Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Жэбагъы» тхылъым щызэхуэхьэсыжащ адыгэлI цIэрыIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы (щыпсэуар 1685–1750 гъэхэрауэ хуагъэфащэ) и хъыбархэм къатещIыкIыжа Iуэтэжхэр. ПщIэшхуэ зыхуащIу щыта Къэзанокъуэм и IуэхущIафэхэр IуэрыIуатэм хэхуа нэужь жьэрыIуэтэжурэ зы хъыбар гуэрэнышхуэ хъури хэкуми абы адрыщIхэми нэсащ. А лIы щыпкъэм теухуауэ IуэрыIуатэм хэлъхэм я гупсысэ нэхъыщхьэр хабзэм цIыхугъэм, щэн дахэм хуэущиинырщ. Къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 340-рэ, дунейм зэрехыжрэ илъэс 270-рэ ирикъу а лIы Iущыр къызыхэкIамрэ зэрыпсэуамрэ дриплъэжыныр сфIэигъуэу икIи сфIэгъэщIэгъуэну аращ мы тхыгъэм иужь сыщIихьари…
Къэзанокъуэ Жэбагъыуэ лIы Iущым, хэкулI цIэрыIуэм и хъыбархэр езыр щыпсэуа лъэхъэнэм къыщежьауэ, нобэм къэсыху адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми жьэрыIуэтэжу зэрахьэ. Ахэр зыбжанэрэ тхылъу къыдэкIауэ щытащ, ауэ нобэкIэ а тхылъхэр гъуэтыгъуей хъуащ. Хабзэ дахэмрэ зэхэщIыкIымрэ я щапхъэ сыт щыгъуи къэзылъыхъуэ дэтхэнэ жылагъуэ узыншэри езы хъыбархэм хуэныкъуэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, тхылъыр зытеухуа лIы телъыджэм хуэдэ лъэпкъым къыхэкIыныр куэду гухэхъуэщ, абы и хъыбархэр дымыгъэкIуэдыжу зетхьэныр лъэпкъым и гупсысэм зэрызиужьам и нэщэнэщ.
«Мы тхылъ цIыкIум щызэхуэхьэсащ адыгэ лIы Iущым теухуа хъыбар нэхъ хьэлэмэтхэр, ар къызэгуэзыххэм нэхъ гунэс зэращыхъуным дыхуэщIэкъуу къэтIуэтэжауэ. Хъыбархэм я нэхъыбэр япэкIэ къытрадзауэ щытахэмрэ архивым хэлъхэмрэ къахэтщыпыкIащ, зыкъомыр IуэрыIуатэ стхыжу адыгэ щыпсэу щIыналъэхэр къыщызэхэскIухьам щыгъуэ стхыжащ. Тхылъыр зыхуэгъэзар школакIуэ нэхъыжьхэмрэ иджырей щIалэгъуалэуэ зи гъащIэ убзыхугъуэмрэщ», — жеIэ езы Гъутым.
Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр тхыдэм палъыт къудейхэми, къуейщIейхэр зэраущийми, зэштегъэухэми ящыщкъым. Абы теухуауэ яIуатэ хъыбархэм я нэхъыбэри, шэч хэмылъу, тхыдэ пэжым къыхэкIауэ жыпIэмэ ущыуэнукъым. Ахэр щIэмыкIуэдыжам, хъума щIэхъуам и щхьэусыгъуэр ар лъэпкъым къыщIэхъуэ ныбжьыщIэхэм я акъыл хэхыпIэ нэхъ куу дыдэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытар арагъэнущ. Дауи, абы имызакъуэу, Iуэхум хэлъщ а хъыбархэр узыщIагъэдэIужу зэрыдахэри, къэхъугъэ гъэщIэгъуэн Iуэтэжым удихьэхыну зэрыгъэпсари.
