«Урысхэм затыркъым!» жызыIар адыгэ щIалэт

Адыгей журналист, усакIуэ цIэрыIуэ, зауэлI хахуэ Андырхъуей Хъусен Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ, абы и цIэр ноби ящыгъупщакъым къыдэкIуэтей щIэблэм. Ар псэ зэпылъхьэпIэ щихуам жиIа псалъэхэр и щапхъэщ цIыхум хэлъыфынкIэ хъуну хахуагъэм, хэкупсагъэм, лIыхъужьыгъэм.

Адыгэ Республикэм щыщ Хьэкурынэхьэблэ къыщалъхуа адыгэ щIалэм пасэу тхэным гу хуищIат, газет лэжьыгъэм къыдэкIуэу усэ тхынми тегушхуауэ и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм зэIэпахырт. Зыми пимыщI IэщIагъэм ирилэжьэнут, и усэхэр итхыурэ Адыгейм къыщыдэкI газетхэм къытрыригъэдзэнут.

Ауэ а псом хунэсакъым щIалэр. Илъэс тIощIрэ зым хыхьа къудейт Андырхъуей Хъусен зауэр къыщыхъея махуэм. Дзэм ираджауэ къулыкъу ищIэрт абы, 733-нэ фочауэ полкым и 2-нэ ротэм и политрук IэнатIэр къыхуагъэфэщауэ. Зыри пэплъатэкъым зауэм, арщхьэкIэ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 22-м ди къэралым зэрыпхъуакIуэхэр къытеуащ.

Андырхъуей Хъусен зыхэт 136-нэ дивизэр 1941 гъэм фокIадэм и 20-м Ростов и Iэхэлъахэм Iэпхъуащ. Абы щыгъуэ дон губгъуэхэм зауэ гуащIэ щекIуэкIырт, Кавказым къыхуеIэ бийр къатезэрыгуауэ. Дивизэр нэмыцэхэм япэуващ фокIадэм и 29-м ахэр зэтригъэувыIащ, зэхикъутэри, иригъэкIуэтыжащ.

733-нэ фочауэ полкр къикIуэтын хуей хъуащ, полкым Нагольнэ псым и Iуфэм зыщигъэбыдащ. ЕтIуанэ фочауэ ротэм Дьяковэ къуажэм и Iэхэлъахэм зыщигъэбыдащ, псым телъ лъэмыжым пэмыжыжьэу. Андырхъуей Хъусен и ротэм къалэн къыщащIащ бийр псым къызэпрамыгъэкIыну.

Бжьыхьэ щIыIэри зыхамыщIэжу, ротэм и зауэлIхэм окопэхэмрэ щIытIхэмрэ ятIащ, топхэр, лагъым зэрадз Iэщэхэр лъэмыж дакъэм щыхасащ. ЖэщкIи махуэкIи къахэкIыртэкъым Андырхъуей Хъусен ротэм и зауэлIхэм: ягу фIы яхуищIырт, лIыгъэ яхэлъын зэрыхуейр, я адэ-анэхэр, я шыпхъухэр, я щхьэгъусэхэр я щIыб къызэрыдэтыр ягу къигъэкIыжырт.
Псоми ягъэщIагъуэрт: «Дапщэщ ди политрукыр щышхэри щыжейри — жэщми махуэми етIысэхыркъым». Батальоным и комиссарым ириджащ политрукыр.

— Зауэ гуащIэ къытпоплъэ, — къыжриIащ абы. — Уи ротэм къылъыса IэнатIэр нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщщ — бийм къаруушхуэ къиунэтIынкIэ хъунущ абыкIэ: лъэмыжым къимыкIмэ, нэмыцэ танкхэм нэгъуэщI кIуапIэ ягъуэтынукъым, ар зэраубыдынум и ужь итынущи, фатемыплъэкъукI, танкхэр къаутIыпщмэ, лъэмыжыр къэвгъауэ, псым ахэр къызэпрывгъэкI хъунукъым…

