Мэкъуауэгъуэм и 20-м екIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и президиумым и зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ блэкIа илъэс ныкъуэм академием илэжьамрэ къапэщылъымрэ.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ академием и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ секретарь Щхьэгъэпсо Сэфарбий. Абы хэтащ ЩIДАА-м и вице-президент, «Къэбэрдей Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
— 2025 гъэм дызэлэжьыпхъэу дубзыхуа Iуэхухэр и чэзум едгъэкIуэкIащ или лэжьыгъэшхуэ къызэднэкIауэ жыпIэ хъунущ. Гу лъытапхъэщ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер, Адыгей Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр, «Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламент» адыгей жылагъуэ зэгухьэныгъэр дызэщIыгъуу мазаем и 20-21-хэм анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ едгъэкIуэкIа VII Дунейпсо зэIущIэм. ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэным хухаха илъэси I0-м (2022 — 2032 гъэхэр) ипкъ иту къызэдгъэпэща а зэIущIэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ академием и академикхэр, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм, Тыркум, Абхъазым, нэгъуэщI щIыналъэхэм я щIэныгъэлIхэр. МахуитIкIэ екIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъащ щIэныгъэлI куэд. Абыхэм къаIэтащ иужьрей технологиехэр къагъэсэбэпу адыгэбзэр хъума хъунымкIэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр, адыгэм сабийр нобэ зэрипI щIыкIэхэр, къагъэнэхуащ егъэджэныгъэм къыхыха псалъэщIэхэр, убыхыбзэм и нобэр зыхуэдэм тепсэлъыхьащ къэухь IэрыщIым адыгэбзэр къищтэн папщIэ адыгэбзэкIэ тедза клавиатурэ дызэрыхуэныкъуэм, «Бзэрабзэ» тхылъыр и щапхъэу, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр зэрырагъэджым, бгъэдыхьэкIэщIэхэр адыгэбзэ дерсхэм къызэрыщагъэсэбэп Iэмалхэм, хьэтыбзэмрэ нобэрей адыгэ-абазэбзэмрэ зэщхьу къыхэна псалъэхэм, нэгъуэщIхэми теухуа Iуэхухэр. Мазаем и 20-м ЩIДАА-м и хэщIапIэм щызэхуэса щIэныгъэлIхэр видеожыпхъэм тету екIуэкIа зэIущIэм зи гугъу щащIахэм ятеухуауэ дызэпсэлъащ, унафэ зыбжани къэтщтащ. КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэм къыхэпшэхъуа хамэ псалъэхэр ди анэдэлъхубзэмкIэ зэдзэкIыным епха Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм теухуа зэIущIэ мэлыжьыхьым и 22-м едгъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБКъУ-м, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым, КъБР-м ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэпымыууэ щыхагъахъуэ и центрым я щIэныгъэлIхэр, «Адыгэ псалъэ» газетымрэ «Нур» журналымрэ я редактор нэхъыщхьэхэр, телевидениемрэ радиомрэ адыгэбзэкIэ нэтынхэр щызыгъэхьэзыр журналистхэр. ЗэIущIэм наIуэ къыщыхъуащ адыгэбзэм кърагъэтIасэ фIэщыгъэхэм щыхэплъэ комиссэ диIэн зэрыхуейр. Абы хэтыну цIыху 13 къыхэтхащ, тхылъымпIэ Iуэхухэр зэфIэкIыу, ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен Iэ тридзэмэ, республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ар Iэрыдгъэхьэну ди мурадщ. Гу лъытапхъэщ едгъэкIуэкIа зэIущIэхэр республикэм къыщыдэкI газетхэм къызэрытехуар, радиомрэ телевидениемрэ къызэратар. Адыгэ хабзэмрэ щэнымрэ хъумэным, дунейр хуабэ зэрыхъумрэ абы кърикIуэнкIэ хъуну насыпыншагъэхэмрэ етщIэкIыну дубзыхуа зэIущIэхэр бжьыхьэм дгъэIэпхъуащ. „Доклады АМАН“ журналым и етIуанэ къыдэкIыгъуэр тедзэн фIэкI къэмынауэ хьэзырщ, е 3-нэр зэхудохьэс, — жиIащ Щхьэгъэпсом.
Академием и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ секретарыр тепсэлъыхьащ блэкIа илъэс ныкъуэм къриубыдэу ЩIДАА-м и мылъкукIэ къыдагъэкIэ тхылъхэми. Дунейм къытехьащ Бэдынокъуэрэ Щэуейрэ я пшыналъэхэр щызэхуэхьэса „Нартхэр. Адыгэ IуэрыIуатэ“ тхылъым и 3-нэ Iыхьэр, дзэ Iуэху хэхахэм щыIэхэм теухуауэ „Мы вернемся. Мы будем рядом“ усэ тхылъхэр, ЗэрэмыщIэ Заретэ и Iэдакъэ къыщIэкIа „Лъахэ уэрэдхэр“ тхылъым и 4-нэ Iыхьэр, лъэпкъ щэнхабзэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и удз хущхъуэхэм, адыгэ тхыдэм теухуауэ ди щIэныгъэлIхэм ягъэхьэзыра тхылъхэр.
Къэнэжа илъэс ныкъуэм дунейм къытехьэн хуейщ „Нартхэр. Адыгэ IуэрыIуатэ“ тхылъым и 4-нэ Iыхьэр, адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я псалъалъэр, Нэгумэ Шорэ траухуа монографиер, аллергие узыфэхэм щытепсэлъыхь тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм унафэ зыбжанэ къызэдащтащ.
