«Адыгэ псалъэ» газетым зэрытетащи, фIокIадэм и I9-м КъБКъУ-м щызэхэтащ «Урысеймрэ Тыркумрэ: дунейпсо щытыкIэмрэ геополитикэ Iуэхухэмрэ — 2025» зыфIаща етIуанэ Дунейпсо щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэIущIэр. Ар къызэрагъэпэщат Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Дипломатиер гъэкIуэтэнымкIэ Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондымрэ. КъэралыгъуитIым дунейпсо утыкум щаубыд увыпIэм, а тIум я зэхущытыкIэм, хэхэс адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм тепсэлъыхьыну зэхуэсат Европэм, Тыркум, Абхъазым, Урысейм и щIыналъэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я пашэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ.
Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, УФ-м и Къэрал думэм и депутат, СНГ-м и IуэхухэмкIэ, евразие къэралхэм я зэкъуэтыныгъэмкIэ, ди хэкуэгъухэм хуаIэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Затулин Константин, УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и Министерствэм и Представительствэм и унафэщI Нюппэ Сергей, УФ-м и ЦIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, Федеральнэ инспетор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ КъуэщIысокъуэ Тимур, КъБР-м и ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу щыIэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий, КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, ДАХ-м и вице-президент, Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.
ЗэIущIэр къызэIуахын ипэ МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 95-рэ зэрикъуам папщIэ къызэхуэсахэр ехъуэхъуащ.
АдэкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий хьэщIэхэмрэ зэIущIэм хэтхэмрэ захуигъазэу жиIащ:
— Ныбжьэгъухэ, ди нобэрей щIэныгъэ-практикэ конференцым и етIуанэ зэхыхьэм си гуапэу фыкъызогъэблагъэ. «Урысеймрэ Тыркумрэ: дунейпсо щытыкIэмрэ геополитикэ Iуэхухэмрэ — 2025» фIэщыгъэм лъабжьэ хуэхъуар ди лъэпкъэгъу хэхэсхэр Тыркум мелуан бжыгъэкIэ зэрыщыIэрщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, адыгэхэр сыт хуэдэ къэралыгъуэ щымыпсэуами, зыхэс къэралым хуэлажьэу, я цIэр фIыкIэ къраIуэу къогъуэгурыкIуэ. Иужьрей зэманым къэралыгъуэхэр зэкъуоувэ, зэдолажьэ, мурадыфIхэр зэдаубзыху. Ар нэрылъагъу тщыхъуащ Урысейм, Китайм, Индием, нэгъуэщI къэралыгъуэхэм я унафэщIхэр иджыблагъэ щызэIущIам. ГъэщIэгъуэнракъэ, а зэIущIэшхуэхэм хэтащ Украинэр къигъэсэбэпурэ Урысейм и лъэр щIэзыгъэхуну хущIэкъу, тезырышхуэхэр къыттезылъхьэ Европэри. «Дуней мыузыншэм къэрал узыншэ щыIэфынукъым. Къэралыр сымаджэмэ – цIыхухэри лъэрымыхьщ», — жаIэ. Ар къэплъытэмэ, дэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, ди пщэ къыдохуэ къалэнышхуэ – хэхэсу щIым текъухьа ди лъэпкъэгъухэм ди зэхуэдэ хэкум, Урысейм, и политикэр дэтIыгъыну. Абы папщIэ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупымрэ Советымрэ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм дахуеблагъэурэ зэIущIэхэр щыдогъэкIуэкI. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ зэхыхьэхэр щедгъэкIуэкIагъэххэщ Тыркум, Иорданием, Израилым, Абхъазым. Иужь дыдэу дыздэщыIар Абхъаз къэралыгъуэрщ. Дызэрыщыгъуазэщи, IэнатIэ хьэлъэ Iутщ ахэр. ИкIи ди къалэну къызолъытэ а щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм защIэдгъэкъуэну, Урысейм и дамэпкъыр зыхащIэн папщIэ, ди къару къихьыр яхуэдлэжьыну. Мыхьэнэшхуэ яIэщ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэми. Къэрал къэсыху езым и гъэпсыкIэрэ щыIэкIэрэ иIэжщ. Ахэр къэлъытауэ, щхьэж бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуэубзыхупхъэщ, ди зэхуэдэ хэкум дызэкъуэту дыхуэлэжьэфын папщIэ. Гу лъыстэну сыхуейт дзэ Iуэху хэхахэми. Ди къэралым и Президент Путин Владимир хиха лъагъуэм захуэу дытетщ дэри, ар дыдоIыгъ фашизмымрэ неонацизмымрэ гъэкIуэдыным теухуауэ. Нобэрей зэIущIэм хэт дэтхэнэ зыри фыкъыхузоджэ мыбдеж къыщапсэлъынухэм ди тхьэкIумэр гъэхуауэ дедэIуэну, абы иужькIэ унафэ пыухыкIахэри дубзыхуну. ФIыщIэ щхьэхуэ хуэсщIыну сыхуейт Горчаковым и фондым. Ар сытым дежи щIэгъэкъуэн къытхуохъу мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр, зэкъуэтыныгъэр ди гъуазэу едгъэкIуэкI IуэхугъуэхэмкIэ. КъищынэмыщIауэ, и цIэ къисIуэнут КъБКъУ-м и унафэщI Алътуд Юрий. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я лъапсэу зэрыщытым имызакъуэу, лъахэм щэнхабзэ дауэдапщэхэм я жьантIэщ, — къыхигъэщащ абы.
Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкIыу, хьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.
Налшык къэмыкIуэфахэр видеожыпхъэм иту зыкъыпащIэри, къыщыпсэлъащ зэIущIэм. Апхуэдэу, УФ-м и Жылагъуэ палатэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ фIэщхъуныгъэмкIэ щыIэ комиссэм и унафэщI Зорин Владимир къыщыпсэлъам къыхигъэщащ мы унэтIыныгъэмкIэ мамырыгъэр зэтеIыгъэным теухуауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и пщэ къыдэхуэ къалэныр зыхуэдизыр.
— Дунейм адыгэу текъухьам я екIуэлIапIэ нэхъыщхьэщ ДАХ-р. Абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий сэрэ 20I2 гъэ лъандэрэ дызэроцIыху. А гъэм Олимп джэгухэр Сочэ къалэм щекIуэкIын хуейуэ къэралым а Iуэхугъуэшхуэм зыхуигъэхьэзырт. Абы щыгъуэ Сэхъурокъуэм дэслъэгъуар акъылышхуэмрэ шыIэныгъэмрэ и закъуэкъым. Зи лъэпкъым хуэпэж, ар фIыуэ зылъагъу, гъуэгу захуэм темыкIмэ зи щIасэ пашэщ ар, — къыхигъэщащ Зориным.
ЗэIущIэр зытеухуамкIэ къэбгъэзэжмэ, Урысеймрэ Тыркумрэ зэдолажьэ I497 гъэ лъандэрэ. Тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, абы щыгъуэщ Урысейм и политикэ лIыкIуэр япэ дыдэу Уэсмэн къралыгъуэм щигъэкIуар. Илъэс мин ныкъуэм къриубыдэу а къэралыгъуитIыр мызэ-мытIэу зауэ губгъуэм щызыпэщIэувэжащ, икIи пхужыIэнукъым Урысеймрэ Тыркумрэ зы Iуэху еплъыкIэ яIэу, я акъыл зэтехуэу. Арами, нобэкIэ Урысейр дунейпсо утыкум лъэ быдэкIэ ит къэралыгъуэ лъэщщ, Тыркур — тырку дунейм и пэрытщ, и псалъэм куэд дыдэ елъытащ.
