/

УсакIуэшхуэм бзэр игъэуардэу

КIыщокъуэ Алим сытым щыгъуи игъэпIейтейрт бзэ Iуэхум. Ар наIуэу щыболъагъу иужьу, 2004 гъэм, къыдэкIа усэ тхылъым – томих хъу тхылъым и япэ томым. УсакIуэм и лирикэ нэхъыфIыр щызэхуэхьэсащ мыбы. Алим и усэ тхылъу дунейм къытехьауэ щытахэм я курыкупсэр къыхахыурэ зы усэ тхылъышхуэ ящIащ. Абы итщ бзэм теухуауэ усэ куэд.
Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ
Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ, —
щыжеIэ абы “Ди бзэмрэ сэрэ” зыфIища усэм. АдэкIи къыпещэ мыпхуэдэ псалъэхэр:
Сыт батэкъутэр уэ бгъэшами,
Уи бзэр къэIухукIэщ уи дунейр.
Бзэ симыIэжмэ, сэ ахърэтым
Жэнэт сисынуи сыхуэмей.
КIыщокъуэ Алим дежкIэ анэдэлъхубзэр ауэ зэрыпсалъэ, Iуэху зэрызэрахьэ Iэмэпсымэкъым, атIэ ар псэм и зы Iыхьэщ, езыр зэрыпсэури и цIэр зыгъэIури а бзэращ. Ауэ бзэр ар зи IэщIагъэм ищIэн хуейуэ, адрейхэр абы хуэмейми хъуну аракъым. Абы теухуауэ усакIуэм щIэгъэщхъуауэ жеIэ:
УбзэмыIумэ, бгъуэтыжынкъым
Уи гурылъыр пIэщIэхуам.
Бзэ зимыIэр щIылъэм тетми,
Хуэдэ къабзэщ къамылъхуам.
Къалэмыр зыгъабзэ усакIуэ хэкупсэм и Iэщэ нэхъыщхьэр псалъэращ. Ар зыхэзыщIэ усакIуэм, тхакIуэм и къалэмыр убзэщхъункIэ Iэмал иIэкъым — бзэм и вагъэбдзумэхэр къызэригъэдзэкIыфынукъым, Iуфэлъафэм щыуджын фIэкI. КIыщокъуэм IэщIэлъащ адыгэбзэм и куупIэ дыдэр къыщIэзыгъэлъэф къалэм жан. Аращ ар щIытегужьеикIауэ щытари анэдэлъхубзэм, абы и нобэм, и пщэдейм егупсыс зэпыту щIекIуэкIари.
“Адыгэбзэр сыт щIэзджынур,
Зыдынэсыр КъалэкIыхьырщ”,
— жызыIэм хуошхыдэри, а бзэр ц1ыху щхьэхуэм, лъэпкъым дежкIэ зищIысыр къе1уатэ:
Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,
Сянэм и бзэр сэри сфIэфIт.
Си букварыр зэIусхауэ
Сыкъеджамэ, махуэр уэфIт.

Адыгэбзэр хэт фIэгугъуми,
Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм.
Ар уэрэду зэхызохыр,
Къурши губгъуи къыдэушу.
ПсыIэрышэм хуэдэу Iущащэ и анэдэлъхубзэрщ КIыщокъуэ Алим дуней псом зэрепсэлъар, лъэпкъ куэдым я бзэкIэ и тхыгъэхэр зэрадзэкIыурэ. Аращ абы “Гъуэгу къежьапIэ” усэм мыпхуэдэу щIыщыжиIэр:
Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,
Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,
Ар сымыщIэу щытыгъатэм,
КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.

Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь,
Уэ къыптехуэр схуохъу удын.
Гъуэгу тетыныр сэ щызухкIэ,
Уи Iэр сIыгъыу сыухынщ.
“Си гъащIэ ябгэр щызухынум, шы жэр сытесу среух”, — жызыIа уса-кIуэм мыбдеж IупщI дыдэ щещI а шы жэр образыр — ар, зэрыжытIащи, поэзиерщ, ар къызэригъэщI бзэрщ. И анэдэлъхубзэмкIэ жиIэфам — тхыгъэ гъэщIэгъуэну лъэпкъым зэрыхуэупсам и цIэр ягъэлъэгэну, уеблэмэ мыкIуэдыжын ящIыну мэгугъэ. Ар зэрыадыгэм зэрыригушхуэр, и анэм и бзэм пищI зэрыщымыIэр, езыри къызэрыгуэкI цIыху цIыкIуу зэрыщымытыр къыхощ и усэ зыбжанэм. Пагагъэ тIэкIуи хэлъу абы етх: “Къэралыгъуэу дапщэ щыIэ, Бзэ умыщIэм, сыт ущыщ? Пащтыхь пащхьэ зэ сихьауэ езгъэщIакъэ сызыщыщ”. АдэкIи къыдгурегъаIуэ: “Я зы лIыщхьэ си тэрмэшу, Сепсэлъакъэ сэ пащтыхь. Си лъэпкъэгъухэм сахыхьэжмэ, Мис аргуэру чэмщ тэрмэш. Бзэр мыбзэжмэ, псалъэр щыкъуну къуалэбзухэм яхуэвгуэш”.
Дунейр къызэрыунэхурэ цIыхум и зыужьыныгъэ гъуэгур зыщ — япэ итым ищIар кIэлъыкIуэм тегъэщIапIэ зэрыхуэхъурщ. УсакIуэ КIыщокъуэ Алим и къалэн нэхъыщхьэу къелъытэ а гъащIэ хабзэм тетыныр. Ар зыхуэпсэур и щхьэ закъуэкъым, абы лъэпкъым щIэгъэкъуэн хуэхъуну, уеблэмэ “теувапIэ” хуэхъуну и къалэну къелъытэж. Аращ мыпхуэдэу щIитхри: “Си ужьым итхэ, фыкъэпIащIэт… Сыбгъэдэувэнщи сэри къуршым — зыгуэр си дамэ фытеувэ”. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу, зэфIэкIышхуэ зиIэ цIыхуу лъэпкъым къыхэкIам а и щхьэ лъагэр щхьэузыхь хуищIынущ и Хэкум.
БлэкIа зэманыр зы псы Iуфэщ,
КъэкIуэн зэманыр ар етIуанэ?
А тIум сахуэхъумэ лъэмыж лъагэ,
Зэпачыфынкъым ди гъуэгуанэ, —
апхуэдэу лъахэм хуэупсэну хэтщ, ар и къалэн лъапIэу елъытэж усакIуэ иным.
Зэрыхабзэщи, дэтхэнэ усакIуэми (ар усакIуэмэ!) езым и псэлъафэхэр иIэжщ. КIыщокъуэм и псэлъафэр нэгъуэщIым хэгъуэщэнкIэ Iэмал иIэкъым, абы и усэр къыбоцIыху и зы сатыр закъуэкIэ. “Анэм и бзэр ар бзэ IэфIи” жыхуиIэ псэлъэкIэм хуэдэ нэгъуэщI усакIуэхэм яIэкъым. Апхуэдабзэщ КIыщокъуэм и упщIэ гъэувыкIэри. “Гъатхэ къэскIэ я гъуэлъхьэгъуэу къэзыгъазэр къуалэбзу?” — жеIэри, и жэуапри хьэзырщ: “Зэманыгъуэ бзэм щигъуэтым — бгъуэтмэ къащтэ и чэзур”.
КIыщокъуэм, и анэдэлъхубзэр зэрыкъулейри зэрыдахэри и напщIэ телъу, ар зэрыхуэгъэшэрыуэми иригушхуэу, езыр зэрыусакIуэ гуащIафIэми и цIэр лъэпкъым щымыгъупщэну гугъэ зэриIэми ирипагэу, мыпхуэдэу итхыгъащ:
Къэзгъэзэнущ псыхьэлыгъуэу,
Къуэр си макъкIэ згъэпсэлъэнщ.
Гъатхэ жылэу сахъумауэ
ЩIы вагъащIэм сыхэлъынщ.
(“Къэзгъэзэнущ сэ”)
Дэри ди фIэщ мэхъу ар ди гъащIэм зэрыхэтынур, лъэпкъ литературэм и вагъуэ нэхъ ин дыдэхэм зэрыщыщынур, а фIэщхъуныгъэ иныр езыми иIэу щытащи.
Мыбдеж дыкъыщытеувыIэпхъэу къыдолъытэ Алим и зы усэ, зыри темыпсэлъыхьауэ. “Си илъэсищэ” — аращ зэреджэр усэм. УмыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым усэм пкърылъ философие гупсысэ иныр, щIэлъ щIагъыбзэ куур, усакIуэр зэрыжыжьаплъэр, и щхьэр къызэрыщыхъужыр, къызыфIимыгъэIуэху хуэдэурэ езыр иужькIэ “къазэрыщыхъунури” къызэриIуатэр.
Куэд щIауэ жаIэ, псоми дощIэ усыгъэр зыгъэбжьыфIэр псалъэ гъэщIэрэщIахэм зэрамызакъуэр. АтIэ махуэ къэс къагъэсэбэп псалъэми, уеблэмэ псалъэ пхъашэхэми, усыгъэр ди гум имыкIын ящIыф. УсакIуэфIым мыхьэнэ куэд хелъхьэф дэтхэнэ и зы псалъэми. ЦIыху щхьэ закъуэм и гъащIэ дерсым адрейхэм зыкъыхагъуэтэжмэщ, гъуазджэм и къалэныр гъэзэщIа щыхъур. Усэ къарукIэ псэщIэ хэплъхьэфынущ гъащIэм и дерс зэхуэмыдэхэм. Лирикэр зищIысым, поэзием и мыхьэнэм урегъэгупсыс КIыщокъуэм и “Си илъэсищэ” усэм.
— МинитIрэ пщыкIуплI гъэр, си ныбжьыр илъэсищэм щынэсынур, къоблагъэ, жеIэ КIыщокъуэм. ЗэрыжиIэри дапхуэдэу? А зэманыр ди нэгу къызэрыщIигъэувэри сыт хуэдэу?
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр –
А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ.
Бжьыпэр, зыIыгъым къыIэщIихынурэ,
Зыри зимыIэм къылъигъэсынущ.
Зэманым апхуэдэ лIыгъэ къылъыкъуэкIынкIи хъунущ, жиIэу аращ усакIуэм ахъумэ, дуней фIыгъуэр, “бжьыпэр зыIыгъхэм” къаIэщIихыу, “зыри зимыIэхэм” абы (зэманым) яIэщIилъхьэныр КIыщокъуэм и фIэщ хъущэркъым, щIэхъуэпс мыхъумэ. УсакIуэшхуэр нэгъуэщI зыгуэрхэми щIохъуэпс: “Я ней къыстехуэм, сагъэгумэщIу си ужь итари къэсэхыжынущ”. УсакIуэм зи гугъу ищIыр гурыIуэгъуэщ, “Нал къутар” щхьэ птха, жаIэу «щIэзытIэну» хэтахэрщ. Апхуэдэхэм зэрытекIуари и усэ сатырхэм къыхощ.