Къэзанокъуэ Жэбагъыуэ лIы щыпкъэм теухуа хъыбархэм япэу гу лъызытахэм ящыщщ еджагъэшхуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Шортэн Аскэрбий. Абы и фIыгъэкIэ Хэку зауэшхуэм и ужь илъэсхэм IуэрыIуатэ къэзыугъуеижу къэзыкIухь щIэныгъэлIхэм къалэн яхуэхъуащ, дэнэ щрихьэлIэми Къэзанокъуэм и хъыбар бламыгъэкIыу ятхыжын хуейуэ. ИкIи I956 гъэм япэ дыдэу зы тхылъу Налшык къыщыдигъэкIауэ щытащ Жэбагъы теухуа хъыбару илъэс зыбжанэкIэ кърахьэлIауэ архивым хэлъхэр щызэхуэхьэсар. Апхуэдэ тхылъ абы япэкIэ дунейм къытехьатэкъыми, ар тхылъаджэ щэхуакIуэхэм псынщIэ дыдэу зэбграхауэ щытащ. ИужькIэ ардыдэр Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж нэсщ, ар тегъэщIапIэ ящIри, тыркубзэкIэ зрадзэкIауэ къыдэкIауэ щытащ. ИужьыжкIэ ди щIэныгъэлI, литературэхутэ хьэлэмэт Сокъур Мусэрбий Шортэным и тхыгъэр урысыбзэкIэ зридзэкIри, адыгэ лIы Iущым и цIэр нэхъыбэжым къацIыхуащ.
Зэман дэкIауэ, 1986 гъэм, Къэзанокъуэр къызэралъхурэ илъэс щищ зэрырикъуар я тегъэщIапIэу Налшык щIэныгъэ конференцышхуэ къыщызэрагъэпэщри, абы къыщапсэлъа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ зыбжанэ зы тхылъым щыугъуеяуэ къыдагъэкIат. ИужьыжкIэ, Нало Заур къыхилъхьэри, Жэбагъы и хъыбару адыгэбзэкIэ (Къэбэрдей-Балъкъэрри, Къэрэшей-Шэрджэсри, Адыгейри къызэдиубыду), балъкъэрыбзэкIэ, абазэбзэкIэ ятхыжауэ щыIэхэр зы тхылъ ящIауэ щытащ, урысыбзэкIэ зэдзэкIыжахэри дэщIыгъужу.
Жэбагъы щыпсэуа зэманым адыгэхэм тхыбзэ зэрыдимыIам къыхэкIкIэ, Къэзанокъуэм и хъыбар ятхыж щыхъуар ар езыр дунейм ехыжа нэужь илъэс щитI нэблагъэ дэкIауэщ. Гъэнэхуауэ жыпIэмэ, ХХ-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэращ. А зэман зэхуакушхуэм къриубыдэу, дауи, дунейми абы тетхэми Iэджэуи захъуэжащ. Гу зылъытапхъэращи, гъащIэм зихъуэж зэпытмэ, жьэрыIуэтэжу зыIэпах хъыбарыр къызэрежьа дыдэм хуэдэу дауэ къызэтенэн: ухуей-ухуэмейми, тхыгъэм имыгъэбыда псалъэм зэхъуэкIыныгъэ имыгъуэтынкIэ Iэмал иIэкъым. Ди зэманым къыхэхъукIа щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмрэ зи тхыбзэр а зэманхэм узэщIауэ щыта урысхэм, тыркухэм ятхауэ дызыщыгъуазэ кIапэлъапэхэмрэ тепщIыхьмэ, Жэбагъы МиладымкIэ (нэхъыбэм къызэдащтауэ нобэми дызригъуазэ илъэс къэпщытэкIэмкIэ) I685-м е I686 гъэм къалъхуауэ жыпIэ хъунущ.
