Журналистым — «За отвагу» медалым и нагъыщищри

Илъэс 67-кIэ узэIэбэкIыжмэ япэ дыдэ адыгэлI щыпкъэ, зауэлI — лIыхъужь Мамхэгъ Жыхьэбэн нэIуасэ сыхуэхъуауэ щытащ, лIыщIыгъуэ ныкъуэм нэскIи сыдэлэжьащ. Журналист, тхакIуэ сызэрыхъуамкIэ псом япэ фIыщIэр зыбгъэдэлъыр Жыхьэбэнщ.

Ар цIыху щэхут, акъыл узэщIа зыбгъэдэлът, жимыIэпхъэ жиIэнутэкъым, зыми хуэпсэлъэнутэкъым. ГъэщIэгъуэн дыдэр арати, дунейм ехыжыхункIэ Жыхьэбэн зауэлI мэхъаджэу, мызэ-мытIэу лIыхъужьыгъэ къызэригъэлъэгъуар зэи и жьэм къыжьэдэкIакъым, къыдэлажьэхэми тцIыхуакъым.

Газетым хабзэ хуэхъуауэ, ТекIуэныгъэм и Махуэм ехъулIэу зауэм и лIыхъужьхэм я гугъу тщIыт. Сэ ветеранхэм я Черкесск къалэ советым сыхэтти, абы и унафэщI Ольховскэм сыхуэкIуащ, зи цIэ ипIуэ хъуну зауэлI гуэрхэм я гугъу къысхуищIыну.

«Сыт Даур — журналист си деж укъыщIэкIуар? Уэ къыбдэлажьэ, лIыхъужьхэм я лIыхъужь Мамхэгъ Жыхьэбэн узытепсэлъыхьыну зыхуэфащэ дыдэщ. А зыращ ди республикэм щыпсэур «За отвагу» медалищри иIэу».

Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр арати, а медалищри зэкIэлъыкIуэу 1944 гъэм Жыхьэбэн къыхуагъэфэщат. ЛIыхъужьым ебгъапщэ хъунущ Мамхэгъым и лIыгъэр.

Мис, си пащхьэм илъщ а медалищри. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым медалхэм ящIыгъу тхылъхэм къагъэлъагъуэр. Япэрейр мэлыжьыхьым (апрелым) и 8-м Давыдковцы къуажэм бийм и пулемётитI зэрызэхикъутам папщIэ къыхуагъэфэщат, сержантыцIэри къыфIащат. Мазищ нэхъ темыкIыу, 1944 гъэ дыдэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 27-м къратащ етIуанэ медалри. Абы щIыгъу тхылъым итым къегъэлъагъуэ Жыхьэбэн лIыгъэу зэрихьар: зы танк лъэщ, зы бронетранспортер зэхикъутащ, бийм и зауэлI 70-м нэс хигъэщIащ.

Ноябрь мазэт. Жыхьэбэн зыхэт дзэм къалэн къыхуагъэуват 389-рэ лъагапIэр къэщтэныр. Абдеж нэ мыцэхэм хуабжьу зыщагъэбыдат. Пулеметхэр ипэкIэ кърагъэкIуэтауэ ди зауэлIхэм гъуэгу къраттэкъым.

Ди пулеметчикхэм я командирыр Жыхьэбэн къыбгъэдэлъэдащ, къелъэIуащ пулеметхэм зыгуэр ярищIэну. Жыхьэбэн нэхъапэ тэрэзу игъэбелджылащ ахэр къыздиукIыр. Мыгузавэу, зэрыхуэфащэм хуэдэу и пулеметыр зым тригъэпсыхьащ. Зэ уэгъуэ фэкIа мыуэу зым зригъэущэхуащ. ЕтIуанэри апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхикъутащ. Ещанэ къэнэжари къигъэувыIащ. Пулеметхэр щэху щыхъум дзэр ипэкIэ кIуэтащ, хэщIыныгъэ гуэри ямыIэу лъагапIэр къащтащ. Мис абдежым зэрихьа лIыгъэм къыпэкIуащ ещанэ медалыр – зи № 887 375-р.

Жыхьэбэн и зауэ гъуэгум адэкIэ пищащ. Аргуэру зы лъагапIэм и пулеметхэр хегъащIэ. Спарши къуажэм и унэ 14-м нэмыцэхэм зыщагъэбыдауэ ди дзэхэр ягъакIуэтэкъым. Жыхьэбэн унэ къэс щхьэхуэу и пулеметыр ятригъэпсыхьэурэ пщыкIуплIри зэхикъутащ, щIэса нэмыцэхэри ядэкIуэу. А щIыпIитIым Жыхьэбэн аргуэру къахощ. ЕтIуанэ нагъыщэ зиIэ Хэку зауэшхуэм и орденыр къыхуагъэфащэ.

Зауэ нэужьым, и лIыхъужь гъуэгуанэр къыхалъытэкIэрэ, езанэ нагъыщэ зиIэ Хэку зауэшхуэ орденымкIи и цIэр къраIуэ.

Жыхьэбэн зауэ дыджым и гугъуехьхэр пэщIэкIауэ Жьакуэ къуажэм къигъэзэжат, зыпэрыкIа егъэджакIуэ IэнатIэми пэрыувэжат, сабийхэр адыгэбзэкIэ иригъэджат.