Ар жыIэгъуафIэщ: зы танк къызэпрывгъэкI хъунукъым… Политрукми ещIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр — ротэм къылъыса IэнатIэм куэд зэрелъытар: нэмыцэхэр абдеж щызэтраIыгъэху, дивизэр здикIуэта щIыпIэм изэгъэнущ, зигъэбыдэнурэ бийм къыпэувынущ…

ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, пшэр зэкIэщIихури, бжьыхьэ дыгъэм и бзий махэр Дьяковэ къыдэпсащ. Къуажэм щхьэщытщ уэнжакъхэм къриху Iугъуэ сырыхур. Хъусен и нэгу къыщIыхьэжащ езыр къыщыхъуа жылэр — Хьэкурынэхьэблэ. И нэгу къыщIэуващ къуажэм къыдина и анэр, и Iыхьлыхэр, и ныбжьэгъухэр, фIыуэ илъагъу пщащэ дахэр…

Сыт я дуней абыхэм иджыпсту, сыт ягъахъэрэ? Дауи, псоми я гур здэщыIэр зауэрщ, аращ я щхьэм илъ зэпытыр. ЯлъэIэсынкIэ хъуну абыхэми зауэ гущIэгъуншэр? Хьэуэ, ар къэмыхъун щхьэкIэ, Хъусен и псэр итын хуей хъуми, къызэфIэнэнукъым… Нэмыцэхэр къызэрехьэжьащ, топышэр зыкъомрэ къытракIута нэужь, мацIэм хуэдэщи, къызэрохь, танкхэм зыкъуадзэурэ. Шэр, лагъымыр къытолъалъэ Хъусен и ротэм — ротэм и нэхъыбэр укIыгъэ хъуащ, ауэ бийр лъэмыжым кърагъэкIакъым. Нэмыцэхэм ар щахузэфIэкIам ротэм къыхэнэжа щыIэтэкъым: хэт уIэгъэщ, хэт укIыгъэщ.

УIэгъэ хъуащ Хъусени, и блэгъукIэр шэм икъутащ. Пшапэр зэхэуауэ, нэмыцэхэр псым къызэпрыкIри, Хъусен къаувыхьащ. ПулеметкIэ яхэуэурэ, политрукым япэ къища фашистхэр зэтриукIащ. Андырхъуейм шэр къыIэщIэухащ, нэмыцэхэр етIуанэу къебгъэрыкIуащ. Зы гранатэ закъуэ къыхуэнэжати, ар къищтэри, Хъусен къызэфIэуващ.

— Урыс, зыкъэт! — зэхихащ абы.

— Урысхэм затыркъым! — ар жиIэри, гранатэр яжьэхидзащ политрукым къытегуплIа фашистхэм.

Апхуэдэу итащ Андырхъуей Хъусен и гъащIэр. Илъэс тIощIрэ зырэт зауэлI хахуэм и ныбжьыр…

Адыгэ щIалэм зэрихьа лIыгъэм и хъыбар фронт псом щыIуащ, ар щапхъэ яхуэхъуащ хэкум и хъумакIуэ зауэлI куэдым. Хъусен зыхэта полкым и комиссар Шемяков Борис зауэлэIхэм я пащхьэм мыпхуэдэ псалъэ щыжиIауэ щытащ: «Ди полкым и Бэракъ Плъыжьым и пщIэр лъагэ зыдэхъуа лIыхъужьхэм дрогушхуэ дэ. Уэрэд хуаусынущ политрук Андырхъуей Хъусен зэрихьа лIыгъэм. Адыгейм щыщщ а лIыхъужьыр. Гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъу Хэкурщ абы и гъащIэр щIитар. Бийм пикIуэтакъым ар, уIэгъэ хьэлъэ хъуарэ пэт, лъы ткIуэпс къыщIэмынэжыху, Iэщэр игъэтIылъакъым. Хэкум зэи щыгъупщэнкъым лIыхъужьым и цIэр». Дьяковэ къуажэм деж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Андырхъуей Хъусен Борэжь и къуэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ.

Адыгэ щIалэрщ СССР-м и тхакIуэхэм щыщу а цIэ лъапIэр япэ дыдэ зыфIащар.