ЩIэныгъэлIхэм зэралъытэмкIи хъыбархэм ящыщ зыбжанэм къазэрыхэщыжымкIи, ар уэркъ унагъуэм къыхэкIауэ щытащ, зи уэркъыу зэгъэщIылIауэ зыбгъэдэтари япэщIыкIэ ХьэтIохъущокъуэхэщ, иужькIэ Къейтыкъуэхэщ, хъыбарым жиIэр пэжмэ (уэркъхэм хуитыныгъэ яIэу щытащ зы пщым бгъэдэкIыу нэгъуэщIым гухьэну). ХэубыдыкIауэ ар нэхъыбэрэ зыбгъэдэтар щыпкъэу зи цIэр тхыдэм къыхэна, зы зэман къэбэрдей пщышхуэу, пщы уэлийуэ (пщы псоми ящхьэжу) щыта Къейтыкъуэ Аслъэнбэчщ. Ар ди хэкум и тепщэу щыщыта лъахъэнэм Жэбагъы абы акъылрэ чэнджэщкIэ къулыкъу хуищIэу, нэгъуэщIу жытIэнщи, чэнджэщэгъу пэжымрэ, пщым и къуэдзэмрэ я къулыкъу игъэзащIэу бгъэдэтауэ къаIуатэр хъыбархэмрэ архивхэм къыхахыжа документ зыбжанэмрэ.
АбыкIэ шэсыпIэхэм ящыщщ урыс тхыгъэхэм Жэбагъы и цIэр къызэрыхэщыжри: лIы Iущым и цIэр абыхэм къызэрыхэнам тепщIыхьмэ, ар Къэбэрдейм икIа лIыкIуэ гупым яхэту зыбжанэрэ Урысей пащтыхьым (Петр Езанэм), абы и блыгущIэтхэм яхуэзауэ щытащ. Апхуэдэу, ар къэрал IуэхукIэ Кърымми Уэсмэн империем и къалащхьэ Истамбыли и лъэр нигъэсауэ щытащ, абы икIри Мэчэ-Мэдинэ кIуэри хьэж ищIри къигъэзэжащ.
ЗэрыжытIащи, Къэзанокъуэ Жэбагъы и адэр лIэужькIэ адыгэ уэркъыу щытауэ къыщIэкIынущ. Апхуэдэу уэзыгъэлъытэри мыращ: Жэбагъы жылэ щхьэхуэ зыIэщIэлъ къуэш иIащ, езы дыдэми зы жылэ мыин IэщIэлъу щытащ. Абы къокIыр а лIы цIэрыIуэр лIэужькIэ уэркъыу щытауэ. КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIэ, IуэрыIуатэм Жэбагъы бацэм хэлъу къагъуэту къызэрыгуэкI гуэрым ипIыжауэ зэрыхэтыр пэжу щытамэ, абы къуэши иIэнутэкъым, мор къызыхэкIар щамыщIэкIэ, къуэш иIэми, ар уэркъыу щытынутэкъым, и лIакъуэри зыми ищIэнутэкъым. Пэжщ, зэзэмызэ къэхъуу щытащ лIыгъэшхуэ зезыхьа гуэрхэр уэркъым палъытрэ уэркъыцIэри ирату. Ауэ абы апхуэдэ зыгуэркIэ уэркъыгъэр къыхуагъэфэщауэ дощIри, езыр уэркъ хъуа щхьэкIэ, и къуэшым апхуэдэ фIащынутэкъым. ЩIэныгъэлIхэм нэхъ пэжу къафIэщIращи, зи цIэр ди деж къэмыса и адэри уэркъыу щытати, и уэркъыгъэри хабзэкIэ и бынхэм яхуэкIуэжащ. Ар пэжым нэхъ пэблагъэу жыхуэпIэну дызыщыгъуазэращ. Абы щыгъуэми, Жэбагъы къызыхэкIамрэ къызэралъхуамрэ теухуауэ щыIэ хъыбарыжьхэм зэтемыхуэу зэмылIэужьыгъуэ зыкъомым ущыIуощIэр, таурыхъхэмрэ мифологиемрэ зыщызыубгъуа Iуэтэжхэр абы епхыжауэ. Ахэр дэнэ къикIауэ пIэрэ, жыпIэмэ, лъэпкъ Iэджэми я IуэрыIуатэм куэду щыубгъуа Iуэтэжхэм къатепщIыкIащ, къэхъугъэ телъыджэ жыхуаIэм пэджэж гуэрхэу. А Iуэтэжыр дунейпсо мифологиемрэ IуэрыIуатэмрэ щыпажэхэм ящыщ зыщи, хъыбархэм, таурыхъхэм, пшыналъэхэм лIэужьыгъуэ Iэджэуи щызыщхьэщокIыр.
