ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи удэпсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Абыхэм ящыщщ Дудар Зарэ.
Зарэ мы гъэм къыдигъэкIа «Волшебство массажа» тхылъым теухуауэ къэзгъэпсэлъэну арат сыщIыхуэзар. Ауэ а бзылъхугъэм апхуэдизым хищIыкIыу, IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ уехъуэпсэну зэрыщытыр къыщызгурыIуэм, ди уэршэрыр кIыхь хъуащ, пэжыр жысIэнщи, гупсэхугъуэ хэслъагъуэу гъэщIэгъуэну екIуэкIащ.
— СызэрыщыгъуазэмкIэ, Зарэ, биологиещ узыхуеджар. Ауэ къэфакIуэ, дизайнер, продюсер, тхакIуэ жыпIэми, гъуазджэм и лIэужьыгъуэ куэдым уи цIэ щыбгъэIуащ. Иужьым хьэрычэтыщIэ ухъужащ СПА-салон, «НасыпыфIэ ныбжь 40+» зэгухьэныгъэ, массажым и школ, нэгъуэщIхэри къызэIупхри. Зым укъыхэкIрэ адрейм ухыхьэу уи лъэр къезыхуэкIыр сыт?
— Дахагъэм! СызэрыцIыкIурэ дахэр си нэми си псэми фIэфIу сыкъэхъуащ. Арагъэнт щхьэцщIэщэ сыхъуну сыщIэхъуапсэр. Нобэр къыздэсым си нэгу щIэтщ зы теплъэгъуэ… Илъэси 4 сыхъуми арат абы щыгъуэ. «Кабардинка» ансамблым и къэфакIуэ гъуэзэджэ Шэру Соня пыIэ гъэщIэгъуэнхэр щхьэрыгъыу, бостей екIухэр щыгъыу, Iэпщэхъу, тхьэгъу, Iэлъын телъыджэхэр Iэрылъу, пащтыхь гуащэм хуэдэу щIыкIафIэу, щабэу, хуэму зигъазэу, и щхьэцыр дахащэу и дамэм телъу таксим ису пщэдджыжь къэс слъагъурт. Сэ ар зыкIэ сфIэдахэти, ситхьэкъуауэ, жьы схуримыкъуу сыкIэлъыплъырт. Балигъ сыхъуа нэужьи аращ дахагъэм и пщалъэу сиIар. Соня и щхьэцым тхъун щыщIидзам абы и ныбжьым сынэсу сысейми тхъун щыщIидзэнур къысхуэгъэсыртэкъым. Гъуазджэм, дахагъэм, щIэщыгъуэм си гур хузэIухауэ сыкъэтэджащ.
— Арами, биологие къудамэрщ узыщIэтIысхьар…
— ЩIэныгъэм пщIэ щыхуащI унагъуэт сыщалъхуари, а сэ сыкъезыхуэкI дахагъэм зыри хуаIуэхутэкъым, ипэжыпIэкIэ. ЦIэрэ щхьэрэ уиIэн папщIэ щIэныгъэрылажьэу ущытын хуейт а зэманми, нэхъ сызыхэзагъэр биологиети, абы сыщIэтIысхьащ. Ари пщыхьэщхьэкIэ сыкIуэу арат, махуэкIэ сылажьэрт, сыкъафэрт, гастролхэм сыкIуэрт. Сыхуэмейуэ, залымыгъэкIэ къэзухауэ схужыIэнукъым, сфIэгъэщIэгъуэнт, седжэфти седжащ, ауэ а IэщIагъэм сыкъытеувыIэну зэи сыхуеякъым.
— Сытыт-тIэ, псом нэхърэ нэхъ пфIэфIыр?
