауэлI фащэхэмкIэ хуэпа, Iэщэ-лъащIэкIэ зэщIэузэда щауэ къуданхэр, пщы гуащэ щIыкIэу пщащэ пагафэхэр псым ес къыум хуэдэу утыку къыщихьэкIэ уигури уи псэри хэхъуэрт.
— Сэ адыгэ щэнхабзэр фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар Думэныщ Iэулэдинщ. «Кабардинка» гупым сыкъыщыфэм абы дызэхуишэсурэ, тхыдэм, щэнхабзэм, хабзэм, IуэрыIуатэм теухуауэ куэдым дыкъригъэдаIуэрт. Ар Iэулэдин апхуэдизкIэ дахэу, узыIэпишэу, гъэщIэгъуэну жиIэжырти, си щхьэкIэ, нэгъуэщI зыри къысфIэмыIуэхужу седаIуэрт. Мис абдежырщ къыщежьар сыкъызыхэкIа лъэпкъымрэ тхыдэмрэ хузиIэ лъагъуныгъэ куур. Си ныбжьэгъу гуэрым чэнджэщ къызитащ: «КъэфакIуэ е уэрэджыIакIуэ гуп зэхуэшэс, сэ мылъкукIэ зыпщIэзгъэкъуэнщ». Сэри щIэ гуэр щэнхабзэм хэслъхьэну си гуращэти, сытегушхуащ. Сыкъигъэпэжащ – мылъкукIи зыкъысщигъэкъуащ, «Хатти»-м хуедгъэда фащэхэр тхуезыгъэдари, гъуэгу дытезыгъэувари аращ. ФIыщIэ хусэщI пэтми, сешыркъым.
— Утыку къифхьа фащэщIэхэр ди цIыхухэм къагурымыIэу, ипэхэм куэдрэ тепсэлъыхьауэ сощIэж…
— Пэжщ. Куэдым куэдрэ къыддагъуащ ди шыфэ-лIыфэр. «Мы фщыгъхэр адыгэ фащэкъым. «Кабардинка»-м фыдэплъей», — жаIэрт. КъызэрыщIэкIамкIэ, ахэр тхыдэм щымыгъуазэу арат. Дэфтэрхэм ухэплъэжмэ, европей зыплъыхьакIуэхэм къызэранэкIа тхыгъэхэр къэпIэтыжмэ, илъэс 500 ипэкIэ адыгэм щыгъа фащэр «Хатти»-р утыку дыкъызэрихьауэ щытаращ. Ар тхыдэм къыхэтэджыкIыжа пэжщ икIи тщIэн хуей Iуэхущ. Гу лъытапхъэщ а фащэхэр едгъэдын ипэ къихуэу, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэхэм дызэречэнджэщар. Апхуэдэу гугъу къыддехьащ щIэныгъэлI Кхъуэжь Заурбэчрэ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликсрэ. Абыхэм апхуэдизкIэ дзыхь яхузощIри, ахэр зыхэIэба, яубзыхуа Iуэхум зэи сытеIэзэщIыхьыжынукъым. ЗэсхъуэкIыжащэрэт жысIэу, си гур темызэгъауэ зэи къэхъуакъым. КъищынэмыщIауэ, дыкъызыдэфэ макъамэхэри «мыцIыхут». Пасэ зэманым ди адэжьхэр къызыдэфэу щыта макъамэжьхэм дедэIуэжри, дигу ирихьхэр къыхэтхащ, гупыр къыщызэдгъэпэщам пшынауэ, макъамэтх Iэзэу къэунэхуа Иуан БетIал и къаухьым къызэритIасэу ахэр тхуигъэзащIэри, утыку дыкъихьащ. Хуабжьу къыддэIэпыкъуащ накъырапщэ Увыж Анзори. Ди теплъэкIэ зэпэщ дызыщIа, фащэ дахэхэмкIэ дызыхуэпа ХьэцIыкIу Мадинэ и хэлъхьэныгъэр псалъэмакъ щхьэхуэщ. Ди гупым и купщIэр наIуэ къэзыщIыж, цIыхум ягъэщIагъуэ пэтми яхуэмыIуэтэж фащэхэр аращ зи IэдакъэщIэкIыр. Мадинэ цIыхуфщ, гумызагъэщ, набдзэгубдзаплъэщ, вэгъзэгъщ. Абы къыхэкIыу, удэлэжьэну, Iуэху дэпщIэну гупсэхугъуэщ. Ди гупыр къыщыунэхум чэнджэщэгъу схуэхъуащ Сэралъп Мадинэ. Гупсысэ, къару куэд къытхилъхьащ абы. И цIэр къисIуэну сыхуейт усакIуэ, тхакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ. Абы уэрэд зыбжанэ тхуитхащ. Макъамэ Iэмэпсымэхэр къытхуищэхуат Алътуд Арсен, мылъкукIэ зыкъытщIигъэкъуащ. Зыми и нэIэ дыщIэмыту, улахуи къэдмыхьу зыкъомрэ дыкъэгъуэгурыкIащ. Ауэ лъэпкъым щхьэкIэ умыщIэн щыIэ! Ди щэнхабзэ дахэр дунейпсо утыкум итхьэмэ абы насыпыфIэ дищIу дыкъэфащ.