1946 гъэм областым и зэфIэгъэувэжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щекIуэкIт. Абыхэм ящыщт газетхэр къыдэкIыу гъэпсыжыныр. Газетхэри пылът лэжьакIуэ къагъуэтыным, абыхэм я гъусэу лъыхъуэт партым и обкомри. Абы къилъытащ адыгэбзэкIэ езыгъаджэ Мамхэгъ Жыхьэбэн газетым щылэжьэфыну, редакторым и къуэдзэ IэнатIэри къыхуагъэфащэ.

Езым зэрыжиIэжу щытамкIэ, газет Iуэхум зыри япэхуным хищIыкIтэкъым. НыбжьыщIэхэр дыщигъасэкIэ жиIэт:
— Дэри, нэхъыжьхэри, дынэхъыфIакъым, дегугъуащ, дымыщхьэхыу журналист Iуэхум дыхуеджащ, зыхуэдгъэсащ. Фэри фегугъумэ фи Iуэхур кIуэтэнущ.
Темыр Раерэ сэрэ дызэдзэкIакIуэт, Жыхьэбэн и нэIэм дыщIэтт.
— Фэ тIур фызгъэсэну сыпылъ щхьэкIэ, фэ зывгъэсэну фыхуейкъым, — къыджиIэт, къытхуигъэува къалэн гуэр дымыгъэзащIэмэ.
Нобэми согъэщIагъуэ абы шыIэныгъэу, адыгагъэу, цIыхугъэу хэлъар. Къуагъ имыщIу тхуэмыщIэр щхьэихауэ къыджиIэт, къыдэхъулIэми къыддэгуфIэт.
Газетым сыдэлэжьэхункIэ зэи слъэгъуакъым абы и макъыр игъэинауэ, зыгуэрым гуауэу епсэлъауэ. Зыгуэрым мыхъумыщIагъэ къыжьэдэкIамэ: «Шы» жиIэти щIэгуфIыкIт.
Жыхьэбэн сыт щыгъуи щытащ ныбжьыщIэхэмкIэ адэ пэлъытэу, нэхъыжьхэмкIэ ныбжэгъу пэжу. Ар апхуэдизкIэ и къалэным щыпкъэу пылъти, лэжьэхункIэ газетым щыуагъэ игъэкIуакъым жыпIэми угъуэщэнукъым. А IэпщIэлъапщIагъыр къыпэкIуат Ставрополь, Москва парт еджапIэхэм журналист Iуэхум зэрыхуеджам. А лъэхъэнэм Жыхьэбэн закъуэщ журналист тхылъ зиIэу гупым къытхэтар, адрейхэр дыегъэджакIуэт, е парт, совет къулыкъум пэрыт защIэт.

Жыхьэбэн цIыху тыншу, Iэдэбышхуэ зыхэлъу, дэтхэнэми дэлэжьэфу зэрыщытар къегъэлъагъуэ редакториблым къуэдзэу зэрадэлэжьэфам. Редакторхэр яхъуэжт. Жыхьэбэн и шэнтым тест.

Апхуэдэу щэхуу, псэлъэныр фIыуэ имылъагъуу, псом хуэмыдэу и зауэ лIыгъэхэм ирипсэлъэныр фIыуэ имылъагъуми, гушыIэныр фIэфIт. Езыр зэи ину дыхьэшхтэкъым, хъыбар, гушыIэ гъэщIэгъуэн гуэр къыбжиIэнут мащIэу щIэгуфIыкIыу.
Махуэ гуэрым дачэм дызэдэкIуэт.

— Жьэхьфэр, уэ псэущхьэхэм уатотхыхьри зы гъэщIэгъуэн уэзгъэлъагъунщи абыхэм я лIыгъэри къэгъэлъагъуэ жиIащ.
Зи гугъу ищIыр гъэщIэгъуэн дыдэт. Езым и дачэ унэр ищхьэм тет, зауэм и нэгъуэщI лIыхъужь Нартокъуэ ФIыцIэ ейр метрищэ хуэдизкIэ и щIагъым щIэтт. Иджы Жыхьэбэн и щIыунэм илъ кIэртIофыр дзыгъуэшхуэхэм щIыщIагъкIэ ФIыцIэ и щIыунэм къахьат. А дзыгъуэхэм я лIыгъэр зауэм Iута зауэлIхэм я лIыгъэм иригъапщэти, и кIэртIофыр зэрагъэкуэшар и жагъуэ хъутэкъым.

Жыхьэбэн хуэфащэ дыдэу Черкесск къалэм дэт етIуанэ курыт еджапIэм и музейм плIанэпэ хэха къыхузэIуахащ. Абдеж щагъэлъагъуэ и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа «За отвагу» медалищри, и орденхэри, мамыр гъащIэм щилэжьа IуэхуфIхэм къыпэкIуа нагъыщэ лъапIэхэри. ТекIуэныгъэм и Махуэр ягъэлъэпIэху Жыхьэбэн и цIэр къыдоIуэ, щIэблэми ар щапхъэ хъарзынэ яхуохъу.

АдыгэлI щыпкъэм, зауэм и лIыхъужьым, лэжьакIуэ хьэлэмэтыщэм и ныбжьыр илъэс 82-м иту 2003 гъэм апрелым и 30-м дунейм ехыжащ. Ауэ Мамхэгъ Жыхьэбэн дэлэжьахэм ар зэи тщыгъупщэкъым, къытщIэхъуэ щIэблэми ядогъэцIыху лъэпкъым апхуэдэ лIыфI, зауэлI лIыхъужь зэрыдиIар.

ДАУР Жэхьфэр