Псалъэм папщIэ, зы хъыбарым ар адыгэпщымрэ сонэпщым и пхъумрэ щэхуу я зэхуэзэм къыдэхъуауэ къыхощыр. НэгъуэщI хъыбарым зэрыхэтымкIэ, пщымрэ унэIут фызымрэ я быну, гъэпщкIуауэ дунейм къытехьэри, мэлыхъуэ пщыIэм тесхэм кIэщIадзэжауэ жеIэр. Ещанэм къыщыкIуэри абы хуэдэ зэIумыбз гуэрщ. Апхуэдэу щIэхъуар сыт? ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, лIыхъужьыр адрейхэм щемыщхькIэ, абы и къэхъукIэри зыми емыщхьу къафIэщIу, абыкIэ цIыху цIыкIу къызэрыгуэкIхэм къахэщхьэхукIыу щытауэ аращ. Жэбагъы и къэхъукIэри апхуэдэ гуэрхэм яподжэжыр. Аращ ар къэзаным илъу, цым хэлъу пщыIэм къыщагъуэтауэ щIаIуатэр.
ИпэжыпIэкIэ Жэбагъы и образыр зыми къигупсысакъым, шыпсэми къыхэкIакъым, нарт лIыхъужьхэм хуэдэу, абы и къэхъукIэр мывэми, дыгъэми, жьыбгъэми яхуэпхьынкIэ Iэмал иIэкъым. АрщхьэкIэ, IуэрыIуатэм фIэфIыщэкъым дэ тхуэдэ цIыху къызэрыгуэкIхэм яхуэщхьэпэлъагэ лIыхъужьыр мыдрей псоми яхуэдэу дунейм къытехьэу щытыныр. Абы и къэхъукIэми, и япэ утыку къихутэкIэми мыдрей псоми къахэзыгъэщхьэхукI зы телъыджэ гуэр хэмылъмэ, и щхьэри хэщхьэхукIа хъунукъым. Ауэ тхыдэр нэхъ наIуэ щыхъуа лъэхъэнэм хиубыдэ лIыхъужьыр телъыджэ гуэркIэ дунейм къытехьауэ жыпIэ хъужыркъым. Апхуэдэхэр фIэщ щIыгъуейщи, ехьэлIа телъыджагъэри пэжым нэхъ пэблагъэу щытын хуей мэхъур.
Ди зэманым къэсауэ, абы и лIэужь дыдэр мыращ, жытIэн хуэдэу, шэч къызэтрамыхьэжын гуэр дыщыгъуазэкъым, зи гугъу тщIа хъыбархэр урыс тхыгъэ кIапэлъапэ гуэрхэр, и сыныр, Къэзанокъуэ унагъуэцIэр зезыхьэ нобэми адыгэм зэрыдиIэм нэмыщI. Пэж дыдэу, иджыри Къэбэрдейм, Шэрджэсым, Адыгейм адыгэ унэгъуэцIэу Къэзанокъуэхэ щыIэщ, ар зезыхьэхэр Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ зыбжанэм щопсэу, икIи абыхэм ящыщ лIакъуэ гуэрыр езы Жэбагъы дыдэ лъыкIэ бгъэдыхьэным хуэIуа щыIэкъым.
Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбару адыгэ IуэрыIуатэ къэзыугъуей щIэныгъэлIхэм ятхыжар къэппщытэмэ, ахэр щэ бжыгъэ зыбжанэ ирокъур. ГъэщIэгъуэнракъэ, Жэбагъы щыпсэуа зэманыр илъэс щищ ипэу щытми, а лIы щыпкъэм и цIэр уэршэрым къыдэкIуэу, абы теухуа хъыбархэр нэхъыжьхэм къаIуэтэжу нобэми зэхэпхынкIэ мэхъур. Пэжыр жытIэнщи, зыгуэрым и цIэр IуэрыIуатэм хэхуамэ, апхуэдэхэм игъэхъахэри зыкIи и Iуэху зыхэмылъахэри абы и щхьэм щрахьэлIэ къохъур. Апхуэдэ гуэр мыбдежми щыIагъэнкIи хуэIуа щыIэкъым. АрщхьэкIэ, дауи, Жэбагъы апхуэдизу цIэрыIуэ хъунтэкъым, езы дыдэм хъыбар щIытеIукIын зыгуэрхэр домылъэгъуатэмэ, ауэ сытми къызэрыгуэкI гуэру щытатэмэ. Тхыдэми, хъыбархэми къыджаIэм тепщIыхьмэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр и лIыгъэрэ акъылкIэ хэкум щыIури, уей-уей жезыгъэIэу щыта пщыхэм ящыщ зыкъомым нэхърэ нэхъ пщIэшхуэ зиIэ лIы цIэрыIуэу хъыбарыжхэм къыхэнэжащ. ЗэраIуатэмкIи, ар езы пщы-уэлийм и щIэгъэкъуэн пэжу, Iуэхум я нэхъ гугъу дыдэр и пщэ къыщыдэхуами, ар сыт щыгъуи екIуу зэфIигъэкIыу, хамэ къэрал лIыщхьэхэм я деж лIыкIуэ къалэн и пщэ дэлъу кIуэрэ щIэкIуар ди хэкум ифIкIэ игъэзэщIэфу щытащ.
«Иджырей псалъэкIэу жыпIэмэ, Жэбагъы хэкулIу, дипломатиекIи IэкIуэлъакIуэу щытауэ жыпIэ хъунущ. КъищынэмыщIауэ, а зэманым дауэкIэ утыку зэдихьэхэм я хьэкумыр (судыр) езы пщы дыдэм зэхигъэкIыу щытамэ, пщым и пIэкIэ хей ищIэу щытауэ хъыбархэм къызэраIуатэми пэж дыдэ хэлъыну къытфIощIыр. Абы щыгъуэми, зэрыжаIэмкIэ, Жэбагъы и хей щIэкIэр апхуэдизу сэкъатыншэти, а нэхъ зызыгъэпщхэм я IуэхущIафэм нэхърэ нэхъ гунэс цIыхухэм къащыхъуу щытауэ къыщIэкIынри таурыхъ къудейкъым – Iугъуэ къыздикIым мафIэри щылъщ, зэрыжаIэщи, зыгуэр щыжаIэм зыгуэри щыщыIэщ. Зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми тхыдэм щыгъуазэ дэтхэнэми зэрищIэщи, Жэбагъы и зэманыр ди хэкум дежкIэ Ику ит лIэщIыгъуэхэр (урысыбзэкIэ Средневековье) жыхуаIэ лъэхъэнэм куэдкIэ ещхьу щытащ. АбыкIэ жысIэну сызыхуейри мыращ… Япэрауэ, тепщэныгъэр зэрызыIэпахыр лIэужькIэрэт: акъылу, Iэзагъыу, лIыгъэу цIыхум хэлъым емылъытауэ, пщым и къуэр пщы хъужырти, унафэр и IэмыщIэ къихуэрт, уэркъым и быныр уэркъ хъужырт, пщылIым къыщIэтэджами нэхъыбитIым деж и натIэ къритхар пщылIыпIэм итыну арат. Абы нэмыщIу, цIыхуитI, хьэмэрэ гупитI, жылагъуитI я зэхуаку зэщыхъуэ гуэр къыдэхъуамэ, захуэмрэ къуаншэмрэ акъылкIэ зэхагъэкIыным и пIэкIэ, нэхъыбитIым деж япэу зэIэбыр джатэ Iэпщэрат. Пэжщ, абы къыдэкIуэу «хейжьей» жыхуаIэри щыIащ – мыщхьэмыпэ хъуа Iуэхур езы пщым, хьэмэрэ къуажэр зи IэмыщIэ илъ уэркъым, ищхьэжкIэ уIэбэмэ жылагъуэм зэдэарэзыуэ, нэмысрэ пщIэрэ зыхуащI цIыху Iущ гуэрым ирахьэлIэрэ, абы унафэ ирагъэщIу. Нэхъ иужьыIуэкIэ, муслъымэн диныр лъэ быдэкIэ ува нэужь, унагъуэм къихъуа, хьэмэрэ зэгъунэгъуитIым яку къыдэхъуа дэуар молэ-ефендым и унафэкIэ зэфIагъэкIыуи апхуэдэ зэман щыIащ. ИкIи зэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыбэм деж жылэми хэкуми бжьыпэр щызыубыду зыIыгъыфыну, мор хэкулIщ зыхужаIэну щытар зи Iэпщэр нэхъ лъэщымрэ зи джатэр гъущIыпэ нэхъ гуащIэуэ шыбгъэкIэ Iуэхур зезыхьэфымрэт. Абы щыгъуэми, хьэлэмэтракъэ, Къэзанокъуэр зекIуэлIышхуэуи дзэзешэ Iэзэрэ цIэрыIуэуи щытауэ тхыдэм къызэрыхэщыр зэзэмызэххэщ (апхуэдэ зы хъыбари мы тхылъым хэдгъэхьащ), нэхъыбэу абы ехьэлIа хъыбархэм лъабжьэу ягъуэтар и Iущагъым ехьэлIащ, мыхъумэ зауэм щызэрихьа хахуагъэракъым. Тхыдэми тригъалэуэ къиIуатэркъым, ар джатэ къихакIэ зауэ гуэрым лIыгъэ щызэрихьауи пелуаныгъэ гуэр хэлъауи. Тхыгъэ кIапэлъапэу дызыщыгъуазэхэм Жэбагъы и цIэр къызэрыхэщыр акъылырылажьэущ, хабзэзехьэущ, хэкум гузэвэгъуэ къыщытехъуэм деж лIыкIуэ Iумахуэущ», — етх Гъутым.
ИтIанэми Жэбагъы и хъыбар къэзыIуэтэж псори зэакъылэгъущ, ар ямылейуэ хэкулI нэсу, цIыху пэжу, зэманым кIуэцIрыплърэ лъэпкъым и пщэдейр зыхудэнухэр къилъагъуу зэрыщытамкIэ. Апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэщ лIы Iущым и зэманым псэуа адыгэ куэдым япэ абы къызэрыгурыIуар мы къэкIуэнухэр. Япэрауэ, джатэр IэкIуэлъакIуэу гъэбзэн, шыбгъэрыуэн, шыщхьэмыгъазэу щытын, щхьэзакъуэ лIыгъэ хуэдэхэмкIэ хэкум и Iуэху зепхьэныр сыт щыгъуэми щIыхь зыпылъ Iуэхугъуэщ. Ауэ абы и закъуэкIэ псори щыхъуну лъэхъэнэр, къэгъазэ имыIэу, икIащ. Ди япэ ища лъэпкъхэм уадекIуэкIыным щхьэкIэ нэгъуэщI Iуэху зехьэкIэхэм хуэIэкIуэлъакIуэу ущымыту хъунукъым.