— Сэ зы Iуэхум теубыдауэ куэдрэ сылэжьэфыркъым. Ауэ сызэрыныбжьыщIэрэ цым срилэжьэну, пыIэ, пщэдэлъ, фэилъхьэгъуэ зэхуэмыдэхэр сщIыну сфIэфIт… ЩIэх дыдэ къызгурыIуащ дизайным сызэрыхэзэгъэнур. Си гъащIэ псор абы еспхыну сыхуеяуи схужыIэнукъым. Театрхэм, гимнастхэм, къэфакIуэхэм щхьэкIэ щыгъын къэзгупсысу сылэжьащ. КъэфакIуэхэм сахэтти, хамэ къэралхэм дашэурэ зыкъыщыдгъэлъагъуэрт, ди нэгу зедгъэужьт. Ари си псэм щыщт. 20I2 гъэ лъандэрэ массажым сыдихьэхати, гукъыдэжышхуэ пымылъу сызыхуеджа биологиер къыщысхуэсэбэпащ мыбдеж. «Волшебство массажа» тхылъымкIэ цIыхухэм садогуашэ Iэпкълъэпкъыр пшытIэурэ узыфэ зэхуэмыдэхэр зэрыпхуэгъэхъуж IэмалхэмкIэ. Ар дэтхэнэ зыми къызэрыгурыIуэн бзэ тыншкIэ тхащ, алъандэрэ кIэлъыплъыныгъэу езгъэкIуэкIар щызэхуэсхьэсащ. Псалъэм папщIэ, цIыхур махуэ псом щысу мэлажьэ. Гу лъимытэу и IэфракIэр зэпымычу дзакIэм щехъуэ компьютеркIэ щылажьэм деж е зигъазэурэ тхылъымпIэ къыдегъэкI. ЦIыхур къыхуигъэщIакъым апхуэдэ лэжьэкIэми, и тхыцIэм екIуалэ лыпцIэхэр зэщIонэ, мэбэг, узын щIадзэ, цIыхур Iушэ мэхъу, къеузри ар къызыхэкIари къыгурымыIуэу. ЛыпцIэ зэщIэнам къепха Iэпэхэр е Iэр зэрыщыту ундэрабжьэу, пыдиикIыу щIедзэ. ЦIыхум и лажьэр къыгурымыIуэу дохутырым деж макIуэри, хущхъуэ зэхуэмыдэхэр кърахьэлIэ, ауэ дызытепсэлъыхь щытыкIэхэр хуэгъэкIуэдыркъым. Мис апхуэдэхэр массажщ зыхуэныкъуэр. Узыр къызыхэкIар къэпхутэмэ, тынш дыдэу пхуогъэхъуж.
— Зарэ, пхужыIэну а IэщIагъэм укъытеувыIэну, хьэмэрэ иджыри уи гур ныкъуакъуэрэ? Зыгуэр къэплъыхъуэрэ?
— СхужыIэнукъым. Сэ хуитыныгъэр сфIэфIщ. Си гур утIыпщауэ сопсэу. НэгъуэщI зыгуэрым сыдимыхьэхыну, си IэщIагъэри сымыхъуэжыну схужыIэнукъым. Ауэ сызыпэрыувар псом нэхърэ нэхъыфIу сщIэуэ, си къарур зэрыщыту абы тезухуэу сесащ.
— Уи IэщIагъэр къыпIэщIэужагъуэу, зыри ухуэмеижу утыку укъимынэн папщIэ, илъэсипщI къэс пхъуэжын хуейуэ жаIэ психологхэм…
— Пэжщ ар. Уи лэжьыгъэр къыпIэщIэужэгъуэн щыщIидзам деж, IэщIыб пщIырэ нэгъуэщI зыгуэрым упэрыувэмэ нэхъыфIщ. Узэныкъуэкъужу пфIэмыфI лэжьапIэм укIуэн нэхъ жагъуэ щыIэкъым. Апхуэдэ гукъеуэ уи гум имылъу, хуиту убауэу упсэумэ, гъащIэр сыт хуэдэу IэфIу къыпщыхъурэ!
— УзыхущIегъуэжыр сыт, Зарэ?
— Сыхуейт нэгъуэщI зэманым сыхалъхуэну. Ныбжь дахэм ситу иджырей зэманым сыхэпсэукIыну. Хуиту къэралщIыб сыкIуэу, сызыхуейм сыхуеджэу, хамэ къэралыбзэхэр зэзгъащIэу, IэмалыщIэхэр къэзгъэсэбэпурэ си Iуэхур згъэкIуатэу сыпсэуарэт жысIэу сохъуапсэ. Ди нобэрей щIалэгъуалэм къагурыIуэркъым къызэрикIар. Куэдым я гъащIэр ягъакIуэ, Iэмал хъушэхэр благъэкIыу. Пэжщ, цIыху псори зэхуэдэкъым, зыщIэхъуэпсри зытехуэркъым, ауэ сэ быдэу си фIэщ мэхъу цIыхур щхьэхуиту къигъэщIауэ, и гур утIыпщарэ и бгъэм щызу бауэу псэун хуейуэ.
