/

Адыгэм и лъыщIэжыр этрусхэм ятхыжащ

Адыгэр цIэрыIуэ зыщIар и хабзэ дахэмрэ щэнымрэщ. А хабзэм хэпх мыхъуну ди лъэпкъым сытым дежи къыдекIуэкIащ лъыщIэжри. Пэжщ, дунейм и гъунапкъэ зэхуэмыдэхэм щыпсэу лъэпкъ жыжьэхэми яIащ лъыщIэжыр. Ауэ ар къыщежьэжамрэ, япэу хабзэ зыхуэхъуамрэ жэуапыншэу къэгъуэгурыкIуами, ди щIэныгъэлIхэм зэрымыщIэкIэ къатIэщIа хуэдэщ щэхум и пэжыпIэр.
Бгырыс лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ хабзэ телъыджэхэмрэ ядж пэтми замыгъэнщIу Кавказым хьэщыкъ хуэхъуауэ зи гъащIэр езыхьэкIа лIы цIэрыIуэхэм ящыщщ Лермонтов Михаил. Лъэпкъ псом я щхьэж игъакIуэу абы фIэгъэщIэгъуэнт адыгэхэр. Ди лъэпкъ щэнымрэ хабзэмрэ щытетхыхьым, лъыщIэжыр нэхъ къыхигъэбелджылыкIат тхакIуэм. Ар лIыгъэм, хахуагъэм, ерыщагъым, хъыжьагъэм лъабжьэ хуэхъуу къилъытэрт абы. Бгырым и щIыхьымрэ напэмрэ и псэм япэ иригъэщырт. ЩIыхьыр бгъурагъэувэрт хуитыныгъэм, цIыхум хэкум хуиIэ лъагъуныгъэм. А псом хэбгъэдэжми, адыгэм япэ иригъэщынур хуитыныгъэрт. Арат ар зэи зауэ-банэм къыщIыхэмыкIыр.
АдыгэлIым и щIыхьым, и хуитыныгъэм, и напэм къылъэIэсар хуэхьэзырын хуейт ар зэи зэрыхуэмыгъунум. Апхуэдэу, адыгэм цIыху зэхэгъэж ищIыртэкъым лIыщIэжым нэсамэ: пщылIым пщы IэщIэукIэфынут, и щIыхьыр игъэулъиину хэтамэ. А хабзэм текIуэдащ ныбжьэгъу, къуэш, анэ лъагъуныгъэ, нэхъыжь, тхьэмадэ куэд. Дауи, ар зи нэгу щIэкIа Лермонтов итхыжат адыгэхэм я зэхэтыкIэр зезыгъакIуэри, тегъэщIапIэ яуэхъури лъыщIэжыр арауэ зэрыщытыр, и щIыхьым къыщхьэщыжу цIыху зыIэщIэукIам ар зэи емыкIу зэрыхуамыщIыр, абыкIэ жэуапи зэрамыхьыр.
ЛъыщIэжыр адыгэм хабзэ щыхуэхъуа лъэхъэнэм утепсэлъыхьмэ, ар жыжьэ дыдэ къыщожьэ. Ашэмэз и пшыналъэм къыхощыж абы и адэм илъэ зэрищIэжар:
– Си адэр зыукIар хэтми къызжеIэ! Уорирэ, рирарэ, уой!
– Ар зыукIам уэ упэлъэщынукъым. Уорирэ, рирарэ, уой!
Уи адэм и лъыщIэжщи, Нэсрэн-ЖьакIэр, Уорирэ, рирарэ, уой! Индылыжь Iуфэм ар Iуозэшыхьыр. Уорирэ, рирарэ, уой! Уи адэр зыукIар Лъэбыцэжьейщ. Уорирэ, рирарэ, уой! Лъэбыцэжьейри хы тIуащIэм дэсщ. Уорирэ, рирарэ, уой! Хы ин зэхэуэм уитхьэлэжын мыгъуэщ! Уорирэ, рирарэ, уой!
Адыгэхэр къызытепщIыкIыжа нартхэм я тхыдэр къыщежьэр илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а лъэхъэнэ жыжьэм адыгэм тхыбзэ иIакъым, псалъэкIэ зэIэпах мыхъумэ, я тхыдэм щыхьэт техъуэну зы тхылъымпIэ кIапIи къызэранэкIакъым. Ауэ щыхъукIэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм, адыгэм и гъунэгъуу щысахэм, тхыбзэ зиIахэм я тхыдэм ущылъыхъуэнырщ къэнэжыр. Алыджхэм, псалъэм папщIэ.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 510 гъэхэм этрусхэм Лемнос къалэм деж щагъэувауэ щытащ я хабзэм, тхыдэм щыщ пычыгъуэхэр зытедза фэеплъ сыныр. Фэеплъыр 1885 гъэм къагъуэтыжри щIым къыщIахыжащ франджы археологхэм. А мывэ сыным тетщ пасэрей этрусхэм я нэгу щIэкIа, хамэ щIыпIэ къикIа зауэлIым далъэгъуа хабзэри – цIыху зыIэщIэукIа лIыр иукIам и анэм деж къэкIуауэ, и бгъэм IупэкIэ зэреIусэр. Адыгэ хабзэм зы мащIэ гуэркIэ щыгъуазэм ещIэ ди лъэпкъым лъыщIэжыр апхуэдэ дыдэу къагъэувыIэу зэрыщытар!