— Урысеймрэ Тыркумрэ къэралыгъуэу зэрыщыIэрэ I3-рэ зэзэуащ. Нобэрей Тырку къэралыгъуэр картэм имытынкIи хъунт зэгуэр а тIум зэгурыIуэныгъэ зэрамыщIылIамэ, зэрызэдекIуэкIын, зэрызэдэлэжьэн щхьэусыгъуэ къамыгъуэтамэ. Арами, ди Iуэху еплъыкIэкIи, хьэлкIи, дуней тетыкIэкIи дызэщхькъым тыркухэмрэ дэрэ. ИкIи щхьэгъэпцIагъэщ нобэ дунейм къыщекIуэкI политикэ IуэхугъуэхэмкIэ зэакъылэгъу дыхъуным ущыгугъыныр. Ауэ, лэгъупыкъум хуэдэу дызэпищIэу Iуэхугъуэ гуэрхэр ди зэхуаку дэлъщ. Псалъэм папщIэ, адыгэхэр. Сэ университетым и тхыдэ къудамэрщ къэзухари, зыми хуэмыдэжу сыщыгъуазэщ илъэси I60-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказымрэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъам, абы и Iэужьу адыгэхэр мелуан бжыгъэкIэ хамэ щIыналъэхэм къызэрыщыхутам. Ар тхыдэщ. Тхыдэр тхыдэ зыщIыжри апхуэдэ Iуэхугъуэхэрщ, ауэ дэ блэкIам дыхуеплъэкIыурэ абы тещIыхьауэ ди нобэрей махуэр дубзыху хъунукъым. Дызэплъын хуейр зыщ – адыгэу дунейм тетым я Хэкур здэщыIэр Урысейращи, ди дуней еплъыкIэри зыуэ щытыпхъэщ. Адыгэбзэр, хабзэр, щэныр, фащэр кIуэдыжынкIэ Iэмал иIэкъым. Ар ди къэралъым и къулеигъэхэм ящыщ зыщ, ар зэрытхъумэнми дыпылъу унафэхэр яубзыху. Пэжыр пэжу щытын хуейщ, адыгэхэм Урысейм щагъуэт пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ хуэдэ зыщIыпIи щаIэкъым. Хэкужьым къэзыгъэзэжыну хуейхэм папщIэ хабзэхэр ягъэщэбэну щIолъэIу хэхэсхэр. Ауэ Урысейм и хабзэмрэ бзэмрэ ямыщIэу мыбы къэкIуэжхэр щылэжьэфынукъым икIи щыпсэуфынукъым. Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм къэралыбзэу 3 иIэщ: адыгэбзэ, балъкъэрыбзэ, урысыбзэ. Мы щIыналъэр лъэпкъыбэщ. ИкIи мыбы уизэгъэн папщIэ, адыгэбзэм и закъуэ пщIэныр мащIэщ. Псалъэ къыщызатакIэ, къыхэзмыгъэщу слъэкIынукъым икIи гуапэ мыхъуу къанэркъым дзэ Iуэху хэхар къыщыхъеями, адыгэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Урысейм зэрыхуэпэжыр къызэрагъэлъэгъуар. Ар дэ зэи тщыгъупщэнукъым. Мис апхуэдэ зэкъуэтыныгъэкIэ дащогугъ хэкум къэзыгъэзэжыну щIэхъуэпсхэми, — жиIащ Затулин Константин къыщыпсэлъам.
Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ Затулиным жиIа псори зэрыдиIыгъыр.
Псалъэ къещтэ ди нэхъыжьыфI МэшбащIэ Исхьэкъ:
— Роман 20-м щIигъу си Iэдакъэ къыщIэкIащи, ахэр псори адыгэм и тхыдэм епха защIэщ. Пэжщ, сэ схуэдэу си лъэпкъыр зыми фIыуэ имылъагъуу къысщохъу, апхуэдизкIэ си псэм хэлъщи. ИкIи а тхылъхэр стхын ипэ, дауи, тхыдэм куууэ щыгъуазэ зыщысщIын хуей хъуащ. Абы къыхэкIыу, си Iуэху еплъыкIи сиIэжщ… СызэреплъымкIэ, Инджылызым, Франджым, Тыркум, Урысейм я зэпэщIэтыныгъэм, я зэныкъуэкъум адыгэхэр абыхэм я зэхуакум дыдипIытIауэ аращ. Адыгэхэр езыр зауэлI лъэпкът, лъы пщтырти, я щхьэ къыщхьэщыжыжу, я хэку яхъумэжу шэсащ, я джатэр кърахащ. ЗалымыгъэкIэ дыхашауэ арат илъэси I0I-кIэ екIуэкIа а зауэжьым. Ди хьэщIэ лъапIэм гу зэрылъитащи, ар блэкIа Iуэхущ, лъэпкъым и нэхъыбэр дунейм текъухьа хъуами, хэкум къинахэр я щIыналъэ исыжщ, дощIэращIэ, добагъуэ, IэштIым щIэдгъэлъэгъуэн щхьэусыгъуи диIэкъым, — жиIащ абы.
Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Тыркум щыIэ Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэм (КАФФЕД-м) и лIыкIуэхэу Йылмаз Онеррэ Токъмакъ Шенесеррэ. Абыхэм къыхагъэщащ хэхэс адыгэхэм хабзэ, щэнхабзэ, бзэ и лъэныкъуэкIэ нобэ яIэ ехъулIэныгъэхэм хэкум исхэм я фIыгъэкIэ зэрыхэлъыр, я щIалэгъуалэм щыщ илъэс къэс хэкум кърагъэблагъэурэ гъэмахуэ мазэхэр мыбдеж зэрыщрахьэкIым ди зэхущытыкIэхэр зэрырагъэфIакIуэр.
Видеожыпхъэм иту зэIущIэм къыщыпсэлъащ политикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Мармарэ университетым и профессор Эршен Эмре. Ар тепсэлъыхьащ Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытыкIэр Евразием и геополитикэм къызэрыщыгъэлъэгъуам.
— Пэжщ, мы къэралыгъуитIым я Iуэху еплъыкIэхэр апхуэдизкIэ зэтехуэркъыми, шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Къэрал гъунапкъэхэр гъэбыдэным, дамэгъу пэж, ныбжьэгъуфI къызэгъэпэщынымкIэ Урысейр куэдкIэ нэхъ жыжьэ бэкъуащ, экономикэ и лъэныкъуэкIэ Китайм зэгурыIуэныгъэ дрищIылIэри. Урысейр апхуэдизкIэ жыжьэрыплъэу къыщIэкIащи, КъухьэпIэр егъэпIейтей. Тыркум щыуагъэу IэщIэкIыр – экономикэмрэ политикэмрэ зегъэужьыным хуэщIын хуей гулъытэр зэрыхуимыщIырщ, къэралыгъуэшхуэхэм къазэрыпекIуэкIырщ. Абы иIыгъыр тырку лъэпкъырщ, ахэр щыпсэу къэралыгъуэхэрщ. Европэр абы дежкIэ газ лъагъуэщ, КъуэкIыпIэмкIэ упхызыш гъуэгуанэ къудейщ. Урысейм зэгурыIуэныгъэ гэурхэр ирищIылIами, тIуми я фейдэ зыхэлъ гуэрщ ахэр. Сэ сызэреплъымкIэ, Тыркум Урысейм нэхъ дамэгъу лъэщ игъуэтынукъым, икIи а къэралыгъуэм хуиIэ зэпыщIэныгъэхэр игъэбыдэмэ, а IэмалыфIыр зыIэщIимыгъэкIмэ нэхъыфIщ, — жиIащ щIэныгъэлIым.
Еропэм, Абхъазым, Ставрополь крайм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр зэIущIэм къыщыпсэлъащ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ. Псалъэм папщIэ, Европэм щыIэ Хасэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затий жиIащ:
— Си адэшхуэм и адэращ хэкум икIауэ щытар. Сэ езыр Тыркум сыкъыщалъхуащ, ауэ лэжьэн, псэун IуэхукIэ Европэм нэхъ сыкъыщикIырти, Германием сыIэпхъуащ. Дэнэ сыкъыщыщIимыдзми, сэ си лъахэр мыращ – Кавказырщ. Зауэ нэужьым адыгэм и нэр япэу къыщыплъэжари, тыншыгъуэ, пщIэ, цIэ, щхьэ, хуитыныгъэ щигъуэтыжари Урысейр аращ. Дэ, хэхэсхэм, апхуэдэпщIэ зыщIыпIи щыдиIэкъым. Мыбдеж адыгэр и бзэ щропсалъэ, къэрал Iуэху щызэрехьэ, хуиту щопсэу, и цIэмрэ унэцIэмрэ адыгэбзэкIэ иреIуэж. Дэ апхуэдэ хуитыныгъэ иджыри къыздэсым диIэкъым. Сыхуейт хэкум къинэу ар тхуэзыхъума ди лъэпкъэгъухэм фIыщIэ яхуэсщIыну! Хэхэсхэр дэнэ дыщымыIами ди дыгъэр къыщыкъуэкIыр Кавказыр здэгъэза лъэныкъуэмкIэщ, сэри гурэ псэкIэ сытым дежи мыбыкIэ сыщыIэщ. Урысей къэралыгъуэм зыгуэркIэ сэбэп дыхуэхъуххэнумэ, Европэм щыпсэу адыгэхэм ди бжэри дигухэри сытым дежи фхузэIухащ.
