Шэрджэс Iэсият Налшык дэт Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэ пажэщ, и макъ дахэр цIыхухэм я гум дохьэ. Iэсият Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ. Черкесск къалэм макъамэмкIэ школымрэ училищэмрэ къыщиухащ. Абы и ужькIэ щеджащ Дон Iус Ростов Рахманиновым и цIэр зэрихьэу дэт консерваторэм, ар диплом плъыжькIэ къиухащ.
Бзылъхугъэм и лэжьыгъэр фIыуэ елъагъу, Макъамэ театрым и пщIэр зэрыиныр жеIэ:
— Ди Макъамэ театрыр Кавказ псом щыIэхэм къахощ. Псалъэм щхьэкIэ, Къэрэшей-Шэрджэс филармонием зы камернэ оркестр закъуэ иIэу аращ. Симфоние оркестр щыIати, ари лэжьэжыркъым Даур Аслъэн дунейм зэрехыжрэ. Москва, Санкт-Петербург, Ярославль къалэхэм, Абхъазым, Тыркум, Израилым — куэдым сыщыIащ. Сэр-сэру ди театрым и уэрэджыIакIуэхэр абыхэм щызэхэсххэм езгъапщэрти… дыдейхэр зыхэзбжэр нэхъыфI дыдэхэрат. Хъупсырджэн Албэч, Батыр Мухьэдин, Ташло Алий сымэ уедэIуэныр сыт и уасэ!
Шэрджэсым и псэм фIэфIу къыхиха IэщIагъэр и сабиигъуэм къыщежьащ. Унэм сытым дежи къыщеуэрт Бах, Моцарт сымэ я макъамэхэр. И адэ-анэм трагъэгушхуащ. Япэ дыдэу утыкум щигъэзэщIауэ щытащ Тхьэбысым Умар итха «Си нанэ» уэрэдыр.
-Си IэщIагъэр къыхэсхыным си адэрат сытезыгъэгушхуар. Езыр зоотехникт, ауэ макъамэр и псэм хэлът: илъэс 20-м щIигъукIэ «Iэдииху» ансамблым уэрэджыIакIуэу хэтащ, адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуихьэсын фIэфIт, макъамэ Iэмэпсымэхэм Iэзэу еуэрт, тхылъ куэди къыдигъэкIащ — Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ, — жеIэ Iэсият.
Театрым роль куэд щигъэзэщIащ, дэтхэнэми пэлъэщащ, и джэгукIэмкIэ цIыхухэр къыдихьэхыу. Езым зэрыжиIэмкIэ, ролхэм хэдэркъым, къыхуагъэфащэм пэроувэ.
— Театрым щыбгъэзэщIэнур къыпхуагъэфэща ролырщ. «Сэ мыбы сыхуейкъым», — жыпIэну къезэгъыркъым. Сэ, псалъэм щхьэкIэ, Листов и «Севастопольский вальс» — м хэт Нинэ и ролыр къыщызатам, Iэнкун сыкъэхъуат, абы и хьэл-щэныр сигу ирихьыртэкъыми. ИтIанэ, сеувалIэри, ар зыгуэркIэ бгъэзахуэ хъуххэнумэ, Iэмалу щыIэр къэзгъэсэбэпащ, театреплъым цIыхубзыр игу иримыхьми, фIэгуэныхь хъун хуэдэу, — къыхегъэщ уэрэджыIакIуэм.
Шэрджэс Iэсият и ролхэм ящыщу псом нэхъ игу къинэжар консерваториер къыщиухым Пуччини и «Мадам Баттерфляй» оперэм зэрыщыджэгуаращ. «Евгений Онегин» хэт Ларинэ Татьянэ, «Къамботрэ Лацэрэ» хэт Лацэ сымэ я ролхэри зыхилъхьэ щыIэкъым.
— Америкэм щыщ капитанымрэ Японием щыщ хъыджэбзымрэ я лъагъуныгъэщ ар зытеухуар «Мадам Баттерфляй»-р. Оперэр щызэпкърысхым, Японием щыпсэухэм я хьэлхэм щыщ куэдым хэслъэгъуащ адыгэ щэн. СфIэгъэщIэгъуэн дыдэу селэжьат: ди курсым сэ зырат адыгэу щIэсри, роль нэхъыщхьэр къыщыслъагъэсам, си адэ-анэр хуабжьу щыгуфIыкIат. Абы лъандэрэ согъэзащIэ, мадам Баттерфляй къызэрихьэ ариер («Ария надежды»). Ларинэ Татьянэ («Евгений Онегин»), Лацэ («Къамботрэ Лацэрэ») я ролхэри нэхъ сфIэфI дыдэхэм ящыщщ, къыхегъэщ Iэсият.
Макъ дэшеикIэ-къешэхыкIэкIэ зыкъомкIэ зэщхьэщокI Iэсият игъэзащIэ уэрэдхэр. Абы къегъэлъагъуэ, бзылъхугъэм и макъыр зэрыхуейм хуэдэу зэриукъуэдиифыр. Ар уэрэджыIакIуэм и дежкIэ икIи Тхьэм кърита зэчийщ, икIи гугъу ехьу ипсыхь зэфIэкIщ. Уэрэд лIэужьыгъуэхэм ящыщу нэхъ гугъуу къелъытэ акапеллэр:
— Акапеллэ жыхуиIэр сфIэфIщ сэ егъэлеяуэ — макъамэ Iэмэпсыми хэмыту, уи макъ къабзэмкIэ уэрэдыр жыбоIэ. Ауэ ар макъ зэгъэпэща, зэманми тIэкIу ипсыхьа уимыIэу пхужыIэнукъым. Абы ухуеджэни, зыхуэбгъэсэни, зыхуэбгъэхьэзырыни хуейщ. Уэрэд жыIэн IэщIагъэм и гъуэгу кIыхь къызэпыпча нэужьщ абы ущыхуэкIуэр, — жи.
Шэрджэс Iэсият езыми етх уэрэд. КъБКъУ-м и «Амикс» гупым я студием долажьэ абы и IуэхукIэ. Тхьэзэплъ Хьэсэн и рубаи зыбжанэми макъамэ хуитхауэ щыIэщ. Бзылъхугъэ гуащIафIэм мурадхэр и куэдщ лэжьыгъэмрэ гъащIэмрэ теухуауэ.