— ИпэжыпIэкIэ, «Хатти»-р зэпымычу утыку итауэ пхужыIэнукъым, Казбек. ЩыIащ зэман илъэс бжыгъэкIэ концерт щывмыта. Сыт ар къызыхэкIар?
— Хамэ къэралхэми, ди гъунэгъу щIыналъэхэми жыджэру зыкъыщыдгъэлъэгъуащ 2000 гъэхэм и пэм. Ауэ, узэрыпсэун, зэрызыбужьын ахъшэ уиIэн щхьэкIэ концерт птын хуейщ. Абы мылъку зэрытекIуэдэнуми ухуэхьэзыру щытыпхъэщ, гупышхуэ ухъуу гъуэгу ущытеувэкIэ. кIэщIу жыпIэмэ, Iуэху куэдым елъытащ зэпымычу утыку уитыныр. Дауэ мыхъуами, макъышхуэ ищIу утыку дыкъихьати, зэуэзэпсу дыбзэхыжыну емыкIущ. Иджыпстуи зэрыхъум хуэдэу дыкъофэ, зыкъыдогъэлъагъуэ. ЩыщIэддзагъащIэм лъагапIэщIэхэм дыщIэхъуэпсырт… Ди къэфакIуэхэр я къару емыблэжу щIэлэжьар дыкъызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр ягъэкIуэтэн папщIэти, нобэ дэIэпыкъуэгъу димыIэми, тхузэфIэкIыр тщIащ.
— «Хатти»-р къэфакIуэ гуп и закъуэ мыхъуу, уэрэджыIакIуэхэри фиIэщ. Бэч Азэмэт, Иуан БетIал, Хьэгъур Залым сымэ я цIэр щIэрыщIэу къэIуат япэу концерт щыфтам…
— Артист зэчиифIэхэмкIэ къулейщ ди гупыр. Сэ езым макъамэр зыпэсщIын щыIэкъым! Адыгэ уэрэдыжьхэр рок гъэзэщIэкIэм идгъэзагъэмэ дауэ хъуну пIэрэ жытIэри, дегупсысат щIэщыгъуэ хъун папщIэ. Ауэ, уэрэдхэм я «адыгагъэр» мыкIуэдын папщIэ, пшынэри, пхъэцIычри, шыкIэпшынэри, накъырэри хэдгъэхьащ. Щхьэщытхъур хьэлыфIкъым, ауэ хъарзынэу къыдэхъулIауэ къызолъытэ. Пэжщ, щIэм занщIэу уесэркъым, зыми щымыщ гуэру къыщыпщыхъуи щыIэщ, уэ, уегупсысыжмэ, зэманым декIур лIыфIщ жиIатэкъэ Къэзанокъуэм?! «Хатти»-мкIэ сэ згъэлъэгъуэну сызыхуеяр зыщ – адыгэ къафэр зы пIэ гуэрым инауэ зэритыр, абы къишын зэрыхуейр. Сыту жыпIэмэ, щэнхабзэм лъэпкъым и блэкIам и закъуэкъым зи фащэр. Абы лъэпкъым и нобэри къегъэлъагъуэ. Иужьрей илъэс 500-м къриубыдэу зызыхъуэжами гулъытэ иIэн хуейкъэ?! Мис аращ хьэтхэр къыщыунэхуами, иужьыIуэкIи гупсысэ нэхъыщхьэу диIар, армыхъумэ адыгэ щэнхабзэр зэблэIуэнтIыкIауэ утыкум къитхьэныркъым.
— Критикэри сэбэпщ, Казбек, гупсысэ щхьэпэ пхухэхынумэ.
— Ипэхэм критикэр Iуащхьэу къызэтелът. Ауэ, дыкъызыгурыIуамрэ зигу дыдыхьамрэ нэхъыбэти, псалъэ гуапэкIэ ди гур фIы ящIыжащ. Псом хуэмыдэу «дыкъыщракъухьар» джинс, къызэрыгуэкI щыгъын тщыгъыу Москва концерт щыттарат. Мис ар зыми къагурыIуэххатэкъым.
— Нобэрей дунейр къэвгъэлъэгъуати, ар «публикэм» фIэфI мыхъуауэ арат…
— Пэжщ. Ди щIалэгъуалэр зэрыхуэпам, къызэрыфэм, зэрызэхэтым куэдэу утыку дыкъихьати, къызэщIэуIэбжьэжат. ЛъэныкъуэкIэ къыщыту зэплъыжа, зыIуплъари гурымыхь ящыхъуа нэхъей. Абы къикIыркъым дэ хабзэмрэ щэнымрэ дебэкъуауэ. Критикэ жиIэмэ, Iуэхум лъэныкъуэ псомкIи укъегупсысын хуейуэ къызолъытэ, «мыр дэ дызэсам ещхькъыми – хамэщ, ещ» жыпIэу, Iумпэм умыщIу.
— НобэкIэ сыт фи мурад, Казбек? Фылажьэрэ, фыкъафэрэ?
— Дигу илъщ концертышхуэ зэхэтшэну. Хуэм-хуэмурэ зыдогъэхьэзыр.
— Тхьэм къыфхузэпищэ. Дыпоплъэ!