КъБР-м ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэпымыууэ щыхагъахъуэ и центрым и унафэщI, ЩIДАА-м тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Къэжэр Артур гу лъитащ Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэдэлэжьэфыну IуэхугъуэщIэхэм:
— ЩIэныгъэм нэхъ къару нэхъыщхьэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Абы къыхэкIыу ди къэралыгъуитIым я еджапIэ нэхъыщхьэхэр зэдэлажьэмэ, студентхэмкIэ дызэхъуажэмэ, нэхъри дызэрыубыдынт. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къалэн нэхъыщхьэр – адыгэ щэнхабзэр, хабзэр, бзэр тегъэщIапIэ ищIурэ дунейм адыгэу тетыр зригъэуIужынырщ. Абы и фIыгъэкIэ, сызытепсэлъыхь Iуэхугъуэм теухуауэ ДАХ-м лъабжьэфI игъэтIылъауэ жыпIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, КъуэкIыпIэм, Тыркум я тхыдэмкIэ ди университетым кафедрэ къыщызэIутхыныр, дэри уэсмэн дэфтэр хъумапIэхэм хуиту дыщылэжьэфыныр игъуэ дыдэу къысщохъу, — жиIащ абы.
Къэжэрым ирихьэжьа псалъэмакъ щхьэпэм къыпащэу къэпсэлъащ ди щIэныгъэлIхэу Дзэмыхь Къасболэтрэ Къущхьэбий Анзорэ.
ЗэIущIэм и кIэм Затулиным хуагъэфэщащ ДАХ-м и дамыгъэ нэхъыщхьэр — дыщэ медалыр.
— ПщIэшхуэ къысхуэфщIащ адыгэ лъэпкъым, — жиIащ абы. – Си сабиигъуэр Сочэ къалэ щесхьэкIащ, илъэс 20-кIэ сыщыпсэуащ шапсыгъ лъахэм. Ижь-ижьыж лъандэрэ а щIыпIэм хэт щыпсэуами фIыуэ сыщыгъуазэщ. НобэкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр ди зэхуакум зэгурымыIуэныгъэ къыдэмыхъуэу, алъандэрэ дызэкъуэту дыыкъызэрыгъуэгурыкIуам хуэдэу адэкIи дызэдэпсэунырщ. Зэи зыщывмыгъэгъупщэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ абы хэтхэмрэ – сэ сыт щIыгъуи сыфщIыгъущ.
ДАХ-м и зи чэзу зэхыхьэр лъэщ зэрыхъуам гу лъитащ Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд псалъэ щратам.
— I969 гъэм МэшбащIэ Исхьэкъ сыщIыгъуу япэ дыдэу Сириемрэ Ливанымрэ щыпсэу адыгэхэм деж сыщыхьэщIауэ щытащ. Абдеж къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым сытолажьэ хэхэс адыгэхэм я дунейр къэгъэнэхуэным. Си гуапэу ди хьэщIэ лъапIэм тыгъэ хузощI ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа тхылъ зыбжанэ. ИкIи къыхэзгъэщыну сыхуейт мыпхуэдэ зэIущIэ купщIафIэ куэд щIауэ сызэрыхэмытыжар. Ар зи фIыщIэр ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийщи, куэдрэ узыншэу и къулыкъум тетыну си гуапэщ, — жиIащ абы.
ЗэIущIэм къыщапсэлъам ипкъ иткIэ ДАХ-м хэтхэр адэкIэ зытелэжьэну Iуэхугъуэхэр къагъэнэхуащ. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ Адыгэхэм я махуэм папщIэ ягъэхьэзыра концертым.