АтIэ, Лемнос фэеплъым тетщ лъыщIэжым теухуа тхыгъэ кIапэ: «ЕИ OZ ASI АИ LI ASI IJU IBERS US UA IMU EZS A DONA». Пасэреибзэ кIуэдыжахэр зыдж, абыхэм хуиту къеджэ этнолингвист ПхытIыкI Хьэутий адыгэбзэр къызытепщIыкIыжа пасэреибзэкIэ къоджэ: «Ейщ Уэз Асэм (Азие), Асэм илIщ (абы щыщщ жыхуиIэщ). Иберыр щысщ (Иберием щыщщыр). Ушщ ар (фIэщхъуныгъэкIэ), Уэ (тхьэм и цIэщ) и тхьэщ. Анэ ещI». Мы псалъэухам щIэлъын хуей мыхьэнэр нобэрей адыгэбзэ шэщIакIэ къэIуэта хъуатэмэ, мыпхуэдэут зэрыщытынур: «Иберийм щыщ, Асэм къикIа, Уэ тхьэшхуэр зи фIэщ хъууэ Уш фIэщхъуныгъэм тет Уэз жыхуаIэ зауэлIым ди щIалэр къиукIати, лъыщIэжым къыпекIуэкIыу, къыIэщIэукIам и анэм деж къэкIуауэ и бгъэм щIоф, бын пэлъытэ зыкъыхуещI».
Нэрылъагъуу сурэтым къощ иберий щIалэм этрусыр адыгэ укIыкIэу зэриукIар – и щхьэр зэрыпиупщIар. Къэзыхъуреихьауэ къыщхьэщытхэм ялъагъур зэрафIэщIэщыгъуэм и щыхьэтщ ахэр къэуIэбжьауэ, я нэм къызэрагъэжыхьыр, анэми и къуэр къэзыукIам хуигъэгъуа хуэдэщ… Пэшым къыщекIуэкI псори къэзыIуатэ тхыгъэр IэщIэлъщ языхэзым. Апхуэдэущ дунейпсо тхыдэм япэ дыдэу лъыщIэжыр къызэрагъэувыIэ хабзэр къызэрыхэщыжри.
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ пасэрей зэманым Кавказ къуршым ИберийкIэ еджэу зэрыщытар. «Уэ ди тхьэу тхьэшхуэ» жыIэгъуэм хэт «Уэ»-р адыгэм Тхьэм зэреджэу щыта фIэщыгъэцIэрщ, Асэ хъужыр нобэрей Азиерщ, ауэ щыхъукIэ хьэтхэр – адыгэр къызытехъукIыжа лъэпкъыр – Азием Iэпхъуэу къэралыгъуэу щытIысыжа лъэхъэнэм къэхъуа Iуэхугъуэщ зи гугъу тщIыри.
Езы этрусхэр къызытехъукIамрэ зэрыпсалъэу щыта бзэмрэ теухуауэ зэгурымыIуэ гуэрхэр щыIэщ, ипэжыпIэри къахутакъым нобэр къыздэсым. Ауэ, си щхьэкIэ гурыхь сщохь зы еплъыкIэ – алыджхэм пасэрей Илэуныр (Троя) щызэтракъутам щыгъуэ щIыунэ щэхукIэ зекIуэурэ зэрыпхъуакIуэхэм яIэщIэкIыу Апенин хытIыгуныкъуэм Iэпхъуауэ щытахэм къатепщIыкIыжауэ зэрыхуагъэфащэр. Илэуныр Хьэт къэралыгъуэм и къухьэпIэ гъунапкъэ дыдэм деж щылъа щIыналъэщ, ауэ щыхъукIэ – ахэри хьэтт. Этрусхэр къызытехъукIыжа лъэпкъым я бзэр къаIурынамэ, зэрыпсалъэу щытари хьэтыбзэщ! Мыбы щыхьэт тохъуэ этрус тхыгъэхэм адыгэбзэкIэ укъызэреджэфыр, тхыгъэхэм я мыхьэнэр хуиту къызэрыдгурыIуэр. КъищынэмыщIауэ, ПхытIыкIым зэрыжиIэмкIэ, иджыблагъэ Тэрч щIыналъэм и губгъуэхэм ящыщ зым къыщагъуэтащ пхъэ кIапэ, этрус алфавитымрэ адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэмкIэ зэхэту тха тхыгъэ щэху. Абы къикIыр зыщ – адыгэхэм этрус алфавитыр куэд дыдэрэ къагъэсэбэпащ, хуиту иритхэуи щытагъэнущ.