Языныкъуэхэм деж нэхъыбэххэ пхузэфIэкIынущ щIэныгъэ щыпкъэрэ акъыл жанрэкIэ. Къохъур, Iэщэм и нэхъ гуащIэр зыпэмылъэщыр псалъэ купщIафIэмрэ щIэныгъэ куумрэ къызэрагъэдзэкIыу, икIи ар дэ ди япэ къызыгурыIуэу япэ ища лъэпкъ куэд щыIэщ къэралыгъуэ быдэ хъужахэу. Мис ар и лъэпкъэгъу зыкъомым япэ Къэзанокъуэм зыхищIат. Абы хьэкъыу къыгурыIуат адыгэ лъэпкъыр пасэрей псэукIэжьым текIыу пIалъэ кIэщIкIэ и гупэр щIэныгъэмрэ щэнхабзэ дахэмрэ яхуимыгъазэмэ, жылагъуэ кIуэдыр къыхуэкIуэнкIэ зэрышынагъуэр. Апхуэдэ къэхъуну ухуэмеймэ, япэ ища лъэпкъхэмрэ къэрал быдэхэмрэ я гъуэгум техьэни, абыхэм уалъэщIыхьэжыни, уакъыкIэрымыхуу уадэбэкъуэни хуейщ. Ари Кэзанокъуэм адыгэ дунейм къыхипщэну зыщIэбэнахэм ящыщ зыщ. Мис апхуэдэхэр ыхэзыщIэу лъэпкъыр къызэщIэзыгъэуIуэхэращ хэкулIкIэ зэджэр, ахэращ хэкум и набдзэ, лъэпкъым и гъуазэ жыхуаIэр.
Нобэрей адыгэхэм хамэ гуэр къытхэплъэрэ, зэрылъэпкъыу зы фIы гуэр хабзэм, нэмысым, щэным, акъылыфIагъэм теухуауэ къыддилъагъуу щытмэ, ар нэхъыбэу зи фIыщIэр Къэзанокъуэ Жэбагъы хуэдэ лIыфI, лIы губзыгъэхэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ къытхэкIыурэ абыхэм цIыху цIыкIур зэраузэщIыфаращ. Ауэ зэман дызыхэтым дызэрыхэмызагъэ мыкIуэмытагъэ къыддалъагъумэ, хьэмэрэ зы икIагъэ гуэркIэ дыкъыщIэщмэ, – абы щыгъуэм е лъэпкъыр Жэбагъы хуэдэлIхэм икъусыкъужкIэ дыхуэныкъуэрэ дымыгъуэтыж хъуауэ жыIэ, е абыхэм яубзыхуа гъуэгу пэжым дытекIауэ тхыдэм и къургъакъыр зэтеткъутэу, а къургъакъым дызыщиудурэ ди сэфэтым димытыжу, куэд дэмыкIыу дызыщхьэщихыпэным нэсауэ къэплъытэ хъунущ.
КIэщIу, апхуэдэлI къызыхэкI лъэпкъыр ехъулIауэ жыIэ, абы хуэдэ зимыIэхэр зиIэм йохъуапсэ, языныкъуэхэм дежи йофыгъуэ. Къэзанокъуэм теухуауэ цIыхубэм лIэщIыгъуэрыбжэу IукIэ зэрихьэ хъыбар псори ди дежкIэ зэхуэдэу лъапIэщ, ди щэнхабзэм и дахапIэм щыщ зы пкъыгъуэщи, абыхэм адыгэ лъэпкъым и хъуапсапIэ дахэхэр къыщыгъэнэхуащи.
ЛIы щыпкъэр къэбэрдейуэ щытар наIуэми, абы и хъыбархэр иджырей Адыгейми, Шэрджэсми щызекIуэу щатхыжащ, ди гъунэгъу лъэпкъхэу абазэхэм, балъкъэр-къэрэшейхэм я IуэрыIуатэми хыхьащ. Уеблэмэ балъкъэрхэм Жэбагъы езыхэм я лъэпкъэгъуу ябжыжыр, апхуэдизкIэ я псэм дыхьащи. Дагъыстан щIыналъэр зи хапIэ къумыкъухэм я IэрыIуатэми абы и цIэр нэсащ – уэрэди хуаусауэ яIэщ. А псори щыхьэт тохъуэр адыгэ лIы Iущ Къэзанокъуэ Жэбагъы и акъылыфIагъыр, гупсысэхэр дэтхэнэ лъэпкъым дежкIи лъапIэрэ игъуэу зэрыщытам, нобэми абыхэм я мыхьэнэр зэрымыкIуэдыжам.
